ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Июнь н. 21—26
  • «Фи нэхум» Иеговэ ирегъэлъапІэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Фи нэхум» Иеговэ ирегъэлъапІэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭ ХЪУНУ ЦІЫХУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
  • АДЭКІИ ЗЭКЪУЭТУ ДЫВГЪЭПСЭУ
  • ФЫСАКЪ
  • Фи нэхур иреблэ
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Июнь н. 21—26

«Фи нэхум» Иеговэ ирегъэлъапІэ

«ЦІыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ... фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм щІыхь хуащІын щхьэкІэ» (МТ. 5:16).

УЭРЭДХЭР: 77, 59

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІум нэмыщІ, сыт иджыри тщІэ хъунур ди нэхур блэн щхьэкІэ?

  • Библием ит пэжыр цІыхухэм къащІэну ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэм дауэ хуигъэушрэ?

  • Дысакъыным нобэ мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

1. Сыт ди гур хэзыгъахъуэр?

ИЕГОВЭ и лъэпкъыр егугъуу зэрылажьэм ди гур хегъахъуэ икІи абы и нэхум щІылъэ псом зыщеубгъу. Нэгъабэ дэ цІыху мелуанипщІым щІигъу Библием едгъэджащ. Абы нэмыщІ цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къакІуэри щхьэщэхужыр къыдэзыта Алыхьым и лъагъуныгъэм теухуауэ нэхъыбэ къащІащ (1 Ин. 4:9).

2, 3. 1) Иеговэ дгъэлъэпІэну сыт зэран къытхуэмыхъур? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэр бзэ зэмылІэужьыгъуэ куэдкІэ мэпсалъэ. Ауэ ар зэран къытхуэхъукъым уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ зыжьэу дгъэлъэпІэну (Апок. 7:9). Дыщыпсэу щІыпІэмрэ дызэрыпсалъэ бзэмрэ емылъытауэ, дуней псом ди нэхур щоблэ (Флп. 2:15).

3 Алыхьым и лъэпкъыр зэрыхэхъуэм, зэкъуэту зэрыщытым икІи зэрысакъым езы Иеговэ егъэлъапІэ. А лъэныкъуищымкІэ дэ тщыщ дэтхэнэми дауэ Алыхьым и цІэр игъэлъэпІа хъунуми мы статьям щызэпкърытхынущ. (Къеджэ Маттэ 5:14—16.)

ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭ ХЪУНУ ЦІЫХУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ

4, 5. 1) ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІум нэмыщІ, сыт иджыри тщІэ хъунур ди нэхур блэн щхьэкІэ? 2) ЦІыхухэм гуапэу дазэрыхущытым сыт къыпэкІуэфынур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

4 1925 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ Чэщанэм», «Свет, сияющий во тьме» жыхуиІэ статьям щыжыІат: «Мы дунейм къыхуэнэжа зэманым уи нэхур умыгъаблэмэ, Зиусхьэным ухуэпэжу жыпІэ хъунукъым. Уи нэхур блэн папщІэ цІыхухэм хъыбарыфІыр яхуэпІуатэу икІи нэхум и гъуэгум утету упсэун хуейщ». Пэжщ, дэ хъыбарыфІыр цІыхухэм яжетІэмэ икІи Хьисэ и лъэужь иувэну абыхэм дадэІэпыкъумэ, ди нэхур цІыхухэм яхуэблэу жыпІэ хъунущ (Мт. 28:19, 20). Ди щытыкІэмкІи Иеговэ дгъэлъэпІэфынущ. Унэ-унэкІэ е уэрамым хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дызыхуэзэ цІыхухэр ди щытыкІэм кІэлъоплъ. ДахуэгуфІэмэ икІи гуапэу сэлам етхмэ, ди Алыхьми дэри теухуауэ еплъыкІэфІ абыхэм яІэнущ.

ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІумкІэ икІи ди щытыкІэмкІэ Иеговэ догъэлъапІэ

5 Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІат: «Унэ фыщыщІыхьэкІэ, „Тхьэм фэ, мы унэм щІэсхэм, фигу ирезагъэ“, жыфІи, фІэхъус ефх» (Мт. 10:12). Хьисэрэ абы и апостолхэмрэ хъыбарыфІыр щагъэІуу щыта щІыпІэм щыпсэухэм я хабзэт ямыцІыхухэр я унэм ирагъэблэгъэну. Ауэ ди зэманым апхуэдэ хабзэ зиІэхэр закъуэтІакъуэщ. Хамэ гуэр я бжэм деж щыту ялъагъумэ, и нэхъыбэм цІыхухэр мэбампІэ. Ауэ цІыхум щабэу депсалъэмэ икІи дыкъыщІэкІуар къыгурыдгъаІуэмэ, бэмпІэн щегъэтри къыдэдэІуэну хьэзыр мэхъу. ЦІыхум дызэрыхуэгуфІэм Іэмал къыдет хъыбарыфІымкІэ абы дыдэгуэшэн щІэддзэну. ЦІыхухэр куэду щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щызыгъэІухэм я дежи мы чэнджэщхэр щхьэпэщ. Уэ гу лъыптауэ къыщІэкІынщ цІыхум ущыхуэгуфІэкІэ икІи сэлам гуапэ щепхкІэ езыр къыббгъэдыхьэну икІи ди тхыгъэхэм щыщ гуэр къыпІихыу къопсэлъэну нэхъ зэрытегушхуэм.

6. Англием щыщ зи ныбжь хэкІуэта зэщхьэгъусэхэм сыт ящІэр хъыбарыфІыр нэхъыбэу ягъэІун папщІэ?

6 Англием щыщ зи ныбжь хэкІуэта зэщхьэгъусэхэм узыншагъэ зэрамыІэм щхьэкІэ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ ягъэІуну къохьэлъэкІ. Абы къыхэкІкІэ абыхэм я унэм пэмыжыжьэу ди тхыгъэхэр зытелъ стІол ягъэув, школым сабийхэр къыщрашыж зэманым ирихьэлІэу. Адэ-анэ куэдым «Уи упщІэхэм я жэуапхэр» жыхуиІэ тхылъымрэ языныкъуэ брошюрэхэмрэ яфІэгъэщІэгъуэн хъуащ. Пионеру лажьэ ди зы шыпхъум зи ныбжь хэкІуэта зэщхьэгъусэхэм я гъусэу хъыбарыфІыр щІэх-щІэхыурэ игъэІуу щІидзащ. А шыпхъум и гуапагъэмрэ зэщхьэгъусэхэр цІыхухэм пэж дыдэу дэІэпыкъуну зэрыхуеймрэ адэ-анэ куэдым гу лъатащ. Абыхэм ящыщ зыр Библием ирагъаджэу щІадзащ.

7. Дауэ хэхэсхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?

7 Иужьрей илъэсхэм зи щІыпІэр зыбгынэн хуей хъуахэр нэхъыбэ мэхъу. Абыхэм Иеговэрэ абы и мурадхэмрэ теухуауэ къащІэн щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунур? Япэрауэ, абыхэм я бзэкІэ сэлам етхыфу зедгъасэ хъунущ. АбыкІэ къыддэІэпыкъунущ нэгъуэщІ бзэхэр зэбгъэщІэным теухуа ди приложениер. Сэламым нэмыщІ, иджыри псалъэ зыбжанэ я бзэмкІэ зэдгъащІэ хъунущ. ХъыбарыфІыр яфІэгъэщІэгъуэн хъуамэ, интернетым я бзэкІэ ди тхыгъэхэмрэ видеороликхэмрэ къызэрыщагъуэтыфынур едгъэлъагъу хъунущ (Втор. 10:19).

8, 9. 1) «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьрэ? 2) Адэ-анэхэм я сабийхэм зэІущІэхэм жэуап щату ирагъэсэным мыхьэнэ щІиІэр сыт?

8 «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ зэІущІэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ. А зэІущІэм хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыщыдогъасэ. Псалъэм папщІэ, абы щызэхэтх чэнджэщхэр къыддоІэпыкъу цІыхухэм я деж тедгъэзэжыну икІи Библием едгъэджэн щІэддзэну.

9 ЗэІущІэхэм япэу къекІуалІэхэм гу лъатэ ди сабийхэми жэуап зэратым. Адэ-анэхэ, фи сабийхэм я гум къыбгъэдэкІыу зэІущІэм жэуап щатыфу евгъасэ. Апхуэдэу абыхэм я нэхур цІыхухэм яхуэблэнущ. Сабийхэм я гум къыбгъэдэкІыу жэуап ятхэр щызэхахам щыгъуэ, языныкъуэхэм пэжыр къызэрагъуэтар къагурыІуащ (1 Кор. 14:25).

АДЭКІИ ЗЭКЪУЭТУ ДЫВГЪЭПСЭУ

10. Ди унагъуэр дауэ нэхъ зэкъуэт тщІа хъуну?

10 Ди унагъуэхэмрэ ди зэхуэсхэмрэ зэкъуэту зэрыщытым и фІыгъэкІэ цІыхухэм ди нэхур яхуоблэ. Унагъуэхэр тхьэмахуэ къэс зэгъусэу Библием еджэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Куэдым ягу ирохь ди телевидением мазэ къэс къралъхьэ программэхэм зэгъусэу еплъыну. Абы еплъа иужь унагъуэм исхэр программэм сэбэпынагъ къыхахам тепсэлъыхь хъунущ. Фи сабийхэм щыщу нэхъыщІэхэмрэ нэхъыжьхэмрэ зыхуэныкъуэхэр зэрызэтемыхуэр зыщывмыгъэгъупщэ. Абы щхьэкІэ апхуэдэ зэІущІэхэр унагъуэм щыщ псоми яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу евгъэкІуэкІ (Пс. 148:12, 13).

Зи ныбжь хэкІуэтахэм фазэрепсалъэм гушхуэныгъэ къывитыфынущ. (11-нэ абзацым феплъ.)

11—13. Сыт тщІэ хъунур зэхуэсыр нэхъ зэкъуэт хъун щхьэкІэ?

11 НыбжьыщІэхэ, зэхуэсыр зэкъуэту щытынымкІэ фэри сэбэп фыхъуфынущ. Псалъэм папщІэ, фэ гулъытэ хуэфщІ хъунущ зи ныбжь хэкІуэта ди къуэш, ди шыпхъухэм. Илъэс куэдкІэ Иеговэ пэжу хуэлэжьэну къадэІэпыкъуам теухуауэ абыхэм куэд къывжаІэжыфынущ. Абыхэм я хъыбархэм дерс куэд къыхэфхыфынущ икІи фызэрызэпсэлъам ахэри фэри фигъэгушхуэфынущ. Абы нэмыщІ дэтхэнэ зыми ди зэІущІэхэм къекІуалІэхэм сэлам етх хъунущ, псом хуэмыдэу япэу къэкІуахэм. Абыхэм фахуэгуфІэ, здэтІыс хъун къахуэвгъуэт икІи ди къуэш, ди шыпхъухэр евгъэцІыху. МыукІытэу, хуиту къытхэтыну фадэІэпыкъу.

12 ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр ебгъэкІуэкІыну къалэн къыпхуащІамэ, зи ныбжь хэкІуэтахэри а лэжьыгъэм хэтыфын щхьэкІэ, абыхэм уэ ядэІэпыкъу. ХъыбарыфІыр щагъэІун яІэу пІэрэ? Абыхэм я гъусэу нэхъ щІалэхэм щыщу къуэш е шыпхъу бгъакІуэ хъунущ, хъыбарыфІыр щагъэІуну щІыпІэм нэс яшэу иужькІэ къашэжын папщІэ. Узыншагъэ зэрамыІэм е я Іуэхур зэрыхуэмыкІуэм къыхэкІыу хъыбарыфІ гъэІуным зэман куэд тезмыгъэкІуэдэфхэм зэхэщІыкІ тхэлъу дахущытын хуейщ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм я Іуэхур зэрызэхуэмыдэр къыдгурыІуэмэ, жьыми, щІэми, пэжыр куэд щІауэ зыщІэми, иджы дыдэ къэзыщтами хъыбарыфІыр гукъыдэж иІэу игъэІунущ (Лев. 19:32).

Ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхуну мурад дгъэув хъунущ

13 Израил цІыхухэр зэгъусэу Иеговэ зэрыхуэлажьэм игъэгушхуэт. Псалом тхылъым итщ: «Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур!» (Къеджэ Псалом 133:1, 2a.) Мы едзыгъуэм зэкъуэтыныгъэр ирегъэщхь щІыфэр щабэ зыщІ икІи мэ дахэ зиІэ дагъэм. Апхуэдэу дэри ди къуэш, ди шыпхъухэм дащыдэуэршэркІэ сэбэп дахуэхъуну икІи гурыфІыгъуэ еттыну дыхуейщ. Ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхуну мурад дгъэув хъунущ (2 Кор. 6:11—13). Апхуэдэу зыщІэхэм щытхъу яхуэфащэщ. ФІыуэ дызэрызэрыцІыхум зэхуэсыр нэхъ зэкъуэт ищІынущ.

14. Ди гъунэгъухэм пэжым и нэхур дауэ едгъэлъэгъуа хъуну?

14 Ди гъунэгъухэм пэжым и нэхур дауэ едгъэлъэгъуа хъуну? Ди псалъэ щабэхэмрэ ди ІуэхуфІхэмрэ я фІыгъэкІэ. ДызэвгъэупщІыж: «Си гъунэгъухэм сэ стеухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэр? Си унэмрэ си пщІантІэмрэ къабзэу зесхьэу пІэрэ? Си гъунэгъухэм садэІэпыкъуну сыхьэзыр?» Ди къуэш, ди шыпхъухэм ягъэлъагъуэ щапхъэфІыр я благъэхэм, я гъунэгъухэм, къадэлажьэхэм е къадеджэхэм я гум зэрынэсам теухуауэ жедгъэІэж хъунущ (Еф. 5:9).

ФЫСАКЪ

15. Дысакъыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

15 Ди нэхур адэкІи блэну дыхуеймэ, дыщыпсэу зэманыр сыт хуэдэми зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. «Фысакъ» жиІэу Хьисэ мызэ-мытІэу и гъэсэнхэр къыхуриджэт (Мт. 24:42; 25:13; 26:41). «Гузэвэгъуэшхуэр» куэд мыщІэу къызэрысынур ди фІэщ мыхъумэ, хъыбарыфІыр дгъэІуну гукъыдэж диІэнукъым (Мт. 24:21). Абы щхьэкІэ ди нэхур нэхъ махэ хъуфынущ е ункІыфІыпэнущ.

16, 17. Сыт тщІэн хуейр адэкІи дысакъын щхьэкІэ?

16 Мы дунейр нэхъ Іей хъуурэ макІуэ, ауэ Иеговэ щытриухуа зэманым абы кІэ къыхуигъэкІуэнущ. Абы шэч хэлъкъым (Мт. 24:42—44). А зэманыр къэмыса щІыкІэ шыІэныгъэ зыхэвгъэлъ икІи куэд мыщІэу къэхъуну Іуэхугъуэхэр зыщывмыгъэгъупщэ. Махуэ къэс Алыхьым и Псалъэм феджэ икІи «Тхьэм фелъэІуфын щхьэкІэ, зэхэщІыкІи зышыІэныгъи зивгъэІэ» (1 Пет. 4:7). Илъэс куэдкІэ гуфІэгъуэ яІэу Иеговэ пэжу хуэлэжьахэм щапхъэ тефх. Апхуэдэ зы щапхъэм теухуауэ «Видите ли вы руку Бога в своей жизни?» жыхуиІэ брошюрэм ит «Решение, о котором он ни разу не пожалел» жыхуиІэ статьям фыкъыщеджэфынущ.

17 АдэкІи Иеговэ жыджэру фыхуэлажьэ. ЦІыхухэм фадэІэпыкъу икІи къуэш, шыпхъухэр вгъэныбжьэгъу. Абы гуфІэгъуэшхуэ къызэрыфхуихьынум нэмыщІ, зэманри псынщІэу блэкІынущ (Еф. 5:16). Иужьрей илъэсищэр къапщтэмэ, ехъулІэныгъэ яІэу псэемыблэжу ди къуэшхэр лэжьахэщ. Ауэ ди зэманым къытпэщылъ лэжьыгъэр нэхъыбэжщ икІи Иеговэ и къарукІэ дэ ар тхуэгъэзэщІэнущ. Дызэримыгугъам хуэдэу ди нэхур хуабжьу нобэ маблэ!

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием ит чэнджэщ Іущхэр къыдатыфынущ. (18, 19-нэ абзацхэм феплъ.)

18, 19. Иеговэ жыджэру дыхуэлэжьэну зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къыддэІэпыкъуфыну? Щапхъэ къэфхь.

18 Щыуагъэхэр зэрытщІэм емылъытауэ, дэ Иеговэ арэзы тхуэщІынущ. А гупсысэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Иеговэ къыддэІэпыкъун папщІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыдитащ. (Къеджэ Ефес 4:8, 11, 12.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ къыватхэм федаІуэмэ, фыхущІегъуэжынукъым.

19 Англием щыщ зэщхьэгъуситІым гугъуехь гуэрхэр яІэти, зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдагъэІэпыкъуну кърагъэблэгъащ. Ди шыпхъум игу къеуэт и щхьэгъусэм унагъуэр тхьэмахуэ къэс зэхуишэсурэ Библием зэрыримыгъаджэр. Ди къуэшми и щыуагъэр къыгурыІуэжт икІи егъэджакІуэфІу зилъытэжтэкъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм абыхэм Хьисэ и щапхъэм гу лъырагъэтащ. Хьисэ и гъэсэнхэм и нэІэ ятригъэтт икІи ахэр зыхуэныкъуэр яритт. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ди къуэшыр хуагъэушащ Хьисэ щапхъэ трихыну, шыпхъуми шыІэныгъэ нэхъыбэу зыхигъэлъыну чэнджэщ иратащ. Абы нэмыщІ я сабиитІыр я гъусэу Библием зэреджэ хъунум теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ ягу къагъэкІыжащ (Еф. 5:21—29). ИужькІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди къуэшым зихъуэжыну къару зэрырихьэлІам щхьэкІэ щытхъуащ. АдэкІи иригъэфІэкІуэну хуагъэушащ икІи Иеговэ и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ абы унагъуэм и нэхъыжьым и къалэнхэр нэгъэсауэ зэрыхуэгъэзэщІэнум шэч къытримыхьэну жраІащ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ягъэлъэгъуа лъагъуныгъэмрэ щабагъэмрэ а унагъуэм пэж дыдэу дэІэпыкъуэгъу хуэхъуащ.

20. Ди нэхур цІыхухэм я пащхьэм щыблэмэ, сыт хуэдэ фІыгъуэхэр абы къыпэкІуэну?

20 Псалом тхылъым щыжыІащ: «Иеговэ фІэлІыкІ хуиІэу абы и гъуэгухэм ирикІуэ дэтхэнэри насыпыфІэщ» (Пс. 128:1). Фи нэхур цІыхухэм я пащхьэм щыблэмэ, фэ насыпыфІэ фыхъунущ. Аращи, Иеговэ теухуауэ цІыхухэм яжефІэ, фи унагъуэмрэ фи зэхуэсымрэ зэкъуэтыныгъэ илъын папщІэ фхузэфІэкІ къэвмыгъанэ икІи адэкІи фысакъ. Фи ІуэхуфІ ялъагъухэм цІыхухэр хуагъэушыфынущ уафэм щыІэ ди Адэр ягъэлъэпІэну (Мт. 5:16).

a Псалом 133:1, 2: «Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур! Ар Хьэрун и щхьэм къежэхыу и жьакІэм телъадэ, абы и щыгъыным и пщампІэм телъадэ дагъэфІым хуэдэщ».

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • Ди нэхур блэну хуит дощІ хъыбарыфІ гъэІунымкІэ икІи ди щытыкІэфІымкІэ Иеговэ щыдгъэлъапІэм деж.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын