Алыхьым и унафэхэмрэ и принципхэмрэ тету фи напэр вгъасэ
«Сигу къэбгъэкІыжхэм согупсыс» (ПС. 119:99).
1. ЦІыхухэр псэущхьэхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ?
ЦІЫХУХЭР псэущхьэхэм куэдкІэ къащхьэщокІ. Псалъэм папщІэ, дэ напэ диІэщ. А тыгъэр Иеговэ Іэдэми Хьэуаи яритат. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Алыхьым и унафэм ахэр щебэкъуам щыгъуэ загъэпщкІуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ я напэр къеныкъуэкъут.
2. Напэр компасым сыткІэ ещхь? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
2 Зи напэр зымыгъасэ цІыхур ебгъэщхь хъунущ компас къутакІэ зекІуэ кхъухьым. Тэмэму лажьэ компас умыІыгъыу хым утехьэ хъунукъым. Жьыбгъэмрэ толъкъунхэмрэ кхъухьыр и гъуэгум трахуфынущ. Тэмэму лажьэ компасым и фІыгъэкІэ капитаным кхъухьыр гъуэгу захуэм триІыгъэфынущ. Абы хуэдэу, ди напэр тэмэму дгъасэмэ, Іеймрэ фІымрэ зэхэдгъэкІыфынущ икІи гъуэгу пэжым дытекІынукъым.
3. ЦІыхум и напэр тэмэму имыгъасэмэ, сыт абы къыпэкІуэнур?
3 ЦІыхум и напэр имыгъасэмэ, гуэныхь щІэным щыхъума хъунукъым (1 Тим. 4:1, 2). Апхуэдэ цІыхум Іейр фІы гуэру илъытэнкІэ хъунущ (Ис. 5:20). Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІат: «Уеблэмэ фэ фызыукІ дэтхэнэми Тхьэм абыкІэ хуэлажьэу щигугъэну махуэр къэсынущ» (Ин. 16:2). Стефанрэ Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэмрэ зыукІахэм арат я гугъэр (Апост. 6:8, 12; 7:54—60). Тхыдэм ухэплъэжмэ, щІэпхъэджагъэ куэд зыщІахэм, псалъэм папщІэ, цІыху зыукІахэм дин зыІыгъхэр яхэтт. АбыкІэ ахэр Алыхьым хуэлажьэу ялъытэт! Ауэ и пэжыпІэм уеплъмэ, ахэр Иеговэ и унафэхэм ебакъуэу арат (Исх. 20:13). ДауикІ, абыхэм я напэр тэмэму лажьэтэкъым.
4. Дауэ ди напэр тэмэму зэрыдгъасэ хъунур?
4 Дауэ ди напэр тэмэму зэрыдгъасэ хъунур? Библием ит унафэхэмрэ принципхэмрэ «цІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэнкІи щхьэпэщ» (2 Тим. 3:16). Библиер фІыуэ дджымэ, дызэджам куууэ дегупсысмэ икІи къэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпмэ, ди напэр тэмэму тхуэгъэсэнущ. Ар къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ Іуэхуми Иеговэ и нэкІэ деплъыну икІи гъуэгу пэжым дытетыну. Иеговэ и унафэхэмрэ и принципхэмрэ къэдгъэсэбэпу ди напэр зэрыдгъэсэфынум дытепсэлъыхьынщ.
ФИ НАПЭР АЛЫХЬЫМ И УНАФЭХЭМ ТЕТУ ВГЪАСЭ
5, 6. Иеговэ и унафэхэм дызэрытетым сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьрэ?
5 Алыхьым и унафэхэм зэрыхэтщІыкІ закъуэм сэбэпынагъ къытхуихьынукъым. Ахэр фІыуэ тлъагъун икІи абыхэм пщІэ яхуэтщІын хуейщ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Іейр флъагъу мыхъуу икІи фІыр фІыуэ флъагъуу щрет» (Ам. 5:15). Дауэ абы зэрызедгъэсэфынур? Иеговэ и еплъыкІэр дызэриІэным дыхущІэкъун хуейуэ аращ. Мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэ зэман куэд щІауэ жейм уемызэгъыу. Пшхын хуейм, уи Іэпкълъэпкъыр зэрызебгъэкІуэн хуейм икІи нэгъуэщІ зэхъуэкІыныгъэ уи гъащІэм хэплъхьэн хуейхэм теухуауэ дохутырым чэнджэщхэр къыует. А чэнджэщхэм узэрытетыр сэбэп къызэрыпхуэхъум гу лъыботэ. Апхуэдэ чэнджэщыфІхэр къозыта дохутырым, дауикІ, фІыщІэ хубощІ, пэжкъэ?
6 Абы хуэдэу дыкъэзыгъэщІа Алыхьым къыдита унафэхэм гуэныхьымрэ абы кърикІуэ Іеймрэ дыщахъумэ икІи ди гъащІэр нэхъыфІ ящІ. Псалъэм папщІэ, Библием зэрыжиІэмкІэ, пцІы упсыным, мурад бзаджэхэр щІыным, дыгъуэным, зинэ щІэным, лей зехьэным, Іэзэгъуазэхэм зыпыщІэным зыщытхъумэн хуейщ. (Къеджэ Притчи 6:16—19, Гъэсэпэтхыдэхэр; Апок. 21:8.) Иеговэ и унафэхэм дызэрытетым сэбэпынагъ къызэрытхуихьыр щытлъагъум деж, ди гум илъ фІыщІэмрэ лъагъуныгъэмрэ хохъуэ.
7. Библием ит щапхъэхэм дызэрегупсысыр дауэ сэбэп къытхуэхъурэ?
7 Ди насыпщи, зыгуэрым зыхуедгъэсэн щхьэкІэ, гуэныхь тщІэуэ абы кърикІуэ Іей псор зыхэтщІэжын хуейуэ щыткъым. Алыхьым и Псалъэм зи гугъу ищІ цІыхухэм я щыуагъэхэм дерс къыхэтх хъунущ. Притчи 1:5 щыжыІащ: «ЩІредэІу а псалъэхэм цІыху Іущхэри — щІэныгъэу ябгъэдэлъми хагъэхъуэнщ» (Гъэс.). Библием ит хъыбархэм дыщеджэм икІи куууэ дыщегупсысым деж, дерс куэд абыхэм къыхыдох. Псалъэм папщІэ, фегупсысыт пащтыхь Даут, Иеговэ и унафэм ебакъуэу, Вирсавие и гъусэу зинэ ищІа иужь сыт хуэдиз гугъуехь ишэчами (2 Сам. 12:7—14). А Іуэхугъуэм теухуауэ Библием дыкъыщеджэм деж дызэупщІыж хъунущ: «А гуэныхьыр имыщІэн икІи абы кърикІуа гугъуехьхэр имылъэгъун щхьэкІэ Даут сытыт ищІэ хъунур? Апхуэдэ Іуэхугъуэ сыпэщІэхуэмэ, сыт сэ сщІэнур: Исуф хуэдэу сыщІэпхъуэжыну хьэмэрэ Даут хуэдэу гуэныхьым зыдезгъэхьэхыну?» (ЩІэдз. 39:11—15). Гуэныхь щІэным кърикІуэ гугъуехьышхуэхэм дегупсысмэ, Іейм гущыкІ нэхъыбэу хуэтщІынущ.
8, 9. 1) Ди напэ гъэсар сыткІэ сэбэп къытхуэхъурэ? 2) Иеговэ и принципхэм ди напэр дауэ ягъасэрэ?
8 Алыхьым илъагъу мыхъу Іуэхухэм дэ пэІэщІэ захудощІ. Ауэ дызыпэщІэхуа Іуэхугъуэм теухуауэ Библием зыри щыжымыІамэ-щэ? Иеговэ дауэ арэзы тщІа хъуну? Ди напэр Библием тету дгъэсамэ, унафэ пэж тхуэщІынущ.
9 Иеговэ фІыщэу дыкъызэрилъагъум къыхэкІыу къыдита принципхэм ди напэр ягъасэ. Иеговэ къыджеІэ: «Сэ сы Иеговэщ — фІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхьыр сэращ» (Ис. 48:17, 18). Библием ит принципхэм куууэ дегупсысмэ икІи ахэр ди гум лъэІэсмэ, ди напэр фІыуэ гъэса мэхъу. Абы и фІыгъэкІэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэфынущ.
АЛЫХЬЫМ И ПРИНЦИПХЭМ ТЕТУ ФИ НАПЭР ВГЪАСЭ
10. Принципыр сыт зищІысыр икІи Хьисэ и гъэсэнхэр принципхэм теухуауэ сытыт зыхуригъаджэр?
10 Алыхьым и гупсысэкІэр дэзыгъэцІыху Библием ит пэжым принципкІэ йоджэ. Ар къыддоІэпыкъу унафэ пэжхэр тщІыну. Принципхэр зэрытщІэр къыддоІэпыкъу Иеговэ и гупсысэкІэмрэ унафэ гуэр къыщІыдитымрэ къыдгурыІуэну. Хьисэ и гъэсэнхэм къахузэІуиха принципхэм я фІыгъэкІэ абыхэм къагурыІуащ я гупсысэкІэмрэ я ІуэхущІафэхэмрэ Іэмал имыІэу зыгуэр къызэрырикІуэр. Псалъэм папщІэ, губжьым лей зехьэным узэрыхуишэфынум икІи гупсысэкІэ къемызэгъым зинэ щІэным узэрыхуишэфынум теухуауэ Хьисэ иригъаджэт (Мт. 5:21, 22, 27, 28). Ди напэр Алыхьым и принципхэм тету дгъасэмэ, Иеговэ зыгъэлъэпІэн унафэхэр тщІынущ (1 Кор. 10:31).
Алыхьым и лэжьакІуэхэр нэгъуэщІхэм я напэм йогупсыс. (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)
11. Зы Іуэхугъуэм теухуауэ еплъыкІэ зэрыз цІыхуитІым дауэ зэраІэнкІэ хъунур?
11 Библием тету зи напэр гъэса цІыхуитІым зы Іуэхугъуэм теухуауэ еплъыкІэ зырыз яІэнкІэ хъунущ. Фадэ ефэныр щапхъэу къэтхьынщ. Библием фадэ уефэ мыхъуну жиІэкъым, ауэ фадэкІэ ебгъэлей икІи ефакІуэу ущыт зэрымыхъунур абы щыжыІащ (Прит. 20:1, Гъэс.; 1 Тим. 3:8). Алыхьым и лэжьакІуэм фадэкІэ иримыгъэлеймэ, абы къикІрэ нэгъуэщІ щІэгузэвэн щымыІэу? Хьэуэ, къикІкъым. Фадэ зэрефэм теухуауэ абы и напэр къабзэми, ар нэгъуэщІхэм я напэм егупсысын хуейщ.
12. Рим 14:21 ит принципым дытету, дауэ нэгъуэщІхэм я напэм дызэрегупсыс хъунур?
12 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр нэгъуэщІхэм я напэм зэрегупсысын хуейм теухуауэ апостол Паул итхащ: «Лы умышхыныр, фадэ уемыфэныр, уи къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ теплъхьэну ухэмытыныр, е абы гуэныхь ищІэну дезыгъэхьэх Іуэхум ухэмытыныр фІыщ» (Рим 14:21). Зыгуэрым теухуауэ хуитыныгъэ уиІэми, ар къомыгъэсэбэпыну ухьэзыр, уэ блэжьыр нэгъуэщІым и напэм зэран зэрыхуэхъунур пщІэмэ? Языныкъуэ ди къуэшхэм пэжыр къащІэн ипэ фадэкІэ ирагъэлейуэ щытащ, ауэ иужькІэ фадэ зыІуамылъхьэххэну унафэ быдэ ящІащ. Абыхэм ящыщ гуэрым аргуэру фадэм зыдригъэхьэхыну хуэдгъэушыну, дауикІ, дэ дыхуейкъым (1 Кор. 6:9, 10). Апхуэдэ къуэшым ефэну зэрыхуэмейр къыджиІа иужьи ефэну хэдгъэзыхьмэ, абыкІэ лъагъуныгъэ къэдгъэлъагъуэрэ?
Фэри нэгъуэщІхэм яфІ къэфлъыхъуэу, зыгуэрым зыхуэвгъэныкъуэну фыхьэзыр?
13. ЦІыхухэр хъыбарыфІым едэІуэну зыри зэран къахуэмыхъун папщІэ, Тимофей дауэ абыхэм я напэм зэрегупсысар?
13 Тимофей илъэс 20 хуэдиз щыхъум сунэт ящІащ, хъыбарыфІыр абы зыжриІэн хуей журтхэм я напэм зэран хуэмыхъун щхьэкІэ. Тимофей цІыхухэм я жагъуэ ищІыну хуейтэкъым. АбыкІэ абы Паул щапхъэ трихт (Апост. 16:3; 1 Кор. 9:19—23). Тимофей хуэдэу, фэри нэгъуэщІхэм яфІ къэфлъыхъуэу, зыгуэрым зыхуэвгъэныкъуэну фыхьэзыр?
«ЗИ НЫБЖЬ НЭСА» ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ
14, 15. 1) Зи ныбжь нэса цІыху дыхъун щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? 2) Зи ныбжь нэса цІыхур дауэ нэгъуэщІхэм зэрыхущытыр?
14 «Мэссихь теухуа, япэ дыдэ фагъэщІа Іуэхухэм дыблэвгъэкІи, зи ныбжь нэса» цІыхуу дыщывгъэт (Евр. 6:1). Ар езыр-езыру къэхъу Іуэхугъуэкъым. Зи ныбжь нэса цІыхуу дыщытын щхьэкІэ, дэ къару куэд етхьэлІэн хуейщ. Псалъэм папщІэ, Библием ит пэжыр нэхъ куууэ къызэрыдгурыІуэным дыхущІэкъун хуейщ. Аращ Библием махуэ къэс деджэну щІэх-щІэхыурэ дигу къыщІагъэкІыжыр (Пс. 1:1—3). Апхуэдэ мурад фиІэу пІэрэ? Библием махуэ къэс феджэмэ, Иеговэ и унафэхэмрэ и принципхэмрэ нэхъыфІу къывгурыІуэнущ.
15 ФІылъагъуныгъэм теухуа Алыхьым и унафэр ди дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІат: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:35). Хьисэ и къуэш Екъуб фІылъагъуныгъэр «ди пащтыхьым и унафэу» жеІэ (Екъуб 2:8). Паул зэрыжиІэмкІэ, «фІылъагъуныгъэ уиІэмэ, Торэт хабзэр бгъэзащІэу арщ» (Рим 13:10). Дэ ар дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием щыжыІащ: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Ин. 4:8). Алыхьым и лъагъуныгъэр гурыщІэ закъуэу щыту аракъым, атІэ ар абы и ІуэхущІафэхэмкІи егъэлъагъуэ. Апостол Иуан итхащ: «Тхьэм фІыуэ дызэрилъагъур мыпхуэдэу къытхуигъэнэІуащ: ГъащІэ къыдитын щхьэкІэ, Тхьэм езым и Къуэ закъуэр дунейм къигъэкІуащ» (1 Ин. 4:9). Иеговэ, Хьисэ, ди къуэшхэр, нэгъуэщІ цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъум зи ныбжь нэса цІыхуу дызэрыщытыр къегъэлъагъуэ (Мт. 22:37—39).
Алыхьым и принципхэм куууэ дегупсысмэ, унафэ пэжхэр къэтщтэну ди напэр къыддэІэпыкъунущ. (16-нэ абзацым феплъ.)
16. Зи ныбжь нэса цІыху дыхъухукІэ Алыхьым и принципхэр нэхъ лъапІэу щІэтлъытэр сыт?
16 Зи ныбжь нэса цІыху дыхъухукІэ Алыхьым и принципхэр нэхъ лъапІэу долъытэ. Сыт щхьэкІэ? Унафэр зы Іуэхугъуэщ зыхуэкІуэр, принципыр Іуэхугъуэ зэмылІэужьыгъуэхэм хуокІуэ. Псалъэм папщІэ, ныбжьэгъу Іейхэм фІым узэрыхуамышэнур сабийм къыгурыІуэкъыми, адэ-анэм ар къахъумэн папщІэ, абы унафэ гуэрхэр хуагъэув (1 Кор. 15:33). Ауэ сабийр къыдэкІуэтеихукІэ Библием ит принципхэм егупсысу зрегъасэ икІи абы и фІыгъэкІэ ныбжьэгъуфІхэр къыхехыф. (Къеджэ 1 Коринф 13:11; 14:20.) Библием ит принципхэм куууэ дыщегупсысым деж Иеговэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къыдгуроІуэ. Абы и фІыгъэкІэ унафэ пэжхэр къэтщтэну ди напэр къыддоІэпыкъу.
17. Іущагъ зыхэлъ унафэхэр тщІын папщІэ дызыхуэныкъуэ псори диІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
17 Іущагъ зыхэлъ, Алыхьыр зыгъэгуфІэн унафэхэр тщІын папщІэ дызыхуэныкъуэ псори диІэщ. Иеговэ и унафэхэмрэ и принципхэмрэ фІыуэ къыдгурыІуэмэ, дэтхэнэ ІуэхуфІми хуэхьэзыру икІи хуэгъэпсауэ дыщытынущ (2 Тим. 3:16, 17). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и Іэмырыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэ принципхэр Библием къыщыдгъуэтыфу зедгъэсэн хуейщ (Еф. 5:17). АбыкІэ дэІэпыкъуэгъу тхуэхъунущ «Индекс публикаций Сторожевой Башни», «Путеводитель по публикациям» жыхуаІэхэмрэ нэгъуэщІ ди Іэмэпсымэхэмрэ. Абыхэм я фІыгъэкІэ ди закъуэу е ди унагъуэр ди гъусэу Библиер щыдджым деж сэбэпынагъ нэхъыбэ къыхэтхыфынущ.
БИБЛИЕМ ТЕТУ ГЪЭСА НАПЭМ ФІЫГЪУЭ КУЭД КЪЕХЬ
18. Иеговэ и унафэхэмрэ и принципхэмрэ дытету дызэрыпсэум сыт къыпэкІуэр?
18 Иеговэ и унафэхэмрэ и принципхэмрэ дытету дызэрыпсэум сыт къыпэкІуэр? Псалом 119:97—100 щыжыІащ: «Сыту уи хабзэр фІыуэ слъагъурэ! Махуэ псом абы согупсыс. Уи хабзэм си бийхэм нэхърэ нэхъ Іущ сещІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сыт щыгъуи сытетщ. Си егъэджакІуэ псоми нэхърэ зэхэщІыкІ нэхъ куу зэзгъэгъуэтащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сигу къэбгъэкІыжхэм согупсыс. Ныбжь зиІэхэм яІэ зэхэщІыкІым нэхърэ нэхъыбэ зэхэщІыкІ си ІуэхущІафэхэм хэлъщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ унафэ къысхуэпщІхэр согъэзащІэ». Алыхьым и унафэхэмрэ и принципхэмрэ куууэ егупсысыным зэман хухэтхмэ, Іущагърэ зэхэщІыкІрэ нэхъыбэу зэдгъэгъуэтынущ. Алыхьым и унафэхэмрэ и принципхэмрэ тету ди напэр дгъасэмэ, «Мэссихь и щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэсауэ зэрыщытым хуэдэу, дэри, ди щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса дыхъунущ» (Еф. 4:13).