ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Октябрь н. 3—8
  • Пэжыр жыфІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Пэжыр жыфІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ШЕЙТІАНЫМ ЦІЫХУХЭР КЪЫЗЭРИГЪАПЦІЭР
  • СЫТ ЦІЫХУХЭМ ПЦІЫ ЩІАУПСЫР?
  • ДЭ ПЭЖЫР ЖЫДОІЭ
  • ЛІахэм теухуауэ Библием ит пэжым фытет
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Октябрь н. 3—8

Пэжыр жыфІэ

«Зыр зым пэжыр жефІэ» (ЗАХ. 8:16).

УЭРЭДХЭР: 56, 124

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дауэ нобэ ШейтІаным цІыхухэр къызэригъапцІэр?

  • Сыт цІыхухэм пцІы щІаупсыр?

  • Дэ цІыху пэжу дызэрыщытыр сытым къыхэщрэ?

1, 2. Сыт цІыхухэм нэхъ зэраныгъэшхуэ къахуэзыхьыр икІи хэт ар зи ягъэр?

ЦІЫХУХЭМ къагупсысахэм щыщу телефоным, лампочкэм, машинэм, холодильникым ди гъащІэр куэдкІэ нэхъ тынш ящІащ. НэгъуэщІхэр, псалъэм папщІэ Іэщэр, тутыныр, атомнэ бомбэхэр цІыхум и гъащІэм зэран хуохъу. Ауэ абыхэм ипэІуэкІэ къежьа нэхъ зэраныгъэшхуэ къэзыхь гуэр щыІэщ. Ар пцІы упсыныращ. ПцІыупсым хуейуэ пэжыр зрехъуэкІ адрейхэр щигъэуэн щхьэкІэ. Япэ дыдэу хэт пцІы зыупсар? Иблисыращ. Хьисэ Мэссихь «пцІыр къызыбгъэдэкІыр арауэ» жиІащ. (Къеджэ Иуан 8:44.) Дапщэщ абы япэ дыдэу пцІы щыжиІар?

2 Ар къыщыхъуар илъэс мин бжыгъэкІэ узэІэбэкІыжмэ, Іэдэн жыг хадэращ. Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым къарита жэнэт дахащэм щыпсэут. Алыхьым абыхэм яжриІат «фІымрэ емрэ зэхэзыгъэкІ жыгым къыпыкІэр» яшхыу щытмэ, зэрылІэнур. Ауэ ШейтІаным блэр къигъэсэбэпри, Хьэуа жриІащ: «Хьэуэ, фылІэнукъым». Ар япэ дыдэ пцІыращ. Абы нэмыщІ ШейтІаным жиІащ: «Сыту жыпІэмэ ещІэ Тхьэм: а жыгым къыпыкІэ пхъэщхьэмыщхьэм фыщедзэкъа махуэм фи нэхэр къэплъэнурэ, Тхьэуэ фІымрэ емрэ зэхэзыщІыкІым хуэдэ фыхъунущ» (ЩІэдз. 2:15—17; 3:1—5).

3. ЦІыхум зэран хуэхъуну хуейуэ ШейтІаным пцІы иупсауэ сыт жыпІэ щІэхъунур икІи сыт а пцІым кърикІуар?

3 ЦІыхум зэран хуэхъуну хуейуэ ШейтІаным пцІы иупсащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы фІы дыдэу къыгурыІуэт жиІар Хьэуа и фІэщ хъурэ пхъэщхьэмыщхьэр ишхмэ, зэрылІэнур. Хьэуаи иужькІэ Іэдэми Иеговэ жиІэм ебакъуэри, икІэм-икІэжым лІащ (ЩІэдз. 3:6; 5:5). Абы нэмыщІ цІыху псоми «лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ». ЦІыхухэм Іэдэм ищІа гуэныхьым хуэдэ ямыщІами «ахэри лІэныгъэм и тепщэныгъэм» щІэт хъуащ (Рим 5:12, 14). Алыхьым цІыхухэр къыщигъэщІам щыгъуэ, ахэр дагъуэншэу мылІэжу игъащІэкІэ псэуну хуейт. Ауэ абы ипІэкІэ «ди гъащІэм и махуэхэр илъэс блыщІщ. Къарур хурикъурэ илъэс ищІ хъуми, ахэр гузэвэгъуэкІэрэ гуауэкІэрэ гъэнщІахэщ» (Пс. 90:10). А псор къызыхэкІар ШейтІаным и пцІыращ.

4. 1) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну? 2) Псалом 15:1, 2 зэритымкІэ хэт Иеговэ и ныбжьэгъуу щытыфынур?

4 Хьисэ ШейтІаным теухуауэ Иуан 8:44 щыжиІащ: «Ар... щыпкъагъэми теткъым, езым щыпкъагъэ хэлъкъыми». ШейтІаным зихъуэжакъым икІи иджыри къыздэсым «щІылъэм тет цІыху псори» къегъапцІэ (Апок. 12:9). Ауэ дэ дыхуейкъым Иблисым дыкъигъэпцІэну. Абы къыхэкІкІэ мы статьям упщІищ щызэпкърытхынщ: дауэ нобэ ШейтІаным цІыхухэр къызэригъапцІэр? Сыт цІыхухэм пцІы щІаупсыр? Сыт дэ къыддэІэпыкъунур сыт щыгъуи пэж жытІэну икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр Іэдэмрэ Хьэуарэ хуэдэу тфІэмыкІуэдыну? (Къеджэ Псалом 15:1, 2a.)

ШЕЙТІАНЫМ ЦІЫХУХЭР КЪЫЗЭРИГЪАПЦІЭР

5. Дауэ нобэ ШейтІаным цІыхухэр къызэригъапцІэр?

5 ШейтІаным дыкъимыгъэпцІэн щхьэкІэ и мурадхэр тщІэн хуейщ (2 Кор. 2:11). Дэ дощІэ абы дуней псор и ІэмыщІэ зэрилъыр, псалъэм папщІэ дин пашэ пцІыупсхэр, Іулъхьэ къэзыщтэ унафэщІхэр икІи сатуущІэ нэпсейхэр (1 Ин. 5:19). Абы къыхэкІкІэ дэ дгъэщІагъуэкъым ШейтІаным мы дунейм зэфІэкІ щызиІэ цІыхухэр здыхуеймкІэ зэриунэтІыр, абыхэм пцІы жаригъэІэн щхьэкІэ (1 Тим. 4:1, 2). Псалъэм папщІэ, языныкъуэ бизнесменхэм пцІыкІэ зэІылъ рекламэхэр къагъэсэбэпурэ, цІыхухэм я узыншагъэм зэран хуэхъун куэд ящэ икІи гъэпцІагъэкІэ абыхэм я ахъшэхэр зыІэрагъэхьэ.

6, 7. 1) Сыт дин пашэхэр куэдкІэ къуаншэу жыпІэ щІэхъунур? 2) Дин пашэхэм сыт хуэдэ пцІы жаІэу зэхэфха?

6 Дин пашэхэр куэдкІэ къуаншэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм жаІэхэр цІыхухэм я фІэщ мэхъу. Абыхэм пцІы жаІэр цІыхум и фІэщ хъууэ, Алыхьым илъагъу мыхъу гуэрхэр ищІэмэ, гъащІэ мыухыж иІэу псэуну Іэмал иІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэщ (Ос. 4:9). Хьисэ ищІэт дин пашэхэм цІыхухэр къызэрагъапцІэр. Абыхэм лІыгъэ хэлъу яжриІащ: «Гъуэгу мыгъуэ фытеуващ, торэт егъэджакІуэ пашэхэри фарисейхэри, бзитІщхьитІхэ! Фэ щІыми хыми къыщывокІухь, фи диным зы цІыху закъуэ къивгъэхьэн щхьэкІэ. Ар къыщывэхъулІэкІэ, фэр нэхърэ тІукІэ нэхъ Іейуэ жыхьэнмэ бын ар фощІ [нэгъуэщІу жыпІэмэ, зэи щымыІэжыну кІуэдыпэну]» (Мт. 23:15). Хьисэ абыхэм ткІийуэ яжриІащ «цІыхуукІ» Иблисыр абыхэм я адэу зэрыщытыр (Ин. 8:44).

7 Ди зэманми диным хуезыгъаджэ дин пашэ куэд щыІэщ. Абыхэм священниккІэ, пасторкІэ, раввинкІэ, нэгъуэщІыуи йоджэ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа фарисейхэм хуэдэу, абыхэм Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр «ягъэпщкІуну и ужь итщ» икІи пцІыкІэ яхъуэжыну хэтщ (Рим 1:18, 25). Абыхэм пцІым хурагъаджэ, псалъэм папщІэ жыхьэнмэ мафІэ щыІэу, цІыхур лІа иужь и псэр мылІэу икІи цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэну е нэчыхь ирагъэтхыну Алыхьым къищтэу.

8. Сыт хуэдэ пцІы куэд мыщІэу цІыхухэм зэхахынур икІи сыт дэ зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

8 Къэрал унафэщІхэми цІыхухэр къагъапцІэ. Куэд дэмыкІыу абыхэм «Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым»,— жаІэу цІыхухэр Іейуэ къагъэпцІэнущ. Абы щыгъуэ Иблисым и дунейм щыщхэм «гугъуехьышхуэ ямыщІэххэу къатехъуэнущ». Ауэ къэрал унафэщІхэм мы дунейр нэхъыфІ хъуну щыжаІэм деж фи фІэщ фымыщІ. «ДыгъуакІуэр цІыхухэр пэмыплъэххауэ жэщым къызэрыкІуэм хуэдэу» Иеговэ и махуэр къызэрыкІуэнур дэ фІы дыдэу къыдгуроІуэ (1 Фес. 5:1—4).

СЫТ ЦІЫХУХЭМ ПЦІЫ ЩІАУПСЫР?

9, 10. 1) Сыт цІыхухэм пцІы щІаупсыр икІи абы сытым ухуишэрэ? 2) Сыт Иеговэ теухуауэ зыщыдгъэгъупщэ мыхъунур?

9 Нобэ дунейм зэфІэкІ щызиІэ цІыхухэм я закъуэкъым пцІы зыупсыр. «Сыт цІыхухэм пцІы щІаупсыр?» жыхуиІэ статьям зы щІэныгъэлІ гуэрым щитхат пцІы упсыныр цІыхухэм куууэ хэпщауэ икІи хьэл яхуэхъуауэ зэрыщытыр. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абы зыри Іей хэмылъу, тэмэму къалъытэ. Псом нэхъыбэу цІыхухэм пцІы щІаупсыр я щхьэ яхъумэжын щхьэкІэщ, псалъэм папщІэ я щыуагъэр е щІэпхъэджагъэ ящІахэр щІахъумэну яхуейуэ. Абы нэмыщІ абыхэм пцІы яупс нэгъуэщІхэм фэфІ къраплъын щхьэкІэ е мылъку зэрагъэпэщын щхьэкІэ. А статьям цІыхухэм зэрызащІым теухуауэ иджыри итщ: «Дэ демыгупсысыххэу пцІы доупс: мащІэкІи куэдкІи пцІы яхудоупс дымыцІыхухэми, къыддэлажьэхэми, ныбжьэгъухэми, фІыуэ тлъагъухэми».

ЦІыхухэм нэгъуэщІхэр къагъэпцІэфынущ, ауэ Иеговэ къыпхуэгъэпцІэнукъым

10 ПцІым сытым ухуишэрэ? ЦІыхухэм дзыхь зыхуамыщІыжу мэхъу, я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэри зэІохьэ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт зыгуэрым и щхьэгъусэр къепцІыжауэ ар щІихъумэну хэту къыщищІэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр абы иІэми. Фегупсысыт зы унагъуэ гуэрым цІыхухъур унэм щыщІэсым деж и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ иукІыу, ауэ цІыхухэм щахэтым деж ахэр фІыуэ илъагъуу, яхуэсакъыу зищІу — ар сыту Іей! Апхуэдэ цІыхухэм нэгъуэщІхэр къагъэпцІэфынущ, ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэнкъым Иеговэ къызэромыгъэпцІэфынур. Библием итщ: «Тхьэм и нэхэм я дежкІэ Іуэху псоми я щхьэ техауэ икІи нахуэу щытщ» (Евр. 4:13).

11. Ананийрэ Сапфирэрэ къащыщІам сытым дыхуигъасэрэ? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

11 Библием ит зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэ зэщхьэгъуситІым ШейтІаным ягу ирилъхьат Алыхьым пцІы хуаупсыну. Ананийрэ Сапфирэрэ апостолхэр къагъэпцІэну мурад ящІат. Абыхэм я губгъуэр ящэри, абы къыщІахам и Іыхьэ гуэр апостолхэм иратат. Ауэ зэхуэсыр зыщагъэтхъун щхьэкІэ губгъуэ ящам къыщІаха псор апостолхэм иратауэ жаІащ. Иеговэ а псор илъагъути, абыхэм тезыр ятрилъхьащ (Апост. 5:1—10).

12. НэгъуэщІхэм зэран хуэхъуну хуейуэ пцІы зыупсу, хущІемыгъуэжхэм сыт къащыщІынур икІи сыт щхьэкІэ?

12 Иеговэ пцІыупсхэм дауэ зэрыхущытыр? ШейтІанымрэ абы хуэдэу нэгъуэщІхэм зэран хуэхъуну хуейуэ пцІы зыупсу, хущІемыгъуэжхэмрэ «мафІэмрэ тхъуэбзащхъуэмкІэ ис хым» хадзэнущ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, ахэр зэи щымыІэжыну кІуэдыпэнущ (Апок. 20:10; 21:8; Пс. 5:6). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, апхуэдэ пцІыупсхэр Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэхухэр зыщІэхэм хебжэ (Апок. 22:15).

13. Иеговэ теухуауэ сыт дэ тщІэр икІи абы сытым дыхуигъэушрэ?

13 Дэ дощІэ: «Алыхьыр цІыхукъым пцІы иупсыну» (Чис. 23:19). Библием зэритымкІэ Алыхьым жиІар «зэримыгъэзэщІэн гъуэгу щыІэкъым» (Евр. 6:18). Иеговэ илъагъу хъуркъым «бзэгу пцІыІуэпцІышэр» (Прит. 6:16, 17, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуеймэ, цІыху пэжу сыт щыгъуи дыщытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Аращи, дэ пцІы дыупскъым (Кол. 3:9).

ДЭ ПЭЖЫР ЖЫДОІЭ

14. 1) Дин нэпцІым щыщ цІыхухэм сыткІэ дакъыщхьэщыкІрэ? 2) Лука 6:45 ит принципыр къыдгурывгъаІуэ.

14 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр дин нэпцІым щыщ цІыхухэм куэдкІэ къащхьэщокІ. Абыхэм щыщ зыщ пэжыр зэрыжытІэр. (Къеджэ Захария 8:16, 17b.) Паул итхащ: «Тхьэм дызэрыхуэлажьэр лъэныкъуэ псомкІи догъэлъагъуэр... пэжыгъэр зэрыжытІэмкІи» (2 Кор. 6:4, 7). Хьиси жиІауэ щытащ: «Жьэм къыжьэдэкІыр гум илъырщ» (Лк. 6:45). НэгъуэщІу жыпІэмэ, зи гум пэжыгъэ илъым сыт щыгъуи пэжыр жеІэ. Абы Іуэху мащІэкІи Іуэху куэдкІи пцІы иупскъым икІи имыцІыхухэми, къыдэлажьэхэми, и ныбжьэгъухэми, фІыуэ илъагъухэми сыт щыгъуи пэж яжреІэ. НэгъуэщІхэм пэжу дабгъэдэтыну дызэрыхуейр къыщыдгъэлъэгъуэфыну Іуэхугъуэ зытІущ зэпкърытхынщ.

Мы хъыджэбзым сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІыр? (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)

15. 1) Къуэш, шыпхъухэм уащыхэтым деж зыуэ ущыту, мы дунейм ущыхэтым деж нэгъуэщІу зыпщІу упсэуным Іущагъ щІыхэмылъыр сыт? 2) НыбжьыщІэхэм сыт къадэІэпыкъунур зыхэт щІалэгъуалэм ещхь мыхъуну? (Сноскэм феплъ.)

15 Языныкъуэ ныбжьыщІэхэр зыхэт щІалэгъуалэм къахэмыщын щхьэкІэ абыхэм зыдрагъэкІуэну яхуейщ. Абы къыхэкІкІэ къуэш, шыпхъухэм щахэтым зыуэ щытщ, мы дунейм щыхэтым е социальнэ сетьхэм щисхэм деж нэгъуэщІу защІ. Абыхэм псалъэ фІейхэр жаІэ, къемызэгъ щыгъынхэр щатІагъэ, мыхъумыщІагъэ зыхэт уэрэдхэм йодаІуэ, фадэкІэ ирагъэлей, наркотик зрахьэлІэ, зыгуэрым гъэпщкІуауэ епсэлъэн щІадзэ, нэгъуэщІ Іуэху Іейхэри ящІэ. Абыхэм я адэ-анэхэми, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэми икІи Алыхьми пцІы хуаупс (Пс. 26:4, 5). Ауэ Алыхьыр игъэлъапІэу жиІэу, Іей зыщІэ цІыхур Иеговэ елъагъу (Мк. 7:6). Абы нэхърэ нэхъыфІщ Притчи 23:17 зэритым хуэдэу дыпсэумэ: «Гуэныхь зылэжьхэм уемыфыгъуэ, сыт щыгъуи фІэлІыкІ уэ Тхьэуэ Зиусхьэным» (Гъэс.)c.

16. Полновременнэ лэжьыгъэм дыхэтыну дыхуейуэ анкетэ щыттхым деж, абы ит упщІэхэм пэжу жэуап еттыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

16 Пионеру улэжьэну е полновременнэ лэжьыгъэ гуэрым ухэтыну, псалъэм папщІэ Вефилым ущылэжьэну ухуеймэ, анкетэ птхын хуейщ. Ар щыптхым деж, узыншагъэм, зыгъэпсэхукІэ къыхэпххэм икІи къабзагъэр зэрыпхъумэм теухуауэ упщІэ итхэм пэжу жэуап ептын хуейщ (Евр. 13:18). Ауэ Иеговэ илъагъу мыхъу Іуэху гуэр е фи напэр къыщІывэныкъуэкъу гуэр фщІамэ-щэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжефІа ар? Абыхэм фелъэІу хъунущ напэ къабзэ фиІэу Иеговэ фыхуэлэжьэн щхьэкІэ, къывдэІэпыкъуну (Рим 9:1; Гал. 6:1).

17. Фаубыду, зэхуэсым щыщ къуэшхэм теухуауэ къывэупщІу щІадзэмэ, сыт зыщывгъэгъупщэ мыхъунур?

17 ХъыбарыфІыр щывгъэІу щІыпІэм Иеговэ и Щыхьэтхэм ирахьэкІ лэжьыгъэр зэхуащІауэ щытмэ-щэ? Сыт фщІэнур фаубыду, зэхуэсым щыщ къуэшхэм теухуауэ къывэупщІу щІадзэмэ? ФщІэуэ хъуар жыфІэн хуей? Сыт Хьисэ ищІар рим унафэщІ Пилат упщІэхэр къыщритам щыгъуэ? Абы ищІэт «зыри щыжомыІэн зэмани ущыпсэлъэн зэмани» зэрыщыІэр, абы къыхэкІкІэ упщІэ псоми жэуап иритакъым (Эккл. 3:1, 7; Мт. 27:11—14). Апхуэдэ Іуэхугъуэ дихуэмэ, дысакъын икІи Іущагъ зыхэдгъэлъын хуейщ, къуэшхэм ди зэран емыкІын щхьэкІэ (Прит. 10:19; 11:12, Гъэс.).

Зыри щыжывмыІэнымрэ пэжыр щыжыфІэнымрэ зэхэвгъэкІыну сыт къывдэІэпыкъур? (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.)

18. Зыгуэрым гуэныхь ищІауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы теухуауэ къыщыдэупщІым деж, сыт хуэдэ жэуап ттын хуейр?

18 Псалъэм папщІэ, зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхьышхуэ зэрищІар къэпщІащ. Зэхуэсым и къабзагъэм нэхъыжьхэр кІэлъоплъри, а Іуэхум теухуауэ ахэр къоупщІынкІэ хъунущ. Сыт уэ пщІэнур, гуэныхь зыщІар уи ныбжьэгъуу е уи Іыхьлыуэ щытмэ? Библием щыжыІащ: «Щыхьэт захуэм пэжыр щІимыуфэу иІуэтэжынщ» (Прит. 12:17; 21:28, Гъэс.). Абы къыхэкІкІэ дэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыри дымыбзыщІу псори пэжу яжетІэжын хуейщ. Ахэр хуитщ пэжыр ящІэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм къагурыІуэн хуейщ гуэныхь зыщІам зэрыдэІэпыкъуну щІыкІэр, ар Иеговэ гъунэгъу хуэхъужын щхьэкІэ (Екъуб 5:14, 15).

19. Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям дызытепсэлъыхьынур?

19 Даут Иеговэ мыпхуэдэу зыхуигъэзащ: «Гум илъ пэжым уэ гурыфІыгъуэ къыует» (Пс. 51:6). Абы ищІэт цІыху пэжым и гум пэжыгъэ зэрилъыр. Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт щыгъуи зым зым пэж зэжраІэ. Ауэ сыткІэ ахэр иджыри дин нэпцІым щыщхэм къащхьэщыкІрэ? Абыхэм цІыхухэр Алыхьым и Псалъэм ит пэжым хурагъаджэ. Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынщ.

a Псалом 15:1, 2: «Уэ, Иеговэ, хэт уи шэтырым хьэщІэу къебгъэблэгъэнур? ИкІи хэт уи бгы лъапІэм щыпсэунур? Дэбгъуэн зимыІэу псэур, пэжагъым тетыр икІи пэжыр жиІэу, ар зи гум илъыр».

b Захария 8:16, 17: «„Мыращ фэ фщІэн хуейр: зым зым пэжыр зэжефІэ, куэбжэм деж хьэкум щыфщІыр пэжыгъэм тету икІи мамырыгъэм хуэзышэу щрет. Фи гум бзаджагъэ зыр зым хуивмыгъэлъ икІи пцІыуэ тхьэ Іуэныр фІыуэ фымылъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а псор сэ слъагъу хъукъым“,— жеІэ Иеговэ».

c «Уи упщІэхэм я жэуапхэр» жыхуиІэ тхылъым и 2-нэ томым, «Как не попасть под дурное влияние?» 15-нэ псалъащхьэмрэ «Нужно ли покончить с двойной жизнью?» 16-нэ псалъащхьэмрэ феплъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын