ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Сентябрь н. 3—7
  • «Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР БЫДЭ ЗЫЩІЫР
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ НЭХЪРЭ ФЫНЭХЪЫФІУ ЗЫВМЫЛЪЫТЭ
  • ДИ КЪУЭШ, ДИ ШЫПХЪУХЭМ ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ФЕЛЪЭІУ
  • «ДЭІУЭНКІЭ ХЭТИ ЩІЭХЫУ ИРЕХЬЭЗЫР»
  • ИЕГОВЭ КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ
  • ІУЩАГЪ ЗЫХЭДГЪЭЛЪЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
  • Иеговэ Іэдэбагъ зыхэлъ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхуу ущыт, хьэмэрэ уцІыху пагэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Сентябрь н. 3—7

«Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ»

«Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкІуар зыхуейр злэжьыну, абы и Іуэхур нэзгъэсыну аращ» (ИН. 4:34).

УЭРЭДХЭР: 80, 35

ДАУЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ ХЪУНУ...

  • ...Паулрэ Варнавэрэ яхэлъа Іэдэбагъым?

  • ...Епафрас псэемыблэжу зэрыщытам?

  • ...Шимей къыщебгам щыгъуэ Даут зышыІэныгъэ игъэлъэгъуам?

1. Мы дунейм и щхьэхуещагъэр дауэ зэран къызэрытхуэхъуфынур?

АЛЫХЬЫМ и псалъэм иту къатщІэхэр ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпыну сыт щІэгугъур? Ар апхуэдэу щІыщытым и зы щхьэусыгъуэр пэжым дытету дыпсэун щхьэкІэ, Іэдэбагъ зыхэдгъэлъын зэрыхуейращ, ауэ ар тыншкъым. Дэ «мы дунейм и иужьрей махуэхэм» дыщопсэури «езыхэм фІыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фІыуэ ялъагъунущ, закъыфІэщІыжынущ, пэгэнущ» икІи «захуэшыІэжынукъым» жиІэу Библием зи гугъу ищІа цІыхухэм ягъусэу допсэу (2 Тим. 3:1—3). Апхуэдэ хьэл-щэнхэр Алыхьым зэрыфІэмыфІыр дощІэ, ауэ иныкъуэм деж апхуэдэ цІыхухэр насыпыфІэу икІи загъэтхъэжу псэухэу къытщыхъункІэ хъунущ (Пс. 37:1; 73:3). Уеблэмэ, мыпхуэдэ гупсысэхэр дигу къэкІынкІэ хъунущ: «Си щхьэр япэ измыгъэщу, нэгъуэщІхэм яфІ къэслъыхъуэу щытмэ, абы мыхьэнэ иІэу пІэрэ? Сэ зызгъэлъахъшэу щытмэ, цІыхухэм пщІэ къысхуащІыжыну?» (Лк. 9:48). Дэ щхьэхуещэу дыщыщытым деж, ар ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхущытыкІэм зэран хуохъу икІи мы дунейм тет цІыхухэм ещхь дохъу. Ауэ Іэдэбагъ зыхэлъу щыта Иеговэ и лэжьакІуэхэм я ІуэхущІафэхэм дегупсысу, абыхэм щапхъэ ятетхмэ, абы фІыгъуэ куэд къытхуихьынущ.

2. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм къытхуагъэна щапхъэхэр дэ сыткІэ къыддэІэпыкъуну?

2 Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм щапхъэ ятетхыну дыхуеймэ, мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысын хуейщ: Алыхьыр арэзы ящІыну икІи и ныбжьэгъу хъуну сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Алыхьыр зыхуейр ящІэн щхьэкІэ дэнэт абыхэм къару къыздрахыр? Апхуэдэу тщІэмэ, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъунущ.

ДИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР БЫДЭ ЗЫЩІЫР

3, 4. 1) Иеговэ дапхуэдэу дизэригъасэр? 2) Ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ щІэныгъэ диІэ закъуэкІэ щІызэфІэмыкІыр сыт?

3 Библиер, ди литературэхэр, ди сайтыр, интернет-телевидениер, зэхуэсхэр икІи конгрессхэр къыддоІэпыкъу щІэныгъэ зэдгъэгъуэтыну икІи ди фІэщхъуныгъэр быдэ хъуну. Ауэ абыхэм дэ дыщІыхуейр щІэныгъэ зэрызэдгъэгъуэт закъуэракъым. Ар Иуан 4:34 ит Хьисэ и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ: «Сэ си шхыныгъуэр сыкъэзыгъэкІуар зыхуейр злэжьыну, абы и Іуэхур нэзгъэсыну аращ».

4 Хьисэ Алыхьыр зыхуейр гъэзэщІэныр и шхыныгъуэу къилъытэт. Псалъэм папщІэ, къэуат зыщІэлъ шхыным нэжэгужэ уещІ икІи къару къыует. Апхуэдэу дэри Алыхьыр зыхуейр щытщІэм деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ дощІ. Фэри мызэ-мытІэу къыфщыщІауэ къыщІэкІынщ хъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІым фезэшауэ фыкІуауэ, ауэ хъыбарыфІыр вгъэІуа иужь, фылъэтэным хуэдэу фыкъыщыкІуэжа.

5. Сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къалъысыну Іущагъ зыхэлъхэм?

5 ЖыІэдаІуэу Алыхьыр зыхуейр щытщІэм деж, Іущагъ тхэлъу жыпІэ хъунущ (Пс. 107:43). Абы фІыгъуэ куэд кърикІуэнущ. Библием щыжыІащ: «Ежьащ гъуэгу махуэ Іущыгъэр къэзыгъуэтыр... Налкъутналмэсхэм нэхъри ар нэхъ лъапІэщ, уи гум фІэІэфІхэм ящыщу абы пэхъуни зы щымыІэ. [...] Иригъуазэ псомкІи ар гъащІэ жыгщ, ар зыІэщІэзмыгъэкІри ехъулІащ» (Прит. 3:13—18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Хьисэ жиІащ: «Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ» (Ин. 13:17). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ я ЕгъэджакІуэм жиІэр ягъэзэщІэн хуейт. Ахэр махуэ къэс Хьисэ зыхуригъаджэхэм тету, абы щапхъэ трахыу псэун хуейт.

6. Библием къыщытщІэхэр адэкІи ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын щІыхуейр сыт?

6 Ноби мыхьэнэшхуэ иІэщ Алыхьым жиІэр адэкІи дгъэзэщІэным. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Машинэ зыщІыж цІыхум и лэжьыгъэм теухуауэ щІэныгъэ бгъэдэлъщ икІи зыхуэныкъуэ Іэмэпсымэхэри иІэщ. Ауэ ахэр къимыгъэсэбэпу щытмэ, абыхэм мыхьэнэ яІэкъым. Илъэс куэдкІэ лэжьауэ, и лэжьыгъэм фІыуэ хищІыкІыу щытми, адэкІи абы и ІэщІагъэм хигъэхъуэн хуейщ, а лэжьыгъэр фІыуэ игъэзэщІэн щхьэкІэ. Апхуэдэу дэри Библием ит щІэныгъэхэр япэу къэдгъэсэбэпу щыщІэддзам ехъулІэныгъэ диІэхэм дигъэгуфІэт. Ауэ адэкІи насыпыфІэу дыщытын щхьэкІэ Иеговэ дызыхуригъаджэм махуэ къэс дытету дыпсэун хуейщ.

7. Библием ит Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэм дегупсысмэ, сыткІэ сэбэп къытхуэхъуну?

7 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Іэдэбагъ тхэлъыну къыщыдэгугъуэкІынкІэ хъун Іуэхугъуэхэр икІи япэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр апхуэдэ Іуэхугъуэхэм ихуа иужь сыт ящІами къэтщІэнущ. Ауэ дэ абыхэм теухуауэ деджэ закъуэу щымыту, дызэджам куууэ дегупсысу ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын хуейщ.

НЭГЪУЭЩІХЭМ НЭХЪРЭ ФЫНЭХЪЫФІУ ЗЫВМЫЛЪЫТЭ

8, 9. Апостолхэм 14:8—15 зэритымкІэ дауэ Паул Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

8 Алыхьыр хуейщ «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну икІи щыпкъагъэр ящІэну» (1 Тим. 2:4). Пэжыр къэзымыщІа нэгъуэщІ цІыхухэм фэ дауэ фазэрыхущытыр? Апостол Паул Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ гуэр зиІэ журтхэм хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт. Ауэ абыхэм нэмыщІ тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэхэми Алыхьым и псалъэр яжриІэт. Абыхэм хъыбарыфІымкІэ зэрыдэгуашэм Паул Іэдэбагъ хурикъурэ хуримыкъурэ къигъэлъэгъуащ. Дауэ?

9 Паул Варнавэ и гъусэу миссионер лэжьыгъэр игъэзащІэу япэу щыкІуам, Листрэ къалэм хъыбарыфІыр щагъэІуну дыхьат. Абы дэсхэм ахэр я тхьэ нэпцІхэрауэ къащыхъури, Варнавэ Зевс фІащащ, Паул ЕрмийкІэ (ГермескІэ) еджащ. Ауэ абы щхьэкІэ закъыфІэщІыжа абыхэм? НэгъуэщІ къалэхэм гугъуехь щашэчахэм иужь а Іуэхугъуэм зэрызагъэпсэхужын Іэмалу ахэр еплъауэ пІэрэ? Абыхэм апхуэдэ щІыхь къызэрыхуащІар хъыбарыфІыр цІыху куэдым зэхрагъэхын щхьэкІэ сэбэп яхуэхъуну егупсысауэ пІэрэ? Хьэуэ! Паулрэ Варнавэрэ я щыгъынхэр зэфІатхъри, цІыху гупышхуэм яхэлъадэри, макъышхуэкІэ жаІащ: «Сыт фщІэр? Фэ фхуэдэу дэри дыцІыхущ» (Апост. 14:8—15).

10. Паулрэ Варнавэрэ Листрэ къалэм дэсхэм нэхърэ нэхъыфІу сытыт зыщІамылъытэжыр?

10 Паулрэ Варнавэрэ «Фэ фхуэдэу дэри дыцІыхущ» щыжаІам, дауикІ, тхьэ нэпцІхэм ахэри хуэлажьэу жаІауэ аракъым. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн Алыхьым къаритауэ миссионер лэжьыгъэр ягъэзащІэт (Апост. 13:2). Абыхэм уафэм кІуэну гугъэ дахэ яІэт, ауэ адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу залъытэжтэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Паулрэ Варнавэрэ къагурыІуэт Листрэ къалэм дэсхэм Алыхьым и псалъэр къащтэмэ, абыхэми уафэм кІуэну гугъэ зэраІэнур.

11. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Паул хуэдэу Іэдэбагъ дауэ зэрызыхэдгъэлъынур?

11 Паул хуэдэу дэри Іэдэбагъ зэрытхэлъыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Япэрауэ, Иеговэ и лэжьыгъэр щыдгъэзащІэкІэ ехъулІэныгъэ гуэрхэр ар къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ диІэмэ, нэгъуэщІхэм пщІэ нэхъыбэ къытхуащІын хуейуэ дегупсысын хуейкъым. ЕтІуанэрауэ, дэтхэнэ зыри дызэупщІыж хъунущ: «ХъыбарыфІыр зыхуэсІуатэхэм дауэ сазэрыхущытыр? ЦІыху зэхэгъэж сщІыуэ пІэрэ?» Дуней псом Иеговэ и Щыхьэтхэм къащІэну хэтщ, ахэр щыпсэу щІыпІэм цІыхухэр сыт хуэдэ бзэкІэ псалъэми, хъыбарыфІыр зэхахыну ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Языныкъуэхэм нэгъуэщІхэм я бзэр зэрагъащІэ, я хабзэхэри къащІэ, ахэр цІыхухэм Іумпэм ящІ лъэпкъхэм ящыщу щытми. Апхуэдэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр зыхуаІуатэ цІыхухэм нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу зэи залъытэжкъым. Ахэр цІыхухэм зэхэщІыкІ яхэлъу яхущытщ икІи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр я гум нэсын щхьэкІэ ядоІэпыкъу.

ДИ КЪУЭШ, ДИ ШЫПХЪУХЭМ ЩХЬЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ФЕЛЪЭІУ

12. Епафрас нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну зэрыхуейр сытым къыхэщрэт?

12 Дэр хуэдэу «фІэщхъуныгъэ зиІэ хъуа» цІыхухэм щхьэкІэ Алыхьым дыщелъэІум деж, Іэдэбагъ зэрытхэлъыр къыдогъэлъагъуэ (2 Пет. 1:1). Епафрас апхуэдэу щытт. Библием абы теухуауэ щэ фІэкІ и гугъу ищІкъым. Паул унэм къыщІэкІыну хуимыту яубыдауэ здыщІэсым, Колоссэ къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм письмо яхуитхам къыщыхигъэщащ Епафрас абыхэм щхьэкІэ Алыхьым зэрыхуелъэІур (Кол. 4:12). Епафрас къуэшхэр фІыуэ ицІыхут икІи гурэ псэкІэ абыхэм щхьэкІэ гузавэт. Паул и гъусэу ар лъэхъуэщым щисми нэгъуэщІхэм зэрадэІэпыкъуным иужь итт (Флм. 23). Епафрас къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым елъэІут, дэри ди лъэІухэм къаруушхуэ яІэщ, псом хуэмыдэу я цІэхэр къыщитІуэм деж (2 Кор. 1:11; Екъуб 5:16).

13. Алыхьым лъэІукІэ зыщыхуэвгъазэм деж, Епафрас дауэ щапхъэ тефх хъуну?

13 Фегупсыс хъунущ фи лъэІухэм хэт и цІэр хэвгъыхьэ хъунуми. Иеговэ и лэжьакІуэхэм Епафрас щапхъэ трах — ахэр гугъуехь пэщІэхуа ди къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ Алыхьым йолъэІу. Хэти унафэ мытынш ищІыну къыпэщылъу къыщІэкІынщ, хэти гъэунэхуапІэ ихуауэ абы пэщІэтынкІэ хъунщ. Ди сайт jw.org ит «Страны, где Свидетели Иеговы находятся в заключении за веру» жыхуиІэ статьям цІэ къихьхэр фи лъэІум хэвгъыхьэ хъунущ. (Феплъ НОВОСТИ > ЮРИДИЧЕСКАЯ СИТУАЦИЯ.) Куэдым фІыуэ ялъагъу цІыхухэр лІэныгъэм яІэщІихащ, апхуэдэ гуауэ зиІэхэм щхьэкІи лъэІукІэ Алыхьым зыхуэвгъазэ хъунущ. Абы нэмыщІ фэ иджыри фи лъэІухэм хэвгъыхьэ хъунущ зауэ, гузэвэгъуэшхуэхэр зылъэгъуахэр е ахъшэ къэлэжьыным пыщІа гугъуехь зиІэхэр. Дэ ди тхьэлъэІум къуэш, шыпхъу куэдыр хуэныкъуэщ. Абыхэм щхьэкІэ лъэІукІэ Алыхьым зыщыхуэдгъазэм деж, дэ къыдогъэлъагъуэ мы псалъэхэм дызэрытетыр: «Езым и щхьэм и Іуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми ирыреплъ» (Флп. 2:4). Апхуэдэ лъэІухэр Алыхьым зэрызэхихым дэ шэч къытетхьэкъым.

«ДЭІУЭНКІЭ ХЭТИ ЩІЭХЫУ ИРЕХЬЭЗЫР»

14. НэгъуэщІхэм жаІэм дызэредэІуэным теухуауэ Иеговэ сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъагъурэ?

14 НэгъуэщІхэм я гум илъыр къыщыджаІэм деж дедаІуэмэ, Іэдэбагъ зэрытхэлъыр къыдогъэлъагъуэ. Екъуб 1:19 итщ: «ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр». Иеговэ абыкІэ щапхъэфІ дегъэлъагъу (ЩІэдз. 18:32; Иис. Н. 10:14). Исход 32:11—14 итым сытым дыхуигъэсэфыну пІэрэ? Мусэ и чэнджэщым Иеговэ хуэмыныкъуэу щытами, абы и еплъыкІэр жригъэІащ. Иеговэ и пІэ фитамэ, зыгуэркІэ цІыху щыуэм жиІэм федэІуэнут икІи абы чэнджэщ къывитам фытетынут? Фытетыну къыщІэкІынтэкъым. Ауэ фІэщхъуныгъэ иІэу лъэІукІэ зыхуэзыгъазэ дэтхэнэми Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу йодаІуэ.

15. Иеговэ щапхъэ тефхыу, нэгъуэщІхэм дауэ пщІэ яхуэфщІ хъуну?

15 Дэтхэнэ зыри дызэупщІыж хъунущ: «Иеговэ Іэдэбагъ хэлъу цІыхухэм щедаІуэкІэ, псалъэм папщІэ Ибрэхьим, Рахэл, Мусэ, Нун и къуэ Ехьошуа (Иисус Навин), Маной, Иляс, Езекие сымэ жаІэм зэредэІуам хуэдэу, сэри си къуэш, си шыпхъухэм пщІэ яхуэсщІу, жаІэм седаІуэу икІи чэнджэщыфІ къызатхэр къэзгъэсэбэпу сыщытын хуейкъэ? Си Іыхьлыхэм ящыщу е зэхуэсым ди къуэш, ди шыпхъухэм щыщу хэт гулъытэ нэхъ зыхуэсщІ хъунур? Сыт абыхэм яхуэсщІэ хъунур?» (ЩІэдз. 30:6; Суд. 13:9; 1 Цар. 17:22; 2 Лет. 30:20).

ИЕГОВЭ КЪЫВДЭІЭПЫКЪУНУЩ

Даут жиІащ: «И гугъу фымыщІ». Фэ сытыт фщІэнур? (16, 17-нэ абзацхэм феплъ.)

16. Даут Шимей Іей къыщыжриІэм сыт ищІар?

16 Іэдэбагъыр дэ иджыри къыддоІэпыкъу зыгуэр Іейуэ къыщытхущытым деж зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну (Еф. 4:2). Абы теухуауэ 2 Самуила 16:5—7, 13a (къеджэ) ит зы щапхъэ деплъынщ. Пащтыхь Щаул и благъэ Шимей Даути и цІыхухэми Іей яхужиІэурэ мывэхэр идзт. Даут ар къигъэувыІэфынут, ауэ шыІэныгъэ зыхигъэлъащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы и жэуапыр 3-нэ Псаломым итщ.

17. Даут Іэдэбагъ зыхигъэлъыну сыт къыдэІэпыкъуар? Дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетхыфынур?

17 3-нэ Псаломыр Даут щитхар и къуэ Авессалом ар иукІыну иужь щитам щыгъуэщ. Псалом 3:4 Даут Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуным шэч къызэрытримыхьэр итщ: «Иеговэ ину седжэнущ икІи абы и бгы лъапІэм къикІыу жэуап къызитыжынущ». Лей къыщыттрагъэхьэм деж, Иеговэ лъэІукІэ дэри зыхуэдгъазэ хъунущ. Иеговэ и къару лъапІэр къыдитынущ ди гугъуехьхэм дыпэлъэщын щхьэкІэ. Фегупсыс, Іэдэбагъ фхэлъыну икІи фи жагъуэ зыщІам хуэвгъэгъуну сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж нэхъ къывэгугъуэкІми. Иеговэ фи гугъуехьу хъуар зэрилъагъур икІи Іэмал имыІэу къызэрывдэІэпыкъунур быдэу фи фІэщ хъурэ?

ІУЩАГЪ ЗЫХЭДГЪЭЛЪЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ

18. Алыхьым пэжу къилъытэм дытетмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы кърикІуэну?

18 Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу тщІэмэ, абы фІыгъуэ куэд къытхуихьынущ. Притчи 4:7 итщ: «ЩыІэкъым Іущыгъэм и щхьэ кІуэ» (Гъэс.). Іущагъ зэбгъэгъуэтын щхьэкІэ щІэныгъэ уиІэн хуейщ, ауэ щІэныгъэ уиІэ закъуэкІэ зэфІэкІкъым. Іущагъ диІэрэ димыІэрэ къэзыгъэлъагъуэр унафэ тщІыхэращ. Уеблэмэ, хъумпІэцІэджми Іущагъ бгъэдэлъщ, абы и шхыныр гъэмахуэм егъэхьэзыр (Притчи 30:24, 25, Гъэс.). Хьисэ Іущагъ бгъэдэлът икІи и Адэр зыгъэгуфІэн сыт щыгъуи ищІэт (1 Кор. 1:24; Ин. 8:29). Дэ унафэ пэж тщІын хуей закъуэкъым, атІэ унафэ тщІам дытетыжын хуейщ. Иеговэ зыхуейр тщІэмэ икІи Іэдэбу дыкъанэмэ, фІыгъуэ куэд къыдитыжынущ. (Къеджэ Маттэ 7:21—23.) Іэдэбагъ зэрызыхэдгъэлъыным дыхущІэвгъэкъу, зэхуэсым щыщхэм псоми а хьэл-щэныр тыншу ягъэлъэгъуэфын щхьэкІэ. ДауикІ, пэжым утетыну сыт щыгъуи тыншкъым, абы зэмани шыІэныгъи хуейщ. Ауэ пэжым дытетмэ, абыкІэ къэдгъэлъэгъуэнущ Іэдэбагъ зэрытхэлъыр икІи абы гуфІэгъуэ мыухыж къыдитынущ.

a 2 Самуила 16:5—7, 13: «Пащтыхь Даут Бахурим щынэсам, абы Щаул и унагъуэр къызыхэкІам щыщ цІыху къыдэкІащ. Абы и цІэр Шимейт, ар Ге́рэ и къуэт. Ар бгэурэ кІуэт. А цІыхур Пащтыхь Даути и цІыхухэми мывэкІэ еуэу щІидзащ,— цІыхухэри цІыхухъу къарууфІэхэри Пащтыхьым и ижьырабгъумкІи и сэмэгурабгъумкІи щытхэт. Шимей кІийуэ бгэурэ жиІэт: „ЗыІуегъэх! ЗыІуегъэх, цІыхуукІ, бзаджэнаджэ!“ [...] Даут и цІыхухэр и гъусэу адэкІи и гъуэгум пищэжащ, ауэ Шимей абы зыкъыкІэримыгъэхуу, бгэурэ, бгы егъэзыхыгъуэм тету кІуэт. Ар абы и гъунэгъуу кІуэт икІи мывэрэ сабэрэ тридзэт».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын