ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Апрель н. 21—26
  • Нобэ зым зыр игъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Нобэ зым зыр игъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЭТ НОБЭ ГЪЭГУШХУЭН ХУЕЙР?
  • ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ДАГЪЭГУШХУЭ
  • ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ Я ЗАКЪУЭКЪЫМ НЭГЪУЭЩІХЭР ЗЫГЪЭГУШХУЭН ХУЕЙР
  • СЫТ ДЭ ДЫЗЫГЪЭГУШХУЭФЫНУР?
  • ДЭТХЭНЭ ЗЫМИ НЭГЪУЭЩІХЭР ИГЪЭГУШХУЭФЫНУЩ
  • Гушхуэныгъэ къыдэзыт Иеговэ щапхъэ тефх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, апостол Паул и щапхъэм адэкІи фытет!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Зым адрейм «лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Апрель н. 21—26

Нобэ зым зыр игъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

«Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкІэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ» (ЕВР. 10:25).

УЭРЭДХЭР: 90, 87

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр нэхъыбэу зэрыгъэгушхуэну сыт щІыхуигъэушар?

  • Хэт нобэ гъэгушхуэн хуейр?

  • Ди къуэш, ди шыпхъухэр хэт зыгъэгушхуэфынур?

1. Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр нэхъыбэу зэрыгъэгушхуэну сыт щІыхуигъэушар?

АПОСТОЛ Паул журтхэм щыщу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэ чэнджэщ яритат: «Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж. ЦІыху гуэрхэм зэрахабзэм хуэдэу, дызэІущІэныр зыхэдывмыгъанэ, атІэ дызэрывгъэгъэгушхуэ. Зиусхьэным и махуэр нэхъ къэблэгъауэ зэрыфлъагъум щхьэкІэ нэхъри фызэрыгъэгушхуэн хуейщ» (Евр. 10:24, 25). А зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр егупсысауэ къыщІэкІынущ ахэр зэрыгъэгушхуэн щхьэкІэ нэхъри къару ирахьэлІэну Паул щІыхуигъэушам. Илъэситху фІэкІа дэмыкІауэ Ерусалим щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм абы и зы щхьэусыгъуэр къагурыІуащ, ар Иеговэ Ерусалимым хьэкум щытрищІыхьыну махуэр къызэрыблэгъарат. Ахэр Хьисэ и псалъэхэм тету, а къалэм къыдэкІын хуейт (Лк. 21:20—22; Апост. 2:19, 20). Иеговэ и махуэр къыщысар рим цІыхухэм ди эрэм 70-нэ гъэм Ерусалимыр щызэтракъутам щыгъуэщ.

2. Нобэ зым адрейр нэхъыбэжу игъэгушхуэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

2 Нобэ дэ шэч къытетхьэкъым Иеговэ и махуэшхуэ шынагъуэр къызэрыблэгъам (Иоиль 2:11). Софоние бегъымбарым жиІат: «Иеговэ и махуэшхуэр гъунэгъущ. Ар гъунэгъущ икІи егъэлеяуэ мэпІащІэ» (Соф. 1:14). Мы псалъэхэр нобэ псоми яхуэгъэзащ. Абы къыхэкІкІэ, апостол Паул и псалъэхэм дыщІэдэІун хуейщ: «Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж» (Евр. 10:24). Мыхьэнэшхуэ иІэщ ди къуэш, ди шыпхъухэр гушхуэныгъэ щыхуэныкъуэм деж, абыхэм нэхъыбэу гулъытэ яхуэтщІыну.

ХЭТ НОБЭ ГЪЭГУШХУЭН ХУЕЙР?

3. НэгъуэщІхэр гъэгушхуэным теухуауэ апостол Паул сыт итхар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

3 Притчи 12:25 щыжыІащ: «Гузэвэгъуэм цІыхум и гур хегъэщІ, псалъэ гуапэм и гум гуфІэгъуэ ирелъхьэ». Мы псалъэхэм хэти арэзы техъуэнущ. Дэ тщыщ дэтхэнэми къытхуохуэ псалъэ гуапэ дыщыхуэныкъуэ. Паул зэрыжиІамкІэ, нэгъуэщІхэр игъэгушхуэну къалэн зиІэ цІыхури езыр щыгъэгушхуэн хуей къохъу. Абы итхащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм къыбгъэдэкІыу, фигухэр зыгъэбыдэн фІыгъуэ гуэр фэзгъэгъуэтын щхьэкІэ, фыслъагъуну куэду сыхуейщ. А зы фІэщхъуныгъэу диІэмкІэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсІэр» (Рим 1:11, 12). Псори куэду зыгъэгушхуэу щыта Паул езыри дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэ къэхъут. (Къеджэ Рим 15:30—32.)

4, 5. Хэт щытхъу псалъэхэр зыхуэфащэр икІи сыт щхьэкІэ?

4 Псэемыблэжу Алыхьым хуэлажьэ псоми щытхъу яхуэфащэщ. Псалъэм папщІэ, пионеру лэжьэн щхьэкІэ куэдым зыхуэзыгъэныкъуэ къуэш, шыпхъухэр. Ар дыдэр хужыпІэ хъунущ миссионерхэм, районхэм я нэхъыжьхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ, филиалымрэ ди тхыгъэхэр щызрадзэкІ офисхэм щылажьэхэмрэ. Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэн папщІэ, абыхэм псоми я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэн хуей хъуащ. Щытхъу къалэжь абыхэм, пэжкъэ? Полновременнэ лэжьыгъэр къэзыгъэнэн хуей хъуахэми щытхъу псалъэхэр я гуапэ хъунущ, абыхэм яхузэфІэкІамэ, адэкІи а лэжьыгъэм хэтынут.

5 Хэт иджыри гъэгушхуэн хуейр? Иеговэ хуэмылажьэ цІыхум и гъусэу унагъуэ зымыухуэм (1 Кор. 7:39). ЦІыхубзхэми я гуапэщ псэемыблэжу ящІэ псом щхьэкІэ абыхэм я щхьэгъусэхэр къащыщытхъум деж (Прит. 31:28, 31, Гъэсэпэтхыдэхэр). ХъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтым щхьэкІэ гугъуехь зэрырагъэшэчым е узыфэ хьэлъэ зэраІэм емылъытауэ, Алыхьым хуэпэжу къанэхэми щытхъу псалъэхэр зэхахыну хуейщ (2 Фес. 1:3—5). Иеговэрэ Хьисэ Мэссихьрэ апхуэдэ цІыху пэжхэр ягъэгушхуэ. (Къеджэ 2 Фессалоникэ 2:16, 17.)

ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ДАГЪЭГУШХУЭ

6. Исаия 32:1, 2 къызэрыхэщымкІэ, сыт зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэныр?

6 Къеджэ Исаия 32:1, 2a. Мы зэман гугъум зи лъэ щІэхуахэр игъэгушхуэн щхьэкІэ Хьисэ Мэссихь къегъэсэбэп уафэм щыпсэуну гугъэ зиІэ къуэшхэр абы нэмыщІ «пщыхэр» е, нэгъуэщІу жыпІэмэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр ди фІэщхъуныгъэм тепщэ хуэхъукъым, атІэ дагъэгушхуэу къыддолажьэ (2 Кор. 1:24).

7, 8. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм дауэ ядэІэпыкъуфыну?

7 Апостол Паул зэхуэсым и нэхъыжьхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ. Гугъуехь зрагъэшэчу щыта Фессалоникэ щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Паул яхуитхат: «АпхуэдизкІэ фІыуэ фытлъэгъуати, Тхьэм деж къикІ хъыбарыфІыр фхуэтІуэтэн къудейр аркъым дызыхуеяр, атІэ ди псэр фхуэттынуи дыхуеящ. АпхуэдизкІэ фІыуэ фытлъэгъуащ» (1 Фес. 2:8).

8 Псалъэ гуапэ закъуэкІэ иныкъуэм деж Іуэхур зэрызэфІэмыкІыр къыхигъэщын папщІэ, Паул Ефес дэс зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжриІащ: «Апхуэдэу гугъу дехьурэ, къару зимыІэхэм дазэрыдэІэпыкъун хуейр сыт и лъэныкъуэкІи фэзгъэлъэгъуащ. Езы Зиусхьэн Хьисэ жиІа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэжын хуейкъым: „Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ“» (Апост. 20:35). Паул къуэшхэр зэригъэгушхуэм нэмыщІ, иджыри зыгуэр яхуищІэну зэрыхуейр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуащ: «Фи псэхэм щхьэкІэ сиІэу хъуар згъэкІуэдыну икІи си щхьэкІэ зызгъэкІуэдыжыну си гуапэщ» (2 Кор. 12:15). Паул и щапхъэм тету, зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэгъуэщІхэр псалъэкІэ зэрагъэгушхуэм нэмыщІ, ІуэхукІэ ядэІэпыкъун хуейщ (1 Кор. 14:3).

9. Дауэ зэхуэсым и нэхъыжьым чэнджэщ зэритыфынур, цІыхур игъэгушхуэн хуэдэу?

9 Къуэш шыпхъухэм ядэІэпыкъуну хуейуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм абыхэм чэнджэщ ират. Чэнджэщ ятхэм цІыхур игъэгушхуэу щытын щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием ит щапхъэхэм дерс хахыфынущ. Хьисэ Мэссихь зэхуэсым и нэхъыжьхэм щапхъэфІ къахуигъэнащ. Ар языныкъуэ зэхуэсхэм егиин хуей хъуащ. Ауэ дауэ ар зэрищІар? Ефес, Пергам, Фиатирэ щыІэ зэхуэсхэм Хьисэ япэщІыкІэ ящытхъуащ (Апок. 2:1—5, 12, 13, 18, 19). Лаодикие щыІэ зэхуэсым жриІащ: «ФІыуэ слъагъухэм ягурызогъаІуэ, икІи согъэІурыщІэ. Аращи, фи гуэныхьхэм фахущІегъуэжи, си гъуэгум фигурэ фи псэкІэ фрикІуэ» (Апок. 3:19). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ трах хъунущ.

ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ Я ЗАКЪУЭКЪЫМ НЭГЪУЭЩІХЭР ЗЫГЪЭГУШХУЭН ХУЕЙР

Адэ-анэхэ, фи сабийхэм адрейхэр ягъэгушхуэу евгъасэрэ? (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми дауэ адрейхэр зэригъэгушхуэфынур?

10 Къуэш, шыпхъухэр зыгъэгушхуэн хуейр зэхуэсым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым. Паул Алыхьым къыбгъэдэкІ мыпхуэдэ чэнджэщ къыдет: «Адрей цІыхухэм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ евгъэгъуэтурэ, псалъэфІхэр фи жьэм къыжьэдэвгъэкІ, а псалъэхэр зэхэзых цІыхухэм фи фІагъ евгъэкІын щхьэкІэ» (Еф. 4:29). НэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэм дэ гу лъыттэн хуейщ. Еврейхэм Паул яхуитхащ: «Фэ фи Іэблэу гуэхуахэмрэ къару зыхэмылъыж лъэгуажьэхэмрэ къару яхэвгъэлъ. ЦІыху лъашэр нэхъ Іей фымыгъэхъуу, ар хъужын щхьэкІэ, гъуэгу захуэм фрикІуэ» (Евр. 12:12, 13). Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми адрейхэр псалъэ гуапэкІэ игъэгушхуэфынущ. Уеблэмэ, ар ныбжьыщІэ дыдэхэми яхузэфІэкІынущ.

11. Ди шыпхъу Мартэ дапхуэдэу дэІэпыкъуэгъу зэригъуэтар?

11 Зэман гуэркІэ зи гур ехуэхауэ щыта ди шыпхъу Мартэb мыпхуэдэу жеІэж: «Зэгуэр сэ Иеговэ селъэІуат зыгуэрым сигъэгушхуэну. А махуэ дыдэм зи ныбжь хэкІуэта ди зы шыпхъу сыхуэзащ икІи ар щабагърэ гущІэгъурэ хэлъу къысхущытащ. Арат сэ псом хуэмыдэу сызыхуэныкъуэр. Абы нэмыщІ езыми апхуэдэ гуэр зэригъэунэхуар къызжиІэжащ икІи дызэпсэлъа иужь закъуэныгъэр апхуэдэу зыхэсщІэжтэкъым». Мартэ и дежкІэ а псалъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраІэр абы къыдэІэпыкъуа шыпхъум ищІэу къыщІэкІынтэкъым.

12, 13. Филиппи 2:1—4 ит чэнджэщыр дауэ зэрыдгъэзащІэ хъунур?

12 Филиппи щыІэ зэхуэсым Паул мыпхуэдэ чэнджэщ яритат: «Фи псэм щыщ Мэссихь фигъэгушхуэркъэ? Абы и фІылъагъуныгъэм фи гукъеуэр фщхьэщихыркъэ? Тхьэм и Псэ ЛъапІэр [къару лъапІэр, ДЩІ] фи псэм хэлъкъэ? Гухуабагъэрэ гущІэгъуныгъэрэ зэхувиІэкъэ? Абы щыгъуэ си гуфІэгъуэр иривгъэкъу: Фи гупсысэкІэр зы ирехъу, а зы фІылъагъуныгъэр фрыреІэ, зэнэзэпсэу фыщыт. Зэщыхьэнми зыкъыфІэщІыжынми къахэкІауэ зыри фымыщІэ, нэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу. Езым и щхьэм и Іуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми ирыреплъ» (Флп. 2:1—4).

13 Пэжщ, дэ тщыщ дэтхэнэми ди къуэш, ди шыпхъухэр игъэгушхуэн, абыхэм ядэІэпыкъун икІи гупсэхугъуэ яритын хуейщ.

СЫТ ДЭ ДЫЗЫГЪЭГУШХУЭФЫНУР?

14. Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт зыгъэгушхуэфынур?

14 Алыхьым и гъуэгум теувэну дызыдэІэпыкъуахэр пэжу абы зэрытетым егъэлеяуэ дегъэгушхуэ. Апостол Иуани апхуэдэ гурыщІэхэр иІэт. Абы итхащ: «Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкІэ, абы нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэшхуэ сиІэкъым» (3 Ин. 4). Ди пионерхэр егъэлеяуэ егъэгушхуэ Библием ирагъэджахэр гъуэгу пэжым илъэс куэд хъуауэ зэрытетым, абыхэм щыщу языныкъуэхэри пионеру зэрылажьэм. НэгъуэщІхэм фІы куэд зэрахуищІар зи лъэ щІэхуа пионерым игу къэбгъэкІыжмэ, абы и гур къызэрыгъуэтыжынущ.

15. Алыхьым пэжу хуэлажьэхэр дауэ зэрыдгъэгушхуэ хъунур?

15 Районым и нэхъыжьхэмрэ абыхэм я щхьэгъусэхэмрэ икъукІэ мэгушхуэ зэхуэсым щыщхэм я фІыщІэр къызыхэщ письмохэр къыщыратым деж. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми, миссионерхэми, пионерхэми, Вефилым и лэжьакІуэхэми я гуапэщ щытхъу псалъэхэр зэхахыну.

ДЭТХЭНЭ ЗЫМИ НЭГЪУЭЩІХЭР ИГЪЭГУШХУЭФЫНУЩ

16. Сыт тщІэ хъунур зыгуэр дгъэгушхуэн щхьэкІэ?

16 Псалъэну укІытэ къуэш, шыпхъухэр егупсысын хуейкъым нэгъуэщІхэр яхуэмыгъэгушхуэн хуэдэу. Адрейхэр бгъэгушхуэну гугъукъым. Псалъэм папщІэ, узэрыхуэгуфІэ къудейм цІыхур игъэгушхуэфынущ. ЦІыхур уэ къыпхуэмыгуфІэжамэ, ар зыгуэрым игъэгузавэу къыщІэкІынщ. Абы щыгъуэ ар хуэныкъуэщ къедэІуэн икІи зыхэзыщІыкІын гуэр (Екъуб 1:19).

17. Ди зы къуэшым дауэ дэІэпыкъуэгъу зэригъуэтар?

17 ЩІалэщІэ Анри́ и Іыхьлыхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыта и адэмрэ Иеговэ епцІыжат. Абы ар егъэлеяуэ игъэнэщхъейт. Районым и нэхъыжьыр ди къуэш Анри дэІэпыкъуащ. Кофе ефэну абы Анри кафем къригъэблагъэри, и гум илъ псори жригъэІащ. Анри къыгурыІуащ абыхэм Иеговэ и деж къагъэзэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ, езыр Иеговэ хуэпэжу къыхуэнэн зэрыхуейр. Абы нэмыщІ Псалом 46, Софония 3:17, Марк 10:29, 30 ит псалъэхэми ар ягъэгушхуэт.

Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми хузэфІэкІынущ нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну икІи ахэр игъэгушхуэну. (18-нэ абзацым феплъ.)

18. 1) ЦІыхур гъэгушхуэным теухуауэ пащтыхь Сэлмэн сыт итхар? 2) Апостол Паул сыт хуэдэ чэнджэщ къыдитар?

18 Мартэрэ Анрирэ къащыщІам къегъэлъагъуэ дэ тщыщ дэтхэнэми ди къуэш, ди шыпхъухэр зэригъэгушхуэфынур. Пащтыхь Сэлмэн итхащ: «Сыту фІы-тІэ и чэзум жыІа хъуа псалъэр! ГуфІэ нэгум гур хегъахъуэ, хъыбарыфІми уегъэжан» (Прит. 15:23, 30, Гъэс.). Зи лъэр щІэхуам къару игъуэтыжын щхьэкІэ, ди тхыгъэхэм итхэм щыщу зыгуэр абы укъыхуеджэ хъунущ. Паул зэрыжиІамкІэ, Иеговэ зыгъэлъапІэ уэрэдхэр зэгъусэу зэрыжытІэми ди гур хигъэхъуэфынущ. Абы итхащ: «Зиусхьэным фигухэмкІэ фІыщІэ хуэфщІу, уэрэдхэри, тхьэщІыхь уэрэдхэри, Тхьэм и Псэ ЛъапІэм фи гум кърилъхьэ уэрэдхэри абы щхьэкІэ жыфІэ» (Кол. 3:16; Апост. 16:25).

19. Нобэ зым зыр игъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт икІи сыт дэ тщІэн хуейр?

19 Иеговэ и махуэшхуэр къызэрысыпам къыхэкІкІэ, зым зыр игъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Евр. 10:25). Паул и чэнджэщым дытевгъэт: «Зым адрейр ирырегъэгушхуэ икІи зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт, иджы зэрыфщІым хуэдэу» (1 Фес. 5:11).

a Исаия 32:1, 2: «Пащтыхьыр, пэжыгъэр иухуэжын щхьэкІэ, тепщэу щытынущ, пщыхэри захуагъэр яухуэжын щхьэкІэ, тепщэу щытынущ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри жьапщэм ущызыхъумэ егъэзыпІэу, уэлбанэм укъезыгъэл хъумапІэу, къумым щыІэ псыежэхыу, псы хуэлІа щІыпІэм ит къырым къыуит жьауэу щытынущ».

b ЦІэхэр зэхъуэкІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын