ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Апрель н. 15—20
  • Гушхуэныгъэ къыдэзыт Иеговэ щапхъэ тефх

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Гушхуэныгъэ къыдэзыт Иеговэ щапхъэ тефх
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ПСЭУА И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ИГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАЩ
  • ДАУЭ ХЬИСЭ ЦІЫХУХЭР ЗЭРИГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАР?
  • ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ПСЭУАХЭР ЗЭРАГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАР
  • АПОСТОЛХЭМ Я КЪУЭШХЭР ЗЭРАГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАР
  • УНАФЭЩІ ГУПЫМ ДЫЗЭРИГЪЭГУШХУЭР
  • Нобэ зым зыр игъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Ди зэманым щыІэ УнафэщІ гупым ищІэр сыт?
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • «Мы единодушно решили»
    Проповедуйте Царство Бога!
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Апрель н. 15—20

Гушхуэныгъэ къыдэзыт Иеговэ щапхъэ тефх

«Адэ лъапІэм щІыхьышхуэр ейщ... Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ» (2 КОР. 1:3, 4).

УЭРЭДХЭР: 7, 3

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэригъэгушхуэу щытар?

  • Дауэ Хьисэ цІыхухэр зэригъэгушхуэу щытар?

  • Дауэ апостолхэм я къуэшхэр зэрагъэгушхуэу щытар?

1. Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым пэщІэува иужь, дауэ Иеговэ цІыхухэр зэригъэгушхуар?

АЛЫХЬ ИЕГОВЭ — гузэгъэгъуэ къызыбгъэдэкІ Алыхьщ. ЦІыхухэр гуэныхьыщІэ щыхъуам щыщІэдзауэ Иеговэ абыхэм щІэх-щІэхыурэ гушхуэныгъэ ярет. Апхуэдэу, Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым щыпэщІэувам щыгъуэ, Иеговэ абыхэм я щІэблэм занщІэу гугъэ иритащ. Абы теухуауэ Библием, ЩІэдзапІэ тхылъым 3:15 щыжыІащ икІи абы дыкъегъэгугъэ ШейтІанымрэ абы илэжь бзаджагъэхэмрэ кІэ къахуэкІуэну. А псалъэхэм къикІыр гурыІуэгъуэ щыхъуам щыгъуэ, цІыхухэм гугъапІэ яІэ хъуащ (1 Ин. 3:8; Апок. 12:9).

ИЕГОВЭ ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ПСЭУА И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ИГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАЩ

2. Дауэ Иеговэ Нухь дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэхъуар?

2 Иеговэ и лэжьакІуэ Нухь Алыхьыр къызыфІэмыІуэху дунейм щыпсэут. Иеговэ хуэлажьэр Нухьрэ абы и унагъуэмрэт. А дунейр бзаджагъэмрэ зинэ щІэнымрэ зэщІищтат икІи абы Нухь и лъэр щІихыу къыщІэкІынт (ЩІэдз. 6:4, 5, 11; Иудэ 6). Ауэ ар адэкІи пэжу къэнэн щхьэкІэ, Алыхьым лІыгъэ хилъхьащ (ЩІэдз. 6:9). Иеговэ Нухь жриІащ а дунейм кІэ къыхуигъэкІуэну мурад зэриІэр. Абы нэмыщІ и унагъуэр и гъусэу къелын папщІэ абы ищІэн хуейри къыгуригъэІуащ (ЩІэдз. 6:13—18). Иеговэ Нухь дэІэпыкъуэгъу икІи щІэгъэкъуэн хуэхъуащ.

3. Дауэ Иеговэ Нун и къуэ Ехьошуа зэригъэгушхуар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

3 Нун и къуэ Ехьошуа (Иисус Навин) журтхэр Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэм иришэн хуейт. Ар къалэн тынштэкъым. А къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ, ар а щІыналъэм щыпсэу лъэпкъ лъэщхэм езэуэн хуейт. Абы Нун и къуэ Ехьошуа, дауикІ, игъэгузавэт. Иеговэ ар къыгурыІуэти, Мусэ жриІащ Нун и къуэ Ехьошуа игъэгушхуэну. Абы жиІащ: «Уи пІэкІэ Ехьошуа тегъэувэ, гъэгушхуэ икІи гъэбыдэ ар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ аращ псыежэхым зэпрыкІынур мы лъэпкъым ипэ иту икІи аращ уэ плъэгъуну щІыналъэм ахэр зышэнур» (Втор. 3:28). Нун и къуэ Ехьошуа и къалэным пэрыувэн ипэ, Иеговэ ар мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ игъэгушхуащ: «Сэ унафэ пхуэсщІатэкъэ: „ЛІыгъэрэ быдагъэрэ зыхэгъэлъ“? АтІэ умышынэ икІи умыгужьей, уи Алыхь Иеговэ дэнэ умыкІуами уи гъусэщи» (Иис. Н. 1:1, 9). Шэч хэмылъу, а псалъэхэм Нун и къуэ Ехьошуа ягъэгушхуащ.

4, 5. 1) Пасэрей зэманым Иеговэ и лъэпкъыр дауэ игъэгушхуа? 2) Иеговэ и Къуэм дауэ зэрыдэІэпыкъуар?

4 Иеговэ къалэн зрита и лэжьакІуэхэм нэмыщІ, и лъэпкъ псори игъэгушхуэт. Псалъэм папщІэ, Бабилэным гъэру щыІэ журт лъэпкъыр Иеговэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ игъэгушхуащ: «Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ срыуигъусэщ. ЩтэІэщтаблэу узэмыплъэкІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэращ уи Алыхьыр. Сэ узгъэбыдэнущ, сыбдэІэпыкъунущ, пэжыгъэм и Іэ ижьымкІэ быдэу усІыгъынущ» (Ис. 41:10). Япэ лІэщІыгъуэм псэуахэми нобэ псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэми апхуэдэ дэІэпыкъуэгъур зыхащІэ. (Къеджэ 2 Коринф 1:3, 4.)

5 Иеговэ и Къуэми дэІэпыкъуащ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ псым зыщІигъэуа иужь, занщІэу абы зэхихащ уафэм къиІукІ макъ: «Мыращ сэ фІыуэ слъагъу си Къуэ щІасэу си гум ирихьыр» (Мт. 3:17). Иеговэ жиІа псалъэхэм, дауикІ, Хьисэ къару къратащ, и Адэм абы къыхуигъэува къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ.

ДАУЭ ХЬИСЭ ЦІЫХУХЭР ЗЭРИГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАР?

6. Хьисэ талантхэм теухуауэ жиІэжа ущие хъыбарым дэ дауэ дызэригъэгушхуэр?

6 Хьисэ и Адэм щапхъэ трихт. Мы дунейр и кІэм къыщыхуэкІуэну зэманым теухуауэ Хьисэ талантхэм тепсэлъыхь ущие хъыбар жиІэжам абы и лъэужь ирикІуэхэр хуегъэуш Алыхьым хуэпэжыну. А ущием зи гугъу ищІ тепщэр и унэІут пэж дэтхэнэми щотхъу: «ФІыуэ пщІащ. Уэ сызыщыгугъ хъун уунэІутыфІщ! Іуэху мащІэкІэ сызыщыгугъ хъун цІыхуу узэрыщытам щхьэкІэ, Іуэху куэд ныпІэщІэслъхьэнущ. КъакІуи, уи тепщэм и гуфІэгъуэм къыхыхьэ» (Мт. 25:21, 23). А псалъэхэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуабжьу ягъэгушхуащ икІи адэкІи Иеговэ пэжу хуэлэжьэну хуагъэушащ!

Хьисэ Петр игъэгушхуащ икІи къалэн хуищІащ адрей къуэшхэри игъэбыдэну

7. Дауэ Хьисэ и апостолхэр, псом хуэмыдэу Петр, зэригъэгушхуэу щытар?

7 Апостолхэм Хьисэ и жагъуэ щащІ къэхъуми, езы Хьисэ ахэр зэригъэгушхуэным иужь итт. Апостолхэр щІэх-щІэхыурэ зэдауэт абыхэм щыщу хэт нэхъ инми зэхагъэкІыну хуейуэ. Ауэ Хьисэ шыІэныгъэ хэлъу ахэр игъасэт тепщэныгъэ зиІэхэм хуэдэу пагэу щымыту, пщылІхэм хуэдэу Іэдэбу щытыну (Лк. 22:24—26). Петр Хьисэ и жагъуэ хъун щыуагъэхэр мызэ-мытІэу ищІэт (Мт. 16:21—23; 26:31—35, 75). Ауэ Хьисэ Петр и щІыб хуигъазэкъым, атІэ ар игъэгушхуащ икІи къалэн хуищІащ адрей къуэшхэри игъэбыдэну (Ин. 21:16).

ПАСЭРЕЙ ЗЭМАНЫМ ПСЭУАХЭР ЗЭРАГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАР

8. Иудэ лъэпкъымрэ дзэ пашэхэмрэ Езекие дауэ зэригъэгушхуар?

8 ЦІыхухэр зэрыгъэгушхуэн хуейм теухуауэ Алыхьым и Къуэм щапхъэфІ къигъэнэн ипэ, нэгъуэщІхэр гъэгушхуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм къагурыІуэт. Ашурыр (Ассириер) къатеуэну шынагъэ щыщыІам щыгъуэ, пащтыхь Езеки́е Иудэ лъэпкъымрэ дзэ пашэхэмрэ зэхуишэсри игъэгушхуащ. Абы и псалъэхэр щызэхихым, «лъэпкъым и гур къызэрыгъуэтыжащ». (Къеджэ 2 Летопись 32:6—8a.)

9. Гушхуэныгъэм теухуауэ Иов тхылъым сыт къыщытщІэр?

9 Езы Іэиуб гупсэхугъуэ хуэныкъуэми, гупсэхугъуэ нэпцІ къезыт и ныбжьэгъуищым нэгъуэщІхэр зэрыгъэгушхуэн хуей щІыкІэм теухуауэ щапхъэфІ яригъэлъэгъуащ. Іэиуб абыхэм я пІэм итамэ, езым ищІэнум теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «[Сэ] си псалъэхэмкІэ фызгъэбыдэфынут икІи гупсэхугъуэ къозыт псалъэкІэ фи узыр нэхъ мащІэ сщІыфынут!» (Иов 16:1—5, Заокский перевод). ИужькІэ Елиуйрэ езы Иеговэрэ Іэиуб ягъэгушхуащ (Иов 33:24, 25; 36:1, 11; 42:7, 10).

10, 11. 1) Иеффэ и пхъур сытыт гушхуэныгъэ щІыхуэныкъуэр? 2) Хэт нобэ гушхуэныгъэрэ щытхъурэ къэзылэжьыр?

10 Иеффэ и пхъури гушхуэныгъэ хуэныкъуэт. ХеящІэ Иеффэ аммон цІыхухэм езэуэну кІуэн ипэ, псалъэ итащ, текІуэныгъэ къихьыну Иеговэ къыдэІэпыкъумэ, зауэм къыщикІыжкІэ, япэу къыпежьэр Иеговэ и шэтыр лъапІэм щылэжьэну иритыну. Иеффэ япэу гуфІэу къыпежьар и пхъуращ икІи а зы бын закъуэрат абы иІэр. Адэм дежкІэ ар гухэщІт, ауэ Иеффэ и псалъэм епцІыжакъым. Иеффэ и пхъур Иеговэ и шэтырым игъащІэкІэ щылэжьэну Сило́м игъэкІуащ (Суд. 11:30—35).

11 Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ ар Иеффэ къызэрехьэлъэкІар, ауэ и пхъум дежкІэ и адэм жиІар арэзыуэ игъэзэщІэну нэхъ хьэлъэжу къыщІэкІынт (Суд. 11:36, 37). Иеффэ и пхъур дэкІуэну, бын игъуэтыну икІи и адэм и лъапсэмрэ и цІэмрэ мыкІуэду зэрихъумэн Іэмалыр къигъэнащ. ДауикІ, ар хуабжьу гушхуэныгъэрэ дэІэпыкъуэгъурэ хуэныкъуэт. Библием щыжыІащ: «Израилым хабзэ яІэ хъуат: илъэс къэс махуиплІкІэ израил хъыджэбзхэр Галаад щыщ Иеффэ и пхъум и деж щытхъу къыхуахьыну къакІуэт» (Суд. 11:39, 40). Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ щхьэгъусэ зэзымыгъэгъуэтхэм щытхъурэ гушхуэныгъэрэ къалэжь, пэжкъэ? (1 Кор. 7:32—35).

АПОСТОЛХЭМ Я КЪУЭШХЭР ЗЭРАГЪЭГУШХУЭУ ЩЫТАР

12, 13. Петр дауэ и къуэшхэр игъэгушхуэу щыта?

12 Хьисэ лІэн ипэ Петр мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «Симон, Симон, къэдаІуэ. МэкъумэшыщІэм гуэдзымрэ хьэуазэмрэ зэрызэхигъэкІым хуэдэу, фигъэунэхун щхьэкІэ, шейтІаным Тхьэм хуитыныгъэ къыІихащ. Ауэ фІэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкІыну сэ Тхьэм сыпхуелъэІуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкІэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ» (Лк. 22:31, 32).

Япэ лІэщІыгъуэми хуэдэу, апостолхэм я тхылъхэм зэхуэсым щыщхэр егъэлеяуэ ягъэгушхуэ. (12—17-нэ абзацхэм феплъ.)

13 Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэхэм Петр ящыщ зыт (Гал. 2:9). ЩэщІрэ ещанэ гъэм Пэнтэкост (Пятидесятница) махуэшхуэм Петр тегушхуэныгъэ хэлъу жиІа псалъэмрэ иужькІэ абы игъэлъэгъуа лІыгъэмрэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сыт щыгъуи игъэгушхуэу щытащ. Илъэс куэдкІэ Алыхьым хуэлэжьа иужь, Петр письмо итхащ. Ар щІитхам и щхьэусыгъуэр мыпхуэдэу къыдгурегъаІуэ: «НыщІэстхыр фи фІэщ сщІыну, къывгурызгъэІуэну икІи Тхьэм и нэфІ щыхуэныгъэм теухуауэ сэ нэстхар зэрыпэжым щыхьэт сытехъуэну аращ. Гъуэгу щыпкъэм фытемыкІ, Тхьэм и нэфІым зыхэвмыгъэн» (1 Пет. 5:12). Петр Алыхьым и къарукІэ итха тхылъхэм гушхуэныгъэрэ гупсэхугъуэрэ Хьисэ и лъэужь итхэм сыт хуэдэ зэманми къахуехь. Иеговэ дыкъызэригъэгугъахэм дыщыпэплъэ зэманым псом хуэмыдэу гушхуэныгъэ дыхуэныкъуэщ (2 Пет. 3:13).

14, 15. Алыхьым и къарукІэ Иуан итха тхылъхэм дауэ абыхэм еджэ псори зэрагъэгушхуэр?

14 Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэу щытахэм ящыщ зыт апостол Иуани. Иуан итхыжа хъыбарыфІым ар наІуэу щытопсэлъыхь Хьисэ иригъэкІуэкІыу щыта лэжьыгъэм. А зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм а ХъыбарыфІым гушхуэныгъэ иритт, дэри абы къару къытхелъхьэ. Хьисэ и лъэужь итхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ адрей цІыхухэм къазэрыщхьэщыкІынур Иуан итхыжа ХъыбарыфІ закъуэращ зэрытыр. (Къеджэ Иуан 13:34, 35.)

15 Иуан итхыжа тхылъищым мыхьэнэ зиІэ нэгъуэщІ гупсысэхэри итщ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ илъ игъэжам «гуэныхь псори ди гум ирегъэкъэбзыкІыж» (1 Ин. 1:7). Ар зэрытщІэм гупсэхугъуэ къыдет, псом хуэмыдэу гуэныхьыр къыщыттехьэлъэкІэ. Ауэ ди гум зэпымыууэ дигъэкъуаншэу щытмэ, «Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ» жыхуиІэ псалъэхэм Алыхьым фІыщІэ нэхъыбэ хуэтщІыну дыхуагъэуш (1 Ин. 3:20). Иуан закъуэщ мыпхуэдэу зытхар: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Ин. 4:8, 16). Иуан и етІуанэ, ещанэ тхылъхэм къыхощ пэжым тету псэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм зэрыщытхъур (2 Ин. 4; 3 Ин. 3, 4).

16, 17. Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр дауэт зэригъэгушхуэр?

16 Къуэш шыпхъухэр зэрыгъэгушхуэн хуей щІыкІэм теухуауэ апостол Паул щапхъэфІ игъэлъэгъуащ. Хьисэ лІа иужькІэ апостолхэм я нэхъыбэр унафэщІ гупыр здэщыІэ Ерусалим къалэм щыпсэуащ (Апост. 8:14; 15:2). Иудей щІыналъэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхь закъуэр зи фІэщ хъухэм хъыбарыфІыр жраІэт. Ауэ Алыхьым и къару лъапІэм Паул иунэтІащ тхьэ нэпцІ зэмылІэужьыгъуэхэм хуэлажьэ алыджхэми рим цІыхухэми хъыбарыфІыр яжриІэну (Гал. 2:7—9; 1 Тим. 2:7).

17 Нобэрей Тыркум, Грецием, Италием я щІыналъэхэр Паул зэрыщыту къызэхикІухьащ, хъыбарыфІыр цІыхухэм яжриІэу икІи зэхуэсхэр иухуэу. Я «лъэпкъым щыщхэм... гугъуехь» зэрырагъэшэчым щхьэкІэ Хьисэ и лъэужь иувагъащІэхэр гъэгушхуэн хуейт (1 Фес. 2:14). Ди эрэм 50 гъэм хуэзэу Паул Фессалоникэ щыІэ зэхуэсыщІэм хуитхащ: «Фэ псоми щхьэкІэ Тхьэм зэпымыууэ фІыщІэ худощІ, Тхьэм дыщелъэІукІи, фи гугъу дощІ. Ди Тхьэуэ ди Адэ лъапІэм и пащхьэм фи фІэщхъуныгъэм ІуэхуфІхэр зэрывигъэщІам и гугъу зэпымычу щыдощІ. Фэ фи фІылъагъуныгъэм куэд зэрывигъэлэжьами, ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь фыщыгугъыурэ, фызэрыпэплъэм щхьэкІэ теубыдагъэ фиІэ зэрыхъуами я гугъу Тхьэм и пащхьэм сыт щыгъуи щыдощІ» (1 Фес. 1:2, 3). Паул иджыри мыпхуэдэ чэнджэщ абыхэм яритащ: «Зым адрейр ирырегъэгушхуэ икІи зым адрейм гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт» (1 Фес. 5:11).

УНАФЭЩІ ГУПЫМ ДЫЗЭРИГЪЭГУШХУЭР

18. УнафэщІ гупым Филипп дауэ зэригъэгушхуар?

18 Япэ лІэщІыгъуэм унафэщІ гупым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъэгушхуэт, зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэхэри абыхэм яхэту. Псалъэм папщІэ, Самарие щыщхэм Мэссихь теухуауэ яжезыІэж Филипп унафэщІ гупым щыщ къуэшхэм ягъэгушхуащ. УнафэщІ гупым Петррэ Иуанрэ Самарием ягъэкІуащ, Хьисэ и гъэсэныщІэхэм Алыхьым и къару лъапІэр къалъысын щхьэкІэ Тхьэ яхуелъэІуну (Апост. 8:5, 14—17). Филиппрэ абы и фІыщІэкІэ пэжыр къэзыщтахэмрэ, дауикІ, гушхуэныгъэшхуэ ягъуэтащ!

19. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм унафэщІ гупым и письмор дауэ къащыхъуа?

19 ИужькІэ унафэщІ гупым унафэ ищІын хуей хъуащ журтхэм щымыщ Хьисэ и лъэужь итхэм Мусэ и Хабзэм тету сунэт (обрезание) ящІын хуейрэ хуэмейрэ (Апост. 15:1, 2). Иеговэ и къару лъапІэр къаритыну къуэшхэр елъэІуащ икІи а упщІэм теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм итыр куууэ яджащ. ИужькІэ сунэт щІын хуэмейуэ унафэ ящІри, унафэ ящІам теухуауэ письмохэр зэхуэсхэм хурагъэхьащ. Хьисэ и лъэужь итхэм а унафэр дауэ къащыхъуа? Библием щыжыІащ: «Тхылъым щеджэм, ахэр абы ит хъыбарым игъэгушхуащ икІи игъэгуфІащ» (Апост. 15:27—32).

20. 1) УнафэщІ гупым дуней псом щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэр дауэ зэригъэгушхуэр? 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт хуэдэ упщІэ щызэпкърытхынур?

20 Нобэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупыр дуней псом щыпсэу ди къуэш ди шыпхъухэм ядоІэпыкъу. Абыхэм яхэтщ Алыхьым хуэлэжьэным зэман куэд тезыгъэкІуадэхэр, псалъэм папщІэ, Вефилым щылажьэхэр. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа къуэшхэм хуэдэу, ахэр къызэрыддэІэпыкъум, дауикІ, псоми гуфІэгъуэшхуэ хыдох! Абы нэмыщІ зэхуэсыр къэзыгъэнахэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ, УнафэщІ гупым и унафэкІэ 2015-нэ гъэм «Вернись к Иегове» жыхуиІэ брошюрэр къыдагъэкІащ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм, Иеговэ щапхъэ трахыу, къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэ. Ауэ абыхэм нэмыщІ хэт иджыри ахэр зыгъэгушхуэфынур? Мы упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.

a 2 Летопись 32:6—8: «Абы лъэпкъым дзэ пашэхэр тригъэуващ, къалэм и куэбжэ дыхьэпІэм деж ахэр щызэхуишэсащ икІи я гум дыхьэу жиІащ: „ЛІыгъэрэ быдагъэрэ зыхэвгъэлъ. Фымыгужьей икІи фыщымышынэ Ашурым и пщымрэ абы и гъусэ псомрэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди гъусэхэр нэхъыбэщ абы и гъусэхэм нэхърэ. Абы и гъусэр цІыхущ, дэ ди гъусэр ди Алыхь Иеговэщ, дэ къыддэІэпыкъун икІи ди лъэныкъуэр иІыгъыу зэуэн щхьэкІэ“. Иудэм и пащтыхь Езекие жиІа псалъэхэм лъэпкъым и гур къызэригъэгъуэтыжащ».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын