16 СТАТЬЯР
ЛІахэм теухуауэ Библием ит пэжым фытет
«ЦІыху куэд фІэщхъуныгъэм и гъуэгум... [текІыжыпэнущ]. ЦІыхухэр дезыгъэхьэх жинхэми, жин бзаджэхэм цІыхухэм ирагъащІэ Іуэхухэми едэІуэнущ» (1 ТИМ. 4:1).
73-НЭ УЭРЭДЫР Дай нам смелости
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Дэ Алыхьым ифІэмыфІ хабзэхэм дытеткъым, ауэ гуауэ зиІэ ди Іыхьлыхэр тедгъэуну дыхущІокъу. (1, 2-нэ абзацхэм феплъ.)c
1, 2. 1) ШейтІаным дауэ цІыхухэр къызэригъапцІэр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
ШЕЙТІАНЫР — «пцІыупсщ, пцІыр къызыбгъэдэкІыр аращ», цІыхухэр дунейм къызэрытехьэрэ абы ахэр къегъапцІэ (Ин. 8:44). ШейтІаным къигъэсэбэп Іэмэпсымэхэм хохьэ лІэныгъэмрэ лІахэр здэкІуэмрэ теухуа пцІыхэр. А пцІыхэр лъабжьэ хуохъу цІыхухэм я фІэщ хъу хабзэ куэдым. Абы къыхэкІкІэ ди къуэш, ди шыпхъу куэдым я Іыхьлы е я гъунэгъу щылІам деж, къару ирахьэлІэн хуей мэхъу я фІэщхъуныгъэм быдэу тетын щхьэкІэ (Иудэ 3).
2 Апхуэдэ гъэунэхуапІэхэм фыпэщІэхуауэ щытмэ, лІахэм теухуауэ Библием ит пэжым фытетыну сыт къывдэІэпыкъунур? (Еф. 6:11). Алыхьым игу иримыхь хабзэхэм тетыну хагъэзыхь къуэшым е шыпхъум дапхуэдэу гупсэхугъуэ зэревгъэгъуэтынур икІи фызэрыдэІэпыкъунур? Мы статьям Библием ит языныкъуэ принципхэр щызэпкърытхынщ. Ауэ япэщІыкІэ лІэныгъэм теухуауэ Библием жиІэр сытми къэтщІэнщ.
ЛІАХЭМ СЫТ КЪАЩЫЩІЫР?
3. Япэ пцІым сыт кърикІуар?
3 ЦІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Алыхьым къигъэщІат. Абыхэм я лІэныгъэр Иеговэ и мурадым хыхьэтэкъым. Ауэ игъащІэкІэ псэун щхьэкІэ Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым и унафэр ягъэзэщІэн хуейт. Иеговэ абыхэм яжриІат: «ФІымрэ емрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэр умышх; сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар щыпшх махуэм уи ажалыр абы къыхэкІынущ» (ЩІэдз. 2:16, 17). А унафэр бгъэзэщІэну гугъутэкъым. Ауэ ШейтІаным блэр къигъэсэбэпри Хьэуа жриІащ: «Хьэуэ, фылІэнукъым». Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы а пцІыр и фІэщ ищІри, жыгым пыт пхъэщхьэмыщхьэр ишхащ. ИужькІэ Іэдэми апхуэдэу ищІащ (ЩІэдз. 3:4, 6). Абы къыхэкІкІэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ ди Іыхьэ хъуащ (Рим 5:12).
4, 5. Сыт хуэдэ пцІы ШейтІаным иджыри жиІар?
4 Алыхьым зэрыжиІам хуэдэу Іэдэмрэ Хьэуарэ лІащ. ШейтІаным цІыхухэр къигъэпцІэн щигъэтакъым. Зэман гуэр дэкІа иужь абы лІэныгъэм пыщІа нэгъуэщІ пцІы цІыхухэм яхипщэу щІидзащ: цІыхур лІа иужь абы и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыІэу. А пцІыр хабзэ куэдым лъабжьэ хуэхъуащ икІи ар цІыху куэдым я фІэщ хъуащ (1 Тим. 4:1).
5 Сыт а пцІыр апхуэдиз цІыхум я фІэщ щІэхъур? ШейтІаныр ди гурыщІэхэм ироджэгу: абы ещІэ лІэныгъэм дэ къытхуихь гуауэр. Дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну Алыхьым дыкъигъэщІащи, дылІэну дыхуейкъым (Эккл. 3:11). ЛІэныгъэр — ди бийщ (1 Кор. 15:26).
6, 7. 1) ШейтІаным лІэныгъэм теухуа пэжыр щІихъумэну хэтами, ар абы къехъулІа? КъыдгурывгъаІуэ. 2) Библием ит пэжыр зэрытщІэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур лІахэм дащымышынэну?
6 ШейтІаным лІэныгъэм теухуа пэжыр щІихъумэну хэтами, ар абы къехъулІакъым. ЛІахэм къащыщІым теухуауэ икІи абыхэм гугъэ яІэм теухуауэ Библием щыжыІар иджыпсту зэи хуэмыдэу цІыху куэдым ящІэ. Абы нэмыщІ а пэжыр зыщІэхэр нэгъуэщІхэми абыкІэ ядогуашэ (Эккл. 9:5, 10; Апост. 24:15). А пэжыр зэрытщІэм гупсэхугъуэ къыдет, абы нэмыщІ шэч къытедмыхьэну икІи дымышынэну къыддоІэпыкъу. Дэ лІахэм дащышынэкъым икІи абыхэм къащыщІынум щхьэкІэ дыгузавэкъым. Дэ дощІэ цІыхур лІа иужь абы и псэр мылІэу нэгъуэщІыпІэ щыІэу зэрыщымытыр, атІэ лІэныгъэмкІэ и гъащІэр зэриухыр икІи зэран къызэрытхуэмыхъуфынур. Ар жей куум хэтым хуэдэщ (Ин. 11:11—14). Абы нэмыщІ дэ дощІэ лІам и дежкІэ зэманыр къызэрыувыІэр. Абы къыхэкІкІэ лІахэм къэтэджыжын щІадза иужь, цІыхур зэрылІэрэ лІэщІыгъуэ куэд дэкІами занщІэу, напІэзыпІэм къэхъужауэ къыщыхъунущ.
7 Фэ арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ лІахэм теухуа пэжыр тыншу, гурыІуэгъуэу икІи псори зэхуэкІуэу зэрыщытым. ШейтІаным зэхигъэзэрыхьа пцІым ар, дауикІ, куэдкІэ къыщхьэщокІ! ШейтІаным и пцІымкІэ цІыхухэр зэригъэгъуащэм нэмыщІ Иеговэ и цІэр егъэпуд. ШейтІаным зэран къихьар нэгъэсауэ къыдгурыІуэн щхьэкІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэпкърытхынщ: абы и пцІымкІэ Алыхьым и цІэр дауэ зэригъэпудыр? ШейтІаным пцІы иупсыр цІыхум дауэ зэран зэрыхуэхъур Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр и фІэщ хъуну? А пцІым цІыхум и гуауэр дауэ нэхъ хьэлъэ зэрищІыр?
ШЕЙТІАНЫМ И ПЦІЫМ ЗЭРАН КЪИХЬАР
8. Иеремия 19:5 къызэрыхэщымкІэ, лІахэм теухуауэ ШейтІаным пцІы иупсым Алыхьым и цІэр игъэпуду сыт жыпІэ щІэхъунур?
8 ЛІахэм теухуауэ ШейтІаным пцІы иупсым Алыхьым и цІэр егъэпуд. Псалъэм папщІэ, цІыхур лІа иужь жыхьэнмэ мафІэм хьэзаб щишэчу куэдым я фІэщ мэхъу. А пцІым Алыхьым и цІэр егъэпуд. Дапхуэдэу? Абы лъагъуныгъэ зыхэлъ Алыхьыр Иблисым хуэдэу гущІэгъуншэу къыпщегъэхъу (1 Ин. 4:8). Сыт хуэдэ гурыщІэхэр фэ абы къывитрэ? ИкІи псом нэхъапэрауэ, сыт хуэдэ гурыщІэхэр Иеговэ иІэ хъурэ? ДауикІ, ар абы игу ирихькъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ сыт хуэдэ гущІэгъуншагъэри илъагъу хъукъым. (Къеджэ Иеремия 19:5b.)
9. Сыт жыпІэ щІэхъунур ШейтІаным пцІы иупсым Иуан 3:16; 15:13 зи гугъу ящІ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр цІыхум и фІэщ хъуну зэран хуэхъуу?
9 ШейтІаным пцІы иупсыр цІыхум зэран хуохъу Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр и фІэщ хъуну (Мт. 20:28). ШейтІаным иджыри мыпхуэдэу пцІы еупс: цІыхум мылІэж псэ иІэу жеІэ. Ар пэжу щытамэ, цІыхухэр игъащІэкІэ псэуфыну абы къикІыу арат. Аращи, дэ гъащІэ мыухыж диІэн щхьэкІэ Хьисэ и гъащІэр итын хуеятэкъым. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: Хьисэ и къурмэныпхъэм Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэр фІыщэу зэралъагъур къегъэлъагъуэ. (Къеджэ Иуан 3:16; 15:13.) Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, Иеговэрэ Хьисэрэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр яІэ хъуми, къурмэныпхъэр цІыхухэм я фІэщ хъуну зэран яхуэхъу пцІым зэрызиубгъуам щхьэкІэ.
10. ШейтІаным пцІы иупсым цІыхум и гуауэр дауэ нэхъ хьэлъэ зэрищІыр?
10 ШейтІаным пцІы иупсым цІыхум и гуауэр нэхъ хьэлъэ ещІ. Иныкъуэхэм деж зи сабий зыфІэкІуэда адэ-анэм жраІэ Алыхьым уафэм иджыри зы мелыІыч цІыкІу иІэн щхьэкІэ ар къищтауэ. А пцІым гуауэр ящхьэщихрэ хьэмэрэ нэхъ Іей ищІрэ? Япэм жыхьэнмэ мафІэм теухуа пцІымкІэ цІыхум лей ехыныр ягъэзахуэу щытащ, псалъэм папщІэ члисэм зыхуригъаджэм пэщІэувэ цІыхухэр ягъэст. «Испанская инквизиция» тхылъым зэрыжиІэмкІэ, апхуэдэ щІэпхъэджагъэ зыщІэхэм я фІэщ хъууэ къыщІэкІынут ерети́кхэр мафІэкІэ зэрагъэсым щхьэкІэ жыхьэнмэ мафІэр зищІысыр зыхащІэну. Ар зэрызыхащІэм щхьэкІэ ягъэсхэр лІэн ипэ я гуэныхьхэм хущІегъуэжмэ, жыхьэнмэ мафІэм мыкІуэну я гугъэт. Языныкъуэ къэралхэм лІахэр ягъэлъапІэ икІи абыхэм я псэхэр зэран къахуэмыхъун щхьэкІэ, арэзы ящІыну хэтщ. НэгъуэщІхэми шхын кърахьэкІ лІахэм я псэм лъысын щхьэкІэ. Зэрытлъагъущи, ШейтІаным и пцІым гупсэхугъуэ къыуиткъым, атІэ гузэвэгъуэмрэ шынэмрэ нэхъыбэ ищІу аращ.
БИБЛИЕМ ИТ ПЭЖЫМ ФЫТЕТ
11. Ди Іыхьлыхэм е ди ныбжьэгъухэм фІы къытхуащІэ я гугъэу Библием итым пэщІэувэ хабзэ гуэрхэм дытетыну дапхуэдэу дыхагъэзыхьыфыну?
11 Ди Іыхьлыхэм е ди ныбжьэгъухэм фІы къытхуащІэ я гугъэу Библием итым пэщІэувэ хабзэ гуэрхэм дытетыну дыхагъэзыхьынкІэ хъунущ. Ауэ Алыхьымрэ абы и Псалъэмрэ худиІэ лъагъуныгъэм къару къыдитынущ Иеговэ жиІэм дедэІуэн щхьэкІэ. Абыхэм дэ дагъэукІытэну хэтынкІэ хъунущ лІар фІыуэ дымылъагъуу, пщІэ хуэдмыщІу е дэ ди ягъэкІэ псэухэм лІар зэран хуэхъуну жаІэу. Дауэ дэ Библием ит пэжым дызэрытетыфынур? Алыхьым и Псалъэм ит принцип зыбжанэ зэпкърытхынщ.
12. ЛІахэм пыщІауэ сыт хуэдэ хабзэхэра Библием итым темыхуэр?
12 Библием итым темыхуэ хабзэхэмрэ цІыхухэм я фІэщ хъухэмрэ пэІэщІэ зыхуэфщІ (2 Кор. 6:17). Карибскэ бассейным хыхьэ зы къэралым щыщ цІыху куэдым я фІэщ мэхъу цІыхур лІа иужь и псэр абдеж пэмыжыжьэу щыІэу икІи щыпсэуам щыгъуэ Іейуэ къыхущытахэм зэран хуэхъуфыну. Зы справочник гуэрым зэритымкІэ, «цІыху лІам и псэм лъэпкъым бэлыхь ятрилъхьэфыну» я фІэщ мэхъу. Африкэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ языныкъуэ къэралхэм хабзэ яІэщ цІыху лІам и унэм щІэт гъуджэхэр щІахъумэну икІи лІам и сурэтхэр блынымкІэ ягъэзэну. Абыхэм лІам гъуджэмкІэ зилъэгъужыну я фІэщ мэхъури, зимылъэгъужын щхьэкІэщ апхуэдэу щІащІэр. Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, ахэр ди фІэщ хъукъым икІи ШейтІаным и пцІым тегъэщІа хабзэхэм дытеткъым (1 Кор. 10:21, 22).
Библием ит принципхэм дызэрегупсысыр икІи ди еплъыкІэр къыддэзымыІыгъ ди Іыхьлыхэм пщІэ хэлъу дазэрепсалъэр къыддэІэпыкъунущ гугъуехь куэдым зыщытхъумэну. (13, 14-нэ абзацхэм феплъ.)d
13. Хабзэ гуэр Библием итым техуэрэ темыхуэрэ къыщывгурымыІуэм деж, Екъуб 1:5 зэритымкІэ, сыт фщІэн хуейр?
13 Хабзэ гуэр Библием итым техуэрэ темыхуэрэ къыщывгурымыІуэм деж, фІэщхъуныгъэ фиІэу Иеговэ фелъэІу Іущагъ къывитыну. (Къеджэ Екъуб 1:5.) ИужькІэ абы теухуауэ ди тхыгъэхэм итым феплъ. Хуей хъумэ зэхуэсым щыщ нэхъыжьхэм фечэнджэщ хъунущ. Абы фэ фщІэнур къывжаІэнукъым, ауэ а Іуэхум хуэкІуэ Библием ит принципхэр къэвгъуэтыну къывдэІэпыкъунущ, псалъэм папщІэ мы статьям къыщыхьа принципхэр. Мы лъэбакъуэхэр фчымэ, фэ «фІымрэ емрэ» зэхэвгъэкІыфу зевгъэсэнущ (Евр. 5:14).
14. НэгъуэщІхэм зыгъэлъэпэрэпэн мывэ дахуэмыхъуну сыт къыддэІэпыкъунур?
14 Сыт фымыщІэми «Тхьэм фІыщІэ хуевгъэщІын щхьэкІэ» фщІэ икІи нэгъуэщІхэм «я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ фащыхуэмыхъу» (1 Кор. 10:31, 32). Хабзэ гуэрым дытетынрэ дытемытынрэ унафэ щытщІым деж, нэгъуэщІхэм я напэм ар зэран хуэхъунрэ хуэмыхъунрэ дегупсысын хуейщ, псом хуэмыдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм. Дэ дыхуейкъым ахэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэ дахуэхъуну (Мк. 9:42). Абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэту щымытхэми я гум деуэну дыхуейкъым. Абыхэм дедэуэн икІи я хабзэхэм дыщыдыхьэшхын хуейкъым. Лъагъуныгъэм къаруушхуэ зэриІэр зэи зыщывмыгъэгъупщэ. Абы дыхуигъэушынущ цІыхухэм пщІэ яхуэтщІу депсэлъэну икІи абыкІэ Иеговэ дгъэлъэпІэнущ. Ди бийхэми лъагъуныгъэ тхэлъу дазэрыхущытым и фІыгъэкІэ я гур нэхъ щабэ тхуэщІынущ.
15, 16. 1) Ди еплъыкІэм теухуауэ нэгъуэщІхэм ящІэну щІэнэхъыфІыр сыт? Щапхъэ къэфхь. 2) Рим 1:16 ит Паул и псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
15 Иеговэ и Щыхьэту фызэрыщытыр яжефІэ (Ис. 43:10). Фи Іыхьлыхэм е гъунэгъухэм Иеговэ и Щыхьэту фызэрыщытыр ящІэмэ, фи дежкІэ нэхъ тынш хъуну къыщІэкІынщ абыхэм къыщыфтракъузэм деж, а Іуэхум фыпэлъэщыну. Мозамбик щыпсэу Франси́шку етх: «Пэжыр къэтщІа иужь сэрэ си щхьэгъусэ Кароли́нэрэ ди Іыхьлыхэм яжетІащ лІахэр афІэкІа зэрыдмыгъэлъэпІэнур. Каролинэ и шыпхъур щылІам щыгъуэ дэ гугъу дехьащ. Ди щІыпІэм мыпхуэдэ хабзэ щыІэщ: хьэдэр ягъэпскІри, зэрагъэпскІа псыр иракІут, абы иужькІэ Іыхьлыхэм щыщу лІам нэхъ и гъунэгъур а псыр щракІутам деж жэщищкІэ щыжеин хуейщ. АбыкІэ лІам и псэр арэзы ящІу ябж. Ди Іыхьлыхэр хуейт а хабзэр Каролинэ игъэзэщІэну».
16 Сыт Франсишкурэ Каролинэрэ ящІар? Франсишку къыдгурегъаІуэ: «Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъу икІи ар дгъэгуфІэну дыхуейщ, абы къыхэкІкІэ а хабзэм дытетыну ддакъым. Каролинэ и Іыхьлыхэр Іейуэ губжьат. Абыхэм лІам пщІэ хуэдмыщІу жаІэри дагъэкъуэншащ, абы нэмыщІ зэи ди деж къэмыкІуэну икІи къыддэмыІэпыкъуну къыджаІащ. Ди фІэщхъуныгъэм теухуауэ дэ япэм яжетІати, абыхэм я губжьыр текІыжыхукІэ абы дытепсэлъыхьакъым. Ди Іыхьлыхэм щыщ гуэрхэри къытщхьэщыжащ, апхуэдэ Іуэхухэм дыхэмытыну япэм зэрыжытІар къыхагъэщри. Зэман дэкІа иужь ди Іыхьлыхэр теужри, дызэкІужащ. Уеблэмэ, языныкъуэхэр ди деж къакІуэри Библием тегъэщІа тхыгъэхэм щыщ еттыну къыдэлъэІуащ». Аращи, лІахэм теухуа пэжым фызэрытетым зэи фытемыукІытыхь! (Къеджэ Рим 1:16.)
ГУАУЭ ЗИІЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ ЕФТ ИКІИ ФЫДЭІЭПЫКЪУ
Ныбжьэгъу пэжхэм гуауэ зиІэр трагъэу икІи и гуауэр даІыгъ. (17—19-нэ абзацхэм феплъ.)e
17. Зэхуэсым щыщ ди къуэшым е ди шыпхъум фІыуэ илъагъу гуэр лІамэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
17 Зэхуэсым щыщ ди къуэшым е ди шыпхъум фІыуэ илъагъу гуэр лІамэ, «ныбжьэгъу пэж» икІи «гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэш» дызэрыхуэхъунум дыхущІэкъун хуейщ (Прит. 17:17). Дауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъунур, псом хуэмыдэу Алыхьым ифІэмыфІ хабзэ ирагъэщІэну ахэр щыхагъэзыхьым деж? АбыкІэ сэбэп къытхуэхъуну Библием ит принципитІ зэпкърытхынщ.
18. Сыт Хьисэ щІэгъар икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
18 «ГуфІэхэм фадэгуфІэ, гъыхэми фадэгъ» (Рим 12:15). Иныкъуэхэм деж гуауэ зиІэ цІыхум псалъэ жепІэнухэр къыпхуэгъуэткъым. Ауэ сыт хуэдэ псалъэ дахэм нэхъри ди нэпсхэм нэхъыбэ щыжаІэ къохъу. Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар щылІам щыгъуэ, абы и лІэныгъэм Мэриеми, Марфи, и ныбжьэгъухэми гуауэшхуэ къахуихьат. МахуиплІ дэкІри Хьисэ абыхэм я деж кІуащ. Лазар къызэригъэтэджыжынур ищІэми, цІыхухэр гъыуэ щилъагъум, «Хьисэ къэгъащ абдежым» (Ин. 11:17, 33—35). Хьисэ и нэпсхэм къагъэлъэгъуащ и Адэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІами. Абы нэмыщІ ар зэрыгъам къыхэщащ а унагъуэр фІыщэу зэрилъагъур икІи а Іуэхугъуэм, дауикІ, Мэриемрэ Марфэрэ нэхъ тригъэуащ. Апхуэдэ дыдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъур щалъагъум икІи ди лъагъуныгъэр щызэхащІэм деж, къагурыІуэнущ абыхэм зэрамызакъуэр, атІэ фІыуэ къэзылъагъу ныбжьэгъухэр зэрагъусэр.
19. Экклезиаст 3:7 ит псалъэхэр дауэ къызэрыдгъэсэбэпыфынур гуауэ зиІэ цІыхум дыщыдэІэпыкъум деж?
19 «Зыри щыжомыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани» щыІэщ (Эккл. 3:7). Гуауэ зиІэ цІыхум дауэ иджыри узэрыдэІэпыкъуфынур? Абы жиІэм фІыуэ уедаІуэ хъунущ. И гум илъыр жевгъэІэ, абы зэмыгупсыса псалъэхэр жиІэу щытми (Иов 6:2, 3). Абы Іейуэ къехьэлъэкІыу къыщІэкІынщ гуауэ зэриІэм нэмыщІ и фІэщхъуныгъэр къыдэзымыІыгъ и Іыхьлыхэм къызэрытракъузэм щхьэкІи. Аращи, зэгъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Ди тхьэлъэІухэм едаІуэ Иеговэ фелъэІу абы къару къритыну икІи мыгужьейуэ тэмэму гупсысэфын щхьэкІэ къыдэІэпыкъуну (Пс. 65:2). Хъууэ щытмэ, зэгъусэу Библием е ди тхыгъэхэм щыщ статья гуэрым феджэ, псалъэм папщІэ ар зыгъэгушхуэн биографием.
20. Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?
20 ЛІахэм теухуа пэжыр икІи «кхъэм щІэлъ псоми» къапэщылъ гугъэ дахэр пщІэну сыту гуфІэгъуэшхуэ! (Ин. 5:28, 29). Аращи, Библием ит пэжым дызэрытетыр псалъэкІи ІуэхукІи къэдвгъэгъэлъагъуэ икІи сыт щыгъуи нэгъуэщІхэм а пэжыр жедвгъэІэ. КъыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынщ ШейтІаным цІыхухэр къигъэпцІэн щхьэкІэ иджыри къигъэсэбэп зы къапхъэным. Ар Іэзэгъуазэм пыщІа Іуэхухэращ. Дэ къэтщІэнущ абы пыщІа Іуэхугъуэхэмрэ зыгъэпсэхукІэхэмрэ пэІэщІэ захуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.
24-НЭ УЭРЭДЫР Придите на гору Иеговы
a ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ лІахэм теухуа пцІым зрагъэубгъуурэ цІыхухэр къагъапцІэ. Аращ лІахэм пыщІауэ Библием итым пэщІэувэ хабзэ куэд мы дунейм щІыщыІэр. Апхуэдэ хабзэхэм фытетыну фыщыхагъэзыхьым деж, Алыхьым пэжу фыкъыхуэнэну мы статьяр къывдэІэпыкъунущ.
b Иеремия 19:5: «Абыхэм Ваа́л и лъагапІэхэр ящІащ, я къуэхэр мафІэкІэ ягъэсурэ Ваалым къурмэныпхъэу къыхуахьын щхьэкІэ, ауэ апхуэдэу ящІэну сэ унафэ яхуэсщІакъым, яжесІакъым икІи сигу къэкІакъым».
c СУРЭТЫР. Иеговэ и Щыхьэтхэм гуауэ зиІэ я Іыхьлыр трагъэу.
d СУРЭТЫР. Ди къуэшым Библием тегъэщІа тхыгъэхэр едж, иужькІэ и Іыхьлыхэм лІам пыщІа хабзэхэм теухуауэ и еплъыкІэр пщІэ хэлъу къагурегъаІуэ.
e СУРЭТЫР. Гуауэ зиІэ ди къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм трагъэу икІи и гуауэр даІыгъыну хэтщ.