ГъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ гузэгъэгъуэ зивгъэІэ
«Сэ си псэр тезгъэут икІи згъэбэяут» (ПС. 131:2).
1, 2. 1) ГъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитынкІэ хъуну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) Псалом 131-м зэритымкІэ, ди гум гузэгъэгъуэ илъыну сыт къыддэІэпыкъунур?
ЛЛОЙДРЭ АЛЕКСАНДРЭРЭ илъэс 25-кІэ щылэжьа Вефилыр къагъэнэну къыщыжраІам, ар хуабжьу я жагъуэ хъуат. Ллойд къыддогуашэ: «Вефилым сыщымыІэжу, абы щызгъэзэщІа лэжьыгъэри сымыгъэзэщІэжу си нэгу къысхущІэгъэхьэтэкъым. АкъылкІэ къызгурыІуэт апхуэдэу щІэхъуар, ауэ тхьэмахуэ зыбжанэкІэ, уеблэмэ, мазэ бжыгъэкІэ къэхъуар си щхьэм схуигъэкІтэкъым, сэ къысхуэмеижу къысщыхъут. Зэм зэхъуэкІыныгъэхэм тэмэму сыхущыту сыхъут, зэми гукъыдэж симыІэжу сыхъут».
2 Дыхуэмыхьэзыру ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм дигъэгузэвэнкІэ икІи ди щхьэм дэуэинкІэ хъунущ (Прит. 12:25). Ди гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм десэну къыдэхьэлъэкІмэ, сыт къыддэІэпыкъунур абы егъэлеяуэ дримыгузэвэну? (Къеджэ Псалом 131:1—3a.) Иеговэ и лэжьакІуэ пэж япэм псэуахэми ди зэманми псэу къуэш, шыпхъухэми я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьахэм емылъытауэ, гузэгъэгъуэ я гум илъу къэнэну зарахузэфІэкІам дытепсэлъыхьынщ.
«ТХЬЭМ КЪЫБГЪЭДЭКІ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ»
3. Исуф сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр и гъащІэм къыщыхъуа?
3 Исуф илъэс 17 щыхъум и къуэшхэр ефыгъуэри, Мысырым пщылІыу иращащ. Екъуб и къуэхэм псом нэхъыфІу илъагъур Исуфт (ЩІэдз. 37:2—4, 23—28). Исуф фІыуэ илъагъу и адэм пэжыжьэу псэуащ. Ар илъэс 13 хуэдизкІэ Мысырым гугъу щехьащ: япэщІыкІэ пщылІыу щытащ, итІанэ лъэхъуэщми исащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар и Іэр иримыхьэхыну икІи мыгубжьыну?
4. 1) Исуф лъэхъуэщым щисым сытыт зэгупсысыр? 2) Исуф и лъэІум Иеговэ дауэ жэуап зэрыритар?
4 Исуф лъэхъуэщым щисым Иеговэ къызэрыдэІэпыкъум нэхъыбэу егупсысу къыщІэкІынт (ЩІэдз. 39:21; Пс. 105:17—19). Къэхъун хуейуэ Исуф щыныбжьыщІэм пщІыхьэпІэ илъэгъуахэм Алыхьыр и дэІэпыкъуэгъуу зэрыщытыр и фІэщ ищІт (ЩІэдз. 37:5—11). Абы Иеговэ лъэІукІэ щІэх-щІэхыу зыхуигъазэурэ и гурыщІэхэр жриІэу къыщІэкІынт (Пс. 145:18). Иеговэ абы и лъэІухэм жэуап иритащ, ар сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами зэрыдэІэпыкъунур быдэу и фІэщ ищІащ (Апост. 7:9, 10)b.
5. «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр» Иеговэ дыщыхуэлажьэкІэ дауэ къызэрыддэІэпыкъунур?
5 Гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм емылъытауэ ди акъылыр къэзыхъумэ, «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэр» дэри зыхэтщІэфынущ. (Къеджэ Филиппи 4:6, 7.) Аращи, зыгуэрым дигъэгузавэу щытмэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну делъэІу хъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, ар къыддэІэпыкъунущ ди гум мамырыгъэ илъыну. А мамырыгъэм и фІыгъэкІэ дэ гугъуехьхэм дримыудыхыу, адэкІи Иеговэ жыджэру дыхуэлэжьэфынущ. Нобэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэм ар ди фІэщ ещІ.
ГУЗЭГЪЭГЪУЭ КЪЫВИТЫНУ ИЕГОВЭ ФЕЛЪЭІУ
6, 7. Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр дауэ къызэрыддэІэпыкъунур гузэгъэгъуэ диІэну? Щапхъэ къэфхь.
6 Ра́йанрэ Джулье́ттрэ зэман гуэркІэ специальнэ пионеру щытащ. Ахэр апхуэдэу зэрылэжьэну зэманыр и кІэм зэрынэсар къыщыжраІам хуабжьу я жагъуэ хъуат. Райан жеІэж: «Дэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэри ди гурыщІэхэр хуэтІуэтащ. Дэ къыдгурыІуат, Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІын ІэмалыфІу ар зэрыщытар. Ди зэхуэсым куэд мыщІауэ псым зыщІэзыгъэуа куэд хэтти, Иеговэ делъэІуащ фІэщхъуныгъэ быдэ зигъэІэнымкІэ абыхэм щапхъэфІ дахуэхъуну».
7 Иеговэ абыхэм я лъэІум дауэ жэуап зэрыритар? Райан игу къегъэкІыж: «Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэу ди гурыщІэ Іейхэр кІуэдыжащ икІи дыгузавэжтэкъым. „Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэм“ ди гумрэ ди акъылымрэ къихъумащ. Дэ къыдгурыІуащ Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, и лэжьыгъэм дыхэтыну адэкІи дыкъызэригъэсэбэпынур».
8—10. 1) Алыхьым и къару лъапІэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур гузэгъэгъуэ ди гум илъыну? 2) Иеговэ и лэжьыгъэр псом япэ идгъэщмэ, дауэ ар къызэрыддэІэпыкъунур?
8 ЗэрыжытІащи, Алыхьым и къару лъапІэр гузэгъэгъуэ диІэну къыддоІэпыкъу. Абы нэмыщІ иджыри Алыхьым и лэжьыгъэр ди гъащІэм псом япэ идгъэщыну къыддэІэпыкъун едзыгъуэхэм гу лъыттэн щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэм деунэтІ. (Къеджэ Иуан 14:26, 27c, ДЩІ.) Зэщхьэгъусэ Фи́липрэ Мэ́рирэ Вефилым илъэс 25-кІэ щылэжьауэ, ар къагъэнэн хуей хъуат. Абы иужь ахэр гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. МазиплІым къриубыдэу тІуми я анэхэр лІащ, Филип и зы благъи дунейм ехыжащ. Абы нэмыщІ Мэри и адэр сымаджэ хьэлъэ хъуат.
9 Филип игу къегъэкІыж: «Сэ Іуэхугъуэ сызыпэщІэхуам сыпэлъэщу къысщыхъут, ауэ иджыри зыгуэр схурикъутэкъым. „ХъумакІуэ чэщанэм“ ит зы статья гуэр сыщеджэм Колоссэ 1:11 (ДЩІ) ит псалъэхэм гу лъыстащ. Сэ теубыдагъэ схэлът ауэ иджыри шыІэныгъэрэ гуфІэгъуэрэ зизгъэІэн хуейт. Мы пычыгъуэм сэ сигу къигъэкІыжащ: гуфІэгъуэр зэлъытар Іуэхугъуэ узрихьэлІэхэракъым, атІэ Алыхьым и къару лъапІэр зэрызыдэбгъэІэпыкъуращ».
10 Филипрэ Мэрирэ Иеговэ и лэжьыгъэр псом япэ ирагъэщти, абы фІыгъуэ куэд яритыжащ. Вефилыр къагъэна иужь, куэд мыщІэу, абыхэм я гъусэу цІыху зыбжанэм Библиер джын щІадзащ. ИкІи абыхэм Библиер тхьэмахуэм зэ нэхърэ нэхъыбэ яджыну яхуейт. Мэри жеІэ: «Абыхэм я гъусэу Библиер щыдджкІэ, абы гуфІэгъуэшхуэ къыдитт. АбыкІэ Иеговэ дигъэлъэгъуащ псори фІы зэрыхъужынур».
ИЕГОВЭ ФІЫГЪУЭ КЪЫВИТЫНУ ХУИТ ФЩІЫ
Дауэ дэ Исуф щапхъэ зэрытетх хъунур, зэхъуэкІыныгъэхэр ди гъащІэм къыщыхыхьэм деж? (11—13-нэ абзацхэм феплъ.)
11, 12. 1) Дапхуэдэу Исуф Иеговэ фІыгъуэ къыхуищІэну хуит зэрищІар? 2) Исуф теубыдагъэ зэрыхэлъам щхьэкІэ Иеговэ дауэ къызэрыдэІэпыкъуар?
11 Дыхуэмыхьэзыру ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьа иужь, ди къэкІуэным теухуауэ егъэлеяуэ дыгузавэу щІэддзэнкІэ хъунущ. Исуфи апхуэдэ къыщыщІыфынут. Ауэ абы мурад ищІат зэрыхуа Іуэхугъуэм теухуауэ хузэфІэкІыр ищІэну икІи абыкІэ Иеговэ къыдэІэпыкъуну хуит ищІащ. Исуф къарууэ иІэр ирихьэлІэу Потифар зэрыхуэлэжьам хуэдэу, ар лъэхъуэщым щисами, лъэхъуэщым и унафэщІым къыжриІэу хъуар егугъуу игъэзэщІащ (ЩІэдз. 39:21—23).
12 Зэгуэрым Исуф къалэн хуащІат, Фирхьэуным хуэлажьэу щыта цІыхухъуитІым хуэІуэхутхьэбзащІэу щытыну. Исуф абыхэм гуапэу яхущытти, я гур зыгъэгузавэмкІэ ахэр абы дэгуэшащ — я пщІыхьэпІэхэр жраІэжащ (ЩІэдз. 40:5—8). А Іуэхугъуэм кърикІуэнур Исуф и нэгу къыщІигъэхьэххэ хъунтэкъым. Абы иужь иджыри илъэситІкІэ лъэхъуэщым исами, къыщаутІыпщыжа махуэм Фирхьэуным фІэкІ нэгъуэщІ зыри и нэхъыщхьэу щымыту, Мысырым увыпІэ лъагэ щиІэ хъуащ (ЩІэдз. 41:1, 14—16, 39—41).
13. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димыхуами, фІыгъуэ къытхуищІэну Иеговэ дауэ хуит зэрытщІынур?
13 Исуф хуэдэу дэри зыри зытхуемыщІэн Іуэхугъуэ гуэр дихуэнкІэ хъунущ. Ауэ шыІэныгъэ тхэлъу тхузэфІэкІыу хъуар тщІэмэ, дэ Иеговэ хуит дощІ фІыгъуэ къытхуищІэну (Пс. 37:5). Дэ зыгуэркІэ дыгужьейми ди Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу щыткъым (2 Кор. 4:8). Иеговэ и лэжьыгъэр псом нэхъ япэ идгъэщмэ, зэи дыкъигъэнэнукъым.
ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬЫГЪЭМ ЖЫДЖЭРУ ФЫЗЭРЫХЭТЫНЫМ ИУЖЬ ФИТ
14—16. Сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къэмыхъуами, Филипп хъыбарыфІ гъэІуныр и гъащІэм псом япэ зэрыригъэщыр сытыт къэзыгъэлъагъуэр?
14 ГъащІэм зэхъуэкІынэгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру дызэрыхэтынымкІэ Филипп щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Абы мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн игъэзащІэт (Апост. 6:1—6). Ауэ псоми зэуэ зихъуэжащ. Стефан яукІа иужь, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуабжьу кърахуэкІыу щІадзати, ахэр зэбгырыжыжхэри Ерусалим дэкІат. Ауэ Филипп и ІитІыр зэтедзауэ щысыну хуейтэкъыми, ар Самарие къалэм кІуэри, абы дэс цІыхухэм хъыбарыфІыр яхуиІуэтащ. А зэманым абы дэсхэм хъыбарыфІыр зэхахатэкъым (Мт. 10:5; Апост. 8:1, 5).
15 Филипп Алыхьым и къару лъапІэм здиунэтІым кІуэну хьэзырти, Иеговэ ар Самарие къалэм игъэкІуащ. Иудейхэм Самарием щыщ цІыхухэр Іумпэм ящІт, абы къыхэкІкІэ Филипп цІыху зэхэгъэж имыщІу абыхэм зэрахущытар хуабжьу я гуапэ хъуат. ИкІи гъэщІэгъуэнкъым Филипп и псалъэхэм ахэр зэредэІуар (Апост. 8:6—8).
16 Абы иужь Алыхьым и къару лъапІэм Филипп Азот къалэмрэ Кесарие къалэмрэ игъэкІуащ. А къалэхэм журт лъэпкъым щымыщ куэд щыпсэут (Апост. 8:39, 40). Филипп Самарие къалэм хъыбарыфІыр игъэІуну япэ дыдэу зэрыкІуэрэ илъэс 20 дэкІат. Иджы абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр къыхыхьащ. Абы унагъуэ иухуэри, хъыбарыфІыр щигъэІу щІыпІэм щыпсэун щІидзащ. Сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къэмыхъуами, абы хъыбарыфІ гъэІуныр и гъащІэм псом япэ иригъэщт. Абы къыхэкІкІэ Филиппрэ абы и унагъуэмрэ Иеговэ фІыгъуэ куэд яритащ (Апост. 21:8, 9).
17, 18. Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыщыхыхьэм деж, гузэгъэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру дызэрыхэтыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
17 Полновременнэу лажьэ куэдым зэрыжаІэмкІэ, хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру зэрыхэтыр къадоІэпыкъу я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ гузэгъэгъуэр зыфІамыгъэкІуэдыну. Ипщэ Африкэм щыщ зэщхьэгъусэ О́зборнрэ Пола́йтрэ Вефилым щылэжьэн щагъэта иужь, зыщІэсын унэ икІи пионер лэжьыгъэр ягъэзэщІэн щхьэкІэ лэжьапІэ занщІэу къагъуэтын ягугъащ. Ауэ Озборн жеІэ: «Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дызэригугъам хуэдэу лэжьыгъэр куэдрэ къытхуэгъуэтакъым». Абы и щхьэгъусэ Полайт къыддогуашэ: «Мазищ дэкІа иужьи лэжьыгъэ дгъуэтатэкъым, ахъши диІэжтэкъым. А зэманым хуабжьу гугъу дехьащ».
18 Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар гугъуехь зыпэщІэхуам пэлъэщыну? Озборн жеІэ: «Дэ зэхуэсым и гъусэу хъыбарыфІыр зэрыдгъэІур къыддэІэпыкъуащ еплъыкІэ тэмэм диІэну. Дэ мурад тщІащ — дыгузавэу дыщыс нэхърэ хъыбарыфІ гъэІуным къарууэ диІэр етхьэлІэмэ, нэхъыфІщ. Абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьащ. Лэжьыгъэ къэтлъыхъуэн щыдгъэтатэкъыми, икІэм-икІэжым ар къэдгъуэтащ».
ШЭЧ ЛЪЭПКЪ КЪЫТЕВМЫХЬЭУ ИЕГОВЭ ДЗЫХЬ ХУЭФЩІ
19—21. 1) Гузэгъэгъуэ диІэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? 2) Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ тхузэфІэкІыр тщІэуэ дыпсэууэ зедгъасэмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр диІэну?
19 Щапхъэ зэпкърытхахэм къызэрагъэлъагъуэмкІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димыхуами, тхузэфІэкІыр тщІэмэ икІи шэч лъэпкъ къытедмыхьэу Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, гузэгъэгъуэ диІэнущ. (Къеджэ Михей 7:7d.) Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ тхузэфІэкІыр тщІэуэ дыпсэууэ зэрызедгъэсам и фІыгъэкІэ, зэман дэкІа иужь дэ гу лъыттэнкІэ хъунущ Иеговэрэ дэри ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрыхъуам. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Полайт жеІэ: «Вефилыр къэзгъэна иужь сэ къызгурыІуащ Иеговэ щыгугъыным къикІыр, си Іуэхухэр зыри мыхъуу къысщыхъуми. Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъуащ».
Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьэхэм емылъытауэ тхузэфІэкІыр тщІэуэ дыпсэууэ зэрызедгъэсам и фІыгъэкІэ Иеговэрэ дэри ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъунущ
20 ИпэкІэ дызытепсэлъыхьа Мэри зи ныбжь хэкІуэта и адэм кІэлъоплъ икІи пионеру мэлажьэ. Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ зыгуэр щхьэкІэ сыщыгузавэм деж, сыкъэувыІэу, Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъазэу, гупсэхугъуэ зэзгъэгъуэтыжыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. СызыІущІа Іуэхугъуэхэм сэ къызгурагъэІуащ псори Иеговэ и ІэмыщІэ зэрислъхьэн хуейр. АдэкІи сэ ар сэбэп къысхуэхъунущ».
21 Мы статьям ипэм зи гугъу тщІа Ллойдрэ Александрэрэ зэрыжаІэмкІэ я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ къыхыхьахэм я фІэщхъуныгъэр зэрамыгугъам хуэдэу ягъэунэхуащ. Ауэ абыхэм ялъагъу ар сэбэп къазэрыхуэхъуар. Иджы абыхэм ящІэ я фІэщхъуныгъэр зэрыбыдэр икІи гугъуехь пэщІэхуа иужь гупсэхугъуэ яІэну ар къазэрыдэІэпыкъунур. Ахэр зэрыхуа гъэунэхуапІэхэр къадэІэпыкъуащ хьэл-щэныфІхэр зыхалъхьэну.
Дызэмыжьа зэхъуэкІыныгъэхэм димыгугъа фІыгъуэхэр къытхуахьынкІэ хъунущ! (19—21-нэ абзацхэм феплъ.)
22. Сыт къэмыхъуами тхузэфІэкІыр тщІэмэ, сыт быдэу ди фІэщ тщІы хъунур?
22 Мы дунейр щыІэхукІэ дымыщІэххэу зэхъуэкІыныгъэхэр ди гъащІэм къыхыхьэнкІэ хъунущ. Иеговэ и Іуэхум пыщІауэ дгъэзащІэ къалэнхэм зихъуэжынкІэ хъунущ, унагъуэм е узыншагъэм пыщІауэ гугъуехьхэри къыкъуэкІынкІэ хъунущ. Ауэ сыт къэмыхъуами шэч къытевмыхьэ: Иеговэ къывдэІэпыкъунущ икІи фыщыхуэныкъуэ дакъикъэм щІэгъэкъуэн къыфхуэхъунущ (Евр. 4:16; 1 Пет. 5:6, 7). АпщІондэху фхузэфІэкІыр фщІэ икІи Иеговэрэ фэрэ фи зэхущытыкІэр быдэ хъун щхьэкІэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэ, абы нэмыщІ абы дзыхь хуэфщІу зевгъасэ. Апхуэдэу фщІэмэ, сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр фи гъащІэм къыхэмыхьами гузэгъэгъуэ фиІэнущ.
a Псалом 131:1—3: «Уэ, Иеговэ, сэ си гур пагэу щытакъым, си нэхэр лъагэу сІэтакъым. Си щхьэм щхьэкІэ ехъулІэныгъэ къэслъыхъуакъым икІи зыІэрызмыгъэхьэфынхэм сыхущІэкъуакъым. Сэ си псэр тезгъэут икІи згъэбэяут, анэм сабийр зэригъэбэяум хуэдэу. Сэ си псэр сабийм хуэдэу сІыгъщ. Израилыр Иеговэ иджыпстуи игъащІэкІи ирырежьэ».
b Исуф лъэхъуэщым къикІыжа иужь къишэри, къуэ къыхуалъхуащ. Япэу къалъхуам Мынасэ фІищащ икІи ар щІыфІищар жиІащ: «Алыхьым си гугъуехьхэр сщигъэгъупщащ», (ЩІэдз. 41:51, сноскэ). Абы къыгурыІуащ и къуэр Иеговэ къызэрыритар, гузэгъэгъуэ игъуэтыжын щхьэкІэ.
c Иуан 14:26, 27: «Адэ лъапІэм си цІэкІэ къыфхуригъэхыну дэІэпыкъуэгъур — Алыхьым и къару лъапІэращ. Абы псори фигъэщІэнущ икІи сэ нывжесІа псори фигу къигъэкІыжынущ. Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот. Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкІынукъым. Фымыгузавэ икІи фымышынэ».