Куэд мыщІэу Алыхьым гузэвэгъуэхэм кІэ яритынущ
Алыхьым фІыуэ илъагъу Аввакум бегъымбарыр тхьэусыхэт: «Иеговэ, укъыздэІэпыкъуну иджыри куэдрэ сынолъэІуну, щхьэ сызэхомыхрэ? Лей зехьэным зэрызиубгъуам щхьэкІэ укъыддэІэпыкъуну иджыри куэдрэ сыноджэну, щхьэ дыкъомыгъэлрэ?» (Аввакум 1:2, 3). Аввакум и упщІэхэм къикІрэт абы и фІэщхъуныгъэр мащІэу? ДауикІ, къикІтэкъым! Иеговэ Аввакум къигъэгугъащ и зэманыр къэсмэ гузэвэгъуэхэм кІэ иритыну (Аввакум 2:2, 3).
Ди щхьэм е ди унагъуэм гуауэ къыщытлъэІэсым деж, Алыхьыр зыкІи къыддэмыІэпыкъуу къытщыхъункІэ хъунущ. Ауэ Библием жеІэ: «ЦІыху гуэрхэм къазэрыщыхъум хуэдэу, Зиусхьэным цІыхухэр къызэригъэгугъар игъэзэщІэныр хигъэтІэсэнукъым. Тхьэм шыІэныгъэ къыфхуиІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зы цІыхуи кІуэдыну хуэмейуэ, цІыху псори я гуэныхьхэм хущІегъуэжыну хуейщ ар» (2 Петр 3:9).
ДАПЩЭЩ АЛЫХЬЫР КЪЫЩЫХЭІЭБЭНУР?
Куэд мыщІэу! Хьисэ жиІащ зы зэманым къриубыдэу псэуну цІыхухэм Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн зэмылІэужьыгъуэхэр зэралъэгъунур. А Іуэхугъуэхэм ІупщІу къагъэлъэгъуэнущ «мы дунейм и кІэухыр» къызэрыблэгъар (Маттэ 24:3—42). Хьисэ жиІауэ щыта псалъэхэр нобэ къызэрыхъур долъагъу икІи абы къегъэлъагъуэ Алыхьыр цІыхухэм я Іуэхухэм куэд мыщІэу къызэрыхэІэбэнурa.
Дапхуэдэу Алыхьым ди гугъуехьхэм кІэ зэрыритынур? Хьисэ щІылъэм щыпсэуам Алыхьым и къарур къигъэлъэгъуащ. Алыхьым и къарукІэ Хьисэ цІыхухэм ядэІэпыкъут икІи я гугъуехьхэр псынщІэ ящищІт. Щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
Гузэвэгъуэшхуэхэр. Зэгуэр Хьисэ и апостолхэр и гъусэу гуэлым щызэпрыкІым я кхъуафэжьейр псым щІэзылъэфэфын борэнышхуэм щІидзат. Абы щыгъуэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ езымрэ и Адэмрэ апхуэдэ гузэвэгъуэхэм пэлъэщыну къару зэраІэр (Колоссэ 1:15, 16). Хьисэ борэнышхуэм жриІащ: «Сабырыж, увыІэ!» Асыхьэту «жьыр увыІэжри, дунейр щым дыдэ хъужащ» (Марк 4:35—39).
Узыфэхэр. Хьисэ нэфхэр, щІакъуэхэр, эпилепсие къызэузхэр, уэшын уз зэфыкІхэр игъэхъужт. Абы «дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиІэри игъэхъужырт» (Маттэ 4:23, 24; 8:16; 11:2—5).
Гъаблэр. Алыхьым и къарукІэ Хьисэ телъыджэ ищІэт — ерыскъы мащІэр игъэбагъуэти, цІыху куэдыкІейр игъашхэт. Мин бжыгъэ хъу цІыхухэр Хьисэ зэригъэшхам теухуа ІуэхугъуитІым Библиер топсэлъыхь (Маттэ 14:14—21; 15:32—38).
ЛІэныгъэр. Иеговэ лІэныгъэм тепщэныгъэ хуиІэщ. Хьисэ къигъэтэджыжа цІыхуищым я щапхъэм ар фІыуэ къегъэлъагъуэ. Хьисэ къигъэтэджыжахэм ящыщ зыр дунейм зэрехыжрэ махуиплІ дэкІат! (Марк 5:35—42; Лука 7:11—16; Иуан 11:3—44).
a Иужьрей махуэхэм теухуауэ «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 32 урокым нэхъыбэ къыщыпщІэфынущ. Ар Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ икІи www.jw.org сайтым пщІэншэу къипх хъунущ.