27 СТАТЬЯР
Пэжым щхьэкІэ гугъуехь фагъэшэчынухэм иджыпсту зыхуэвгъэхьэзыр
«Тхьэм и фІэлІыкІ зи гум илъу, Мэссихь Хьисэ зи псэм щыщу псэуну хуей дэтхэнэми цІыхухэм гугъуехь ирагъэшэчынущ» (2 ТИМ. 3:12).
128-НЭ УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Бийхэм гугъуехь дызэрагъэшэчынум сыт зыхуэдгъэхьэзырын щІыхуейр?
ХЬИСЭ МЭССИХЬ лІэным ипэ къихуэ жэщым жиІауэ щытащ абы и лъэужь иувэну хуей дэтхэнэ зыри ялъагъу зэрымыхъунур (Ин. 17:14). Иджыри къыздэсым пэжым и бийхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърахуэкІ (2 Тим. 3:12). ШейтІаным и дунейм и кІэр нэхъ гъунэгъу хъухукІэ бийхэр нэхъ губжьауэ къытпэщІэувэнущ (Мт. 24:9).
2, 3. 1) Шынэм теухуауэ сыт дэ тщІэн хуейр? 2) Мы статьям сытым дытепсэлъыхьыну?
2 Пэжым щхьэкІэ гугъуехь дагъэшэчынухэм дауэ зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур? Дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэн хуейкъым къытщыщІынкІэ хъуну псор. Армыхъумэ, шынэмрэ дызэрыгузавэмрэ дызэщІаубыдэфынущ. КъытщыщІыну ди гугъэ Іуэхугъуэ дызэгупсысхэм ди лъэр щІахыфынущ, гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэмыхуэ щІыкІэ (Прит. 12:25; 17:22). Шынэр — Иблисым къигъэсэбэп Іэщэхэм ящыщ зыщ (1 Пет. 5:8, 9). ДыкъыщрахуэкІым деж Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ сыт къару къыдэзытынур?
3 Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дауэ нэхъ быдэ тщІынуми икІи абы иджыпсту къару етхьэлІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми. Абы нэмыщІ сытым лІыгъэ къытхилъхьэнуми зэпкърытхынущ. ИкІэм деж дытепсэлъыхьынущ бийхэм далъагъу зэрымыхъум дызэрыхущытын хуейм.
ИЕГОВЭРЭ ДЭРЭ ДИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭХУЩЫТЫКІЭР ДАУЭ НЭХЪ БЫДЭ ЗЭРЫТЩІЫНУР?
4. Еврейхэм 13:5, 6 зэритымкІэ, сыт дэ шэч къызытетхьэн хуэмейр икІи абы сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
4 Шэч къытевмыхьэ: Иеговэ фэ фІыуэ фелъагъу икІи абы зэи фыкъигъэнэнукъым. (Къеджэ Еврейхэм 13:5, 6.) Илъэс бжыгъэ куэд ипэ «ХъумакІуэ чэщанэм» итауэ щытащ: «Иеговэ фІыуэ зыцІыхум, абы нэгъэсауэ дзыхь хуищІынущ гъэунэхуапІэ хьэлъэхэм пэщІэхуа иужь». Сыту пэж а псалъэхэр! Гугъуехь дагъэшэчхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ дэ Иеговэ фІыуэ тлъагъун икІи нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІын хуейщ, абы нэмыщІ езым фІыуэ дызэрилъагъум шэч къытетхьэн хуейкъым (Мт. 22:36—38; Екъуб 5:11).
5. Иеговэ и лъагъуныгъэр зыхэтщІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
5 Библием махуэ къэс феджэ, Иеговэ гъунэгъу фыхуэхъуну мурад фиІэу (Екъуб 4:8). Библием фыщеджэм деж Иеговэ и хьэл-щэнхэм гу лъыфтэ, псалъэм папщІэ лъагъуныгъэм, гущІэгъум, гуапагъэм. Иеговэ и псалъэхэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ теухуауэ Библием итым фыщеджэм деж, абы фІыуэ фызэрилъагъур икІи къывдэІэпыкъуну зэрыхуейр зэрызыхэфщІэнум иужь фит (Исх. 34:6). Языныкъуэ цІыхухэм дежкІэ гугъущ Алыхьым фІыуэ къызэрилъагъур я фІэщ хъуну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зэи зыми фІыуэ ялъагъуакъым. Фэри Алыхьым фІыуэ фимылъагъуу къыфщыхъумэ, Иеговэ гущІэгъу къызэрыфхуищІыр икІи гуапэу къызэрыфхущытыр махуэ къэс фтхы хъунущ (Пс. 78:38, 39; Рим 8:32). Фи гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэмрэ Библием иту фызэджахэмрэ фегупсысмэ, Иеговэ фэр щхьэкІэ ищІа ІуэхуфІ куэд фхуэтхыну къыщІэкІынщ. Иеговэ къыфхуищІэр нэхъ лъапІэу флъытэху, абырэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ (Пс. 116:1, 2).
6. Псалом 94:17—19 зэритымкІэ, ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ лъэІукІэ сыт зыщІыхуэдгъэзэн хуейр?
6 Зэпымыууэ Алыхьым фелъэІу. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ сабийр и адэм и ІэплІэм ису. Сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы иІэ? А сабийр зы щхьэкІи шынэкъым икІи гузавэкъым. Абы и адэм жреІэж махуэм и кІуэцІым фІы къэхъуари Іей къэхъуари. Фэри фыхуейт Иеговэрэ фэрэ апхуэдэ зэхущытыкІэ быдэ фи зэхуаку дэлъыну? Фыхуеймэ, Алыхьым махуэ къэс фи гум къыбгъэдэкІыу лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. (Къеджэ Псалом 94:17—19b.) Уафэм щыІэ фи Адэм фыщелъэІум деж, фызыгъэшынэ икІи фызыгъэгузавэ псор хуэфІуатэ (Плач 2:19). Апхуэдэу фщІэмэ «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иныр» фиІэнущ (Флп. 4:6, 7). Фи гурыщІэхэр нэхъыбэрэ Иеговэ хуэфІуэтэху фэ абы нэхъ гъунэгъу фыхуэхъунущ (Рим 8:38, 39).
Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІымрэ абы и Пащтыхьыгъуэр ди фІэщ зэрыхъумрэ лІыгъэ зыхэтлъхьэну къыддэІэпыкъунущ
Стэнли Джоунз Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зэрыщыІэр и фІэщ зэрыхъум гугъуехь зыпэщІэхуэхэм пэлъэщыну къару къыхилъхьэт. (7-нэ абзацым феплъ.)
7. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуищІэнум теухуауэ сыт фІэщхъуныгъэ быдэ дыщІиІэн хуейр?
7 Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къихьыну фІыгъуэхэм шэч къытевмыхьэ (Чис. 23:19). Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэм шэч къытефхьэу щІэвдзэмэ, Иблысымрэ абы и лъабжьэ щІэтхэмрэ фагъэшынэну нэхъ тынш хъунущ (Прит. 24:10, Гъэсэпэтхыдэхэр; Евр. 2:15). Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм къытхуищІэнум теухуауэ фІэщхъуныгъэ диІэр дауэ нэхъ быдэ зэрытщІынур? Библиер щывджкІэ Пащтыхьыгъуэм пыщІауэ Алыхьым дыкъызэригъэгугъахэр нэхъыбэу зэпкърыфх икІи абыхэм дзыхь щІыхуэпщІ хъунум и щхьэусыгъуэхэр зыгурывгъаІуэ. Ар дапхуэдэу къызэрывдэІэпыкъунур? Ди къуэш Стэ́нли Джо́унз и щапхъэм деплъынщ, ар и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ илъэсиблкІэ тутнакъым исащc. Алыхьым пэжу къыхуэнэну сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы жиІэжащ: «Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ щІэныгъэ сиІэхэм къару къысхалъхьэт, сэ си фІэщ хъут ар зэрыщыІэр икІи сэ абы зэи шэч къытесхьэтэкъым, абы къыхэкІкІэ си фІэщ хъум сыпхутегъэкІынутэкъым». Алыхьым и псалъэхэр быдэу фи фІэщ хъумэ, Иеговэрэ фэрэ фи зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъунущ икІи шынэр зытевгъэкІуэнукъым (Прит. 3:25, 26, Гъэс.).
8. Иджыпсту зэІущІэхэм дызэрыхущытым сыт къигъэлъагъуэр? КъыдгурывгъаІуэ.
8 БлэвмыгъэкІыу зэхуэсхэм фыкІуэ. ЗэІущІэхэм Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуащІ. Иджыпсту зэІущІэхэм дызэрыхущытым къегъэлъагъуэ къэкІуэну зэманым дызыпэщІэхуэну гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ (Евр. 10:24, 25). Иджыпсту зэІущІэхэм щхьэусыгъуэ имыІэу дымыкІуэмэ, сыт дэ тщІэнур иужькІэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу дызэхуэсыну шынагъуэ хъумэ? Ауэ иджыпсту зэІущІэхэр лъапІэу тлъытэмэ, дызэхуэсыну бийхэр зэран къытхуэхъуну иужь ихьэми, абы дыкъигъэувыІэнукъым. ЗэІущІэхэм лъагъуныгъэ худиІэр хэдгъэхъуэну нобэ и зэманщ. Ахэр фІыуэ тлъагъумэ, бийхэр къытпэщІэувэми дызэхуэсыну дыхуимыту къэралым унафэ къыдигъэкІми Библием итым демыбакъуэу, мыпхуэдэу жытІэнущ: «ЦІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэІуэн хуейщ» (Апост. 5:29).
Алыхьыр зэрыдгъэлъапІэ уэрэдхэмрэ Библием ит едзыгъуэхэмрэ гукІэ зэвгъащІэ. Ар къывдэІэпыкъунущ фи фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ фыкърахуэкІыу щІадзэмэ. (9-нэ абзацым феплъ.)h
9. Библием ит едзыгъуэхэр гукІэ зэбгъэщІэныр — гугъуехь къыппэщылъхэм зэрызыхуэбгъэхьэзыр хъун ІэмалыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?
9 Библием ит фІыуэ флъагъу едзыгъуэхэр гукІэ зэвгъащІэ (Мт. 13:52). Фи щхьэм фІыуэ иримыубыдэми, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къывдэІэпыкъунущ а едзыгъуэхэр къэфщІэжыну (Ин. 14:26). КъуэкІыпІэ Германием тутнакъым и закъуэу иса ди зы къуэшым жиІэжащ: «Сыту фІыт сагъэтІысын ипэ Библием щыщ едзыгъуэу щитІым щІигъу зэрызэзгъэщІар! Тутнакъым сисыхукІэ Библиер зытепсэлъыхь темэ куэдым сегупсысащ». Библием щыщ едзыгъуэхэм зэрегупсысар ди къуэшым къыдэІэпыкъуащ Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэр фІэмыкІуэдыну икІи абы пэжу къыхуэнэну.
(10-нэ абзацым феплъ.)i
10. Ди уэрэдхэр сыт гукІэ щІызэдгъэщІэн хуейр?
10 Иеговэ зыгъэлъапІэ уэрэдхэр зэвгъащІэ икІи жыфІэ. Паулрэ Силэрэ Филиппи щыІэ лъэхъуэщым щагъэтІысам щыгъуэ «тхьэщІыхь уэрэдхэр жаІэу щІадзащ» (Апост. 16:25). СССР-м щыпсэуа ди къуэш, ди шыпхъухэр ссылкэ Сыбырым щашам щыгъуэ, сыт абыхэм къару къезытар? Ди шыпхъу Мария Феду́нь игу къигъэкІыжт: «Ди уэрэдхэм щыщу дигу къэкІыжу хъуар жытІэт». А уэрэдхэм абыхэм къару къыхалъхьэжу икІи Иеговэ я ныбжьэгъуу щытыну къадэІэпыкъуу зэрыщытар Мария къыхигъэщт. Иеговэ зэрыдгъэлъапІэ уэрэд нэхъ фигу ирихьхэр щыжыфІэм деж, абыхэм къару къызэрыфхалъхьэр зыхэфщІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, ахэр гукІэ зэвгъащІэ! («ЛІыгъэ къысхэлъхьэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР ЛІЫГЪЭ НЭХЪЫБЭУ ДИІЭН ЩХЬЭКІЭ?
11, 12. 1) 1 Самуила 17:37, 45—47 зэритымкІэ, Даут апхуэдиз лІыгъэ сыт щІыхэлъар? 2) Даут и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
11 Ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дыкърахуэкІыу щІадза иужь, лІыгъэм хуабжьу дыхуэныкъуэнущ. Ауэ лІыгъэ фхуримыкъумэ, сыт фщІэ хъунур? Зыщывмыгъэгъупщэ: лІыгъэр цІыхум и инагъым, и зэфІэкІхэм икІи и къарум елъытакъым. ДжэлутІ езэуэну пэува Даут фегупсысыт. А иныжьым хуэбгъадэмэ, Даут цІыкІуу, къарууншэу икІи Іэщэ лъэпкъ имыІэу жыпІэ хъунут. Уеблэмэ, Даут джати иІэтэкъым. Ауэ абы лІыгъэшхуэ хэлът. ЗыкъыфІэщІыжа иныжьым Даут къимыкІуэту пэуващ.
12 Сытыт Даут апхуэдиз лІыгъэ щІыхэлъыр? Абы быдэу и фІэщ хъут Иеговэ зэригъусэр. (Къеджэ 1 Самуила 17:37d, 45—47e.) ДауикІ, Даут елъытауэ ДжэлутІ инт. Ауэ абы и инагъыратэкъым Даут зэгупсысар, атІэ Иеговэ елъытауэ а иныжьыр зэрыцІыкІурат. Сытым абы дыхуигъасэрэ? Дэ Иеговэ дызэригъусэм шэч къытедмыхьэмэ икІи лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым елъытауэ ди бийхэр зыри зэримыщІысыр тщІэжмэ, шынэм дызэщІиубыдэнукъым (2 Лет. 20:15; Пс. 16:8). Ауэ ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дыкърахуэкІыу щІамыдзэ щІыкІэ, лІыгъэ нэхъыбэу зыхэтлъхьэну сыт къыддэІэпыкъунур?
13. ЛІыгъэ нэхъыбэу зыхэтлъхьэну сыт къыддэІэпыкъунур? КъыдгурывгъаІуэ.
13 ЛІыгъэ нэхъыбэу зыхэтлъхьэн щхьэкІэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІун хуейщ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж, цІыхухэм дащымышынэу, Иеговэ дзыхь хуэтщІу зыдогъасэ (Прит. 29:25, Гъэс.). Ди Іэпкълъэпкъым делэжьыхукІэ ар нэхъ быдэ зэрыхъум хуэдэу, хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ, цІыхухэр нэхъыбэу здэщыІэ е щылажьэ щІыпІэхэм, абы нэмыщІ неформальнэу щыдгъэІукІэ дэ лІыгъэ нэхъыбэ зыхыдолъхьэ. Апхуэдэу лІыгъэ зыхэтлъхьэмэ, дызэхуащІа иужьи, хъыбарыфІ гъэІуныр къэдгъэнэнукъым (1 Фес. 2:1, 2).
Нанси Юэн хъыбарыфІ гъэІуныр щигъэтакъым. (14-нэ абзацым феплъ.)
14, 15. Ди шыпхъу Нанси Юэнрэ Гарновскэ Валентинэрэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
14 ФІэщхъуныгъэ быдэ зиІа икІи лІыгъэшхуэ зыхэлъа шыпхъуитІым я щапхъэм куэдым дыхуигъэсэфынущ. Коммунистическэ Китайм щыпсэуа На́нси Ю́эн и лъагагъыр метррэ ныкъуэрэ фІэкІ хъутэкъым, ауэ абы лІыгъэшхуэ хэлътf. Къэрал унафэщІхэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр игъэІуну абы паубыдт, ауэ абы и Іэр ирихьэхакъым. Абы къыхэкІкІэ ар тутнакъым илъэс 20 хуэдизкІэ исащ. Ди шыпхъу Юэн пкърыупщІыхьа къэрал унафэщІхэм жаІэт, абы нэхърэ нэхъ цІыху ерыщ къэралым имысу.
Гарновскэ Валентинэ Иеговэ зэригъусэр быдэу и фІэщ хъут. (15-нэ абзацым феплъ.)
15 Ди шыпхъу Гарно́вскэ Валенти́нэ СССР зэманым щыгъуэ щэ тутнакъым ирагъэтІысхьащ икІи псори зэхэту ар илъэс 21-кІэ исащg. Сытыт ар зэрагъэкъуаншэр? Абы хъыбарыфІ гъэІуныр къигъэнэну идэтэкъыми, судым ар «щІэпхъаджащІэ шынагъуэу» ибжащ. ФІэщхъуныгъэ быдэ зиІа а шыпхъуитІым сыт къадэІэпыкъуар лІыгъэ зыхагъэлъыну? Абыхэм шэч къытрахьэтэкъым Иеговэ зэрагъусэм.
16. ЛІыгъэ нэгъэса зыхэтлъхьэну сыт къыддэІэпыкъунур?
16 ЩапхъитІ дызэплъам къызэрыхэщымкІэ, дэ ди къарум е ди зэфІэкІхэм дыщыгугъ хъунукъым. Иеговэ дызэригъусэр икІи абы ди лъэныкъуэр зэриІыгъыр тщІэжын хуейщ (Втор. 1:29, 30; Зах. 4:6). Апхуэдэущ дэ лІыгъэ зэрызыхэтлъхьэфынур.
«ЦІЫХУХЭР ФЭ ЖАГЪУЭГЪУ КЪЫФХУЭХЪУМЭ»
17, 18. Иуан 15:18—21 зэритымкІэ, сытым дыхуэхьэзырын хуейуэ Хьисэ жиІат? КъыдгурывгъаІуэ.
17 Дэтхэнэ зы цІыхури хуейщ нэгъуэщІхэм пщІэ къыхуащІыну. Ауэ нэгъуэщІхэр тэмэму къытхущымытмэ, дэ зыри дримыщІысу дегупсысын хуейкъым. Хьисэ жиІащ: «Гъуэгу махуэ фытеуващ, ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и гъуэгу фызэрырикІуэм щхьэкІэ цІыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ, фызыхагъэкІмэ, къыфхуэхъущІэмэ, икІи фи цІэр ягъэпудмэ» (Лк. 6:22). Сыт абы зи гугъу ищІар?
18 ЦІыхухэм жагъуэу дыкъалъагъумэ, ар тфІэфІын хуейуэ Хьисэ жиІакъым. Абы къыгурыІуэт цІыхухэм фІыуэ дызэрамылъагъунур. Дэ «мы дунейм [д]ыщыщкъым». Дэ Хьисэ зыхуригъаджэу щытахэм дытету допсэу икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр догъэІу. Аращи, дэ дгъэщІагъуэкъым мы дунейм дилъагъу зэрымыхъур. (Къеджэ Иуан 15:18—21.) Ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэ зэрыдгъэгуфІэныращ. Уафэм щыІэ ди Адэр фІыуэ зэрытлъагъум щхьэкІэ цІыхухэм фІыуэ дамылъагъумэ, ар ди гум щІэдгъэхьэн хуейкъым.
19. Апостолхэм сыт хуэдэ щапхъэ къытхуагъэнар?
19 ЦІыхухэм сыт жамыІами икІи сыт ямыщІами фи фІэщхъуныгъэм зэи фримыукІытэ (Мих. 4:5). Хьисэ яукІа иужь апостолхэм Ерусалим щащІам фызэрегупсысыр къывдэІэпыкъунущ шынэм фытекІуэну. Абыхэм ящІэт иудей дин пашэхэм ахэр ялъагъу мыхъуу зэрыщытыр (Апост. 5:17, 18, 27, 28). Абы емылъытауэ ахэр махуэ къэс Алыхьым и Унэшхуэм кІуэти, Хьисэ и лъэужь зэрырикІуэр щІамыхъумэу хъыбарыфІыр ягъэІут (Апост. 5:42). Абыхэм шынэр зытрагъакІуэтэкъым. Дэри цІыхухэм дащымышынэу дыхъуфынущ къыддэлажьэхэм, къыддеджэхэм икІи ди гъунэгъухэм Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр щІэдмыхъумэу яжетІэмэ (Апост. 4:29; Рим 1:16).
20. Апостолхэр фІыуэ ялъагъуу щымытами, абыхэм гуфІэгъуэр зыфІамыгъэкІуэдыну сытыт къадэІэпыкъур?
20 Апостолхэр фІыуэ ялъагъуу щымытами, абыхэм гуфІэгъуэр зыфІагъэкІуэдтэкъым. Абыхэм къагурыІуэт апхуэдэу къащІыхущытым и щхьэусыгъуэр икІи Иеговэ и мурадыр зэрагъэзащІэм щхьэкІэ гугъуехь зэрашэчым ахэр ирипагэт (Лк. 6:23; Апост. 5:41). Апостол Петр иужькІэ итхыжат: «Щыпкъагъэм щхьэкІэ гугъуехь фшэчмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ» (1 Пет. 2:19—21; 3:14). Дэри пэжым дызэрытетым щхьэкІэщ далъагъу мыхъуу щІыщытыр. Ар тщІэжмэ, цІыхухэм дащышынэу шынэм дызэщІиубыдэнукъым.
ГУГЪУЕХЬ КЪЫТПЭЩЫЛЪХЭМ ЗЫХУЭДГЪЭХЬЭЗЫРЫНУ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
21, 22. 1) Гугъуехь къытпэщылъхэм зыхуэвгъэхьэзырын щхьэкІэ сыт фщІэну фи мурадыр? 2) Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?
21 Дэ тщІэкъым ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дыкърахуэкІыу щыщІадзэну зэманыр е Иеговэ дыхуэлэжьэну хуитыныгъэ диІэр къыттрахыну иужь щихьэнур. Ауэ дэ дощІэ нобэ щыщІэдзауэ абы зыхуэдгъэхьэзырын зэрыхуейр. Дапхуэдэу? Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ, абы нэмыщІ лІыгъэ нэхъыбэ зыхэтлъхьэн икІи далъагъу мыхъуу зэрыщытым щхьэкІэ къэмынэу, гуфІэгъуэр тхъумэну къару етхьэлІэн хуейщ. А псор къыддэІэпыкъунущ гугъуехь къытпэщылъхэм зыхуэдгъэхьэзырыну.
22 Ауэ фэ фыщыпсэу щІыпІэм ди лэжьыгъэр зэхуащІауэ щытмэ-щэ? Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа щІыпІэм Иеговэ дыхуэлэжьэну къыддэІэпыкъуну Библием ит принципхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
119-НЭ УЭРЭДЫР ФІэщхъуныгъэ диІэн хуейщ
a ДауикІ, дэ дыхуейкъым далъагъу мыхъуу щытыну, ауэ гува-щІэхами ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ псори дыкърахуэкІыу щІадзэнущ. Мы статьям лІыгъэ къытхилъхьэнущ икІи къытпэщылъ гугъуехьхэм зыхуэдгъэхьэзырыну къыддэІэпыкъунущ.
b Псалом 94:17—19: «Иеговэ си дэІэпыкъуэгъуу щымытамэ, сэ куэд мыщІэу сыщыІэжынутэкъым. „Солъэпэрапэ“,— щыжысІэм, уи фІылъагъуныгъэр, Иеговэ, къыздэІэпыкъут. Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт».
c 1965-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 756—767-нэ напэкІуэцІхэм феплъ (англ.).
d 1 Самуила 17:37: «Даут пищащ: „Аслъэнымрэ мыщэмрэ сыкъыІэщІэзыха Иеговэ мы филистимлянми сыкъыІэщІихынущ“. Щаул Даут жэуап иритыжащ: „КІуэ, Иеговэ уи гъусэу щрет“».
e 1 Самуила 17:45—47: «Даут филистимляным жэуап иритыжащ: „Уэ джатэ, бжы, бжы кІэщІ пІыгъыу укъокІуэ, ауэ уэ узыщыдыхьэшх Израил дзэм и Алыхь Иеговэ и цІэкІэ сэ сынокІуэ. Нобэ Иеговэ си ІэмыщІэ укъыІэщІилъхьэнущ, сэ уэ узукІынущ икІи уи щхьэри пызупщІынущ. Нобэ филистимлянхэм я хьэдэхэр уафэм щыІэ бзухэмрэ щІым тет хьэкІэкхъуэкІэхэмрэ естынущ. ИкІи щІылъэ псом къищІэнущ Израилым Алыхь зэриІэр. Къызэхуэса псоми къащІэнущ Иеговэ джатэкІэрэ бжы папцІэкІэрэ къригъэлу зэрыщымытыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ — мыр Иеговэ и зауэщ икІи абы фэ ди ІэмыщІэ фыкъыІэщІилъхьэнущ“».
f JW Broadcasting® сайтым ИНТЕРВЬЮ И СЛУЧАИ ИЗ ЖИЗНИ разделым ит «Имя Иеговы будет открыто» видеороликым феплъ, абы нэмыщІ 1979 гъэм, бадзэуэгъуэм и 15 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 4—7-нэ напэкІуэцІхэм феплъ (англ.).
h СУРЭТЫР. Унагъуэр зэгъусэу Библиер щаджкІэ адэ-анэм карточкэхэр къагъэсэбэпурэ я сабийхэм ядоІэпыкъу Библием ит едзыгъуэхэр зрагъэщІэну.
i СУРЭТЫР. Унагъуэр машинэм ису зэІущІэм щыкІуэкІэ ди уэрэдхэр жаІэ.