ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp18 № 3 н. 8—9
  • Алыхьым и гур къыпщІэузу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым и гур къыпщІэузу пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР?
  • АЛЫХЬЫМ ХЭЛЪ ГУЩІЭГЪУМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?
  • АЛЫХЬЫМ ПСОРИ ЕЛЪАГЪУ, ДЫКЪЫГУРОІУЭ ИКІИ И ГУР КЪЫТЩІОУЗ
  • ЗэхэщІыкІ зыхэгъэлъ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • НэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм гулъытэ хуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • ЦІыхур зэрызэхэпщІыкІыным хущІэкъу
    ЦІыхухэр фІыуэ флъагъу — Хьисэ и лъэужь иувэну фадэІэпыкъу
  • Алыхьым укъыгурыІуэу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
wp18 № 3 н. 8—9

Алыхьым и гур къыпщІэузу пІэрэ?

АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР?

ЦІыхум нэгъуэщІым и пІэм зригъэувэфмэ, абы зыхищІэр зыхищІэфмэ, гущІэгъу хэлъу жыпІэ хъунущ. Нейрофизиолог Рик Хансон жеІэ: «ГущІэгъур цІыхум хэлъу къалъху».

ЕГУПСЫСЫТ: сыт цІыхум гущІэгъу щІыхэлъыр? Псэущхьэхэм сыт ар щІахэмылъыр? Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым цІыхур езым хуэдэу къигъэщІащ (ЩІэдзапІэ 1:26). Сыт абы къикІыр? Иеговэ хэлъ хьэл-щэнхэр дэри догъэлъэгъуэф, ахэр езым хуэдэу нэгъэсауэ дгъэлъэгъуэну тхузэфІэмыкІми. Аращи, зы цІыхум адрейм гущІэгъу щыхуищІым деж, къэзыгъэщІа Алыхь Иеговэ щапхъэ трихыу аращ (Притчи 14:31).

АЛЫХЬЫМ ХЭЛЪ ГУЩІЭГЪУМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?

Хьэзаб щытшэчым деж, Алыхьым и гур къытщІоуз. Журтхэр Мысырым пщылІу щыщыІам икІи иужькІэ илъэс 40 пшахъуэщІым щитам гугъуехь куэд яшэчащ. А псор щилъагъум Иеговэ зыхищІам Библиер мыпхуэдэу топсэлъыхь: «Ахэр гугъуехь хуэзэхукІэ абы и гур хэщІт» (Исаия 63:9). Иеговэ журтхэм яшэч хьэзабым хищІыкІ къудейуэ аратэкъым, атІэ абы я узыр езым зыхищІэт. Алыхьым жиІащ: «Сэ сощІэ си лъэпкъым Мысырым щишэч гугъуехьыр» (Исход 3:7). «Фэ къывэІусэр си нэкугъуэм къеІусэм хуэдэщ»,— жеІэ дыкъэзыгъэщІа Алыхьым (Захария 2:8). Зыгуэрым лей къыщыттригъэхьэм деж, Иеговэ и гур къытщІоуз.

Ди гур щызэбгъэж икІи Алыхьым и гущІэгъур тхуэмыфащэу къыщытщыхъу къохъу, ауэ Библием жеІэ: «Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икІи псори ещІэ» (1 Иуан 3:19, 20). Дэ ди щхьэр зэрытцІыхужым нэхърэ Иеговэ нэхъыфІу дыкъецІыху. Ди Іуэхур зыІутым, ди гупсысэхэм икІи ди гукъеуэхэм ар щыгъуазэщ. Алыхьым и гум гущІэгъур щызщ.

Алыхьым гупсэхугъуэ, Іущагъ, дэІэпыкъуэгъу къыдитыну делъэІу хъунущ. ДыщІелъэІуари къызэрытхуищІэнум шэч лъэпкъ къытетхьэн хуейкъым

Алыхьым и Псалъэм щыжыІар

  • «Уэ Иеговэ уеджэнущ — абы жэуап къыуитынущ, къыбдэІэпыкъуну уелъэІунущ — абы къыбжиІэнущ: „Сымис сэ!“» (ИСАИЯ 58:9).

  • «Мурад фхузиІэр фІыуэ сощІэ сэ,— жеІэ Иеговэ.— Сэ мурад фхузиІэр гузэвэгъуэкъым, атІэ мамырыгъэщ, гъащІэрэ гугъапІэрэ фэстын щхьэкІэ. Фэ фыкъызэджэнущ, си деж фыкъэкІуэнущ, тхьэлъэІукІэ зыкъысхуэвгъэзэнущ, икІи сэ фызэхэсхынущ» (ИЕРЕМИЯ 29:11, 12).

  • «Си нэпсхэр уи фэндым щыхъумэ. Уи тхылъым иткъэ ахэр?» (ПСАЛОМ 56:8).

АЛЫХЬЫМ ПСОРИ ЕЛЪАГЪУ, ДЫКЪЫГУРОІУЭ ИКІИ И ГУР КЪЫТЩІОУЗ

Алыхьыр къызэрытхуэгузавэр зэрытщІэр дауэ къыддэІэпыкъурэ зэман гугъу дыщихуэм деж? Марие жеІэж:

«Сэ гуауэшхуэ къыслъэІэсат. Си къуэр илъэситІкІэ лышхым (ракым) ебэна иужь, илъэс 18 фІэкІа мыхъуу дунейм ехыжащ. Абы и лІэныгъэм си лъэр щІигъэхуащ. Си къуэр зэримыгъэхъужам щхьэкІэ сэ Иеговэ сыхуэгубжьт.

Илъэсих дэкІа иужь си гум илъ псори си ныбжьэгъум хуэсІуэтащ. Иеговэ фІыуэ сыкъимылъагъуу къызэрысщыхъур абы жесІащ. Сызэпимыуду ар сыхьэт зыбжанэкІэ къызэдаІуэри, иужькІэ 1 Иуан 3:19, 20 ит псалъэхэр сигъэлъэгъуащ. А едзыгъуэхэр си гум лъэІэсащ. Абы щыжыІат: „Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икІи псори ещІэ“. Ди шыпхъум къызгуригъэІуащ Иеговэ ди гурыщІэхэр фІыуэ зэрызэхищІыкІыр.

ИтІанэми гужьгъэжьым сиутІыпщтэкъым. ИужькІэ Псалом 94:19 ит псалъэхэм сыкъеджащ: „Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт“. А псалъэхэр сэ схуатхауэ фІэкІа пщІэнтэкъым! Иеговэ сызыгъэгузавэ псори бгъэдэслъхьэу щыщІэздзам икІи абы сызэрызэхихымрэ сызэрызэхищІыкІымрэ щызэхэсщІам, си плІэм мывэ дэхужам хуэдэт».

Алыхьым дызэрызэхищІыкІыр икІи къызэрытхуэгузавэр пщІэну гупсэхугъуэщ! АтІэ дунейм апхуэдиз гузэвэгъуэрэ гуауэрэ щхьэ щыІэ? Ар Алыхьым и тезыру пІэрэ? Алыхьым ди гугъуехьхэм зэгуэр кІэ иритыну пІэрэ? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьяхэм къыщыпщІэнущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын