ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Ноябрь н. 15—20
  • Иеговэ ущыгугъыу псэу!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ ущыгугъыу псэу!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • ИЕГОВЭ ЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭВГЪАЗЭ
  • ИЕГОВЭ ЖИІЭМ ФЕДАІУЭ
  • ИЕГОВЭ ФЕЖЬЭ
  • ИЕГОВЭ ЩЫГУГЪХЭМ ГЪАЩІЭ МЫУХЫЖ ЯРИТЫНУ КЪЕГЪЭГУГЪЭ
  • ИЕГОВЭ ФЫЩЫГУГЪ ИКІИ ГУФІЭГЪУЭР ЗЫФІЭВМЫГЪЭКІУЭД
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Ноябрь н. 15—20

Иеговэ ущыгугъыу псэу!

«ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ» (ПРИТ. 3:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).

УЭРЭДХЭР: 3, 8

ФЩІЭЖУ ПІЭРЭ?

  • Сыт дызыгъэгузавэхэр Иеговэ лъэІукІэ щІыхуэтІуатэ хъунур?

  • Сыт ди лъэІухэм хэдгъэхьэ хъунур?

  • И зэманым ди гугъуехьхэм Иеговэ кІэ зэрыритынум дыпэплъэну сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

1. Сыт дэ псори гупсэхугъуэ дыщІыхуэныкъуэр?

ДЭ ПСОРИ гупсэхугъуэ дыхуэныкъуэщ. Ди нэгу къытхущІэгъэхьэ хъункъым ди гъащІэр гузэвэгъуэншэу, гуауэрэ гугъуехьрэ щымыІэу. Ныбжьыр зэрыхэкІуэтам, дызэрысымаджэм е фІыуэ тлъагъу гуэр зэрылІам щхьэкІэ гугъу дехьу къыщІэкІынщ. Языныкъуэхэм нэгъуэщІхэр Іейуэ къахущытщ. Абы нэмыщІ дыкъэзыухъуреихь цІыхухэр кІуэ пэтми нэхъ гущІэгъуншэ мэхъу. Мы «зэман гугъухэм» къыдгурагъаІуэ «дунейм и иужьрей махуэхэм» дызэрыщыпсэур (2 Тим. 3:1). Иеговэ дыкъызэригъэгугъахэр къэхъуным илъэс куэд щІауэ дежьэу къыщІэкІынщ. КІуэтэхукІи гугъуехьхэр нэхъыбэ мэхъу. Сыт-тІэ гупсэхугъуэ къыдэзытынур?

2, 3. 1) Аввакум теухуауэ сыт дэ тщІэр? 2) Сыт Аввакум тхылъыр щІызэпкърытхынур?

2 Гупсэхугъуэ къыдэзытынур къэтщІэн щхьэкІэ Авваку́м и тхылъым девгъэплъ. А бегъымбарым и гъащІэм теухуауэ Библием куэд имытми, абы итхыжа тхылъым дызыгъэгушхуэ гупсысэ куэд итщ. Аввакум цІэм «ІэплІэ хуабэ» къикІыу къыщІэкІынщ. Абы Иеговэ гуапэу ІэплІэ къызэрытхуищІыр е дэ ар дымыутІыпщу быдэу зэрытІыгъыр къегъэлъагъуэ. Аввакум Иеговэ зыхуигъазэри упщІэ зыбжанэ иритат. Ахэр зэрызэпсэлъам дэ дерс хэтхын щхьэкІэ Иеговэ а псалъэхэр иригъэтхыжащ (Авв. 2:2).

3 Иеговэрэ зи гур иуда бегъымбарымрэ зэрызэпсэлъам нэмыщІ, Библием Аввакум теухуауэ нэгъуэщІ зыри къыджиІэкъым. Аввакум тхылъым ит псалъэхэр Иеговэ щІригъэтхыжар «щыпкъагъэр дагъэщІэн щхьэкІэщ. Тхьэм и псалъэ тхахэм шыІэныгъэрэ гушхуэныгъэрэ диІэ ягъэхъуурэ, Тхьэм ІыхьэфІыр къызэрытлъигъэсынум дыщагъэгугъ» (Рим 15:4). А тхылъыр дэтхэнэ зыми дауэ къызэрыддэІэпыкъунур? Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ щыгугъыным къикІыр къыдгурыІуэнущ. Абы нэмыщІ гугъуехьхэм икІи гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж гузэгъэгъуэ дызэриІэфынур а тхылъым ди фІэщ ещІ. Аращи, адэкІэ Аввакум тхылъыр нэхъ куууэ зэпкърытхынщ.

ИЕГОВЭ ЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭВГЪАЗЭ

4. Сытыт Аввакум гузэгъэгъуэр фІэзыгъэкІуэдыр?

4 Къеджэ Аввакум 1:2, 3a. Аввакум щыпсэуа зэманыр гугъут. Абы хуабжьу игу къеуэт къэзыухъуреихь цІыхухэр бзаджэу, гущІэгъуншэу зэрыщытыр. Абы и лъэпкъэгъухэм зым зыр къигъапцІэт икІи гугъу иригъэхьт. Абы къыхэкІкІэ Аввакум упщІэ куэд иІэт: «Бзаджагъэм дапщэщ кІэ къыщыхуэкІуэнур? Иеговэ къыхэмыІэбэу сыт апхуэдиз зэман щІыдигъэкІыр?» Бегъымбарым хэкІыпІэ имыІэу къыщыхъут. Абы щыгъуэ Аввакум Иеговэ къыхэІэбэну елъэІуащ. Ар егупсысу къыщІэкІынт Иеговэ цІыхухэр къыфІэмыІуэхуу. Апхуэдэ гурыщІэхэр фэри зэгуэр фиІауэ пІэрэ?

Дызыгъэгузавэхэмрэ шэч къызытетхьэхэмрэ Иеговэ хуэтІуэтэну дышынэн хуейкъым

5. Аввакум и тхылъым сыт къыдгуригъаІуэр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

5 Аввакум Иеговэ дзыхь хуимыщІыжу икІи къызэригъэгугъахэр и фІэщ мыхъужурат, апхуэдэ упщІэхэр щІитар? ДауикІ, аратэкъым! Иеговэ и гурыщІэхэр зэрыхуиІуэта закъуэм къегъэлъагъуэ абы Алыхьым дзыхь зэрыхуищІу щытар. Аввакум гугъу щІехьым икІи Іейм зыщІиубгъуам и щхьэусыгъуэр къызэрыгурымыІуэм иригузавэт. Алыхьым Аввакум и гурыщІэхэр иригъэтхыжыну щІыхуигъэушар, дэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэщ: дызыгъэгузавэхэмрэ шэч къызытетхьэхэмрэ Иеговэ хуэтІуэтэну дышынэн хуейкъым. Алыхьым лъагъуныгъэ хэлъу дыхуегъэуш ди гурыщІэхэр жетІэну (Пс. 50:15; 62:8). Притчи 3:5 итщ: «ГущІэ лъащІэ псомкІи Тхьэуэ Зиусхьэным дзыхь егъэз, уи акъылым ущымыгугъыщэ» (Гъэс.). Аввакум а псалъэхэм тету псэуащ.

6. Сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным?

6 Аввакум и Ныбжьэгъу икІи и Адэ Иеговэ дзыхь хуищІт, нэхъ гъунэгъу хуэхъунуи хуейт. Бегъымбарыр и щхьэм щымыгугъыу и гурыщІэхэр Иеговэ лъэІукІэ хуиІуэтащ. Ар ди дежкІэ щапхъэшхуэщ. Иеговэ ди тхьэлъэІухэм едаІуэу Библием жеІэ, ар хуейщ дэ абы дыщыгугъыну икІи ди гукъеуэхэмкІэ дыдэгуэшэну (Пс. 65:2). Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ ди лъэІухэм жэуап зэрыритыр тлъэгъунущ. Дэ зыхэтщІэнущ Иеговэ гуапэу ІэплІэ къызэрытхуищІыр, нэгъуэщІу жыпІэмэ гупсэхугъуэ икІи чэнджэщ къызэрыдитыр (Пс. 73:23, 24). Сытым димыгъэгузавэми, Иеговэ дызэрыхуа Іуэхугъуэм теухуауэ иІэ еплъыкІэр къыдгурыІуэну къыддэІэпыкъунущ. Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къызэрыдгъэлъагъуэ хъун Іэмалхэм ящыщ зыщ — лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр.

ИЕГОВЭ ЖИІЭМ ФЕДАІУЭ

7. Аввакум и псалъэхэм дауэ Иеговэ зэрыхущытар?

7 Къеджэ Аввакум 1:5—7b. Аввакум и гукъеуэхэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьа иужь, ар егупсысауэ къыщІэкІынщ и лъэІум жэуап дапхуэдэу къритынуми. Гулъытэрэ зэхэщІыкІрэ зыхэлъ Алыхь Иеговэ Аввакум упщІэ къритахэм щхьэкІэ игъэкъуэншакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и гурыщІэхэр къыгурыІуэт. Абы ищІэт Аввакум гугъу зэрехьыр икІи къыдэІэпыкъуну зэрелъэІур. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ и бегъымбарым къыхузэІуихащ, жыІэмыдаІуэу щыт журтхэм куэд мыщІэу къащыщІынур. Иеговэ и тезырыр щІэх къызэрысынур япэ дыдэу зыжриІар Аввакуму къыщІэкІынщ.

8. Иеговэ кърита жэуапыр сыт Аввакум щІигъэщІэгъуар?

8 Иеговэ Аввакум къыгуригъэІуащ куэд мыщІэу Іуэхум зэрыхэІэбэнур икІи гущІэгъуншэ цІыху бзаджэхэм тезыр зэратрилъхьэнур. «Фи зэманым» къэхъунущ жыхуиІэ псалъэхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и тезырыр бегъымбарыр псэууэ е абы и зэманым псэуа цІыхухэр псэууэ къызэрыхъунур. Аввакум Иеговэ жэуап къритар и гугъам хуэдэтэкъым. Алыхьым и псалъэхэм къыбгурагъаІуэт Иудэ дэс цІыхухэм гугъуехь нэхъыбэж зэрашэчынур. Халдей цІыхухэр е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, бабилэн цІыхухэр журтхэм нэхърэ нэхъ гущІэгъуншэт. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, израил цІыхухэм Алыхьым и хабзэхэр ящІэт, ауэ бабилэн цІыхухэм абы зыри хащІыкІтэкъым. Тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ цІыху гущІэгъуншэхэр къигъэсэбэпу Иеговэ и лъэпкъым тезыр трилъхьэну сыт мурад щІищІар? Аввакум и пІэ фитамэ, сыт хуэдэ гурыщІэхэр фиІэнут?

9. Аввакум иджыри сыт хуэдэ упщІэхэр иІэт?

9 Къеджэ Аввакум 1:12, 13c. Аввакум къыгурыІуат Иеговэ бабилэн цІыхухэр къигъэсэбэпу Іей зыщІэхэм тезыр зэратрилъхьэнур, ауэ абы иджыри упщІэ куэд иІэт (Авв. 1:14, 17). Абы емылъытауэ, Аввакум Іэдэбагъ хэлъу Алыхьым жриІащ абы адэкІи дзыхь зэрыхуищІыр икІи и «Къыру» зэрыщытыр (Втор. 32:4; Ис. 26:4). Бегъымбарым шыІэныгъэ зыхигъэлът икІи и фІэщ хъут Иеговэ цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъур, абыхэм гуапэу зэрахущытыр. Абы къыхэкІкІэ ар шынакъым зыгъэгузавэ упщІэхэмкІэ Алыхьым иджыри зыхуигъэзэну. Псалъэм папщІэ: «Иудэм дэс цІыхухэм я Іуэхур нэхъ Іей хъуну сыт Иеговэ хуит щІищІынур? Сыт ар иджыпсту къыщІыхэмыІэбэр? Псори зыхузэфІэкІ Алыхьым зыри имыщІэу гузэвэгъуэхэр нэхъыбэж зэрыхъум сыт щІеплъынур? КъекІуэкІ Іейр щилъагъукІэ сыт абы зыри щІыжимыІэнур? Иеговэ — „ЛъапІэщ“ и „нэри къабзэІуэщ“, апхуэдэу щыщыткІэ а псор къэхъуну сыт хуит щІищІынур?»

10. Аввакум иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри иныкъуэхэм деж сыт дыщІиІэнкІэ хъунур?

10 Аввакум иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри иныкъуэхэм деж диІэнкІэ хъунущ. Иеговэ и Псалъэм дыщеджэм деж, абы жиІэм додаІуэ икІи гугъэ диІэр нэхъ быдэ мэхъу. Абы нэмыщІ организацэм унафэ къыдитхэм Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэм теухуауэ нэхъыбэ къыдагъащІэ. Ауэ итІанэми мыпхуэдэ упщІэ диІэнкІэ хъунущ: «Дапщэщ ди гугъуехьхэм кІэ къыщыхуэкІуэнур?» АдэкІэ Аввакум ищІам дытепсэлъыхьынщ икІи дэ абы сытым дыхуигъасэми дегупсысынщ.

ИЕГОВЭ ФЕЖЬЭ

11. Аввакум Иеговэ епсэлъа иужь сыт быдэу мурад ищІар?

11 Къеджэ Аввакум 2:1d. Аввакум Иеговэ щепсэлъам щыгъуэ къищІам гузэгъэгъуэ къритащ. Абы быдэу мурад ищІащ Иеговэ къыщыхэІэбэну махуэм ежьэну. Ар къыхощ абы мызэ-мытІэу мыпхуэдэу зэрыжиІам: «Зы щхьэкІи сымыгузавэу гузэвэгъуэшхуэ махуэм сыпэплъэнущ» (Авв. 3:16). Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэри Иеговэ щыгугът икІи шыІэныгъэ яхэлъу пэплъэт. Абыхэм я щапхъэм къегъэлъагъуэ: дэри ди Іэр едмыхьэхыу шыІэныгъэ зыхэдгъэлъыфынущ (Мих. 7:7; Екъуб 5:7, 8).

И зэманым ди гугъуехьхэм Иеговэ кІэ зэрыритынум шэч къытедмыхьэу, шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэн хуейщ

12. Аввакум и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?

12 Аввакум и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ? Япэрауэ, сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэмыхуами, адэкІи Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ. ЕтІуанэрауэ, Иеговэ Библиемрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу къыджиІэхэм дедэІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ещанэрауэ, и зэманым ди гугъуехьхэм Иеговэ кІэ зэрыритынум шэч къытедмыхьэу, шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэн хуейщ. Аввакум щапхъэ тетхыу, дэри Иеговэ ди ныбжьэгъум хуэдэу депсалъэмэ, жиІэм дедаІуэмэ икІи шыІэныгъэ тхэлъу дежьэмэ, гузэгъэгъуэ диІэнущ икІи гугъуехьхэм дыпэлъэщынущ. Гугъэм къару къыдитынущ шыІэныгъэ зыхэдгъэлъыну икІи къыддэІэпыкъунущ ди гъащІэм сыт къыщымыхъуами гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну. Абы нэмыщІ гугъэм ди фІэщ ещІ уафэм щыІэ ди Адэм псори фІы зэрищІыжынур (Рим 12:12).

13. Аввакум 2:3 ит псалъэхэм сыт ди фІэщ ящІыр?

13 Къеджэ Аввакум 2:3e. Иеговэ, дауикІ, гуфІащ Аввакум шыІэныгъэ хэлъу абы пэплъэну мурад зэрищІар щилъэгъуам щыгъуэ. Псори зыхузэфІэкІ Алыхьым Аввакум и гугъуехьхэр фІы дыдэу къыгурыІуэт. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ гуапэу, лъагъуныгъэ хэлъу и бегъымбарым гупсэхугъуэ иритащ икІи ар зыгъэгузавэ упщІэхэм я жэуапхэр къызэрыІэрыхьэнур и фІэщ ищІащ. Куэд дэмыкІыу абы и гугъуехьу хъуам кІэ къыхуэкІуэн хуейт. Алыхьым Аввакум мыпхуэдэу жриІауэ жыпІэ хъунущ: «ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ, дзыхь къысхуэщІ. Уи тхьэлъэІум Іэмал имыІэу жэуап естынущ, ар гувэу къыпщыхъуми». Иеговэ абы игу къигъэкІыжащ и псалъэхэр щигъэзэщІэну зэманыр зэрытриухуар икІи адэкІи ежьэну хуигъэушащ. Аввакум апхуэдэу зэрищІам хущІегъуэжакъым.

Иеговэ щхьэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэну сыт дыщІэхьэзырыр? (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Гугъуехь дыщиІэм деж сыт тщІэн хуейр?

14 Гугъуехь дыщиІэм деж шыІэныгъэ тхэлъу Иеговэ дежьэмэ икІи жиІэм дедаІуэмэ, Иеговэ псори зэрызригъэзэхуэжынум шэч къытетхьэнукъым, гузэгъэгъуи дгъуэтынущ. Хьисэ дыкъыхуриджащ Алыхьым «пІалъэрэ лъэхъэнэу» игъэувауэ дэ иджыри къытхузэІуимыхахэм егъэлеяуэ демыгупсысыну (Апост. 1:7). Дэ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым: Иеговэ къыхэІэбэну щынэхъыфІыр ещІэ. Абы къыхэкІкІэ ди Іэр етхьэхынкъым икІи фІэщхъуныгъэ, Іэдэбагъ, шыІэныгъэ тхэлъу Иеговэ дыпэплъэнщ. Абы нэмыщІ Іущагъ хэлъу ди зэманыр къэдвгъэгъэсэбэп, тхузэфІэкІыр тщІэуэ Иеговэ и лэжьыгъэм дыхэтын щхьэкІэ (Мк. 13:35—37; Гал. 6:9).

ИЕГОВЭ ЩЫГУГЪХЭМ ГЪАЩІЭ МЫУХЫЖ ЯРИТЫНУ КЪЕГЪЭГУГЪЭ

15, 16. 1) Аввакум тхылъым Иеговэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыдитыну жиІэрэ? 2) Иеговэ гугъэ къыдитхэм сытым дыхуагъэушрэ?

15 Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «цІыху пэжыр фІэщхъуныгъэ зэриІэм щхьэкІэ псэунущ» икІи «Иеговэ и щІыхьым теухуа щІэныгъэмкІэ щІылъэр гъэнщІауэ щытынущ» (Авв. 2:4, 14). Аращи, шыІэныгъэ хэлъу Иеговэ щыгугъхэм тыгъэ дахэ къалъысынущ — гъащІэ мыухыж.

16 Аввакум 2:4 ит псалъэхэм апхуэдизкІэ мыхьэнэшхуэ яІэщи, апостол Паул а псалъэхэр и письмохэм щэ щитхыжащ (Рим 1:17; Гал. 3:11; Евр. 10:38). Гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж фІэщхъуныгъэр зыфІэдмыгъэкІуэдмэ икІи Алыхьым дыщыгугъмэ, дэ ди нэкІэ тлъэгъунущ абы дыкъызэригъэгугъэхэр къызэрыхъур. Иеговэ хуейщ къэкІуэну зэманым тыгъэ къыдитынум ди гури ди акъылри теухуауэ щытыну.

17. Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?

17 Дэ, иужьрей зэманым щыпсэухэм, Аввакум и тхылъым итым дерс хэтхыфынущ. Иеговэ зи фІэщ хъууэ, абы щыгугъ цІыху пэжхэм псоми гъащІэ мыухыж яритыну къегъэгугъэ. Аращи, сыт хуэдэ гугъуехьрэ гузэвэгъуэрэ дыпэщІэмыхуами, адэкІи Иеговэ нэхъыбэжу дзыхь хуэдвгъэщІ. Иеговэ Аввакум жриІа псалъэхэм ди фІэщ ящІ, ар къызэрыддэІэпыкъунур икІи дыкъызэрыригъэлынур. Иеговэ къыдолъэІу дзыхь хуэтщІу икІи шыІэныгъэ тхэлъу и Пащтыхьыгъуэр щІылъэ псом и тепщэу щыщытыну зэманым дыпэплъэну. А зэманым Іэдэбагъ зыхэлъ, Иеговэ хуэлажьэ цІыхухэр насыпыфІэу щІылъэм щыпсэунущ (Мт. 5:5; Евр. 10:36—39).

ИЕГОВЭ ФЫЩЫГУГЪ ИКІИ ГУФІЭГЪУЭР ЗЫФІЭВМЫГЪЭКІУЭД

18. Иеговэ и псалъэхэр Аввакум дауэ къызэрыдэІэпыкъуар?

18 Къеджэ Аввакум 3:18, 19f. Иеговэ и псалъэхэр Аввакум и гум хыхьат (Авв. 3:16, 17). Япэм Иеговэ и лэжьакІуэхэм щхьэкІэ Іуэху телъыджэ ищІахэм зэрегупсысар абы къыдэІэпыкъуащ Алыхьым нэхъыбэжу дзыхь хуищІыну. Аввакум шэч къытрихьэтэкъым куэд мыщІэу Иеговэ къызэрыхэІэбэнум. Абы гупсэхугъуэ къритт, зэман гуэркІэ иджыри гугъу зэрехьынур ищІэми. Иджы абы зыми шэч къытрихьэжтэкъым, атІэ Иеговэ къызэрыригъэлынур быдэу и фІэщ хъут. Иеговэ быдэу дзыхь зэрыхуищІыр къызыхэщ псалъэхэр Аввакум 18-нэ едзыгъуэм щыжиІащ. Библиер куууэ зыдж щІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, а едзыгъуэр мыпхуэдэу зэбдзэкІ хъунущ: «Сэ Зиусхьэным щхьэкІэ сыгуфІэурэ сыдэлъеинущ, Алыхьым щхьэкІэ хэІэтыкІауэ сыгуфІэурэ сыкъэфэнущ». Дэ псоми ар щапхъэшхуэ тхуохъу! Иеговэ гугъэ дахэхэр къызэрыдитым нэмыщІ, ахэр куэд мыщІэу игъэзэщІэжыну дыкъегъэгугъэ.

19. Аввакум хуэдэу дэри Иеговэ и деж гупсэхугъуэ дауэ къызэрыщыдгъуэтынур?

19 Аввакум и тхылъым гупсысэ нэхъыщхьэу итыр Иеговэ сыт щыгъуи дзыхь зэрыхуэтщІын хуейращ (Авв. 2:4). Абы щхьэкІэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. Аращи, мыхьэнэшхуэ иІэщ: 1) Иеговэ сыт щыгъуи лъэІукІэ зыхуэдгъазэу, дызыгъэгузавэу хъуар хуэтІуэтэным; 2) Иеговэ Библиемрэ и организацэмрэ къигъэсэбэпу къыджиІэхэм дедэІуэным; 3) фІэщхъуныгъэр тхъумэным икІи и зэманым ди гугъуехьхэм Иеговэ кІэ зэрыритынум шыІэныгъэ тхэлъу дыпэплъэным. Аввакум аращ ищІар. Абы Иеговэ япэу зыщыхуигъэзам ар куэдым игъэгузавэу щытащ. Ауэ и кІэм абы Алыхьым дзыхь зэрыхуищІыр икІи гуфІэгъуэ зэриІэр къызыхэщ псалъэхэр жиІащ. Аввакум щапхъэ тетхмэ, уафэм щыІэ ди Адэм гуапэу ІэплІэ къызэрытхуищІыр дэри зыхэтщІэнущ! Мы дуней Іейм апхуэдэ гупсэхугъуэ иджыри нэгъуэщІыпІэ щыдгъуэтыну? ДауикІ, щыдгъуэтынукъым.

a Аввакум 1:2, 3: «Иеговэ, укъыздэІэпыкъуну иджыри куэдрэ сынолъэІуну, щхьэ сызэхомыхрэ? Лей зехьэным зэрызиубгъуам щхьэкІэ укъыддэІэпыкъуну иджыри куэдрэ сыноджэну, щхьэ дыкъомыгъэлрэ? Іейр щІэзбгъэлъагъур сыт икІи насыпыншагъэр щІыщыбгъэІэр сыт? Сыт си пащхьэм дыгъуэнымрэ лей зехьэнымрэ къыщІэхъур? Сыт зэщыхьэныгъэрэ зэгурымыІуэныгъэрэ щІыщыІэр?»

b Аввакум 1:5—7: «Лъэпкъхэм феплъи, абыхэм фІыуэ фахэплъэ, зыр зым вгъэщІагъуэу фызэплъыж. ВгъэщІагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фи зэманым къэхъунур къывжаІэжатэмэ, фи фІэщ хъунутэкъым. Сэ къэзгъэсэбэпынущ гущІэгъуншэу икІи лъэпкъ псынщІэу щыт халдейхэр, абыхэм нэгъуэщІхэм я унэхэр яубыдын щхьэкІэ щІылъэм къыщакІухь. Ахэр губжьащ икІи шынагъуэщ. Захуагъэм теухуауэ унафэхэр езыхэм ягъэувыж, езыхэм я щІыхь яІэжщ».

c Аввакум 1:12, 13: «Ижь-ижьыж лъандэрэ уэ ущыІэкъэ, Иеговэ? Уэ, си Алыхь, си ЛъапІэ, уэ зэи улІэнукъым. Иеговэ ахэр уэ тебгъэуващ хьэкум пщІын щхьэкІэ. Си Къыр, уэ ахэр къызэбгъэпэщащ уи тезырыр тралъхьэн щхьэкІэ. Уи нэр къабзэІуэщ Іейм уеплъын щхьэкІэ, насыпыншагъэми уэ уеплъыфкъым. Сыт-тІэ нэгъуэщІым епцІыжхэм ущІеплъыр, цІыху бзаджэм езым нэхърэ нэхъ захуэр зэрыхиутэр щыплъагъукІэ, сыт зыри щІыжумыІэр?»

d Аввакум 2:1: «ХъумакІуэ чэщанэм сытетынущ, быдапІэу зэтетхъуа щІым сытеувэнурэ сыплъэнущ, сэ сыкъигъэсэбэпу жиІэнухэр къэслъэгъун икІи си къуэншагъэр къыщызжиІэкІэ жэуап естынур къызгурыІуэн папщІэ».

e Аввакум 2:3: «А плъэгъуахэр и зэманым къэхъун хуейуэ щытщ. Ар къэхъуну мэпІащІэ икІи укъигъэпцІэжынукъым. Гувэу щытми, ежьэ абы, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Іэмал имыІэу къэхъунущ, къыкІэрыхунукъым».

f Аввакум 3:18, 19: «Дапхуэдэу мыхъуами, Иеговэ щхьэкІэ хэІэтыкІауэ сыгуфІэнущ, сыкъезыгъэлыну Алыхьым щхьэкІэ сыгушхуэнущ. Дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Зиусхьэн Иеговэ — си къарущ. Абы си лъакъуэхэр щыхьым ейм хуэдэ ищІынущ икІи си лъагапІэхэм къыщызигъэкІухьынущ».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын