Алыхьым къыпхуиІэ лъагъуныгъэм уи гъащІэр ихъуэжыфынущ
Алыхьым цІыхум и Іэпкълъэпкъыр гъэщІэгъуэну зэхилъхьащ. ЦІыхум зиуІэжамэ, удын гуэр игъуэтамэ е зыгуэр къыхэуамэ, Іэпкълъэпкъым уІэгъэхэмрэ удынхэмрэ езым игъэхъужу щІедзэ (Johns Hopkins Medicine). Іэпкълъэпкъым къарууэ иІэр зэхелъхьэри лъыр къегъэувыІэ, уІэгъэр егъэкІыж икІи дыркъуэхэр егъэхъуж.
ЕГУПСЫСЫТ: дыкъэзыгъэщІа Алыхьым ди Іэпкълъэпкъым уІэгъэ игъуэтхэр щигъэхъужыфкІэ, ди гум телъ дыркъуэхэри абы игъэхъужыфынукъэ? Алыхьым теухуауэ Библием щыжыІащ: «Зигу иудахэр абы егъэхъуж икІи я уІэгъэхэр яхуепхэ» (Псалом 147:3). Гукъутэм уихьмэ е хуабжьу зыгуэр уигу щІыхьамэ, Иеговэ узэригъэхъужынур быдэу уи фІэщ щІы. Сыт ар уи фІэщ щІэпІщІ хъуныр?
АЛЫХЬЫМ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?
Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «Умышынэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ срыуигъусэщ. ЩтэІэщтаблэу узэмыплъэкІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэращ уи Алыхьыр. Сэ узгъэбыдэнущ, сыбдэІэпыкъунущ» (Исаия 41:10). Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур щыпщІэм деж, узыгъэгузавэ псор ІуокІри гугъуехьхэм узэрыпэлъэщын къару богъуэт. Апостол Паул зэрыжиІэмкІэ, ар «Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ» инщ. Абы иджыри мыпхуэдэу итхащ: «Мы мылъкушхуэр дэ, ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм хуэдэхэм, ди гум илъ зэпытщ. Апхуэдэу щІэхъуар лъэкІыныгъэшхуэ зиІэр дэрмырауэ, атІэ Тхьэрауэ зэрыщытыр нахуэ хъун щхьэкІэщ» (Филиппи 4:4—7, 9; 2 Коринф 4:7).
Библиер къыддоІэпыкъу ди къэкІуэным теухуауэ Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псори зэригъэзэщІэнур ди фІэщ тщІыну. Псалъэм папщІэ, Апокалипсис 21:4, 5 (къыкІэлъыкІуэ напэкІуэцІым къыщыхьащ) щыжыІащ Иеговэ сыт ищІэну зигъэхьэзырми икІи ар зэрищІэнум шэч къытедмыхьэ щІэхъунум и щхьэусыгъуэхэр.
Ди «нэхэм нэпс псори» щІилъэщІыкІыжынущ. Куэд мыщІэу Иеговэ ди гугъуехьхэри, ди гузэвэгъуэхэри тщхьэщихынущ, нэгъуэщІхэм мыхьэнэшхуэ имыІэу ялъытэ ди гукъеуэхэми кІэ иритынущ.
«Тахътэм тесым» лъэкІыныгъэшхуэ иІэщ. Иеговэ и нэІэ сыт щыгъуи къыттригъэтынущ икІи зыри зэран къытхуэмыхъуну дыкъихъумэнущ.
Иеговэ дыкъызэригъэгугъэ псори дзыхь зыхуэпщІ хъун псалъэ пэжщ. Ар Алыхь пэжщ икІи абы жиІэ псори ди фІэщ тщІы хъунущ.
«„Абыхэм я нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ блэкІа Іуэхухэр щыІэжкъыми“. Тахътэм тесым жиІащ итІанэ: „Мис, Іуэху псори щІэуэ солэжь. Мыхэр тхы,— къыпищащ итІанэ,— мыхэр узыщыгугъ хъун псалъэ щыпкъэщи“» (Апокалипсис 21:4, 5).
Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ Библиемрэ уафэм щыІэ ди Адэм и хьэл-щэнхэр къытхузэІуах. Алыхьыр ди ныбжьэгъу хъуну зэрыхуейр дыкъэзыухъуреихь дунейм наІуэ дыдэ имыщІми, Библием гурыІуэгъуэу къыджеІэ: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). «Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым»,— щыжыІащ Апостолхэм 17:27.
Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэхукІэ, абы и нэІэр къызэрыптригъэтыр нэхъыбэу уи фІэщ хъунущ (1 Петр 5:7). Ар уи фІэщ зэрыхъум дауэ уи гъащІэр зэрихъуэжыфынур?
Мис Японием щыщ ди къуэш Тору и щапхъэр. Иеговэ и лэжьакІуэу щыт и анэм игъэсами, иужькІэ «мафия якудза» жыхуаІэм абы зыпищІащ. Абы жеІэж: «Алыхьым сыкъилъагъу мыхъуу къысщыхъут икІи фІыуэ слъагъу гуэр щылІэм деж, ар си гуэныхьхэм щхьэкІэ тезыру Алыхьым къыстрилъхьэу слъытэт». Тору зэрыжиІэжымкІэ, апхуэдэ еплъыкІэ зэриІам икІи цІыху гущІэгъуншэхэм зэрыхэтам щхьэкІэ ар гу быдэ зиІэ цІыху пхъашэ хъуащ. ЗыщІэхъуэпсу щытам теухуауэ абы игу къегъэкІыж: «Сэ сыхуейт сыщІалэу сылІэну: сэр нэхърэ нэхъ лъэрызехьэ гуэр сыукІыу абыкІэ си цІэр згъэІуну».
Ауэ иужькІэ Тору и щхьэгъусэ Ханна и гъусэу Библиер джын щыщІидзам абы и дуней еплъыкІэмрэ и гъащІэмрэ егъэлеяуэ зихъуэжащ. «Си щхьэгъусэм зэрызихъуэжыр наІуэт!»— игу къегъэкІыж Ханна. Тору къыддогуашэ: «Уафэм фІыуэ дыкъэзылъагъу Алыхь зэрыщыІэр быдэу си фІэщ мэхъу. Ар хуейкъым цІыхухэр лІэну икІи хущІегъуэжхэм я щыуагъэхэр яхуигъэгъуну хьэзырщ. Нэхъ щэху дыдэу уиІэр, нэгъуэщІхэм къагурымыІуэныр абы хуэпІуатэ хъунущ. Куэд мыщІэу Иеговэ кІэ иритынущ дуней псом щыІэ гугъуехьхэм, гузэвэгъуэхэм, гуауэхэм. Иджыпстуи ар гъэщІэгъуэныщэу къыддоІэпыкъу. Ди гур щиудам деж, Алыхьым псом хуэмыдэу гъунэгъу зыкъытхуещІ» (Псалом 136:23).
Ди къуэш Тору и щапхъэм къегъэлъагъуэ: Алыхьым ди гугъуехьхэм кІэ зэрыритынур икІи абы ди нэпсхэр зэрыщІилъэщІыкІыжынур зэрытщІэм гугъэ дахэ къызэрыдитым нэмыщІ, ди гъащІэр нобэ насыпыфІэ ещІ. Зэрыплъагъущи, мы дунейр гугъуехькІэ гъэнщІами, Алыхьым и лъагъуныгъэм уи гъащІэр фІыкІэ ихъуэжыфынущ.