Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
«Налкъутналмэс лъапІэ» дэ къэдгъуэтащ
ЗЭЩХЬЭГЪУСЭ Пейн Уинстонрэ Памелэрэ (Пэм) австралазийскэ филиалым щолажьэ. Абыхэм гъащІэ насыпыфІэ къагъэщІащ, ауэ гугъуехь куэдми ирихьэлІащ икІи нэгъуэщІ лъэпкъхэм я хабзэхэм есэн хуей хъуащ. Абы нэмыщІ иджыри къамылъхуа сабий абыхэм яфІэкІуэдыжащ. Ауэ сыт къэмыхъуами, Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ хуаІэ лъагъуныгъэр яхъумэжыфащ икІи хъыбарыфІым хах гуфІэгъуэр зыфІагъэкІуэдакъым. Мы интервьюм абыхэм делъэІуащ я гъащІэм теухуауэ къыджаІэжыну.
Уинстон, уэ Алыхьыр къэплъыхъуэу зэрыщытар къыджепІэжыфыну?
Сэ Штат Кви́нсленд (Австралие) щыІэ фермэм сыкъыщыхъуащ. Дэ ди унагъуэм дин гуэр иІыгъыу щыттэкъым. Дэ цІыхухэм дапэжыжьэу щхьэхуэу дыпсэути, сэ си унагъуэрат нэхъыбэу сызэпсалъэр. Илъэс 12 сыщыхъум сэ Алыхьыр къэслъыхъуэу щІэздзащ. Сэ Алыхьым селъэІут езым теухуауэ пэжыр къэсщІэну къыздэІэпыкъуну. Зэман дэкІа иужь сэ фермэм сытекІри Аделаи́дэ (штат Южная Австралия) сыщылэжьэну сыкІуащ. Илъэс 21 сыхъуу, Сидней зыгъэпсэхуакІуэ сыкІуауэ Пэм къэсцІыхуащ. Ар англо-израильскэ диным къысхутепсэлъыхьащ. А диныр зыІыгъхэм я фІэщ мэхъу англосаксхэр кІуэда Израил лъэпкъкІэ зэджэхэм къатехъукІыжауэ — ди эрэм ипэ VIII-нэ лІэщІыгъуэм пщылІыпІэм яшауэ щыта ищхъэрэ лъэпкъипщІ хъу пащтыхьыгъуэм. Аделаидэ згъэзэжа иужь дызытепсэлъыхьам теухуауэ къыздэлажьэ гуэрым и гугъу хуэсщІащ. Абы Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджт. Абырэ сэрэ сыхьэт зыбжанэкІэ дызэпсэлъащ, нэхъыбэу дызытепсэлъыхьар Иеговэ и Щыхьэтхэм я фІэщ хъуращ икІи сэ къызгурыІуащ сыщысабиям Алыхьым сызэрелъэІуахэм и жэуапыр къызэрызитар. ДыкъэзыгъэщІамрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуа пэжыр сэ къэсщІащ! Апхуэдэу сэ «налкъутналмэс лъапІэ» къэзгъуэтащ (Мт. 13:45, 46).
Пэм, уэри «налкъутналмэс лъапІэр» жьыуэ къэплъыхъуэн щІэбдзат. Дауэ ар къызэрыбгъуэтар?
Сэ дин зыІыгъ унагъуэм сыкъыщыхъуащ Кофс-Ха́рбор (штат Новый Южный Уэльс) къалэм. Си адэ-анэмрэ, абы нэмыщІ си анэм и адэ-анэмрэ англо-израильскэ диныр яІыгът. Си къуэш нэхъыщІэри, си шыпхъу нэхъыжьри, сэри, абы нэмыщІ си анэм и шыпхъум и бынхэри и дэлъхум и бынхэри дызэрыцІыкІурэ дыщІагъэджыкІт Алыхьым англосаксхэр къыхихауэ. Ауэ абы теухуауэ сэ нэгъуэщІ еплъыкІэт сиІэр икІи Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ сызэримыкъур зыхэсщІэт. Илъэс 14 сыщыхъум ди щІыпІэм щыІэ члисэ зыбжанэм сыкІуащ. Сэ англиканхэм, баптистхэм икІи «адвентисты седьмого дня» зи цІэ диным я деж сыкІуащ, ауэ упщІэ сиІэхэм я жэуапхэр абыхэм щызгъуэтакъым.
ИужькІэ ди унагъуэр Сидне́й Іэпхъуащ. Абы зызыгъэпсэхуу щыІэ Уинстон сыщыхуэзащ. Абы езым зэрыжиІэжащи, динхэм теухуауэ дызэрызэпсэлъам къыхэкІкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер джын щІидзащ. Уинстонрэ сэрэ дызэдэтхэт. Абы и письмохэм Библием ит пычыгъуэ куэд къыщыхьат. Пэжыр жысІэнщи, япэщІыкІэ абы сигъэгузавэт икІи сыкъигъэгубжьт! Ауэ хуэм-хуэмурэ сэ къызгурыІуэу щІэздзащ Уинстон итххэр зэрыпэжыр.
1962 гъэм Аделаид сыІэпхъуащ, Уинстон нэхъ и гъунэгъу сыхъун щхьэкІэ. Зэщхьэгъусэ Сло́уман То́масрэ Джа́нисрэ я деж сыщІагъэсыну Уинстон абыхэм ягурыІуащ. Япэм ахэм Па́пуа — Новая Гвинеем миссионер лэжьыгъэр щагъэзащІэу щытащ. Ахэр егъэлеяуэ гуапэу къысхущытащ. Сэ илъэс 18 сыхъуу арат икІи ахэр къыздэІэпыкъуащ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэну. Апхуэдэу сэ Библиер джын щІэздзащ икІи куэд мыщІэу пэжыр къызэрызгъуэтар къызгурыІуащ. Уинстонрэ сэрэ дызэрыша иужь полновременнэ лэжьыгъэм щІэддзащ. Гугъуехьхэм дрихьэлІами, дызыхэт лэжьыгъэм фІыгъуэ куэд къытхуихьащ икІи «налкъутналмэс лъапІэ» къэдгъуэтар нэхъри фІыщІэ тщІыуэ хъуащ.
Уинстон, фызэрыша иужь хъыбарыфІ гъэІуным фызэрыхэтар къыджеІэж.
1. Районнэ лэжьыгъэр щыдгъэзащІэм щыгъуэ дыздэкІуа щІыпІэхэр
2. Языныкъуэ островхэм я пощт маркэхэр. Остров Кирибатимрэ Тувалумрэ япэм Гилбертэрэ ЭллисрэкІэ еджэу щытащ
3. Тувалу къэралым хыхьэ Фунафути остров дахащэр. Миссионерхэр къэкІуэн ипэ дэ дыздэщыІа островхэм ящыщ зыщ
Пэмрэ сэрэ дызэрыша иужь Иеговэ «куэбжэшхуэ» иІэхэм щыщу япэ куэбжэр къытхузэІуихащ (1 Кор. 16:9). А «куэбжэм» дыдыхьэну дыхуэзыгъэушар ди къуэш Джек По́ртерщ, ар районым и нэхъыжьу ди зэхуэсым къэкІуат. (Иджыпсту абырэ сэрэ австралазийскэ филиалым и комитетым дыхэтщ.) Джекрэ абы и щхьэгъусэ Ро́злинрэ пионеру дылэжьэну чэнджэщ къыдатат. Дэ а лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэтхыу илъэситхукІэ дыхэтащ. Абы иужь илъэс 29 сыхъуу Пэм си гъусэу Тихий океаным ипщэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ островхэм районым и нэхъыжьу сыщылэжьэну къызжаІащ. А щІыпІэр Фиджи щыІэ филиалым хыхьэт. Американскэ Само́а, Само́а, Вануа́ту, Кириба́ти, Нау́ру, Ниу́э, Токела́у, То́нгэ, Ту́валу островхэм дэ дыщылэжьэн хуейт.
А илъэсхэм языныкъуэ остров нэхъ пхыдзахэм щыпсэухэм Иеговэ и Щыхьэтхэм гурыщхъуэ хуащІти, дэ нэхъ дысакъын хуейт (Мт. 10:16). Зэхуэсхэм къекІуалІэхэр мащІэти, дызыщІэсын унэ къуэшхэм иныкъуэхэм деж къытхуагъуэтыфтэкъым. Апхуэдэу щыхъум деж, а щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм делъэІут я унэм дыщІагъэсыну икІи абыхэм гуапэу драгъэблагъэт.
Уинстон, уэ ди тхыгъэхэр зэдзэкІын лэжьыгъэр пфІэгъэщІэгъуэнщ. Сыт щхьэкІэ?
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щрагъаджэ школым (Самоа)
Тонгэ островхэм а зэманым буклетхэмрэ брошюрэхэмрэ тонга́н бзэкІэ тхауэ мащІэ дыдэт щыІэр. ХъыбарыфІыр щагъэІум деж английскэбзэкІэ тхауэ «Истина, ведущая к вечной жизни» жыхуиІэ тхылъыр къагъэсэбэпт. Абы щыгъуэ а тхылъымкІэ Библиер яджт. Абы къыхэкІкІэ а щІыпІэм щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжьу щыт къуэшищым а тхылъыр тонган бзэкІэ зэрадзэкІын щІадзащ. Ар щыщІадзар зэхуэсым и нэхъыжьхэм щхьэкІэ тхьэмахуиплІкІэ екІуэкІ школыр щыщыІаращ. А къуэшхэм английскэбзэр фІыуэ ящІэтэкъым. Абыхэм зэрадзэкІахэр Пэм машинкэкІэ тридзэжащ. Дэ а тхыгъэхэр Америкэм щыІэ филиалым едгъэхьри, тхылъу къыдагъэкІащ. Тхылъ зэдзэкІыным тхьэмахуий ихьащ. Ар фІыдыдэу зэдзэкІа мыхъуами, тонган бзэкІэ псалъэ цІыху куэдым пэжыр къащІэну а тхылъыр дэІэпыкъуащ. Пэмрэ сэрэ тхыгъэхэр зэддзэкІыу дылажьэкъым, ауэ а лэжьыгъэм иужь а Іуэхур тфІэгъэщІэгъуэн хъуащ.
Пэм, островхэм ущыпсэунымрэ Австралием ущыпсэунымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэт?
Районнэ лэжьыгъэр щыдгъэзащІэм автобусми дыщыпсэуауэ щытащ
КуэдкІэ зэщхьэщыкІт! А щІыпІэр егъэлеяуэ хуабэт, дзыгъуэхэр, абы нэмыщІ аргъуейхэр куэдыкІейуэ щыІэт. Иныкъуэм деж шхыныр мащІэт икІи мызэ-мытІэу дысымэджащ. Ауэ дэ дызыщІэс унэм укъыщІэплъмэ, плъагъу тенджызым гупсэхугъуэ къыуитт. Полинезием щыІэ унэхэм самоа́н бзэкІэ фале́ и цІэщ. Ар блын зимыІэ и щхьэм мэкъу зытелъ унэщ. Дэ ди унэри апхуэдэт. Мазэгъуэ жэщхэм деж дэ кокос зыпыт пальмэхэм я ныбжьым, абы нэмыщІ мазэм и нурыр хым зэрытридзэм дыдихьэхыу деплът. Апхуэдэ дакъикъэхэм дэ, Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэт, дыгупсысэт икІи а псор фІым дегупсысыну къыддэІэпыкъут.
Абы щыІэ сабийхэр дэ фІыуэ тлъагъуат. Абыхэм яфІэгъэщІэгъуэну дэ, цІыху хужьхэр, дызэпаплъыхьт икІи дыхьэшхэну защІт. Остров Ниуэ дыщыІэу зы щІалэ цІыкІу гуэрым Уинстон и Іэм телъэщІыхьурэ мыпхуэдэу жиІат: «Уи Іэм цы тетхэр сигу ирохь». Абы зэи Іэм цы тету илъэгъуатэкъыми, ар ифІэгъэщІэгъуэнт.
ЦІыхухэр гугъу ехьу зэрыпсэур дэ ди гум къеуэт. А щІыпІэ дахащэм сымаджэхэм къадэІэпыкъун дохутыр щагъуэттэкъым икІи цІыхухэм псы зэфэн ярикъутэкъым. Абы емылъытауэ дэлъхухэм я Іэр ирахьэхтэкъым. Ахэр апхуэдэ псэукІэм есат, я ІэмкІи арэзыт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ я унагъуэхэр я гъусэт икІи Алыхьыр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ щызэхуэсын щІыпІэ яІэт. Абыхэм я щапхъэр къыддэІэпыкъут мылъкум дыхущІэмыкъуну икІи ди гъащІэм псом япэ идгъэщын хуейр тщымыгъупщэжыну.
Пэм, иныкъуэхэм деж уэ езым псы къэпхьын хуей хъут икІи упщафІэн щхьэкІэ куэд зэхуэбгъэкІуэн хуейт. Апхуэдэ гугъуехьхэм дауэ упэлъэщрэт?
Пэм мэжьыщІэ (Тонгэ островхэм)
Сэ си адэм фІыщІэ хузощІ. Абы куэдым сыригъэсащ, псалъэм папщІэ уи Іэр къэбгъэсэбэпу пхъэ мафІэ пщІыуэ, абыкІэ шхын зэрыбгъэхьэзыр хъуным. Зэгуэрым Кирибати дыкІуат. ДыкъыщыувыІа унэм и блынхэр бамбукым къыхэщІыкІат, и щхьэм мэкъу телът, и лъэгум коралл мывэ кІэщхъ икІутат. Сэ лъэгум мафІэ щыпщІ хъун кумб къистІыкІри, пхъэм и пІэкІэ кокосым и фэр къэзгъэсэбэпащ. Псы къэсхьыну псыкъуийм сыщыкІуам, абы цІыхубз куэд Іутт. Абыхэм метритІ зи кІыхьагъ башым, кІапсэ фІэлъым къэнжал банкІ фІэщІауэ, абыкІэ псы кърагъахъуэт. Ар къунтхым ебгъэщхь хъунут. ЦІыхубзхэм чэзу-чэзууэ «къунтхыр» хадзэти, башым занщІэу къекъут, банкІым зызэригъэдзэкІыу псы къихъуэн щхьэкІэ. ЯпэщІыкІэ сэ ар тыншу къысщыхъуат, ауэ си чэзур къэса иужь псы къысхуигъэхъуакъым. Дапхуэдизрэ семыныкъуэкъуами банкІым псы къимыхъуэу псы щхьэфэм телът! АпщІондэху си щІыбагъымкІэ щыт цІыхубзхэр дыхьэшхт. ИкІэм-икІэжым зы цІыхубз гуэр къыздэІэпыкъуащ. А щІыпІэм щыпсэухэр дэ сыт щыгъуи гуапэу къытхущытащ.
Фэ хъыбарыфІыр островхэм щывгъэІуну фигу ирихьт. Сыт нэхъ фигу къинэжар?
Уинстон: Дэ зэман дыхуейт а щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэхэм десэну. Псалъэм папщІэ, къуэшхэм махуэм яшхынур псори Іэнэм къытрагъэувэт. Къытрагъэувам и Іыхьэ гуэр дыкъыщыувыІа унагъуэм къыхуэдгъэнэн зэрыхуейр япэщІыкІэ дэ тщІатэкъыми, Іэнэм телъыр псори тшхыт. ИужькІэ дэ ди щыуагъэр къыдгурыІуэжащ. Дапхуэдэу мыхъуами къуэшхэм дакъыгурыІуэт. ИкІи ахэр хуабжьу гуфІэт илъэс ныкъуэм зэ я зэхуэсым дыщыкІуэм деж. А щІыпІэм щыпсэу къуэшхэм нэгъуэщІ Иеговэ и Щыхьэтхэм хуэзэну Іэмал яІэтэкъым, дэ зырат абыхэм ялъагъур.
ХъыбарыфІыр дгъэІуну дожьэ (Ниуэ островым)
Дэ абы дызэрыкІуар а щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм гу лъамытэу къэнакъым. Куэдым я гугъэт къуэшхэр зытет диныр езыхэм къагупсысыжауэ, абы къыхэкІкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэр нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ я фІэщ хъутэкъым. НэгъуэщІ къэралхэм къикІыу къуэшхэм я деж Иеговэ и Щыхьэтхэр къакІуэу щалъагъум, абыхэм къагурыІуэт ди организацэр дуней псом зэрыщыІэр икІи ар хуабжьу ягъэщІагъуэт.
Пэм: Нэхъ дигу къинэжа Іуэхугъуэр Кирибати къыщыхъуат. ДыздэщыІэ зэІущІэм къуэш, шыпхъуу мащІэт щыІэр. Зэгуэрым ди деж ди къуэш Си́никай Ма́терэ къэкІуат, зэхуэсым и нэхъыжьу а зырат щыІэр. Абы зы джэдыкІэ закъуэ илъу матэ иІыгът. «Мыр къыфхуэсхьащ»,— жиІащ абы. А зэманым джэд джэдыкІэр бгъуэттэкъым. А къуэшым тыгъэ къытхуищІар зы джэдыкІэ закъуэу щытми, абы и хьэлэлагъыр ди гум хыхьащ.
Пэм, илъэс зыбжанэ дэкІа иужь ныбэм илъу уи сабийр пфІэкІуэдыжауэ щытащ. А гуауэм упэлъэщыну сыт къыбдэІэпыкъуар?
1973 гъэм сэ лъэщыджэ сыхъуат. А зэманым Уинстонрэ сэрэ Тихий океаным щыІэ островхэм хъыбарыфІыр щыдгъэІут. Дэ Австралием дгъэзэжащ, абы иужь мазиплІ дэкІри сабийр сфІэкІуэдащ. Уинстонрэ сэрэ ар ди гум хуабжьу къеуат. Хуэмурэ гуауэр нэхъ тщхьэщыкІ хъуащ, ауэ гупсэхугъуэ щыдгъуэтыжар 2009 гъэм, мэлыжьыхьым и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэр» къытІэрыхьа иужьщ. «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм «Сабийр анэм и ныбэм илъу лІэжауэ щытмэ, ар къэтэджыжыну гугъэ уиІэ хъуну?» упщІэр щызэпкърыхат. А статьям дэ къыдгуригъэІуащ а Іуэхур Иеговэ и ІэмыщІэ зэрилъыр икІи абы сыт имыщІэми захуагъэ зэрыхэлъыр. Мы дуней бзаджэм ди гум къытрилъхьа уІэгъэхэр псори Иеговэ тхуигъэхъужынущ. Ар къыщыхъунур «ШейтІаным и Іуэхухэр игъэкІуэдыну» Алыхьым и Къуэм унафэ хуищІа иужьщ (1 Ин. 3:8). А статьям деджа иужь Иеговэ и лъэпкъым ирита «налкъутналмэс лъапІэр» нэхъыбэжу фІыщІэ тщІыуэ дыхъуащ. Сытыт дэ тщІэнур, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа гугъэр димыІауэ щытамэ!
Апхуэдэ гуауэ къытщыщІа иужь дэ полновременнэ лэжьыгъэм щІэддзэжащ. Мазэ зыбжанэкІэ Австралием щыІэ Вефилым дыщылэжьащ, абы иужь районнэ лэжьыгъэм деувэлІэжащ. Новый Южный Уэльс штатым илъэсиплІкІэ дыщылэжьащ — къуажэхэми Сидней къалэми. 1981 гъэм дэ австралийскэ филиалым дыкърагъэблэгъащ (япэм абы апхуэдэу еджэу щытащ), иджыпстуи абы дыщолажьэ.
Уинстон, уэ иджыпсту австралазийскэ филиалым щыІэ комитетым ухэтщ. Тихий океаным щыІэ островхэм хъыбарыфІыр бгъэІуу узэрыщыІар къыбдэІэпыкъурэ?
НтІэ, лъэныкъуэ куэдкІэ къыздоІэпыкъу. ЯпэщІыкІэ ди филиалым Американскэ Самоамрэ Самоамрэ кІэлъыплъыну къалэн хуащІат. ИужькІэ ди филиалымрэ новозеландскэ филиалымрэ зы ящІащ. Иджы австралазийскэ филиалыр кІэлъоплъ Австралием, Американскэ Самоам, Самоам, Восточный Тимо́рым, абы нэмыщІ Кук, Ниуэ, Новая Зеландие, Токелау, Тонгэ островхэм. А къэралхэм икІи щІыпІэхэм ящыщ куэдым сэ филиалым и лІыкІуэу сыщыІащ. А островхэм щыІэ фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ сазэрыдэлэжьар сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ. Абы и фІыгъэкІэ сэ иджы филиалым сыщыІэу абыхэм садоІэпыкъуф.
Уинстонрэ Пэмрэ австралазийскэ филиалым
ИкІэм жысІэну сыхуейт: Пэмрэ сэрэ мызэ-мытІэу тлъэгъуащ балигъхэм нэмыщІ сабийхэми Алыхьыр къызэралъыхъуэр. Дэ ди щапхъэри абы щыхьэт тохъуэ. НыбжьыщІэхэми «налкъутналмэс лъапІэр» къалъыхъуэ я Іыхьлыхэм ар къыдамыІыгъми (2 Цар. 5:2, 3; 2 Лет. 34:1—3). Шэч хэмылъу, Иеговэ лъагъуныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Алыхьщ икІи ар хуейщ псоми — ныбжьыщІэхэми зи ныбжь хэкІуэтахэми — гъащІэ мыухыжыр къалъысыну.
Илъэс 50 нэхъыбэкІэ узэІэбэкІыжмэ, Пэмрэ сэрэ пэжыр къэтлъыхъуэу щыщІэддзам щыгъуэ абы дызыхуишэныр ди нэгу къытхущІэгъэхьэнтэкъым. Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр уасэ зимыІэ налкъутналмэсщ, дэ ар лъапІэу долъытэ.