ДИ ГЪАЩІЭР | КЪЭБЛАГЪЭ СЛУЖЕБНЭ ИЛЪЭСЫМ ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ УХУЭЗЫЩІЫН МУРАДХЭР ГЪЭУВ
Ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм хэт
Ди организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм дызэрыхэтымкІи дэ Иеговэ дыхуолажьэ (Исх 36:1). Уэ ппэмыжыжьэу Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ ухуэныгъэхэм зэман-зэманкІэрэ ухэмытыфыну пІэрэ? Ухэтыну гукъыдэж уиІэмэ, «Заявление на служение добровольцем в программе местного проектно-строительного отдела» (DC-50) жыхуиІэр пты хъунущ. Ауэ ухуэныгъэр щекІуэкІыр уэ ппэжыжьэу щытмэ, тхьэмахуэ зыбжанэкІэ е мазэ зыбжанэкІэ уэ абы ухэмытыфыну пІэрэ? Абы щыгъуэ «Заявление на добровольное служение» (A-19) жыхуиІэр пты хъунущ. Ди ухуэныгъэхэм ухэтын щхьэкІэ Іэмал имыІэу япэм ухуэныгъэхэм ухэтауэ щытын хуейкъым (Не 2:1, 4, 5).
«ДЕЙСТВУЙТЕ С ВЕРОЙ, КОГДА ОТКРЫВАЕТСЯ „БОЛЬШАЯ ДВЕРЬ“. УЧАСТИЕ В ТЕОКРАТИЧЕСКИХ СТРОЙКАХ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Сарэ сытыт щІэгузавэр икІи сыт абы къыдэІэпыкъуар?