Ди Пашэ Мэссихь дзыхь хуэфщІ
«Фэ зы Пашэщ фиІэр — Мэссихьщ» (МТ. 23:10, ДЩІ).
1, 2. Мусэ лІа иужь, Нун и къуэ Ехьошуа сыт хуэдэ къалэн и пщэм къыдэхуат?
ИЕГОВЭ Нун и къуэ Ехьошуа жриІащ: «Си лэжьакІуэ Мусэ лІащ. Аращи, тэджи лъэпкъ псом я гъусэу Иордан псым зэпрыкІи сэ фэст щІыналъэм ихьэ» (Иис. Н. 1:1, 2). Илъэс плІыщІым хуэдизкІэ ар Мусэ и дэІэпыкъуэгъуу щытат, ауэ иджы абы и пІэм иувэн хуейт.
2 Нун и къуэ Ехьошуа израил цІыхухэм а хъыбарыр къазэрыщыхъунум егупсысурэ гузавэу къыщІэкІынт. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Мусэ абыхэм зэман куэдкІэ я пашэу щытат (Втор. 34:8, 10—12). Иисус Навин 1:1, 2 теухуауэ, Библием тепсэлъыхь зы справочник гуэрым зэритымкІэ, зы пащтыхьым нэгъуэщІ пащтыхьыр щихъуэж зэманыр — къэралым дежкІэ псом нэхърэ нэхъ зэман шынагъуэщ икІи гугъущ. Апхуэдэу япэми щытащ, иджыпстуи апхуэдэу щытщ.
3, 4. Нун и къуэ Ехьошуа дауэ Иеговэ и нэфІ зэрыщыхуар абы дзыхь зэрыхуищІам щхьэкІэ икІи дэ сыт хуэдэ упщІэ диІэнкІэ хъуну?
3 Нун и къуэ Ехьошуа щІэгузэвэн щхьэусыгъуэ иІэт. Ауэ абы Иеговэ дзыхь хуищІри кърита къалэным куэд дэмыкІыу иужь ихьати, Иеговэ и нэфІ абы щыхуащ (Иис. Н. 1:9—11). Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым мелыІыч къигъэсэбэпу израил лъэпкъыр зытетын хуей унафэхэр Нун и къуэ Ехьошуа иритт. А мелыІычыр — Алыхьым япэу къигъэщІа и Къуэрауэ къыщІэкІынщ. Абы Библиер ПсалъэкІэ йоджэ (Исх. 23:20—23; Ин. 1:1).
4 Иеговэ израил цІыхухэм ядэІэпыкъуащ Нун и къуэ Ехьошуа пашэу зэрытеувам кърикІуа зэхъуэкІыныгъэхэм есэну. Ди зэманми Иеговэ и организацэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр къыщыхыхьэ къохъу. Организацэр псынщІэу ипэкІэ зэрыкІуатэр икІи зэхъуэкІыныгъэхэр къызэрыхыхьэр щытлъагъукІэ, мыпхуэдэу дегупсысынкІэ хъунущ: «Ди Пашэ, Хьисэ Мэссихь, дзыхь хуэсщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр сиІэ?» (Къеджэ Маттэ 23:10, ДЩІa.) Мы упщІэм и жэуапыр къэдгъуэтын щхьэкІэ япэм Иеговэ и лъэпкъыр зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхъу зэманым щыгъуэ зэриунэтІу щытам дытепсэлъыхьынщ.
ИЗРАИЛ ЦІЫХУХЭР ЩІЫНАЛЪЭМ ЗЫШАР
5. Ерихон и гъунэгъуу Нун и къуэ Ехьошуа хэт зыхуэзар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
5 Иордан псым израил лъэпкъыр зэпрыкІа иужь куэд дэмыкІыу гъэщІэгъуэн гуэр къэхъуащ. Ерихон и гъунэгъуу Нун и къуэ Ехьошуа джатэ зыІыгъ цІыху гуэрым хуэзат. Нун и къуэ Ехьошуа абы еупщІащ: «Уэ дэра, хьэмэрэ ди бийхэра узыгуэтыр?» Абы игъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ зэпсэлъар «Иеговэ и дзэшхуэм и пщу» зэрыщытыр къыщищІам щыгъуэ. А мелыІычыр Алыхьым и лъэпкъыр ихъумэн щхьэкІэ къэкІуауэ арат. (Къеджэ Иисус Навин 5:13—15b.) НэгъуэщІ едзыгъуэхэм Нун и къуэ Ехьошуа езы Иеговэ къепсэлъауэ итми, Алыхьым мелыІыч къигъэсэбэпауэ аращ, пасэрей зэманым мызэ мытІэу зэрищІу щытам хуэдэу (Исх. 3:2—4; Иис. Н. 4:1, 15; 5:2, 9; Апост. 7:38; Гал. 3:19).
6—8. 1) Иеговэ и изыныкъуэ унафэхэм Іущагъ хэмылъу сытыт къыщІыпщыхъункІэ хъунур? 2) А унафэхэм Іущагъ хэлъу икІи ахэр игъуэу израилым къыІэрыхьауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)
6 МелыІычым Нун и къуэ Ехьошуа Ерихоныр къизэун щхьэкІэ ищІэн хуей псор къыжриІат. Абы кърита языныкъуэ унафэхэм Іущагъ хэмылъу къыпщыхъункІэ хъунут. Псалъэм папщІэ, Иеговэ цІыхухъухэм псоми сунэт ящІыну унафэ яхуищІат, абы къыхэкІкІэ ахэр махуэ бжыгъэкІэ зауэфынутэкъым. Іэмал имыІэу абы щыгъуэт абыхэм сунэт щащІын хуейр? (ЩІэдз. 34:24, 25; Иис. Н. 5:2, 8).
7 Израил зауэлІхэр зэупщІыжу къыщІэкІынт: «Дауэ дэ ди унагъуэхэр зэрытхъумэнур, бийхэр къыттеуэу щытмэ?» Ауэ абы щыгъуэ зы Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн къэхъуащ: израил цІыхухэм къатеуэным и пІэкІэ, Ерихоным дэс цІыхухэр абыхэм ящышынащ. Библием итщ: «Ерихоныр быдэу зэхуащІат, израил цІыхухэм зэрыщышынам щхьэкІэ, зыри къалэм къыдэкІтэкъым икІи дыхьэтэкъым» (Иис. Н. 6:1). Ар щызэхахам израил цІыхухэм Иеговэ хуаІэ фІэщхъуныгъэр, дауикІ, нэхъ быдэ хъуащ!
8 Абы нэмыщІ мелыІычым Ехьошуа жриІат Ерихон къалэм темыуэну. Абы и пІэкІэ махуихым и кІуэцІкІэ махуэ къэс абыхэм къалэр ихъуреягъкІэ зэрызэ къакІухьын хуейт. Ауэ махуэ ебланэм абы блэнейрэ къекІуэкІын хуейт. Языныкъуэ зауэлІхэр егупсысу къыщІэкІынт: «Ди къарури ди зэманри мыхьэнэ имыІэу дгъэкІуэду аращ!» Ауэ израилым и Пашэ, Иеговэ, ищІэр фІы дыдэу къыгурыІуэт. Абы ищІэну зыхуеяр къехъулІащ икІи абы и фІыгъэкІэ израил цІыхухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыхъуам нэмыщІ, ахэр Ерихоным и зауэлІхэм емызауэу Іуэхур зэхэкІащ (Иис. Н. 6:2—5; Евр. 11:30)c.
9. Иеговэ и организацэм унафэщІэ къыдитхэм сыт дыщІытетын хуейр? Щапхъэ къэфхь.
9 Мы Іуэхугъуэм сытым дыхуигъасэрэ? Иныкъуэм деж Алыхьым и организацэм зэхъуэкІыныгъэ къыхохьэри унафэщІэ гуэрхэр къыдет, ауэ абы и щхьэусыгъуэр икІэм нэс къыщыдгурымыІуэн къэхъункІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Библиер щыдджыкІэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ икІи зэІущІэм дыщыкІуэкІэ дэ электроннэ Іэмэпсымэхэр къэдгъэсэбэпыну япэщІыкІэ дыхуэмейуэ къыщІэкІынт. Ауэ ахэр къэдгъэсэбэпу щІэддза иужь куэдкІэ сэбэп къызэрытхуэхъур тлъэгъуащ. Организацэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм фІы куэд къызэрыпэкІуэр щытлъагъум деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу икІи ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ нэхъ зэкъуэт дохъу.
ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ ХЬИСЭ ЗЭХУЭСЫР ИУНЭТІТ
10. Сунэт щІыным теухуауэ къаІэта упщІэр Ерусалим щыІэ унафэщІ гупым зэпкърихын щхьэкІэ хэт псори зэхуэзыгъэкІуар?
10 Журт лъэпкъым щымыщ сунэт зымыщІа Корнелий Хьисэ и лэжьакІуэ зэрыхъурэ илъэс 13 дэкІат, ауэ журт лъэпкъым щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сунэт ящІын хуейуэ иджыри ялъытэт (Апост. 15:1, 2). Абы щхьэкІэ Антиохие къалэм дэс къуэшхэм я зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьат. Апхуэдэу щыхъум, нэхъыжьхэм унафэ ящІащ Паул Ерусалим кІуэуэ унафэщІ гупым а Іуэхур зэхигъэкІыну елъэІуну. Ауэ Паул абы кІуэну унафэ ящІар хэт къызыбгъэдэкІар? Абы и жэуапыр Паул и псалъэхэм къыхощ: «Ерусалим сыкІуэн хуейуэ Тхьэм къызгуригъэІуати, сыкІуащ». Шэч хэмылъу унафэщІ гупым а Іуэхур зэхигъэкІыну Хьисэщ псори зэхуэзыгъэкІуар (Гал. 2:1—3).
Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсыр Хьисэ иунэтІт (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)
11. 1) Журт лъэпкъым щыщ языныкъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сунэт щІын хуейуэ сытыт щІагугъэр? 2) Паул Іэдэбагъ хэлъу нэхъыжьхэм ящІа унафэр зэрадиІыгъыр дауэ къызэригъэлъэгъуар? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)
11 УнафэщІ гупым унафэ тэмэм ищІыну Хьисэ дэІэпыкъуащ: журт лъэпкъым щымыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сунэт ящІын хуейкъым (Апост. 15:19, 20). Ауэ илъэс зыбжанэ дэкІауи журт лъэпкъым щыщхэм я къуэхэр сунэт ящІт. Ерусалим щыІэ нэхъыжьхэм зэхахат Паул Мусэ и хабзэм темыту хъыбар къекІуэкІыр. Абы щыгъуэ ахэр Паул елъэІуащ Мусэ и хабзэм пщІэ зэрыхуищІыр къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэ ищІэну (Апост. 21:20—26)d. Абы цІыхухъуиплІ къыздищтэу Алыхьым и Унэшхуэм загъэкъэбзэжын щхьэкІэ кІуэн хуейт. Апхуэдэу зэрищІам щхьэкІэ псоми ялъэгъунут Паул хабзэм зэрытетыр. Паул мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Абы мыхьэнэ лъэпкъ иІэкъым! Сыт сэ ар сщІэну къыщІызэлъэІур?» Абы ищІэт а псалъэмакъыр къыщІежьам и щхьэусыгъуэр: журт лъэпкъым щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сунэт щІыным теухуа упщІэр тэмэму къагурыІуэтэкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм апхуэдэ щІыкІэкІэ къуэшхэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэр яхъумэну зэрахуейр Паул къыгурыІуэти, а унафэр Іэдэбагъ хэлъу игъэзэщІащ. Хьисэ лІа иужь Мусэ и хабзэм цІыхухэр тетын хуейжтэкъым. НтІэ, сунэт щІыным теухуа упщІэр Хьисэ зэхимыгъэкІыу сыт зэман куэд щІыдигъэкІар? (Кол. 2:13, 14).
12. Сунэт щІыным теухуа упщІэр Хьисэ сыт занщІэу щІызэхимыгъэкІар?
12 УпщІэ гуэрым теухуауэ унафэщІэ къыщыдэкІым деж, цІыхум ар къыгурыІуэу, къищтэн щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын хуейщ. Апхуэдэуи зэман гуэр хуейт Мусэ и хабзэм зэрытемытыжыр журтхэм къагурыІуэн щхьэкІэ (Ин. 16:12). Языныкъуэхэр егупсысу къыщІэкІынт сунэт щІыныр иджыри къыздэсым Иеговэрэ абыхэмрэ я «зэхуаку дэлъ зэгурыІуэныгъэм и нэщэнэу» (ЩІэдз. 17:9—12). НэгъуэщІхэр Хьисэ и лъэужь имыува журтхэм къащхьэщыкІыну хуейтэкъым, абыхэм гугъуехь зрагъэшэчыным щышынэу къыщІэкІынти (Гал. 6:12). Ауэ иужькІэ Хьисэ Паул и письмохэмкІэ а упщІэр нэхъ гурыІуэгъуэ зыщІ унафэхэр абыхэм яритащ (Рим 2:28, 29; Гал. 3:23—25).
НОБИ ХЬИСЭ ЗЭХУЭСЫР ЕУНЭТІ
13. Хьисэ и унафэхэм дедэІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?
13 Ноби Хьисэ зэхуэсым и Пашэу щытщ. Абы къыхэкІкІэ организацэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэр къывгурымыІуэу щытмэ, япэм Хьисэ Алыхьым и лъэпкъыр зэриунэтІу щытам фегупсыс хъунущ. Нун и къуэ Ехьошуа и зэманми япэ лІэщІыгъуэм щыгъуи Хьисэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм яритт, ахэр ихъумэн икІи я фІэщхъуныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ (Евр. 13:8).
ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым и зэманым дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэр къызэрыдитым Хьисэ лъагъуныгъэ хэлъу къызэрытщхьэщытыр къегъэлъагъуэ
14—16. Узыщыгугъ хъуну, зэхэщІыкІ зиІэ унэІутым чэнджэщ къыдитхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр Хьисэ ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну зэрыхуейр?
14 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ, Хьисэ лъагъуныгъэ хэлъу къытщхьэщытщ. Ар къыхощ зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым и зэманым дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэр къызэрыдитым (Мт. 24:45). СабииплІ зиІэ Марк къыддогуашэ: «ШейтІаным зэхуэсым илъ зэкъуэтыныгъэр икъутэну хэтщ, абы къыхэкІкІэ унагъуэхэр нэхъ махэ ищІыну хущІокъу. Ауэ иджы унагъуэм зэгъусэу Библиер щыдджын зы пщыхьэщхьэ тхьэмахуэ къэс диІэщ икІи унагъуэм и нэхъыжьхэм къагуроІуэ унагъуэр зэрыхъумэн хуейр».
15 Хьисэ зэхуэсыр зэриунэтІыр щытлъагъум деж, дэ къыдгуроІуэ ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну ар зэрыхуейр. Зэхуэсым и нэхъыжь Па́трик жеІэ: «ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІым иджы гуп мащІэурэ дызэрызэхуэсынур къыщащІам языныкъуэхэм я жагъуэ хъуащ. Ауэ а зэхъуэкІыныгъэм къегъэлъагъуэ Хьисэ зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми и нэІэ зэрытригъэтыр. Псалъэм папщІэ, укІытэхыу щытхэмрэ хъыбарыфІ гъэІуным мащІэу фІэкІа хэмытыф къуэш, шыпхъухэмрэ иджы зыхащІащ ахэр лъапІэу зэралъытэр икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэм куэд зэрыщащІэфынур. Абы я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ».
16 Абы нэмыщІ Хьисэ къыддоІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуныр ди гъащІэм псом япэ идгъэщыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иджыпсту абы нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ щыІэкъым. (Къеджэ Марк 13:10.) Андре́ зэхуэсым и нэхъыжь зэращІрэ куэд щІакъым, ар Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэщІэхэм тетыну сыт щыгъуи хущІокъу. Абы жеІэ: «Вефилым щылажьэхэр нэхъ мащІэ зэращІам дигу къегъэкІыж дунейм и кІэр къэсауэ, къарууэ диІэр хъыбарыфІ гъэІуным етхьэлІэн зэрыхуейр».
ДИ ПАШЭМ УНАФЭ КЪЫДИТХЭР ДАУЭ ЗЭРЫДЭТІЫГЪЫФЫНУР?
17, 18. Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэм сэбэпынагъ къызэрытхуахьым дегупсысыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
17 Ди Пащтыхь, Хьисэ Мэссихь, унафэ къыдитхэр сыт щыгъуи сэбэп къытхуохъу. Аращи, иджы дыдэ зэхъуэкІыныгъэ щыІахэр сэбэп къызэрытхуэхъуам дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Унагъуэм зэгъусэу Библиер щывджкІэ, ди зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ пыщІауэ щыІа зэхъуэкІыныгъэхэр сэбэп къызэрыфхуэхъуам фытепсэлъыхь хъунущ.
Фи унагъуэмрэ зэхуэсым щыщхэмрэ Иеговэ и организацэм унафэщІэ къыдитхэм тетыну фадэІэпыкъурэ? (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.)
18 Иеговэ и организацэм къыдит унафэхэм сэбэпынагъ къызэрытхуихьыр сыт щыгъуи тщІэжу щытмэ, а унафэхэм дытетыну нэхъ тынш хъунущ. Псалъэм папщІэ, ди тхыгъэхэр нэхъ мащІэу традзэу зэрыхъуам икІи щІэуэ къежьэ технологиехэр къызэрагъэсэбэпым и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным ахъшэ нэхъыбэ трагъэкІуэдэф. Ар тщІэжу щытмэ, дэ зэрыхъукІэ нэхъыбэу электроннэу диІэ публикациехэр, аудиозаписьхэр икІи сайтым илъ видеоматериалхэр къэдгъэсэбэпынущ. Апхуэдэу тщІэмэ, Хьисэ и унафэр зэрыдэтІыгъыр къэдгъэлъэгъуэнущ. Ар хуейщ Алыхьым и организацэм ахъшэхэр Іущагъ хэлъу къигъэсэбэпыну.
19. Сыт ди Пашэм и унафэхэр щІыдэтІыгъын хуейр?
19 Хьисэ и унафэр щыдэтІыгъым деж, ди къуэш, ди шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъуну дадоІэпыкъу икІи нэхъ зэкъуэт дохъу. Вефилым щылажьэхэр нэхъ мащІэ зэращІам щхьэкІэ, а лэжьыгъэр къэзыгъэнэн хуей хъуахэм теухуауэ Андре мыпхуэдэу жеІэ: «Вефилым щылажьэу щытахэм иджы я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьахэм емылъытауэ, адэкІи яхузэфІэкІыр зэращІэр щыслъагъум, пщІэ нэхъыбэ абыхэм яхуэсщІу икІи Хьисэ нэхъыбэжу дзыхь хуэсщІу сыхъуащ. Ахэр Иеговэ и организацэм зыкъыкІэрамыгъэхуу и ужь итщ икІи сыт хуэдэ къалэн кърамытами, я гум гуфІэгъуэ илъу ягъэзащІэ».
ФІЭЩХЪУНЫГЪЭ БЫДЭ ЗИВГЪЭІЭ ИКІИ ДИ ПАШЭМ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ
20, 21. 1) Ди Пашэм сыт дзыхь щІыхуэтщІ хъунур? 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт хуэдэ упщІэ щызэпкърытхыну?
20 Куэд дэмыкІыу ди Пашэ, Хьисэ Мэссихь, «текІуэныгъэр къихьынущ» (Апок. 6:2; Пс. 45:4). Ауэ иджыпсту абы дыхуегъэхьэзыр къэтэджыжынухэр щедгъэджэну зэманымрэ щІылъэр жэнэт щытщІыжыну зэманымрэ.
21 ДунеищІэр тлъэгъун щхьэкІэ, сыт къэмыхъуами ди Пащтыхьым дзыхь хуэтщІын хуейщ. (Къеджэ Псалом 46:1e.) Ауэ нобэ ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэр къыдэгугъуэкІынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу абыхэм дыщыхуэмыхьэзырым деж. Апхуэдэу къыщыхъум деж, гупсэхугъуэмрэ Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэмрэ тхъумэжыну сыт къыддэІэпыкъунур? КъыкІэлъыкІуэ статьям а упщІэр щызэпкърытхынущ.
a Маттэ 23:10: «ПашэкІи зыри зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ зы Пашэщ фиІэр — Мэссихьщ».
b Иисус Навин 5:13—15: «Ерихон и гъунэгъуу щыщытым Нун и къуэ Ехьошуа и нэхэр къиІэтри джатэ къихар зыІэщІэлъ цІыху гуэр и пащхьэм иту илъэгъуащ. Ехьошуа абы бгъэдыхьэри жриІащ: „Уэ дэра, хьэмэрэ ди бийхэра узыгуэтыр?“ „Хьэуэ, сэ Иеговэ и дзэшхуэм и пщу сыкъэкІуауэ аращ“,— жэуап къритыжащ абы. Ар щызэхихым, Ехьошуа лъэгуажьэмыщхьэу тІысри щІым нэс щхьэщэ хуищІащ икІи жиІащ: „Сыт си Зиусхьэным и пщылІым къыжриІэнур?“ Иеговэ и дзэшхуэм и пщым Ехьошуа жриІащ: „Уи вакъэхэр зыщых, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ щІы узытетыр лъапІэщ“. Ехьошуа занщІэу апхуэдэу ищІащ».
c Ерихоным и къутахуэхэм щелэжьым археологхэм къащІащ, абы дэса цІыхухэм гъэтІылъауэ гуэдз куэд зэраІар, ауэ ар зэрамышхар. Къалэр куэдрэ къаувыхьауэ зэрамыІыгъар абы къегъэлъагъуэ. Иеговэ израил цІыхухэр хуит ищІакъым Ерихоным дэлъыр къащтэну. Дэнэ-тІэ абыхэм яшхын къыздрахар? Израилым и дежкІэ а щІылъэр яубыдыну зэманыфІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманыр гъавэ къехьэлІэжыгъуэти, а щІыпІэм шхыныр куэду щыІэт (Иис. Н. 5:10—12).
d 2003 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ Чэщанэм» и напэкІуэцІ 24-м ит «Павел смиренно принимает испытание» рамкэм феплъ.
e Псалом 46:1: «Алыхьыр ди хъумапІэщ икІи ди къарущ, гузэвэгъуэ зэманым щІэхыу дгъуэт ДэІэпыкъуэгъущ».