Иеговэ махуэ къэс фыдэлажьэ
«Дэ Алыхьым дыдолажьэ» (1 КОР. 3:9, ДЩІ).
1. Иеговэ фэ дауэ фызэрыдэлэжьэфынур?
ИЕГОВЭ цІыхухэр къыщигъэщІам щыгъуэ хуейт ахэр къыдэлэжьэну икІи и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ зыдигъэІэпыкъуну. Иеговэ и лэжьакІуэхэм нобэ гуэныхь яхэлъми, ахэри махуэ къэс абы дэлэжьэфынущ. Псалъэм папщІэ, дэ Алыхьым дыдолажьэ хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж икІи абы и лэжьакІуэ хъуну цІыхухэм дащыдэІэпыкъум деж (1 Кор. 3:5—9). Псори къэзыгъэщІа Алыхьым мыхьэнэшхуэ иІэу къилъытэ лэжьыгъэм и гъусэу дыхэтыну дзыхь къытхуищІащ. Фегупсысыт, сыту пщІэшхуэ ар! Ауэ дэ Иеговэ дызэрыдэлэжьэн нэгъуэщІ Іэмалхэри щыІэщ. АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ ди унагъуэм исхэм икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъуным, хьэщІагъэ зырызыхэдгъэлъыным, организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэхэм икІи Иеговэ и Іуэхум нэхъыбэу дызэрыхэтыным (Кол. 3:23).
2. Иеговэ хуэфщІэр нэгъуэщІхэм хуащІэм сыт евгъапщэ щІэмыхъунур?
2 Мы статьям фыщеджэкІэ зыщывмыгъэгъупщэ дэ зыри дызэрызэмыщхьыр. НыбжькІэ, узыншагъэкІэ, зэфІэкІхэмкІэ икІи ди Іуэхур зыІутымкІэ зыри дызэхуэдэкъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ хуэфщІэр нэгъуэщІхэм хуащІэм евмыгъапщэ. Апостол Паул итхат: «Езым и Іуэхур зыхуэдэр хэти ирегъэунэхуж. А Іуэхур фІымэ, нэгъуэщІ цІыхум и Іуэхум емыплъу, езым и Іуэхур зытетым ирипэгэн лъэкІынущ» (Гал. 6:4).
ФИ УНАГЪУЭМ ИСХЭМ ИКІИ ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЩ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
3. И унагъуэм зыхуэныкъуэмкІэ дэІэпыкъу цІыхур Иеговэ дэлажьэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
3 Иеговэ хуейщ и лэжьакІуэхэр я унагъуэхэм зыхуэныкъуэмкІэ дэІэпыкъуну. Фэ фылажьэу къыщІэкІынщ фи унагъуэр зыхуейр хуэвгъэзэн щхьэкІэ. Анэ куэдыр я сабий цІыкІухэм бгъэдэсын щхьэкІэ унэм щІэсын хуей мэхъу. Хэти зи ныбжь хэкІуэта и адэ-анэм кІэлъыплъыжын хуейщ. Ахэр псори дгъэзэщІэн хуей къалэнщ. Библием щыжыІащ: «И унэкъуэщхэм, псом хуэмыдэжу и унэ щІэсхэм, якІэлъымыплъ цІыхур и фІэщхъуныгъэм епцІыжащ. Ар фІэщхъуныгъэ зимыІэм нэхърэ нэхъ Іеижщ» (1 Тим. 5:8). Фэ апхуэдэ зы Іуэхугъуэ гуэр вгъэзэщІэн хуейуэ щытмэ, Иеговэ и лэжьыгъэм зэман тевгъэкІуэдэну фызыхуейм хуэдиз тевгъэкІуэдэфу къыщІэкІынкъым. Абы фримынэщхъей! Фи унагъуэм зыхуэныкъуэмкІэ фызэрыдэІэпыкъум Иеговэ егъэгуфІэ (1 Кор. 10:31).
4. Дауэ адэ-анэ куэдым къызэрагъэлъагъуэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр я гъащІэм псом япэ зэрырагъэщыр? Апхуэдэу зэращІэм сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэрэ?
4 Иеговэ и Щыхьэту щыт адэ-анэхэр Иеговэ долажьэ, я бынхэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэр ягъэувыну щадэІэпыкъум деж. Адэ-анэ куэдым апхуэдэу ящІэ. Абы и фІыгъэкІэ щІалэгъуалэ куэдым я унэм пэжыжьэу Иеговэ полновременнэу хуэлэжьэн щІадзэ: хъыбарыфІыр зыгъэІухэр нэхъ мащІэу здэщыІэ щІыпІэхэм хэти миссионеру, хэти пионеру макІуэ, хэти Вефилым щолажьэ. Ахэр я унэм зэрыпэжыжьэм щхьэкІэ адэ-анэхэр куэдрэ ялъагъу хъункъым. Адэ-анэхэм я деж ар гугъуу щытми, абыхэм я бынхэр адэкІи а лэжьыгъэм хэтыну хуагъэуш. Сыт щхьэкІэ? Ахэр хуабжьу мэгуфІэ я бынхэм Иеговэ и Іуэхур псом япэ зэрырагъэщым щхьэкІэ (3 Ин. 4). Адэ-анэ куэдым Аннэ иІа гурыщІэхэм хуэдэ яІэу къыщІэкІынщ. Абы и къуэ Самуел щхьэкІэ жиІат: «Сэ ар Иеговэ изот». Адэ-анэхэр апхуэдэу Иеговэ зэрыдэлажьэр езыхэм я дежкІэ щІыхьышхуэщ. ИкІи ахэр мэгуфІэ я бынхэм апхуэдэ гъащІэ зэрырахьэкІым щхьэкІэ (1 Сам. 1:28).
5. Зэхуэсым щыщ къуэшым е шыпхъум дауэ щІэгъэкъуэн узэрыхуэхъуфынур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
5 Фи Іуэхур хуэхъуу щытмэ, сымаджэхэм, зи ныбжь хэкІуэтахэм е нэгъуэщІ гугъуехь зиІэхэм фадэІэпыкъуфыну пІэрэ? Абы нэмыщІ зыщывмыгъэгъупщэ апхуэдэхэм дэІэпыкъухэри дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэнкІэ хъунур. Фи зэхуэсым щІэгъэкъуэн зыхуэныкъуэ хэту щытмэ, абы гу зэрылъыфтэным иужь фит. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъур зи ныбжь хэкІуэта адэ-анэм кІэлъыплъмэ, зэман гуэркІэ абыхэм фабгъэдэсыфыну пІэрэ, шыпхъум нэгъуэщІ Іуэхухэр зэфІигъэкІыху? Абы нэмыщІ дэІэпыкъуэгъу узэрыхъуфын нэгъуэщІ Іэмалхэри щыІэщ: цІыхур зэІущІэм пшэ хъунущ, и гъусэу щэхуакІуэ укІуэ, е сымаджэщым и гъусэу щІэупщІакІуэ укІуэ хъунущ. Апхуэдэу зыгуэрым щІэгъэкъуэн фызэрыхуэхъур абы и лъэІум и жэуап хуэхъункІэ хъунущ. (Къеджэ 1 Коринф 10:24.)
ХЬЭЩІАГЪЭ ЗЫХЭВГЪЭЛЪ
6. ХьэщІагъэ ехыным хыхьэр сыт?
6 Алыхьым дэлажьэ цІыхухэм сыт щыгъуи хьэщІагъэ яхэлъу щытащ. «ГъэхьэщІэн» жиІэу зэрадзэкІа псалъэм алыджыбзэкІэ «гуапагъэ хэлъу умыцІыхум хущытын» къокІ (Евр. 13:2). ХьэщІагъэ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ куэд Библием итщ (ЩІэдз. 18:1—5). Дэ псоми дазэрыдэІэпыкъуным иужь дитын хуейщ, «фІэщхъуныгъэ зиІэхэми» нэгъуэщІхэми (Гал. 6:10).
Дэ псоми дазэрыдэІэпыкъуным иужь дитын хуейщ
7. Районым и нэхъыжьхэм хьэщІагъэ зэрефхым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыфхуихьыну?
7 Дапхуэдэу иджыри Иеговэ фызэрыдэлэжьэфынур? Псалъэм папщІэ, районым и нэхъыжьыр хьэщІэу къыщевгъэблагъэм деж. (Къеджэ 3 Иуан 5, 8.) Зыр зым зэригъэгушхуэн ІэмалыфІщ ар (Рим 1:11, 12). О́лаф и щапхъэм деплъынщ. Ар иджыри ныбжьыщІэу, я зэхуэсым щхьэгъусэ зимыІэ районым и нэхъыжь къэкІуат. Ар зыщІэсын унэ зыми къратыфтэкъыми, Олаф Иеговэ и Щыхьэту щымыт и адэ-анэм еупщІащ ар я деж щыІэ хъунрэ мыхъунрэ. Адэ-анэм ар хуадащ, Олаф диваным щыжеину щытмэ. Олаф тэкІу гугъу ехьами, къуэшыр къызэрыригъэблэгъам хущІегъуэжакъым. Абы игу къегъэкІыж: «А тхьэмахуэр зэи сщыгъупщэжынукъым! Районым и нэхъыжьымрэ сэрэ жьыуэ дыкъэтэджти, пщэдджыжьышхэ щытщІкІэ упщІэ гъэщІэгъуэнхэр зэгъусэу зэпкърытхт. Абы апхуэдизкІэ сигъэгушхуати, полновременнэу сылэжьэну гукъыдэж сиІэ хъуащ». Иужьрей илъэс 40-м Олаф миссионеру къэрал зыбжанэм щылэжьащ.
8. Сыт дэ гуапэу дыщытын щІыхуейр, цІыхухэм ар фІыщІэ ямыщІу къытщыхъуми? Щапхъэ къэфхь.
8 Гуапагъэр Іэмал куэдкІэ пхуэгъэлъэгъуэнущ, ар цІыхухэм фІыщІэ ямыщІу щытми. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Испанием щыщ ди зы шыпхъум Эквадор къикІа Е́сикэ зи цІэ цІыхубз Библием иригъаджэт. Зэгуэрым Библиер зэгъусэу щаджым Есикэ гъын щІидзащ. Ар щІэгъымкІэ ди шыпхъур щеупщІым, Есикэ жиІэжащ Испанием къэкІуэн ипэ тхьэмыщкІэ дыдэу зэрыпсэуар. Зы махуэ гуэрым абы и пхъу цІыкІум псы фІэкІа иригъэшхын нэгъуэщІ зыри иІэжтэкъым. Есикэ и пхъур щигъэжейм Алыхьыр къыдэІэпыкъуну елъэІуащ. Абы иужь куэд мыщІэу ди шыпхъуитІ журнал хуахьри абы и деж кІуащ. Ауэ абы журналыр зэфІитхъри, яхуэгубжьауэ жиІащ: «МыбыкІэ си сабийр згъэшхэн хуейуэ ара?» Шыпхъухэм ар трагъэужыну хэтащ, ауэ абы зыри къикІакъым. ИужькІэ шыпхъухэм абы шхын хуахьри и бжэІупэм деж къыщагъэнащ. Шыпхъухэм къыхуащІар абы и гуапэ хъуат. Аращ Есикэ Библием еджэу здэщысым щІэгъар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгурыІуащ и лъэІум Алыхьым жэуап къритам гу зэрылъимытауэ щытар. Абы иужькІэ Есикэ Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну мурад ищІащ. Шыпхъухэм я хьэлэлагъым фІыгъуэ куэд къихьащ (Эккл. 11:1, 6).
ОРГАНИЗАЦЭМ ИРИГЪЭКІУЭКІ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭМ ФЫХЭТ
9, 10. 1) Израил лъэпкъым Иеговэ и лэжьыгъэм хэтыну сыт хуэдэ Іэмалхэр иІэт? 2) Дауэ къуэшхэр зэхуэсым дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэхъуфынур?
9 Япэм израил лъэпкъыр Иеговэ и лэжьыгъэм зэрыхэтын Іэмал куэд щыІэт (Исх. 36:2; 1 Лет. 29:5; Неем. 11:2). Нобэ дэри ди зэфІэкІхэр, зэманыр икІи мылъкур къэдгъэсэбэп хъунущ ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхэтщІэнущ икІи Иеговэ фІыгъуэ куэд къытхуищІэжынущ.
10 Къуэшхэр дауэ Иеговэ зэрыдэлэжьэфынур? Библием ахэр хуегъэуш зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу икІи и нэхъыжь хъуну (1 Тим. 3:1, 8, 9; 1 Пет. 5:2, 3). Апхуэдэ къуэшхэр адрейхэм ІуэхукІэ щІэгъэкъуэн яхуохъу икІи я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ доІэпыкъу (Апост. 6:1—4). Псалъэм папщІэ, зэІущІэхэм Іуэхузехьэу фыщытыну, ди литературэмрэ хъыбарыфІыр щыдгъэІу участокхэмрэ фыкІэлъыплъыну е дыщызэхуэс Унэхэр зыхуэныкъуэр хуэвгъэзэну зэхуэсым и нэхъыжьхэр къывэлъэІумэ-щэ? Апхуэдэ къалэнхэр вгъэзэщІэну фыхьэзыр? ЗэІущІэм апхуэдэу дэІэпыкъу къуэшхэм зэрыжаІэмкІэ, абы гуфІэгъуэшхуэ къахуехь.
Организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм ныбжьэгъу къыщыбгъуэтыфынущ. (11-нэ абзацым феплъ.)
11. Марджи организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэтурэ ныбжьэгъу къыхуэхъуахэр дауэ къыдэІэпыкъуа?
11 Организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэт къуэш, шыпхъухэм абы ныбжьэгъу къыщагъуэт. Ма́рджи зицІэ ди зы шыпхъур илъэс 18-кІэ дыщызэхуэс Унэхэр ухуэным хэтащ. А илъэсхэм къриубыдэу абы шыпхъу ныбжьыщІэхэм гулъытэ яхуищІт, езым ищІэмкІэ дэгуашэт икІи дэІэпыкъут. Марджи зэрыжиІэмкІэ апхуэдэ лэжьыгъэхэм хэтыныр — зыр зым зэрыдгъэгушхуэ хъун ІэмалыфІщ (Рим 1:12). Марджи гугъуехьхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ, апхуэдэ лэжьыгъэхэм щыхэтам ныбжьэгъу ищІа шыпхъухэр щІэгъэкъуэн къыхуэхъуащ. Организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм ухэта уэ? Уэри апхуэдэ лэжьыгъэм ухэтыфынущ, абы теухуауэ ІэщІагъэ гуэр уимыІэу щытми.
12. Гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу дыдэІэпыкъу хъуну?
12 Абы нэмыщІ дэ Иеговэ дыдолажьэ, гузэвэгъуэшхуэм пэщІэхуа ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж. Языныкъуэхэр мылъкукІэ доІэпыкъу (Ин. 13:34, 35; Апост. 11:27—30). Адрейхэм гузэвэгъуэшхуэ нэужьым зэхэкъутахэр зэлъыІуахыж. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Польшэ къыщыхъуа псыдзэм ди шыпхъу Габрие́лэ и унэр зэхикъутат. НэгъуэщІ зэхуэсхэм щыщ къуэшхэр къыдэІэпыкъуну къыщыкІуам ар хуабжьу гуфІащ. Габриелэ къыддогуашэ: «Сэ сфІэкІуэдам сытепсэлъыхьыну сыхуейкым, ар хьэпшыпу аращ. Къысхэхъуам сытепсэлъыхьмэ нэхъыфІщ. Къэхъуам къызгуригъэІуащ — Иеговэ и лъэпкъым ухэтыныр пщІэшхуэу щытщ икІи насыпышхуэщ». Апхуэдэ гугъуехь пэщІэхуауэ дэІэпыкъуэгъу зыхуэхъуа куэдми Габриелэ иІа гурыщІэхэм хуэдэ яІэщ. ИкІи Иеговэ дэлажьэу нэгъуэщІхэм дэІэпыкъу къуэш, шыпхъухэми гуфІэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ зыхащІэ. (Къеджэ Апостолхэм 20:35; 2 Коринф 9:6, 7.)
13. Псэемыблэжу нэгъуэщІхэм дащыдэІэпыкъум деж, Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуу сыт жыпІэ щІэхъунур? Щапхъэ къэфхь.
13 Сте́фани зицІэ ди шыпхъури икІи нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэри Иеговэ дэлэжьащ. Ахэр дэІэпыкъуащ я къэралым зауэ къызэрыщыхъуам щхьэкІэ Америкэм Іэпхъуэн хуей хъуа Иеговэ и Щыхьэтхэм. Ахэр зыщІэсын унэрэ зыхуэныкъуэ хьэпшыпымрэ къыхуагъуэтащ. Стефани жеІэж: «Къуэшхэм Иеговэ и лъэпкъым и лъагъуныгъэр щызэхащІам щыгъуэ ар фІыщІэшхуэ ящІащ икІи хуабжьу гуфІащ. Абы дэри икъукІэ дигъэгушхуащ. Абыхэм дэ дадэІэпыкъуауэ ябж, ауэ, пэжу жыпІэмэ, ахэр дэ къызэрыддэІэпыкъуар нэхъыбэщ. Абыхэм я лъагъуныгъэр, зэкъуэтыныгъэр, фІэщхъуныгъэр икІи Алыхьым дзыхь зэрыхуащІыр щытлъэгъуам щыгъуэ, Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр нэхъыбэж хъуащ икІи абы и организацэмкІэ къыдит псом щхьэкІэ ди гум фІыщІэ илъыр хэхъуащ».
ИЕГОВЭ И ІУЭХУМ НЭХЪЫБЭУ ФЫЗЭРЫХЭТЫНЫМ ИУЖЬ ФИТ
14, 15. 1) Бегъымбар Ешайа сыт хуэдэ еплъыкІэ иІар? 2) Иеговэ и лэжьакІуэхэм дауэ абы щапхъэ трах зэрыхъунур?
14 Иеговэ нэхъыбэжу фыдэлэжьэну фыхуейт? ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр нэхъ мащІэу здэщыІэ щІыпІэм фыІэпхъуэфыну пІэрэ? ДауикІ, Іэмал имыІэу щыткъым апхуэдэ лэжьыгъэм ухэтын щхьэкІэ щІыпІэ жыжьэм укІуэну. Ауэ ар зыхузэфІэкІын къуэш, шыпхъухэри щыІэщ. ДэІэпыкъуэгъу хъун щхьэкІэ нэгъуэщІ щІыпІэм кІуэхэм бегъымбар Ешайа иІа еплъыкІэм хуэдэ яІэщ. «Хэт сэ згъэкІуэнур икІи хэт дэр щхьэкІэ кІуэн?» — жиІэу Иеговэ щыщІэупщІам щыгъуэ, бегъымбарым жиІащ: «Сы-мис, сыгъакІуэ сэ!» (Ис. 6:8). ХъыбарыфІ гъэІунымкІэ дэІэпыкъуэгъу фыхъун щхьэкІэ нэгъуэщІыпІэ фыІэпхъуэну фхузэфІэкІыну икІи апхуэдэ гукъыдэж фиІэ?
15 Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным икІи и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъун зэрыхуейм щытепсэлъыхьам мыпхуэдэу жиІащ: «Гъавэр куэдщ, ауэ лэжьакІуэхэр мащІэщ. Аращи, гъавэр Іуахыжын щхьэкІэ, лэжьакІуэхэр къигъэкІуэну гъавэр зейм фелъэІу» (Мт. 9:37, 38). ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр нэхъ мащІэу здэщыІэ щІыпІэм фыІэпхъуэу, пионеру фыщылэжьэфыну? Фэ апхуэдэ Іэмал фимыІэу щытмэ, нэгъуэщІым апхуэдэ мурадыр къехъулІэну фыдэІэпыкъуфыну пІэрэ? Къуэш, шыпхъу куэдым гу зэрылъатамкІэ, Алыхьымрэ цІыхухэмрэ уахуиІэ лъагъуныгъэр къызэрыбгъэлъагъуэ хъун Іэмал нэхъыфІ дыдэр — хъыбарыфІыр зыгъэІухэр нэхъ мащІэу здэщыІэ щІыпІэм пионеру ущылэжьэныращ. Фегупсыс дапхуэдэу иджыри хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу фыхэтыфынуми. Абы гуфІэгъуэшхуэ къыфхуихьынущ.
16, 17. Иеговэ нэхъыбэ хуэфщІэн щхьэкІэ иджыри сыт хуэдэ Іэмалхэр щыІэ?
16 Фыхуейт фэ зэман гуэркІэ е тхьэмахуэм и кІуэцІым зы махуэ махуитІкІэ Вефилым фыщылэжьэну е организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм фыхэтыну? Иеговэ и организацэр сыт щыгъуи хуэныкъуэщ сыт хуэдэ лэжьыгъэ кърамытами ягъэзэщІэну хьэзыр цІыхухэм, нэгъуэщІ лэжьыгъэ нэхъыфІу ягъэзащІэу щытми. Я щхьэ Іуэхухэр къагъанэу дэІэпыкъуэгъу здыхуей щІыпІэхэм кІуэ къуэш, шыпхъухэр Иеговэ и дежкІэ лъапІэщ (Пс. 110:3).
17 Фыхуейт фэ щІэныгъэ нэхъыбэ зэвгъэгъуэтыну, хъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ фыхэтын папщІэ? Апхуэдэу щытмэ, «Школа благовестников Царства» жыхуиІэм заявленэ фтхы хъунущ. А школыр доІэпыкъу Алыхьым и еплъыкІэ зэзыгъэгъуэта, полновременнэу лажьэхэм Иеговэ нэхъыбэж хуащІэну. Абы щеджэну хуейхэр хуэхьэзыру щытын хуейщ дэнэ ямыгъакІуэми абы щылэжьэну. Фэри апхуэдэ Іэмалыр къэвгъэсэбэпыфыну пІэрэ Иеговэ нэхъыбэ хуэфщІэн щхьэкІэ? (1 Кор. 9:23).
18. Иеговэ махуэ къэс дэлажьэхэм сыт хуэдэ тыгъэ къалъысынур?
18 Дэ Иеговэ дрилэжьакІуэщи, хьэлэлагъ, гуапагъэ, лъагъуныгъэ тхэлъу дыщытыну дыхуейщ икІи махуэ къэс нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дыхуейщ. Апхуэдэу зэрытщІэм и фІыгъэкІэ гузэгъэгъуэрэ гуфІэгъуэрэ зыхыдощІэ (Гал. 5:22, 23). Фи Іуэхур дапхуэдэу щымытми, хьэлэлу щытынмкІэ Иеговэ щапхъэ тефх икІи абы сыт щыгъуи фыдэлажьэ. Апхуэдэу фщІэмэ, абы фІыгъуэ куэд къыфхуихьынущ! (Прит. 3:9, 10, Гъэсэпэтхыдэхэр).