Дапщэ хъуа зэманыр?
ЗЭМАНЫР дапщэ хъуами къэфщІэну фыхуеймэ, сыт фщІэр? Сыхьэтым феплъу къыщІэкІынщ. «Зэманыр дапщэ хъуа?» — жаІэу къыщывэупщІым деж, сыт жыфІэр? Абы жэуап зэрефтын Іэмал зыбжанэ иІэщ.
Псалъэм папщІэ, шэджагъуэ нэужьым зэманыр сыхьэтрэ ныкъуэрэ зэрыхъуар уэ жыпІэн хуейщ. Зыгуэрым сыхьэтитІым и ныкъуэ хъуауэ жиІэфынущ. Языныкъуэ щІыпІэхэми мыпхуэдэу жаІэфынущ: иджыпсту 1:30 (зы сыхьэтрэ дакъикъэ щэщІрэ) хъуауэ, нэгъуэщІым 13:30 (сыхьэт пщыкІущрэ дакъикъэ щэщІрэ) хъуауэ.
Библиер щатха зэманым цІыхухэм суткэр дапхуэдэут зэрагуэшыр? ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм мыпхуэдэ псалъэхэм ущрохьэлІэ: «пщэдджыжь», «шэджагъуэ», «пщыхьэщхьэ» (ЩІэдз. 8:11; 19:27; 43:16; Втор. 28:29; 1 Цар. 18:26). Ауэ абыхэм нэмыщІ зэманыр дапщэ хъуами нэхъ ІупщІу къэзыгъэлъагъуэ нэгъуэщІ псалъэхэри къагъэсэбэпт.
Япэм Израилым къалэхэр хъумакІуэхэм яхъумэт, псом хуэмыдэу жэщым. ЛІэщІыгъуэ зыбжанэкІэ израил цІыхухэм жэщыр Іыхьищу ягуэшу щытащ (Пс. 63:6). Ауэ Хьисэ щІылъэм къыщыкІуа зэманым щыгъуэ, журтхэм жэщыр ІыхьиплІу ягуэшу щІадзащ, алыджхэмрэ рим цІыхухэмрэ зэращІым хуэдэу.
Псалъэм папщІэ, Хьисэ псы щІыІум тету и лъэужь ирикІуэхэр зэрыс кхъуафэжьейм и лъэныкъуэкІэ щыкІуам, «жэщым и Іыхьэ плІанэращ» ар къыщыхъуар (Мт. 14:25, ДЩІ). Хьисэ и ущие хъыбархэм щыщ зым мыпхуэдэу щыжиІащ: «Ауэ мыр зэвгъащІэ: Унэр зейм дыгъуакІуэр къыщыкІуэну сыхьэтыр ищІэу щытатэмэ, жеинтэкъым икІи и унэм щІигъыхьэу щІэлъыр иригъэдыгъунтэкъым» (Мт. 24:43).
Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэу щажриІам щыгъуэ: «Аращи, фэри фымыжейуэ фысакъ; пщыхьэщхьэрами, жэщ ныкъуэрами, джэд Іуэгъуэрами, нэху щыгъуэрами, унэр зейр къыщыкІуэжынур фщІэркъыми», жэщым и ІыхьиплІми и гугъу ищІащ (Мк. 13:35). Абыхэм ящыщу япэр «пщыхьэщхьэщ», абы дыгъэр къухьа иужь щІидзэти пщыхьэщхьэм сыхьэтыр 9-м нэсыху екІуэкІт. ЕтІуанэр, «жэщ ныкъуэщ», ар сыхьэтыр бгъум щІидзэти жэщ ныкъуэ хъуху екІуэкІт. Ещанэр, «джэд Іуэгъуэщ», жэщ ныкъуэм щыщІэдзауэ жэщым сыхьэтыр 3-м нэсыху. Хьисэ щаубыда жэщым адакъэр щыІуар а зэманырауэ къыщІэкІынщ (Мк. 14:72). ЕплІанэр, «нэху щыгъуэращ», ар сыхьэтыр 3-м щІедзэри дыгъэр къыкъуэкІыху йокІуэкІ.
Аращи, дэ нобэ диІэ сыхьэтхэм хуэдэ япэм щымыІами, цІыхухэм зэманыр жаІэфынут.