ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Сентябрь н. 8—13
  • ФІылъагъуныгъэ пхэлъу адрейхэм ядэІэпыкъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ФІылъагъуныгъэ пхэлъу адрейхэм ядэІэпыкъу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НОБЭ ЦІЫХУХЭР ПСОМ ХУЭМЫДЭУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ЩІЫХУЭНЫКЪУЭР СЫТ?
  • ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ДИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ХУЭНЫКЪУЭЩ
  • ДАУЭ АДРЕЙХЭМ ДАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?
  • Къуэш, шыпхъухэм фахуиІэ лъагъуныгъэр фымыгъэужьых
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Хьисэ «и гъуэгу ирикІуэхэм ящыщу нэхъыфІу илъагъуу» щытам и щапхъэр дэ дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Сентябрь н. 8—13

ФІылъагъуныгъэ пхэлъу адрейхэм ядэІэпыкъу

«ФІылъагъуныгъэм цІыхухэм... лъэкІыныгъэ ярегъэгъуэт» (1 КОР. 8:1).

УЭРЭДХЭР: 109, 121

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Ди къуэш, ди шыпхъухэр дэІэпыкъуэгъу щІыхуэныкъуэр сыт?

  • Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр дауэ къыддэІэпыкъурэ?

  • Дауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?

1. Хьисэ щылІэну махуэм ипэ къихуэ жэщым и гъэсэнхэм щепсалъэм сыт нэхъыбэу зи гугъу ищІар?

ХЬИСЭ МЭССИХЬ щылІэну махуэм ипэ къихуэ жэщым и гъэсэнхэм щепсалъэм «лъагъуныгъэ» псалъэмрэ абы къытехъукІа псалъэхэмрэ 30 хуэдизрэ къигъэсэбэпащ. АбыкІэ Хьисэ къыхигъэщащ и гъэсэнхэм я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъын хуейр (Ин. 15:12, 17). Лъагъуныгъэ зэрагъэлъагъуэмкІэ Хьисэ и гъэсэн пэжхэр къацІыхунут (Ин. 13:34, 35). Хьисэ зи гугъу ищІа лъагъуныгъэр гурыщІэ къудейуэ щыткъым, атІэ а хьэл-щэныр псэемыблэжу ягъэлъагъуэ. Хьисэ жиІат: «Езым и ныбжьэгъухэм папщІэ зи псэр зыт цІыхум и фІылъагъуныгъэм нэхърэ нэхъ фІылъагъуныгъэшхуэ щыІэкъым. Си унафэхэр вгъэзащІэмэ, фэри фызиныбжьэгъущ» (Ин. 15:13, 14).

2. 1) Алыхьым и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ хьэл-щэнкІэ адрейхэм къащхьэщыкІрэ? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэм псэемыблэжу лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэ икІи абыхэм я зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъщ (1 Ин. 3:10, 11). Апхуэдэ лъагъуныгъэр Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэми егъэлъагъуэ, ар къызыхэкІа лъэпкъымрэ зэрыпсалъэ бзэмрэ емылъытауэ. Ауэ уэ мыпхуэдэ упщІэхэр уиІэнкІэ хъунущ: «Нобэ цІыхухэр псом хуэмыдэу лъагъуныгъэм щІыхуэныкъуэр сыт? Иеговэрэ Хьисэрэ къытхуаІэ лъагъуныгъэр дауэ къыддэІэпыкъурэ? Дауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?» (1 Кор. 8:1).

НОБЭ ЦІЫХУХЭР ПСОМ ХУЭМЫДЭУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ЩІЫХУЭНЫКЪУЭР СЫТ?

3. Дыщыпсэу «зэман гугъухэм» цІыхухэм сыт къахуихьыр?

3 Дыщыпсэу «зэман гугъухэм» цІыху куэдым я гъащІэр гуауэрэ гугъуехькІэ гъэнщІащ (2 Тим. 3:1—5; Пс. 90:10). Языныкъуэхэр апхуэдизкІэ гугъу йохьри адэкІэ псэуну къару ягъуэтыжкъым. Илъэс къэс цІыху 800000 щІигъум заукІыж е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, секунд 40 къэс зы цІыхум. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, гурыщІэ хьэлъэхэм къыхэкІкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэми зыщаукІыж къохъу.

4. Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу хэтыт псэуну хуэмеижыр?

4 Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэр гугъуехьышхуэхэм пэщІэхуат икІи адэкІэ псэуну хуеижтэкъым. Псалъэм папщІэ, Іэиуб и гум хьэлъэ телъу жиІащ: «ГъащІэр сыужэгъуащ» (Иов 10:1; 14:13). Инус Алыхьым кърита къалэныр щигъэзащІэм Іуэхур зэримыгугъам хуэдэу зэрыхъуам щхьэкІэ, и лъэр щІэхуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Иджы, Зиусхьэн, си гъащІэр сІыхыж, сыпсэу нэхърэ сылІэмэ нэхъыфІщ» (Инус 4:3). Бегъымбар Иляси и Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къыщыщыхъум Алыхьым елъэІуащ: «Куэдщ! Иеговэ, си гъащІэр сІых» (1 Цар. 19:4). Ауэ Иеговэ абыхэм я гъащІэр лъапІэу илъытэт икІи хуейтэкъым ахэр лІэну. ЛІэныгъэм зэрегупсысым щхьэкІэ Иеговэ ахэр игъэкъуэншакъым, атІэ я гурыщІэхэм пэлъэщыну лъагъуныгъэ хэлъу ядэІэпыкъуащ. Абы и фІыгъэкІэ Алыхьым адэкІи пэжу хуэлэжьэну къару абыхэм ягъуэтыжащ.

5. Нобэ ди къуэш, ди шыпхъухэр псом хуэмыдэу лъагъуныгъэм щІыхуэныкъуэр сыт?

5 Нобэ ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІохуэ икІи ахэр ди лъагъуныгъэм хуэныкъуэщ. Хэти и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ къыщодыхьэшх икІи гугъу ирагъэхь. Хэти лэжьапІэм пцІы къытралъхьэ икІи къыпэщІоувэ. Хэти лэжьыгъэм зэман куэд тригъэкІуэдэн хуей мэхъу. И унагъуэм илъ гугъуехьхэм и лъэр щІэзыххэри щыІэщ, псалъэм папщІэ, Иеговэ хуэмылажьэ и щхьэгъусэм зэпымыууэ зэригъэкъуаншэм щхьэкІэ. Апхуэдэ гугъуехьхэм ди къуэш, ди шыпхъухэр къарууншэ ящІ. Хэт абыхэм ядэІэпыкъуфынур?

ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭР КЪЫДДОІЭПЫКЪУ

6. Дауэ Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъур?

6 Иеговэ и лэжьакІуэхэр къегъэгугъэ и лъагъуныгъэм зэи щимыгъэщІэну. Иеговэ и псалъэхэм израил лъэпкъыр, дауикІ, игъэгушхуащ: «Си дежкІэ уэ улъапІэщ, уэ пщІэ пхуэфащэщ, икІи сэ уэ фІыуэ узолъагъу. [...] Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ сыуигъусэщ» (Ис. 43:4, 5). Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэми шэч къытримыхьэми хъунущ Иеговэ ар фІыуэ зэрилъагъумa. Иеговэ теухуауэ Библием щыжыІащ: «Ар лъэщщ, абы укъригъэлынущ. Ар къыщоплъкІэ хуабжьу гуфІэнущ» (Соф. 3:16, 17).

7. Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэмрэ анэм и сабийм хуиІэ лъагъуныгъэмрэ сыткІэ зэщхь? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

7 Иеговэ и лэжьакІуэр сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, Иеговэ абы гупсэхугъуэрэ дэІэпыкъуэгъурэ иритыну къегъэгугъэ. Алыхьым жеІэ: «Фэ ІэкІэ фыкърахьэкІынущ икІи лъэгуажьэм фытесу фагъэфІэнущ. Анэм и къуэр зэрытригъэум хуэдэу сэри фэ фытезгъэунущ» (Ис. 66:12, 13). Уи нэгу къыщІэгъэхьэ анэм и сабийм щабэу ІэплІэ хуищІу е и лъэгуажьэм сабийр тесу дэджэгуу. Мы щапхъэм къыхощ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр фІыщэу зэрилъагъур. Зэи шэч къытомыхьэ: Иеговэ и дежкІэ уэ улъапІэщ (Иер. 31:3).

8, 9. Хьисэ Мэссихь къытхуиІэ лъагъуныгъэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

8 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур сыт иджыри ди фІэщ зыщІыр? Иуан 3:16 щыжыІащ: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ». Хьиси фІыуэ дыкъызэрилъагъур и гъащІэр дэр щхьэкІэ зэритамкІэ къигъэлъэгъуащ икІи абы къытхуиІэ лъагъуныгъэм дэ къару къыдет. Алыхьым и Псалъэм зэрыжиІэмкІэ, Мэссихь и фІылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишыфынукъым (Ин. 15:10; Рим 8:38, 39).

9 Гугъуехьхэм ди лъэр щІахыфынущ икІи Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ хэдмыхыжу дащІыфынущ. Ауэ Хьисэ къытхуиІэ лъагъуныгъэм дызэрегупсысым псори тшэчыну къару къытхелъхьэ. (Къеджэ 2 Коринф 5:14, 15.) Гузэвэгъуэшхуэ къытлъэІэсами, бийхэм гугъу драгъэхьми, зыгуэрым гузэрыдзэ дигъэщІами, гупсысэ Іейхэм дагъэгузавэми Хьисэ и лъагъуныгъэр къыддэІэпыкъунущ ди Іэр едмыхьэхыну.

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР ДИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ХУЭНЫКЪУЭЩ

Хьисэ и щапхъэм дыхуегъэуш ди къуэш, ди шыпхъухэр дгъэгушхуэну икІи абыхэм дадэІэпыкъуну (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)

10, 11. Зи лъэ щІэхуахэр хэт зыгъэгушхуэн хуейр? КъыдгурывгъаІуэ.

10 Иеговэ къару къыдитын папщІэ зэхуэсым щыщхэри къегъэсэбэп. Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъумкІэ икІи абыхэм дазэрыдэІэпыкъумкІэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьым къытхуищІ лъагъуныгъэр фІыщІэ зэрытщІыр (1 Ин. 4:19—21). Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджащ: «Зым адрейр ирырегъэгушхуэ икІи зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщІым хуэдэу» (1 Фес. 5:11). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ямызакъуэу дэ тщыщ дэтхэнэми, Иеговэрэ Хьисэрэ щапхъэ трихыу, ди къуэш, ди шыпхъухэм гупсэхугъуэ иритыфынущ. (Къеджэ Рим 15:1, 2.)

11 Зэхуэсым щыщ гуэрым депрессие иІэмэ, дохутырым зыхуигъэзэн хуейщ (Лк. 5:31). Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ нэгъуэщІ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ къагуроІуэ езыхэр психологыу е психиатру зэрыщымытыр. Ауэ абыхэм мы чэнджэщыр ягъэзащІэ хъунущ: «Зи гур кІуэдахэр вгъэгушхуэ, дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм фадэІэпыкъу, цІыху псоми шыІэныгъэкІэ фадэгъуэгурыкІуэ» (1 Фес. 5:14). Зи лъэ щІэхуа цІыхум зэхэщІыкІрэ шыІэныгъэрэ тхэлъу дыхущытын хуейщ. Апхуэдэ къуэш, шыпхъухэм уазэрыдэІэпыкъуным иужь уит? Иджыри сыткІэ уэ абыхэм уадэІэпыкъуфыну?

12. Зэхуэсым щыщхэр лъагъуныгъэ яхэлъу ди шыпхъум зэрыдэІэпыкъуар къыжыфІэж.

12 Европэм щыпсэу ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «ЗызукІыжыну си щхьэм къыщыкІ къохъу. Ауэ дэІэпыкъуэгъушхуэ къысхуэхъу дэлъху, шыпхъухэр си куэдщ. Ахэр мыхъуамэ мы дунейм сытетыжтэкъым. Зэхуэсым щыщхэр сыт щыгъуи къыздоІэпыкъу икІи лъагъуныгъэ яхэлъу къысхущытщ. Депрессие сызэриІэр куэдым ямыщІэми, зыгуэр къызэрыхъуу, си дэлъху, си шыпхъухэр къыздоІэпыкъу. Зэхуэсым щыщ зы зэщхьэгъусэ сэ адэ-анэ папщІэ схуэхъуащ. Абыхэм я нэІэ сыт щыгъуи къыстрагъэтщ икІи сыт хуэдэ зэманми абыхэм сащыгугъ хъунущ». Зэхуэсым щыщ псоми апхуэдиз яхузэфІэмыкІынкІэ хъунущ. Ауэ дэ тщыщ дэтхэнэми куэд хуэщІэнущ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэb.

ДАУЭ АДРЕЙХЭМ ДАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?

13. НэгъуэщІым дыдэІэпыкъуфын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

13 Узэпсалъэм фІыуэ едаІуэ (Екъуб 1:19). Гукъеуэ зиІэ къуэш, шыпхъухэм къыджаІэжым дызэредаІуэмкІэ къыдогъэлъагъуэ ахэр фІыуэ зэрытлъагъур. Егупсысауэ етт упщІэхэм я фІыгъэкІэ абыхэм я гурыщІэхэр нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ икІи гущІэгъу яхуэтщІыфынущ. ЦІыхум дыдэІэпыкъуну дызэрыхуейр ди нэгумрэ ди щытыкІэмрэ къагъэлъэгъуэнущ. Абы и гум илъыр къитхуиІуэтэну хуеймэ, зэпыдмыуду шыІэныгъэ тхэлъу дедэІуэн хуейщ. Абы и фІыгъэкІэ цІыхум и гум щыщІэр нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ. Пэж дыдэу дыдэІэпыкъуну дызэрыхуейр абы къилъагъумэ, дзыхь къытхуищІу хъунущ, дэри абы гушхуэныгъэ еттыфынущ.

14. Депрессие зиІэ цІыхур дгъэкъуаншэ щІэмыхъунур сыт?

14 ЦІыхур умыгъэкъуаншэ. Демыгупсысауэ жытІэ псалъэхэм депрессие зиІэ цІыхум и Іуэхур нэхъ Іей ищІыфынущ икІи дыдэІэпыкъуну нэхъ гугъу хъунущ. Притчи 12:18 щыжыІащ: «Зи бзэ хуэмысакъым и псалъэ жыІэпхъаджэщ — укъеуІэ, цІыху Іущ и псалъэр Іэзэгъуэ зыхэлъ хущхъуэм хуэдэщ» (Гъэсэпэтхыдэхэр). Депрессие зиІэ цІыхум и гур ди псалъэхэм иуІэну, дауикІ, дыхуейкъым. Ауэ дымыщІэу апхуэдэ цІыхум и жагъуэ тщІынкІэ хъунущ. Абы и гурыщІэхэр къыдгурыІуэн икІи дыдэІэпыкъун щхьэкІэ тхузэфІэкІ къэдгъэнэнукъым (Мт. 7:12).

15. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дауэ гушхуэныгъэ зэреттыфынур?

15 Библием ит гупсысэхэмкІэ цІыхум дэІэпыкъу. (Къеджэ Рим 15:4, 5.) Тхыгъэ ЛъапІэм гупсэхугъуэ къозыт гупсысэхэр щыкуэдщ. А тхылъыр «теубыдагъэрэ гушхуэныгъэрэ къыдэзыт Тхьэм» къыдита тыгъэщ. Абы нэмыщІ Библиер зэрыддж хъун Іэмэпсымэхэр диІэщ. Псалъэм папщІэ, «Индекс публикаций Сторожевой Башни», «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэхэр. Абыхэм я фІыгъэкІэ цІыхур и гугъуехьхэм пэлъэщыну дэІэпыкъун гупсысэфІхэмрэ Библием ит едзыгъуэхэмрэ къытхуэгъуэтынущ.

16. Зи лъэр щІэхуам дыдэІэпыкъуфын щхьэкІэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр тхэлъын хуей?

16 Гулъытэ зыхэлъ цІыху щабэу щыт. Иеговэ «гущІэгъуныгъэшхуэ зиІэ Адэ лъапІэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэщ» икІи и лэжьакІуэ пэжхэм гущІэгъушхуэ яхуещІ. (Къеджэ 2 Коринф 1:3—6; Лк. 1:78; Рим 15:13). Паул къуэш, шыпхъухэм щабэу зэрыхущытын хуейм теухуауэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Мис абы и псалъэхэр: «Тепщэныгъэу фхудиІэмкІэ дывдэгъуэгурыкІуэн тлъэкІыну щытами, итІани анэр и сабийхэм фІыкІэ зэрадэгъуэгурыкІуэм хуэдэу, дэри фІыкІэ дывдэгъуэгурыкІуащ. АпхуэдизкІэ фІыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикІ хъыбарыфІыр фхуэтІуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атІэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкІэ фІыуэ фытлъэгъуащ» (1 Фес. 2:7, 8). Зи лъэр щІэхуам гулъытэрэ гущІэгъурэ хуэтщІмэ икІи щабэу дыхущытмэ, дэ абы дыдэІэпыкъуфынущ. Дэ дыкъигъэсэбэпу Алыхьым абы и тхьэлъэІум жэуап иритыфынущ.

17. Адрейхэр дгъэгушхуэн папщІэ, дауэ абыхэм дазэрыхущытын хуейр?

17 Къуэш, шыпхъухэм гуэныхь зэрахэлъыр зыщомыгъэгъупщэ. Къуэш, шыпхъухэм щыуагъэ зэи ямыщІэну дыщыгугъмэ, Іэмал имыІэу гузэрыдзэ тщІынущ (Эккл. 7:21, 22). Дэ дощІэ Иеговэ тхузэфІэмыкІын къызэрытхуимыгъэувыр. Ар зэрытщІэр къыддоІэпыкъу адрейхэм зэхэщІыкІ тхэлъу дахущытыну (Еф. 4:2, 32). Ди къуэш, ди шыпхъухэр едгъэгупсысын хуейкъым адрейхэм елъытауэ абыхэм ящІэр мащІэ хуэдэу. Егугъуу Алыхьым зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ апхуэдэ цІыхум дыщытхъумэ, абы къару къыхилъхьэнущ икІи «езым и Іуэхур зытетым ирипэгэн лъэкІынущ» (Гал. 6:4).

18. Сыт зыр зым дыдэІэпыкъуну дыщІыхуейр?

18 Дэ Иеговэрэ Хьисэрэ я дежкІэ дылъапІэщ (Гал. 2:20). Ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыщэу долъагъури, дыхуейщ абыхэм щабэу дабгъэдэтыну икІи зэрытхузэфІэкІкІэ дадэІэпыкъуну. «Аращи, зэгурыІуэныгъэ къэзыхь Іуэхухэми гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ зэрыдгъуэт Іуэхухэми я ужь дивгъэт» (Рим 14:19). Дэ къытхуэмыгъэсу дунеищІэм дыпоплъэ! Абы щыІэжынукъым гупсысэ Іейхэр, унагъуэм илъ гугъуехьхэр, узыфэхэр, зауэхэр, бийхэр, лІэныгъэр. Илъэс мин дэкІа иужь цІыху псори дагъуэншэ хъунущ. Иужьрей гъэунэхуапІэм Иеговэ хуэпэжу къэнэнухэр щІылъэм щыпсэу и быну илъытэнущ икІи «Тхьэм и бынхэм я щхьэхуитыныгъэрэ я щІыхьышхуэрэ абыхэми яІэ» хъунущ (Рим 8:21). А тыгъэ дахэр псоми къытлъысын щхьэкІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм лъагъуныгъэ тхэлъу дадэІэпыкъунщ!

a «Приближайся к Иегове» жыхуиІэ тхылъым, 24-нэ псалъащхьэм еплъ.

b Псэуну хуэмеижхэм уазэрыдэІэпыкъу хъуным теухуауэ чэнджэщхэр къыщыбгъуэтыфынущ «Фыкъызэщыу!» журналым: «Почему жить стоит. Три причины не сдаваться» (2014 гъэм, мэлыжьыхьым къыдэкІащ). Абы мыпхуэдэ статьяхэр итщ: «Почему жить стоит», «Потому что все может измениться», «Потому что можно получить помощь», абы нэмыщІ «Потому что есть обоснованная надежда»; «Если не хочется жить...» (2012 гъэм, щІышылэм къыдэкІащ); «Жить стоит!» (2001 гъэм, жэпуэгъуэм и 22 къыдэкІащ). Абы мыпхуэдэ статьяхэр итщ: «Мировая проблема», «Почему люди отказываются жить», абы нэмыщІ «Помощь можно найти».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Адрейхэм лъагъуныгъэ хэлъу ядэІэпыкъун: цІыхур дгъэгушхуэн икІи дгъэбыдэн папщІэ Иеговэрэ Хьисэрэ ар лъапІэу зэралъытэр едгъэлъэгъун хуейщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын