НыбжьыщІэхэ, Алыхьым нэхъ гъунэгъу фыхуэзыщІыну мурадхэр вгъэуврэ?
«Хуэгъазэ Іуэхуу блэжьыр Тхьэуэ Зиусхьэнми — гухэлъу уиІэр къыбдэхъунщ» (ПРИТ. 16:3, Гъэсэпэтхыдэхэр).
1—3. 1) Дэтхэнэ зы ныбжьыщІэри сыт хуэдэ Іуэхугъуэм пэщІэхуэрэ? Щапхъэ къэфхь. (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) Сыт щІалэгъуалэм къадэІэпыкъунур унафэ пэж ящІыну?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт, уэ нэгъуэщІ къалэм мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэху гуэр щхьэкІэ укІуэн хуейуэ. Автобусым уису куэдрэ гъуэгу утетыну къыппэщылъщ. Уэ автобус станцым укІуа иужь болъагъу абы цІыхур Іуву зэрызэхэтыр икІи автобус куэд зэрытетыр. Абы уи щхьэр хэунэзыхьынкІэ хъунущ, ауэ дэнэ укІуэнуми, сыт хуэдэ автобусым уитІысхьэнуми уи дежкІэ наІуэщ. Уэ, дауикІ, нэгъуэщІ автобусым уитыІсхьэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ бощІэ абы нэгъуэщІыпІэ узэришэнур.
2 ГъащІэр гъуэгуанэ кІыхьым ебгъэщхь хъунущ, ныбжьыщІэхэр станцым тет цІыхухэм хуэдэщ. Узэрыпсэуным, пщІэным теухуауэ мы дунейм Іэмал куэд къыуетри, абыхэм къыхахыныр ямыщІэу Іэнкун хъункІэ хъунущ. Ауэ ныбжьыщІэхэм сыт хуэдэ гъащІэ яІэну хуейми ІупщІу къагурыІуэу щытмэ, куэдкІэ я Іуэхур нэхъ тынш хъунущ. ДэнкІэ-тІэ здэбунэтІын хуейр?
3 Мы статьям а упщІэм и жэуапыр иритынущ икІи ныбжьыщІэхэр хуигъэушынущ Иеговэ зыгъэгуфІэ гъуэгу къыхахыну. Абы къикІыр, сыт хуэдэ унафэ ныбжьыщІэхэм ямыщІми, Иеговэ и еплъыкІэм хуэдэ яІэн зэрыхуейращ, псалъэм папщІэ щІэныгъэ зэгъэгъуэтыным, лэжьапІэ къыхэхыным икІи унагъуэ ухуэным теухуауэ. Абы нэмыщІ абы хохьэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр гъэувыныр. Иеговэ хуэлэжьэныр я гъащІэм псом япэ изыгъэщ щІалэгъуалэм быдэу я фІэщ ящІ хъунущ Иеговэ и нэфІ зэращыхуэнур икІи я мурадхэр къехъулІэну зэрадэІэпыкъунур. (Къеджэ Притчи 16:3, Гъэс.)
ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ УХУЭЗЫЩІЫНУ МУРАДХЭР СЫТ БГЪЭУВЫН ЩІЫХУЕЙР?
4. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
4 Иеговэ гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэр сыт щІалэгъуалэм ягъэувын щІыхуейр? Абы щхьэусыгъуищ иІэщ, ахэр мы статьям щызэпкърытхынщ. Япэ щхьэусыгъуитІым къагъэлъагъуэ апхуэдэ мурадхэм Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэращІыфынур, ещанэ щхьэусыгъуэм къывгуригъэІуэнущ апхуэдэ мурадхэм фызэрыхущІэкъум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыфхуихьынуми.
5. Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэзыщІыну мурадхэр дгъэувын щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт хуэдэ?
5 Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэзыщІыну мурадхэр дгъэувын щІыхуейм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр Иеговэ и лъагъуныгъэмрэ къытхуищІа псомрэ фІыщІэ зэрытщІыр къэдгъэлъэгъуэну дызэрыхуейращ. Псаломыр зытхам жиІащ: «Иеговэ фІыщІэ хуэпщІыныр фІыщ... Уи ІуэхухэмкІэ, уэ Иеговэ, сыбгъэгуфІащ, уи ІуэхущІафэхэм си гум гуфІэгъуэ из ящІ» (Пс. 92:1, 4). Егупсыс Иеговэ и фІыгъэкІэ уэ уиІэ псом: гъащІэр, фІэщхъуныгъэр, Библиер, зэхуэсхэр, Жэнэтым ущыпсэуну гугъэ уиІэр! Иеговэ къыпхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэпщІыр дауэ къызэрыбгъэлъагъуэ хъунур? Псалъэм папщІэ, абы нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр бгъэув хъунущ. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъуну.
6. 1) МурадыфІ дгъэувхэр дауэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм сэбэп зэрыхуэхъур? 2) НыбжьыщІэхэм сыт хуэдэ мурадхэр ягъэув хъуну?
6 ЕтІуанэ щхьэусыгъуэр мыпхуэдэщ: Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурад бгъэувахэр къохъулІэн щхьэкІэ къару щепхьэлІэм деж, уэ Иеговэ зыгъэгуфІэ ІуэхуфІхэр бощІэ. Апостол Паул итхащ: «Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цІыху лъапІэхэм дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкІи иджыри дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкІи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10). ЦІыхур щІалэ дыдэми, абы апхуэдэ мурадхэр игъэувыфынущ. Псалъэм папщІэ, Кристи́нэ илъэсипщІ щыхъум мурад ищІащ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я гъащІэм теухуауэ жаІэжахэм щІэх-щІэхыурэ еджэну. Абы хуэдэу, То́би илъэс пщыкІутІ щыхъум мурад ищІащ псым зыщІигъэуэн ипэ Библием итым псоми еджэну. Макси́м илъэс пщыкІуз щыхъум, абы и шыпхъу Ное́ми илъэсипщІ щыхъум псым зыщІагъэуащ. Абы иужь тІуми мурад ягъэуващ Вефилым щылэжьэну. Я мурадыр сыт щыгъуи я гум илъын папщІэ, абыхэм Вефилым щылэжьэну хуейхэм щхьэкІэ заявленэр блынджабэм фІадзащ. Уэри уегупсыс хъунущ сыт хуэдэ мурадхэр бгъэув хъунуми икІи сыт пщІэ хъунуми ахэр къохъулІэн щхьэкІэ? (Къеджэ Филиппи 1:10, 11.)
УзыхущІэкъур пщІэжу щытмэ, унафэ тэмэм къэпщтэну нэхъ тынш хъунущ
7, 8. 1) Мурад ущиІэм деж сыт унафэ пщІыну щІэнэхътыншыр? 2) Сыт Дамарис университетым щІэмытІысхьэну унафэ щІищІар?
7 Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр бгъэувын щІыхуейм и щхьэусыгъуэ ещанэр сыт хуэдэ? НыбжьыщІэхэм я къэкІуэным теухуауэ унафэ ящІыну къапэщылъщ. Уэ къыхэпхын хуейщ сыт хуэдэ щІэныгъэ зэбгъэгъуэтынуми, лэжьапІэ уздэувынури нэгъуэщІхэри. Унафэ щІыныр ебгъэщхь хъунущ гъуэгу зэхэкІыпІэм утету, здэбунэтІыныр къызэрыхэпхым. УздэкІуэнур пщІэуэ щытмэ, гугъукъым къыхэпхыну. Апхуэдэщ мурад бгъэувхэри: узыхущІэкъур пщІэжу щытмэ, унафэ тэмэм къэпщтэну нэхъ тынш хъунущ. Притчи тхылъым итщ: «Гумызагъэм гухэлъу ищІым хэхъуэ къыпэкІуэнущ» (Прит. 21:5, Гъэс.). Нэхъ щІэхыу мурад бгъэувыху нэхъ псынщІэу ар къохъулІэнущ. Ар ди шыпхъу Дама́рис и щапхъэм къыхощ, ар иджыри щІалэу мыхьэнэшхуэ зиІэ мурад ищІын хуей хъуащ.
8 Дамарис школыр оценкэфІхэр иІэу къиухати, ахъшэ иримыту университетым право щиджыну Іэмал иІэт. Ауэ абы и пІэкІэ абы пщІэ нэхъ мащІэ зыпылъ, ахъшэ нэхъ мащІэ къыздикІ лэжьыгъэм уващ. Сыт щхьэкІэ? Абы жеІэж: «Иджыри сысабийуэ сэ мурад сщІат пионер сыхъуну, ауэ абы щхьэкІэ махуэ псокІэ сымылажьэу лэжьыгъэ къэзгъуэтын хуейт. Юристу седжауэ щытамэ, сэ ахъшэфІ къэзлэжьыну къыщІэкІынт, ауэ махуэ псокІэ сыздэмылэжьэну лэжьапІэ къэзгъуэтыну гугъу хъунут». Дамарис илъэс 20 хъуауэ пионеру щытщ. Сабийуэ щыщытам щыгъуэ мурад пэж игъэувауэ икІи школ нэужьым лэжьыгъэм теухуауэ унафэ тэмэм ищІауэ илъытэу пІэрэ абы? Ар къыддогуашэ: «ЛэжьапІэм сэ щІэх-щІэхыурэ юристхэм саІуощІэ. Сэ университетыр къэзыухауэ щытамэ, лэжьыгъэ згъэзэщІэнурат абыхэм ягъэзащІэр. Абыхэм щыщ куэдыр я лэжьыгъэмкІэ арэзыкъым. Пионер сыхъуну мурад зэрызгъэувауэ щытар къыздэІэпыкъуащ лэжьыгъэ къыхэсхам сыхущІемыгъуэжыну икІи си гъащІэм гуфІэгъуэ хэсхыу сыпсэуну».
9. Сыт ди ныбжьыщІэхэм щытхъу щІахуэфащэр?
9 Дуней псом мин бжыгъэкІэ ныбжьыщІэхэр Иеговэ щогугъ икІи абы гъунэгъу хуэзыщІыну мурадхэр ягъэув. Дыхуейщ абы щхьэкІэ ди гум къыбгъэдэкІыу абыхэм дащытхъуну! Ахэр я гъащІэм гуфІэгъуэ хахыу мэпсэу икІи Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпу зрагъасэ, псалъэм папщІэ еджэным, лэжьыгъэм, унагъуэм теухуауэ. Сэлмэн итхауэ щытащ: «ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ; кІуапІэу хэпшхэми Тхьэр къыщылъыхъуэ, уи гъуэгур занщІэ мис Абы ищІынщ» (Прит. 3:5, 6, Гъэс.). НыбжьыщІэхэ, Иеговэ фэ фІыщэу фелагъу! Абы фэ лъапІэу фелъытэри, фыкъихъумэнущ, фызыхуэныкъуэ чэнджэщхэр къывитынущ икІи и нэфІ къыфщыхуэнущ.
ХЪЫБАРЫФІЫР БГЪЭІУНУ УЩЫКІУЭКІЭ ФІЫУЭ ЗЫГЪЭХЬЭЗЫР
10. 1) ХъыбарыфІ гъэІуныр ди гъащІэм псом нэхъ япэ идгъэщын щІыхуейр сыт? 2) Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр цІыхухэм фІыуэ къагурыбгъэІуэфын щхьэкІэ, сыт къыбдэІэпыкъунур?
10 НыбжьыщІэм и гъащІэмкІэ Иеговэ игъэгуфІэну мурад иІэу щытмэ, хъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ иритынущ. Хьисэ Мэссихь жиІауэ щытащ дунейм и кІэухыр къэсын ипэ, «хъыбарыфІыр лъэпкъ псоми хуаІуэтэн» хуейуэ (Мк. 13:10). ХъыбарыфІ гъэІуныр ебгъэтІылъэкІ мыхъун Іуэхуу щытщи, ар ди гъащІэм псом нэхъ япэ идгъэщын хуейщ. ХъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу ухэтыну е пионеру улэжьэну мурад пхуэгъэувыну? Ауэ хъыбарыфІ гъэІуным гукъыдэжышхуэ ухуимыІэмэ-щэ? Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр цІыхухэм фІыуэ къагурыбгъэІуэфу дауэ зэрызебгъэсэнур? Уэ чэнджэщитІ къыбдэІэпыкъунущ: фІыуэ зыгъэхьэзыр икІи хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ, уи Іэр йомыхьэх. Мы чэнджэщхэм утетмэ, уэ езым бгъэщІагъуэу а лэжьыгъэм гуфІэгъуэшхуэ къыпхуихьынущ.
НэгъуэщІхэм Иеговэ теухуауэ яжепІэну дауэ зэрызыхуэбгъэхьэзырыр? (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)
11, 12. 1) Сыт щІалэгъуалэм ящІэ хъунур Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэфын щхьэкІэ? 2) Ди зы къуэш ныбжьыщІэр къыдеджэхэм дауэ хъыбарыфІымкІэ дэгуэшэфа?
11 Псалъэм папщІэ, къыбдеджэхэм нэхъыбэу упщІэ къыуатхэм я жэуапхэр къэбгъуэт хъунущ. АбыкІэ уэ къыбдэІэпыкъунущ «Уи упщІэхэм я жэуапхэр» жыхуиІэ тхылъым и етІуанэ томыр. А тхылъым и 36-нэ псалъащхьэм итщ Алыхьыр уи фІэщ щІэхъур нэгъуэщІхэм къагурыбгъэІуэну сэбэп къыпхуэхъуну чэнджэщхэр. А псалъащхьэм еджи «Сыт Алыхьыр уи фІэщ щІэхъур?» жыхуиІэ упщІэм жэуап зэрептыным егупсыс. Абы теухуауэ цІыхум ущепсалъэм деж къэбгъэсэбэп хъун едзыгъуищым егупсыс: Еврейхэм 3:4, Рим 1:20, Псалом 139:14. А тхылъым ит чэнджэщхэр къыбдэІэпыкъунущ нэгъуэщІ упщІэхэми я жэуапхэр бгъэхьэзырыну. (Къеджэ 1 Петр 3:15.)
12 Языныкъуэ ныбжьыщІэхэм къадеджэхэм ирагъэлъагъу, абыхэм я жэуапхэм и упщІэхэр ди публикациехэм къызэрыщагъуэт хъунур. Апхуэдэу Лу́кэ ищІащ. Зэгуэрым абы и егъэджакІуэр динхэм теухуауэ классым хутепсэлъыхьт. Лукэ гу лъитат Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ тхылъым пцІы зэритым. Зэрыгузавэм емылъытауэ, ар егъэджакІуэм хуит ищІыну елъэІуащ а тхылъым итхэр щІэмыпэжыр классым къагуригъэІуэну. ЕгъэджакІуэм ар хуит ищІащ. Лукэ и фІэщхъуныгъэм теухуауэ псоми яжриІащ, абы нэмыщІ классым щІэсхэм яригъэлъэгъуфащ Иеговэ и Щыхьэтхэм материал къыдагъэкІхэр. ЕгъэджакІуэм сабийхэм унэ лэжьыгъэу яритащ «Дай отпор хулиганам, не пуская в ход кулаки» жыхуиІэ фломастернэ анимацием еплъыну. Лукэ гуфІэгъуэшхуэ зыхищІащ, хъыбарыфІымкІэ нэгъуэщІхэм зэрыдэгуашэфам щхьэкІэ.
13. Гугъуехь дыпэщІэхуэми, сыт ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр?
13 Гугъуехь фыщыпэщІэхуэм деж фи Іэр евмыхьэхыу, адэкІи фи мурадыр къызэрывэхъулІэным къару ефхьэлІэ (2 Тим. 4:2). Апхуэдэу Катари́нэ ищІащ. Илъэс 17 щыхъум абы мурад игъэуват къыдэлажьэ дэтхэнэ зыми Иеговэ теухуауэ жриІэну. Абыхэм ящыщ зым Катаринэ зыбжанэрэ псалъэ жагъуэхэр къыжриІат, ауэ абы щхьэкІэ ар шынакъым. Абы щыгъуэ абы и щытыкІэфІыр Ханс и цІэу къыдэлажьэ щІалэм игъэщІэгъуащ. Абы ди тхыгъэхэм еджэу, Библиер куууэ иджу щІидзащ икІи псым зыщІигъэуащ. Катаринэ нэгъуэщІыпІэ Іэпхъуати, а псор ищІэтэкъым. Илъэс 13 дэкІауэ, Катаринэ и унагъуэр и гъусэу зэІущІэм щыщыІэм, псалъэ жызыІэну кърагъэблэгъа къуэшыр Хансу къыщІэкІащ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Катаринэ ар щилъагъум зэригъэщІэгъуар! Ар икъукІэ щыгуфІыкІыжащ къыдэлажьэхэм хъыбарыфІыр яжриІэну мурад ищІауэ щытар къызэримыгъэнам щхьэкІэ.
МУРАД БГЪЭУВАР КЪОМЫГЪАНЭ
14, 15. 1) Сыт ныбжьыщІэхэм зыщагъэгъупщэн хуэмейр? 2) НэгъуэщІхэм къыщыптракъузэм деж, абы упэлъэщыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
14 Мы статьям мызэ-мытІэу дыщытепсэлъыхьащ мыхьэнэшхуэ зэриІэм Иеговэ зыгъэгуфІэну икІи абы гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр бгъэувыным. Ауэ нобэ уэ уи ныбжь щІалэгъуалэ куэдым я дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр зыгъэпсэхунымрэ нэгу зегъэужьынымрэщ. ИкІи абыхэм ухуагъэушынкІэ хъунущ ящІэр уэри ядэпщІэну. Гува-щІэхами, уэ нэгъуэщІхэм къагурыбгъэІуэн хуеинущ нэгъуэщІ мурадхэр узэриІэр икІи ахэр къызэромыгъэнэнур. Мы статьям ипэм дызытепсэлъыхьа автобус станцым ущыІатэмэ, япэу къыппэщІэхуэ автобусым уитІысхьэнут, абы ис цІыхухэр гуфІэу, гушхуэу зэрисым щхьэкІэ? ДауикІ, уитІысхьэнутэкъым!
15 НэгъуэщІхэм къыщыптракъузэм деж, абы упэлъэщыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Гуэныхь щІэным ухуэзышэнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм узэрыпэщІэмыхуэным иужь ит (Прит. 22:3, Гъэс.). МыхъумыщІагъэ зыщІэ гуп ухыхьэмэ, абы Іуэхугъуэ Іей кърикІуэнухэм егупсыс (Гал. 6:7). Іэдэбагъ зыхэгъэлъ икІи зыщомыгъэгъупщэ чэнджэщыфІым узэрыхуэныкъуэм. Уи адэ-анэмрэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэмрэ къыбжаІэм щІэдэІу. (Къеджэ 1 Петр 5:5, 6.)
16. Іэдэбагъ пхэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.
16 Кри́стоф зицІэ ди зы къуэшым Іэдэбагъыр къыдэІэпыкъуащ чэнджэщыфІ къратар зыхилъхьэну. Псым зыщІигъэуа иужь куэд дэмыкІыу ар фитнес-центрым кІуэуэ щІидзащ. Абы къекІуалІэ нэгъуэщІ щІалэхэм ар хуагъэушу щІадзащ я спортивнэ клубым хыхьэну. Кристоф зэхуэсым и нэхъыжьым абы теухуауэ епсэлъати, къуэшым абы къыжриІащ шынагъэ зыпэщІэхуэфынухэм егупсысыну, псалъэм папщІэ нэгъуэщІхэм пеуэныр хьэл зэрыхуэхъункІэ хъунум. Ауэ абы емылъытауэ, Кристоф мурад ищІащ а клубым хыхьэну. Зэман гуэр дэкІа иужь абы къыгурыІуэжащ а спортыр зэрымытэмэмыр икІи узыншагъэм зэран зэрыхуэхъуфынур. Ар аргуэру зэхуэсым и нэхъыжьхэм епсалъэри, абыхэм Библием тегъэщІа чэнджэщхэр къратащ. Кристоф къыддогуашэ: «Иеговэ къуэшхэр къигъэсэбэпу чэнджэщыфІхэр къызитащ икІи сэ абыхэм занщІэу семыдэІуами, иужькІэ ахэр зыхэслъхьащ». Егупсыс: Іэдэбагъ пхурикъуну пІэрэ уэ, чэнджэщ къыуатым уедэІуэну?
17, 18. 1) НыбжьыщІэхэм сыт хуэдэ гъащІэ яІэну Иеговэ хуей? 2) НыбжьыщІэхэр балигъ хъуа иужь сытым хущІегъуэжынкІэ хъуну? Апхуэдэу мыхъун щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? Щапхъэ къэфхь.
17 Библием жеІэ: «ГуфІэ, щІалэ, ущІалэхукІэ икІи уи щІалэгъуэм уи гум гуфІэгъуэ ирырелъ» (Эккл. 11:9). Иеговэ хуейщ уи гъащІэм гуфІэгъуэ къыпхуихьыну икІи апхуэдэу щытын щхьэкІэ сэбэп къыпхуэхъуну зы Іэмалым мы статьям дыщытепсэлъыхьащ. Ар дигу къэдгъэкІыжынщ: Алыхьым гъунэгъу ухуэзыщІыну мурад бгъэувахэр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым икІи унафэ щыпщІым деж Иеговэ и еплъыкІэр къэпщІэн хуейщ. Нэхъ щІэх абы иужь уихьэху, нэхъ щІэхыу зыхэпщІэнущ Иеговэ гъуэгу пэжыр узэригъэлъагъур, укъызэрихъумэр икІи и нэфІ къызэрыпщыхуэр. Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщыфІхэм егупсыс икІи Экклезиаст 12:1 ит псалъэхэм узэрытетыным хущІэкъу: «Псори къэзыгъэщІа уи Алыхь лъапІэр уи щІалэгъуэм уигу игъэлъ».
18 НыбжьыщІэхэр псынщІэу хохъуэри, балигъ мэхъу. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абыхэм щыщ куэдыр балигъ хъуа иужь хущІогъуэж, ныбжьыщІэу щыщытам щыгъуэ мурад тэмэм зэрамыщІам щхьэкІэ е, нэхъ Іеижыращи, зыри мурад зэрамыгъэувам щхьэкІэ. Ауэ фэ Алыхьым нэхъ гъунэгъу фыхуэзыщІыну мурадхэм фыхущІэкъумэ, унафэ фщІам зэи фыхущІегъуэжынукъым. Ар зэрыпэжым Мирья́нэ и щапхъэр щыхьэт тохъуэ. НыбжьыщІэу щыщытам абы спортым ехъулІэныгъэшхуэхэр щиІэт. Ар ЩІымахуэ Олимпиадэм хэтыну кърагъэблэгъат, ауэ абы мурад ищІащ Иеговэ полновременну хуэлэжьэну. Абы лъандэрэ илъэс 30 дэкІащ, ауэ иджыри къыздэсым Мирьянэ и щхьэгъусэм и гъусэу полновременнэ лэжьыгъэм хэтщ. Абы жеІэ, цІэрыІуэу щытыну хущІэкъу, щІыхь, тепщэныгъэ икІи мылъку къэзылъыхъуэ цІыхухэр зэи нэгъэсауэ насыпыфІэу зэрыщымытыфынур. Абы нэмыщІ абы зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ ухуэлэжьэну, абы теухуауэ цІыхухэм щІэныгъэ ябгъэдэплъхьэну мурад пщІыным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым.
19. Уи щІалэгъуэм Иеговэ гъунэгъу ухуэзыщІыну мурадхэр бгъэувмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къыпхуихьынур?
19 НыбжьыщІэхэ, фэ щытхъу фхуэфащэщ гугъуехь фызэрыпэщІэхуэм емылъытауэ Иеговэ и Іуэхур сыт щыгъуи фи гъащІэм псом япэ ивгъэщыну фызэрыхэтым щхьэкІэ. Фэ Алыхьым гъунэгъу фыхуэзыщІыну мурадхэр фогъэув икІи хъыбарыфІ гъэІуным ебгъэтІылъэкІ мыхъуну Іуэхум хуэдэу фыхущытщ. Абы нэмыщІ мурад фщІам фытетыну мы дунейр зэран зыхуэвгъэхъукъым. Зыщывмыгъэгъупщэ: фэ къару ефхьэлІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. ФІыуэ фыкъэзылъагъу, къывдэІэпыкъуну хьэзыр къуэш, шыпхъухэр фиІэщ, абы нэмыщІ Иеговэ сыт щыгъуи зыкъывдыщІигъэкъуэну хьэзырщ. Аращи, «Тхьэуэ зиусхьэным дзыхь егъэзи», мурад бгъэувахэр къохъулІэнущ!