17 СТАТЬЯР
Иеговэ зыдэвгъэІэпыкъуурэ жин бзаджэхэм фыпэщІэт
«Дызэбэныр... жин бзаджэхэрщ, уафэми щыІэ жин бзаджэхэрщ» (Еф. 6:12).
55-НЭ УЭРЭДЫР Бийхэм фащымышынэ!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Ефэс 6:10—13 зэритымкІэ, Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
ИЕГОВЭ дэ куэд къытхуещІэ. Псалъэм папщІэ, ди бийхэм дапэщІэтыну къыддоІэпыкъу. Ди бийхэм псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэщ. Иеговэ къыджеІэ дапхуэдизкІэ ахэр зэран къытхуэхъуфынуми икІи абыхэм дапэлъэщын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ псор къыдет. (Къеджэ Ефэс 6:10—13.) Дэ Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъумэ икІи дзыхь хуэтщІмэ, Иблисым дыпэщІэтыфынущ. Апхуэдэу тщІэмэ, апостол Паул хуэдэу дэри шэч къытедмыхьэу жытІэфынущ: «Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкІынур?» (Рим 8:31).
2. Мы статьям сыт дызытепсэлъыхьынур?
2 ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ дегупсысу, абы ди акъылыр едгъэубыдкъым. Дэ, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм, псом нэхъапэу Иеговэ теухуа щІэныгъэ зэдгъэгъуэтыну икІи дыхуэлэжьэну дыхуейщ (Пс. 25:5). Ауэ ШейтІаным цІыхухэр къызэригъапцІэ щІыкІэхэр тщІэн хуейщ, абы дыщимыгъэуэн щхьэкІэ (2 Кор. 2:11). Мы статьям дэ къыщытщІэнущ ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ дыкъагъэпцІэн щхьэкІэ нэхъыбэ дыдэу сыт хуэдэ Іэмал къагъэсэбэпми. Иджыри дытепсэлъыхьынущ абыхэм дапхуэдэу дапэщІэтынуми.
ШЕЙТІАНЫМРЭ ЖИН БЗАДЖЭХЭМРЭ ЦІЫХУХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРАГЪАПЦІЭР?
3, 4. 1) Сыт Іэзэгъуазэр зищІысыр? 2) Дапхуэдиз цІыхум Іэзэгъуазэр я фІэщ хъурэ?
3 ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ цІыхухэр къагъэпцІэн щхьэкІэ нэхъыбэ дыдэу Іэмал къагъэсэбэпыр Іэзэгъуазэращ. Іэзэгъуазэ Іуэху зезыхьэхэм жаІэ адрейхэм ямыщІэ гуэр езыхэм ящІэу е нэгъуэщІхэм яхуэмыщІэ гуэр яхузэфІэкІыу. Псалъэм папщІэ, Іэзэхэр плъэфу е астрологиер къагъэсэбэпурэ къэхъунур къащІэу, абы нэмыщІ лІахэм епсэлъэфу жаІэ. Удыгъэ зезыхьэ нэгъуэщІхэри зыгуэрым зэран хуэхъуну хуейуэ тобжэb.
4 Дапхуэдиз цІыхум Іэзэгъуазэр я фІэщ хъурэ? Латинскэ Америкэм и къэрал 18-мрэ Карибскэ бассейнымрэ щыпсэу цІыхухэм упщІэ иратам къызэригъэлъэгъуамкІэ зэупщІахэм и Іыхьэ щанэм Іэзэгъуазэр я фІэщ мэхъу икІи апхуэдизым я фІэщ мэхъу лІахэм уепсэлъэфу. Абы нэмыщІ Африкэм и къэрал 18-м щыпсэу цІыхухэм упщІэ иратам къигъэлъэгъуащ зэупщІахэм и ныкъуэм Іэзэгъуазэр я фІэщ хъууэ. ДауикІ, дэ дэнэ дыщымыпсэуами, Іэзэгъуазэм зыпыІуддзын хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным «щІылъэм тет цІыху псори» къигъэпцІэну хэтщ (Апок. 12:9).
5. Иеговэ Іэзэгъуазэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
5 Иеговэ — «пэжыгъэм и Алыхьщ» (Пс. 31:5). Ар Іэзэгъуазэм дапхуэдэу зэрыхущытыр? Абы ар илъагъу хъукъым. Иеговэ израил цІыхухэм мыпхуэдэу яжриІауэ щытащ: «Фэ фщыщу зыми Іэзэ игъаплъэ, удыгъэ зэрихьэ, нэщэнэхэм хэплъэ, хьэпэщыпхэ иригъэщІ, жин бзаджэхэр къезыджэхэм зыхуигъазэ, къэхъунур жиІэ икІи лІахэм зыгуэр щхьэкІэ еупщІ хъунукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зыщІэ псори Иеговэ дежкІэ гущыкІыгъуэщ» (Втор. 18:10—12). Нобэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр Мусэ и хабзэм тетын хуейуэ щыткъым. Ауэ дэ дощІэ Алыхьыр Іэзэгъуазэм зэрыхущытым зэрызимыхъуэжар (Мал. 3:6).
6. 1) Іэзэгъуазэм сыт хуэдэ зэран къихьыр? 2) Экклезиаст 9:5 зэритымкІэ, цІыхум лІа иужь сыт къыщыщІыр?
6 Иеговэ дыкъихъумэну хуейщ, абы къыхэкІкІэ Іэзэгъуазэм зэранышхуэ къызэрихьыр къыджеІэ. ШейтІаным пцІым зригъэубгъун щхьэкІэ Іэзэгъуазэр къегъэсэбэп, псалъэм папщІэ цІыхур лІа иужь и псэр мылІэу цІыхухэм я фІэщ ищІыну хуейщ. (Къеджэ Экклезиаст 9:5c.) ШейтІаным Іэзэгъуазэр къегъэсэбэп цІыхухэр шынэм зэщІиубыдауэ щытын щхьэкІэ икІи Иеговэ пэжыжьэ хуэхъун щхьэкІэ. Ар хуейщ Іэзэгъуазэ Іуэхухэм хэтхэр Иеговэ щымыгугъыу жин бзаджэхэм щыгугъыну.
ЖИН БЗАДЖЭХЭМ ДАПХУЭДЭУ ДАЗЭРЫПЭЩІЭТЫНУР?
7. ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ дапэщІэтыфын щхьэкІэ Иеговэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
7 ИпэкІэ зэрыжытІащи, ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ дыкъамыгъэпцІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми Иеговэ къыдгурегъаІуэ. Абыхэм дапэщІэтыфын щхьэкІэ къыддэІэпыкъун чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
8. 1) Жин бзаджэхэм зыщытхъумэн щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмалра псом нэхърэ нэхъыфІыр? 2) Псалом 146:4 итым цІыхур лІа иужь къыщыщІым теухуауэ ШейтІаным и пцІыр дапхуэдэу къызэрыщІигъэщыр?
8 Библием феджэ икІи фызэджам фегупсыс. Ар жин бзаджэхэм я пцІым зэрызыщытхъумэн Іэмал нэхъыфІ дыдэщ. Алыхьым и Псалъэр джатэ жаным ещхьщ, абы ШейтІаным и пцІыр зэтрикъутэфынущ (Еф. 6:17). Апхуэдэу, псэухэр лІахэм епсэлъэфыну щыІэ пцІыр Алыхьым и Псалъэм къыщІегъэщ. (Къеджэ Псалом 146:4d.) Абы иджыри щыжыІащ Иеговэ фІэкІ къэхъунур ІупщІу нэгъуэщІым зыми къызэрыджимыІэфынур (Ис. 45:21; 46:10). Дэ зэпымыууэ Библием деджэмэ икІи дызэджам дегупсысмэ, ар къыддэІэпыкъунущ пцІыр тлъагъу мыхъуу дыщытыну икІи жин бзаджэхэм ди фІэщ ящІыну хэт пцІым зыпыІуддзыну.
9. Сытым дэ зыпыІуддзын хуей?
9 Сыт хуэдэ Іэзэгъуазэ Іуэхуми зыпыІувдз. Дэ, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм, Іэзэгъуазэм пыщІа псоми зэрызыпыІуддзыным иужь дитщ. Псалъэм папщІэ, лІам и макъымкІэ къопсэлъэфхэм я деж дыкІуэкъым икІи нэгъуэщІ Іэмал гуэркІэ лІахэм зыпытщІэну иужь диткъым. Мы статьям ипэ дызэджам зэритамкІэ, цІыхум и псэр нэгъуэщІыпІэ щыІэу куэдым я фІэщ зэрыхъум къыхэкІкІэ хабзэ куэд къагупсыс. Дэ зыгуэр лІамэ, апхуэдэ хабзэхэр дгъэзащІэкъым. Абы нэмыщІ Іэзэ плъэхэм икІи астрологхэм я деж дыкІуэкъым къэхъунур къэтщІэн щхьэкІэ (Ис. 8:19). Дэ къыдгуроІуэ абы зэранышхуэ къызэрикІынур, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу тщІэмэ, ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ пыщІа дыхъунущ.
Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я щапхъэм дыхуегъэуш Іэзэгъуазэм пыщІа хьэпшыпхэр дгъэкІуэдыну, абы нэмыщІ Іэзэгъуазэ Іуэхухэр зыхэт зыгъэпсэхукІэхэм пэІэщІэ зыхуэтщІыну. (10—12-нэ абзацхэм феплъ.)
10, 11. 1) Ефес дэса языныкъуэ цІыхухэм пэжыр къащІа иужь сыт ящІар? 2) 1 Коринф 10:21 зэритымкІэ, абыхэм щапхъэ ятетхыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр икІи дапхуэдэу ар зэрытщІ хъунур?
10 Іэзэгъуазэм пыщІа хьэпшыпхэр вгъэкІуэд. Япэ лІэщІыгъуэм Ефес къалэм дэса языныкъуэ цІыхухэр Іэзэгъуазэ Іуэхухэм хэтт. Пэжыр къащІа иужь абыхэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр ящІащ. Апостолхэм 19:19 итщ: «Удыгъэ Іуэхум хэт цІыху куэдым я тхылъхэр зэхуахьэсри, цІыху псоми ялъагъуу ягъэсащ». Абыхэм къагурыІуэт жин бзаджэхэм упэщІэтын зэрыхуейр. Іэзэгъуазэм пыщІа тхылъхэм ахъшэшхуэ щІатат, ауэ Ефес дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм а тхылъхэр зыгуэрым иратакъым икІи ящэжакъым — ахэр ягъэсащ. Тхылъхэм я уасэратэкъым ахэр зэгупсысыр, атІэ Иеговэ зэрагъэгуфІэнырат.
11 Абыхэм дауэ щапхъэ ятетх хъуну? Іэзэгъуазэм пыщІа хьэпшыпхэр дгъэкІуэдыным Іущагъ хэлъщ: жин бзаджэхэм зыщахъумэн щхьэкІэ къагъэсэбэп дыуэхэр, нэтемыгъахуэ щыгъэхэр, я Іэм Іуданэ плъыжь иращІэр, блыным е нэгъуэщІыпІэ фІадзэ хьэпшыпхэр. (Къеджэ 1 Коринф 10:21.)
12. ЗыгъэпсэхукІэхэр къыщыхэтхым деж сыт хуэдэ упщІэхэр къыддэІэпыкъуну?
12 ЗыгъэпсэхукІэ къыхэфхым фегупсыс. ЗэупщІыж: «Іэзэгъуазэм теухуа тхылъхэм, журналхэм е интернетым ит статьяхэм седжэрэ? Уэрэд сызэдаІуэхэм, фильм е телепередачэ сызэплъхэм, абы нэмыщІ си электроннэ Іэмэпсымэхэм тет джэгухэм теухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Абыхэм вампирхэм, зомбихэм, жин бзаджэхэм пыщІа нэгъуэщІхэми и гугъу имыщІу пІэрэ? Абы удыгъэр, хьэпэщыпхэ щІыныр, зыгуэрым тебжэныр зы фІы гуэру икІи гъэщІэгъуэну къыпщамыгъэхъуу пІэрэ?» ДауикІ, щымыІэу къагупсыса гуэр е зэи къэмыхъуфын гуэр зыхэт зыгъэпсэхукІэхэр Іэзэгъуазэм пыщІауэ щымытынкІэ хъунущ. ЗыгъэпсэхукІэ гуэр къыщыхэфхкІэ Иеговэ илъагъу мыхъуу хъуам пэІэщІэу фыщытын щхьэкІэ къывдэІэпыкъуну унафэхэр къафщтэ. Къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ Алыхьым и пащхьэм напэ къабзэ дыщиІэн щхьэкІэ (Апост. 24:16)e.
13. Сыт дэ дызытепсэлъыхьын хуэмейр?
13 Жин бзаджэхэм теухуа хъыбархэр жывмыІэж. Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыну дыхуейщ (1 Пет. 2:21). Ар щІылъэм къэкІуэн ипэ уафэм щыпсэуати, ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ теухуауэ куэд ищІэт. Ауэ Хьисэ жин бзаджэхэм ящІэу щыта Іуэхухэм теухуауэ тепсэлъыхьу щытакъым. Хьисэ ШейтІаным теухуа хъыбар цІыхухэм яригъэщІэнуратэкъым къыщІэкІуар, атІэ цІыхухэм Иеговэ къаригъэцІыхуну арат. Дэ Хьисэ щапхъэ тетхыу щытмэ, жин бзаджэхэм теухуа хъыбархэр жытІэжынукъым. Алыхьым и псалъэм щыжыІащ: «ЦІыхуфІым игу илъ фІым фІыгъуэр къыдокІуэ» (Мт. 12:35). Апхуэдэу дэ ди гум илъ фІымкІэ нэгъуэщІхэм дадогуашэ.
Жин бзаджэхэм дащышынэну щхьэусыгъуэ диІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэр абыхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэщщ. (14, 15-нэ абзацхэм феплъ.)f
14, 15. 1) Жин бзаджэхэм сыт дащышынэн щІыхуэмейр? 2) Иеговэ и лъэпкъыр къызэрихъумэр сытым къыхэщрэ?
14 Жин бзаджэхэм фащымышынэ. Мы дунейм дыщыпсэуху Іей гуэр къытщыщІынкІэ хъунущ: насыпыншагъэ, узыфэ, лІэныгъэ. Ауэ дегупсыс хъунукъым псори зилажьэр жин бзаджэхэрауэ. Библием зэрыжиІэмкІэ имызэману дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэр дрихьэлІэнкІэ хъунущ (Эккл. 9:11). Дапхуэдэу щымытми, Иеговэ жин бзаджэхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъэщщ. Псалъэм папщІэ, абы ШейтІаным хуидакъым Іэиуб иукІыну (Иов 2:6). Мусэ бегъымбар и зэманым Мысырым и дин пашэ Іэзэгъуазэ Іуэхухэр зезыхьэхэм нэхърэ Иеговэ зэрынэхъ лъэщыр игъэлъэгъуащ (Исх. 8:18; 9:11). Абы нэмыщІ Иеговэ и Къуэм тепщэныгъэшхуэ иритри, Хьисэ ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ уафэм къридзыхащ. ИкІи куэд мыщІэу Хьисэ ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ «щІылъэм и кууупІэу щІэ зимыІэм» ирадзэнущ. Абы щыгъуэ ахэр зыми зэран хуэхъужыфынукъым (Апок. 12:9; 20:2, 3).
15 Иеговэ и лъэпкъыр къызэрихъумэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд щыІэщ. Фегупсысыт: дэ дуней псом пэжым теухуа хъыбарымкІэ цІыхухэм дадогуашэ икІи ахэр идогъаджэ (Мт. 28:19, 20). Апхуэдэу дэ Иблисым и Іуэху бзаджэхэр къыщІыдогъэщ. ДауикІ, ШейтІаным дыкъигъэувыІэну хуейт, ауэ абы ар хузэфІэкІынукъым. Аращи, дэ жин бзаджэхэм дащышынэн хуейкъым. «Иеговэ щІылъэ псор къеплъыхь и гур етауэ хуэлажьэхэм и къарур къигъэсэбэпу дэІэпыкъун щхьэкІэ» (2 Лет. 16:9). Иеговэ дыхуэпэжмэ, гъащІэ мыухыжыр къытлъысыну жин бзаджэхэр зэран къытхуэхъуфынукъым.
ИЕГОВЭ ЗЫДЭЗЫГЪЭІЭПЫКЪУХЭМ ФІЫГЪУЭ ЯГЪУЭТЫНУЩ
16, 17. ЛІыгъэ тхэлъу жин бзаджэхэм дазэрыпэщІэтыфынум теухуауэ щапхъэ къэфхь.
16 Жин бзаджэхэм дапэщІэтын щхьэкІэ лІыгъэ дыхуейщ, псом хуэмыдэу ди ныбжьэгъухэмрэ Іыхьлыхэмрэ къыщыттракъузэм деж. Ауэ Иеговэ лІыгъэ зыхэзыгъэлъхэм доІэпыкъу. Ганэ щыщ ди шыпхъу Эрикэ и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар илъэс 21 щыхъум Библиер джын щІидзащ. Ар дин пашэм и пхъути, Іэзэгъуазэм пыщІа хабзэм хэтын хуейт. А хабзэмкІэ къурмэну къахьа лыр яшхын хуейт, я Іыхьлы лІахэр арэзы ящІын щхьэкІэ. Эрикэ абы хэтын идатэкъыми, лІахэм абы пщІэ хуимыщІу и Іыхьлыхэм къалъытащ. Ахэр шынэт лІахэм Іей гуэр къращІэнкІэ.
17 Эрикэ и Іыхьлыхэм Іэзэгъуазэм пыщІа хабзэм залымыгъэкІэ ар хагъэтыну иужь ихьат, ауэ абы и Іыхьлыхэр зытригъэкІуакъым. ИкІэм-икІэжым ар унэм къыдэкІын хуей хъуащ. Ауэ Эрикэ уэрамым къыдэнакъым — зэхуэсым щыщхэм ар я унэм щІагъэтІысхьащ. Апхуэдэу Иеговэ абы унагъуэщІэ иритащ — Иеговэ и лэжьакІуэхэр дэлъху, шыпхъу хуэхъуащ (Мк. 10:29, 30). Эрикэ и Іыхьлыхэм я щІыб къыхуагъэзами икІи и щыгъынхэри ягъэсами, ар Иеговэ хуэпэжу къэнащ, псым зыщІигъэуащ, иджыпстуи пионеру мэлажьэ. Эрикэ жин бзаджэхэм щышынэкъым. Абы и Іыхьлыхэм щхьэкІэ мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ махуэ къэс Алыхьым солъэІу си Іыхьлыхэм Иеговэ къацІыхуну икІи Алыхьым хуэлэжьэным къыпэкІуэ фІыгъуэхэр зыхащІэну, жин бзаджэхэм я къапхъэными къикІыжыну».
18. Иеговэ дзыхь хуэтщІу щытмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр дгъуэтыну?
18 Дэ псори апхуэдэ гъэунэхуапІэ димыхуэнкІэ хъунущ, ауэ дэтхэнэ зыми Иеговэ дзыхь хуэтщІу, жин бзаджэхэм дапэщІэтын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, фІыгъуэ куэд дгъуэтынущ икІи ШейтІаным и пцІым дыщигъэуэнукъым. Абы нэмыщІ жин бзаджэхэм дащышынэу Иеговэ ди щІыб хуэдгъэзэнукъым. ИкІи псом нэхъапэращи, Иеговэрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ. Екъуб 4:7, 8 щыжыІащ: «Тхьэм фыхуэІурыщІэ. ШейтІаным фыпэуви, ар фи пащхьэм икІынурэ щІэпхъуэжынущ. Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ».
150-НЭ УЭРЭДЫР Ищи Иегову, чтобы спастись
a Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу къыдгурегъаІуэ жин бзаджэхэм зэранышхуэ къызэрахьыфынур. Абыхэм цІыхухэр дапхуэдэу къызэрагъапцІэр? Дапхуэдэу абыхэм дазэрыпэщІэтынур? Мы статьям дэ къыщытщІэнущ абыхэм я къапхъэным димыхуэн щхьэкІэ Иеговэ дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Іэзэгъуазэр — ар жин бзаджэхэм пыщІа Іуэхугъуэхэм хэтыныращ икІи ахэр уи фІэщ хъуныращ. Абы хохьэ лІахэр псэухэм епсэлъэфу уи фІэщ хъуныр. Іэзэгъуазэм иджыри хеубыдэ удыгъэр, ипэкІэ къэхъунур къэщІэныр, абы нэмыщІ зыгуэрым зэран хуэхъун щхьэкІэ тебжэныр е хьэпэщыпхэ къутэжыныр.
c Экклезиаст 9:5: «Псэухэм зэрылІэныр ящІэ, ауэ лІахэм зыри ящІэкъым икІи абыхэм зыри къалъысыжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр ящыгъупщэжащ».
d Псалом 146:4: «И къарур хокІри абы щІым егъэзэж; а махуэм абы и гупсысэу хъуар мэкІуэдыж».
e Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ зыгъэпсэхукІэхэр хъунуми сыт хуэдэхэр мыхъунуми унафэ ящІкъым. Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэми зэджэнур, зэплъынур, зэрыджэгунур къыщыхихым деж, Библием тету и напэ гъэсар къигъэсэбэпын хуейщ. Іущагъ зыхэлъ унагъуэм и нэхъыжьыр и унагъуэм зыгъэпсэхукІэ къыхихыр Библием ит принципхэм пэщІэмыувэу зэрыщытыным кІэлъоплъ. (jw.org сайтым О НАС > ЧАСТО ЗАДАВАЕМЫЕ ВОПРОСЫ вкладкэм «Запрещены ли у Свидетелей Иеговы какие-то фильмы, книги или песни?» жыхуиІэ статьям фыщеплъ.)
f СУРЭТЫР. Хьисэ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Пащтыхьщ, ар уафэм щыІэ мелыІычхэм я пашэщ.