ЦІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и щапхъэр къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдыну
ЗЭХУЭСЫМ къалэн гуэр щыбгъэзэщІэну ухуейт, иджыпсту ар бгъэзэщІэну Іэмал уимыІэми? А къалэныр иджыпсту нэгъуэщІым игъэзащІэу къыщІэкІынщ. Е уэ уи къалэнхэр нэгъэсауэ пхуэмыгъэзэщІэжу къыщІэкІынщ уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам, уи узыншагъэм зэрыкІэричам, ахъшэкІэ гугъуехь узэриІэм е уи унагъуэм щыбгъэзащІэ къалэнхэр нэхъыбэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ. Илъэс куэдкІэ бгъэзэщІа, фІыуэ плъагъу уи лэжьыгъэр къэбгъэнэн хуей хъуауи щытыфынущ, ди организацэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм ипкъ иткІэ. Алыхьым и лэжьыгъэм куэду узэрыхэмытыфым сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр имыІами, уэ зыри къыпхуэмеиж хуэдэу къыпщыхъункІэ хъунущ икІи, дауикІ, абы уегъэнэщхъей. Гузэрыдзэмрэ нэгъуэщІ гурыщІэ хьэлъэхэмрэ уи гум дауэ лъабжьэ зэрыщумыгъэщІынур? ГуфІэгъуэр пфІэмыкІуэдыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
ГуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну щапхъэфІ дыдэ тхуохъу цІыхухэр псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и гъащІэр. Абы къалэн гъэщІэгъуэн куэд игъэзэщІами, зэримыгугъам хуэдэу и гъащІэм зихъуэжащ. ДауикІ, абы и гугъакъым Алыхьым и лэжьыгъэм зэрыхэтым нэхърэ зэман нэхъыбэ тутнакъым щигъэкІуэну. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу, Иуан лІэжыхукІэ гуфІэгъуэр зыфІигъэкІуэдакъым. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Дэри дауэ ди гуфІэгъуэр зэрытхъумэнур, дызэримыгугъам хуэдэу Іуэхум зыщихъуэжым деж?
ГУФІЭГЪУЭ КЪЕЗЫТ ЛЭЖЬЫГЪЭР
Иуан и лэжьыгъэр щІидзащ ди эрэм 29-нэ гъэм, гъатхэм. Абы Мэссихь и гъуэгур хуигъэхьэзырт, мыпхуэдэ псалъэхэр жиІэурэ: «Фи гуэныхьхэм фахущІегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи» (Мт. 3:2; Лк. 1:12—17). ЦІыху куэдыр абы и псалъэхэм едаІуэри, я гуэныхьхэм хущІегъуэжа иужь псым зыщІагъэуащ. ЩІыпІэ жыжьэхэм къикІахэри абыхэм яхэтт. Абы нэмыщІ Иуан лІыгъэ хэлъу дин пашэ щхьэхуещэхэм яжриІэт абыхэм замыхъуэжмэ хьэкум къазэрылъысынур (Мт. 3:5—12). Иуан и гъащІэм нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэу къэхъуа Іуэхугъуэр ди эрэм 29-нэ гъэм абы Хьисэ псым зэрыщІигъэуаращ. Абдеж щыщІэдзауэ абы цІыхухэр хуигъэушт Мэссихь хъуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэну (Ин. 1:32—37).
Иуан къалэн хэха зэригъэзэщІэн хуейм щхьэкІэ, Хьисэ абы теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «ЦІыхубзхэм къалъхуам щыщу умэхъакІуэ Иуан нэхърэ нэхъ ин щыІэкъым» (Мт. 11:11). Иуан апхуэдэ щІыхь къызэрылъысам егъэлеяуэ щыгуфІыкІт. Ноби ди къуэш, ди шыпхъу куэдым Иеговэ и организацэм къалэн гъэщІэгъуэн куэд щагъэзащІэ. Ди къуэш Те́ррирэ абы и щхьэгъусэ Са́ндрэрэ я щапхъэр къэтхьынщ. А тІум зэгъусэу полновременнэ лэжьыгъэр илъэс 50-м щІигъукІэ ирахьэкІащ. Терри къыддогуашэ: «Сыту куэд сэ Иеговэ дзыхь къысхуищІа! Сэ сылэжьащ пионеру, Вефилым и лэжьакІуэу, специальнэ пионеру, районым и нэхъыжьу, областым и нэхъыжьу, иджы аргуэру специальнэ пионеру солажьэ». ДауикІ, Алыхьым и лэжьыгъэм куэду ухэтыным гуфІэгъуэшхуэ къыует. Ауэ, Иуан и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхыхьэм деж гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ къару етхьэлІэн хуейщ.
УИ ГУМ ФІЫЩІЭ ИГЪЭЛЪ
Иуан гуфІэгъуэр фІэмыкІуэдыну къыдэІэпыкъуар и гум фІыщІэ илъу зэрыщытаращ. Абы Алыхьым кърит сыт хуэдэ къалэнри лъапІэу илъытэт. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Хьисэ псым зыщІигъэуа иужь, абы и лъэужь ирикІуэхэр нэхъыбэ хъут, ауэ Иуан и лъэужь ирикІуэхэр кІуэ пэтми нэхъ мащІэ хъут. А Іуэхум иригузавэу Иуан и гъэсэнхэм къыжраІащ: «Иорданыпсым и адрыщІым уэ узигъуса икІи щыхьэт узытехъуа лІым цІыхухэр щеумэхъ икІи цІыху псори абы и деж къокІуэ» (Ин. 3:26). Иуан абыхэм жэуап яритащ: «НысащІэр зейр щауэр арщ. Ауэ щауэм и гъусэу абдежым щыту щауэм и макъыр зэхэзыхыр мэгуфІэ. А гуфІэгъуэ нэсыр сэри си гуфІэгъуэщ» (Ин.3:29). Иуан Хьисэ пеуэтэкъым икІи Хьисэ игъэзащІэ къалэныр зэрынэхъыщхьэм щхьэкІэ езым и лэжьыгъэм мыхьэнэ имыІэу илъытэтэкъым. «Щауэм и ныбжьэгъуу» зэрыщытым абы гуфІэгъуэ хихт.
Иуан зыгуэрым зыхуигъэныкъуэн хуей хъуми, гупсысэкІэ пэж зэриІэм и фІыгъэкІэ абы гуфІэгъуэр зэи фІэкІуэдтэкъым. Псалъэм папщІэ, ар къызэралъхурэ назорейти, шагъыр ефэ хъунутэкъым (Лк. 1:15). Абы ирихьэкІыу щыта гъащІэм теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «Иуан къэкІуащ. Ар нэщІ исщ [«шхэкъым», ДЩІ], фади ефэркъым» (Мт. 11:18, 19). Езы Хьиси абы и гъэсэнхэми адрей цІыхухэм ирахьэкІ гъащІэм хуэдэт ирахьэкІыр. Абы нэмыщІ Иуан зы телъыджи игъэлъэгъуакъым, ауэ апхуэдэ къару Хьисэ и гъэсэнхэм зэраІэр ищІэт, езым и гъэсэну щытахэри абыхэм яхэту (Мт. 10:1; Ин. 10:41). Иуан ар и жагъуэ хъутэкъым, абы и къару псори Алыхьым и лэжьыгъэм тригъэкІуадэт.
Иджыпсту Иеговэ и организацэм щыдгъэзащІэ лэжьыгъэр лъапІэу тлъытэмэ, дэри ди гуфІэгъуэр тфІэкІуэдынукъым. Ипэм зи гугъу тщІа ди къуэш Терри жеІэ: «Сэ къалэн гуэр къыщызатым деж, си гури си акъылри а лэжьыгъэм тезухуэт». Полновременнэ лэжьыгъэм хэту гъащІэ ирихьэкІар игу къыщигъэкІыжым деж, абы жеІэ: «Си гъащІэм сызыхущІегъуэжын зыри хэлъкъым, гукъэкІыж гуапэ защІэу ар зэхэлъщ».
Алыхьым дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ, дэ дегупсысын хуейщ ди организацэм къыдит къалэнхэр лъапІэ зыщІыр сытми — абыхэм дэ Іэмал къыдат «Алыхьым дыдэлэжьэну» (1 Кор. 3:9, ДЩІ). ЩІэину къыплъыса дыщэр зэпымыууэ зэрыбгъэкъабзэм и фІыгъэкІэ ар цІууэ къызэрынэм хуэдэу, Алыхьым ухуэлэжьэныр щІыхьышхуэу зэрыщытым узэрегупсысым и фІыгъэкІэ уи гуфІэгъуэр зэи ужьыхыжынукъым. Дэ Иеговэ хуэтщІэр адрейхэм абы хуащІэм едгъапщэкъым икІи дэ тхуэщІэм и мыхьэнэр нэхъ мащІэу къэтлъытэкъым (Гал. 6:4).
АЛЫХЬЫМ УХУЭЛЭЖЬЭНЫМ УИ ГУРИ УИ АКЪЫЛРИ ТЕУХУЭ
Иуан ищІэу къыщІэкІынт игъэзащІэ лэжьыгъэр куэдрэ зэрыримыхьэкІыфынур, ауэ абы игу къэкІыу къыщІэкІынтэкъым а зэманыр апхуэдизу псынщІэу къызэрысынур (Ин.3:30). Ди эрэм 30-нэ гъэм, Хьисэ псым зэрызыщІигъауэрэ илъэс ныкъуэ дэкІа нэужь, пащтыхь Ирод Иуан тутнакъым иридзащ. Ауэ абы Иуан къигъэувыІакъым — пэжым теухуауэ адрейхэм яжриІэн щхьэкІэ абы хузэфІэкІ къигъэнакъым (Мар. 6:17—20). ГуфІэгъуэр фІэмыкІуэдыну сыт абы къыдэІэпыкъуар? Алыхьым хуэлэжьэным и гури и акъылри теухуауэ зэрыщытаращ.
Иуан тутнакъым ису зэхихащ Хьисэ ирихьэкІ лэжьыгъэм ехъулІэныгъэ зэриІэр (Мт. 11:2; Лк. 7:18). Хьисэ зэры-Мэссихьым Иуан шэч къытрихьэтэкъым, ауэ абы ищІэну хуейт Мэссихьым теухуа псалъэу хъуар дауэ гъэзэщІа хъунуми. Тхыгъэм зэритымкІэ, Мэссихьыр пащтыхь хъун хуейт. Ауэ абы къикІрэт Хьисэ и тепщэныгъэм куэд мыщІэу щІидзэну? Абы и фІыгъэкІэ Иуан тутнакъым къаутІыпщыжынут? Хьисэ игъэзащІэ къалэныр нэгъэсауэ къыгурыІуэн щхьэкІэ, Иуан и гъэсэнитІ абы и деж игъакІуэри, мыпхуэдэ упщІэ иритащ: «Уэра къэкІуэн хуейр, хьэмэрэ нэгъуэщІ гуэрым дыпэплъэн хуей?» (Лк. 7:19). Абыхэм Иуан деж къагъэзэжа иужь абы жраІэжащ Хьисэ сымаджэхэр зэригъэхъужар. Абы нэмыщІ Хьисэ унафэ яхуищІащ мы псалъэхэр Иуан жраІэжыну: «Нэфхэр къоплъэж, лъашэхэр тэрэзу зекІуэ, уэшын уз зыпкърытхэр узыншэ, дэгухэм зэхах мэхъуж, лІахэр къотэджыж, тхьэмыщкІэхэм хъыбарыфІыр къалъоІэс» (Лк. 7:20—22).
Иуан и гъэсэнхэм къыжраІэжам, дауикІ, абы къару къритащ. Абы иджыри зэ къыгурыІуащ Мэссихь теухуа псалъэхэр Хьисэ и деж гъэзэщІа зэрыхъур. Тутнакъым къикІыжыну Хьисэ абы къызэрыдэмыІэпыкъунур ищІэми, Иуан быдэу и фІэщ хъут ирихьэкІа лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Апхуэдизу гугъу щехь зэманми Иуан гуфІэгъуэр щІызыфІимыгъэкІуэдын щхьэусыгъуэ къигъуэтт.
Ди организацэм иІэ ехъулІэныгъэхэм теухуа хъыбарыщІэхэр къыддоІэпыкъу гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдыну
Иуан хуэдэу, дэри Алыхьым дыхуэлэжьэным ди гури ди акъылри тедухуэмэ, ди гугъуехьхэм дыпэлъэщынущ икІи гуфІэгъуэр тфІэкІуэдынукъым (Кол. 1:9—11). Абы щхьэкІэ дэ махуэ къэс Библием деджэн икІи дызэджам куууэ дегупсысын хуейщ. Абы нэмыщІ дигу къэдгъэкІыжын хуейщ Алыхьым дызэрыхуэлажьэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ зэриІэр (1 Кор. 15:58). Сандрэ къыддогуашэ: «Сэ махуэ къэс Библием щыщ зы псалъащхьэ соджэ икІи абы Иеговэ гъунэгъу сыхуещІ. Ар къыздоІэпыкъу си щхьэм семыгупсысу Алыхьым нэхъыбэу сегупсысыну». Иеговэ и лъэпкъым ирихьэкІ лэжьыгъэм теухуа хъыбарыщІэхэм сыт щыгъуи дыкІэлъыплъмэ, ди гугъуехьхэм егъэлеяуэ дримыгузавэу, Иеговэ и Іуэхухэм нэхъыбэу дегупсысынущ. Сандрэ пещэ: «Ди телевидением мазэ къэс къралъхьэ программэхэм я фІыгъэкІэ Алыхьым и организацэм нэхъ гъунэгъу дыхуохъу икІи дгъэзащІэ лэжьыгъэм сыт щыгъуи гуфІэгъуэ хыдох».
Псым щІэзыгъауэу щыта Иуан и лэжьыгъэр зэман кІэщІкІэт зэрырихьэкІар, ауэ «Иляс лъэкІыныгъэ зэриІам хуэдэу лъэкІыныгъэ иІэу» хъыбарыфІыр абы игъэІуащ. Иляс хуэдэу Иуан «дэ дэщхь цІыхуу щытащ» (Лк. 1:17; Екъуб 5:17). Дэри ди гум фІыщІэ илъмэ икІи ди гумрэ ди акъылымрэ Алыхьым дыхуэлэжьэным теухуауэ щытмэ, сыт къэмыхъуами гуфІэгъуэр тфІэкІуэдынукъым.