Гузэвэгъуэхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ тезыру пІэрэ?
ЛЮСИЯ И ЛЪАКЪУЭ СЭМЭГУМКІЭ ЙОЩІЭКЪУАУЭ. ЩыцІыкІум абы полиомиелит узыр къеуэлІащ. Ар «центральная нервная система» жыхуаІэм еуэ уз зэрыцІалэщ. Люсия илъэс 16 щыхъум зыгъэлажьэу щыта цІыхубзым мыпхуэдэу къыжриІат: «Уи анэм уемыдаІуэу икІи упэпсэлъэжу узэрыщытам щхьэкІэ Алыхьым тезыр къыптрилъхьауэ аращ!» Илъэс куэд дэкІа иужьи а псалъэхэр Люсия и щхьэм икІтэкъым.
И ЩХЬЭМ ЛЫШХ (РАК МОЗГА) КЪЫЗЭРЕУЭЛІАР ДАМАРИС И АДЭМ ЩЫЖРИІАМ ЩЫГЪУЭ, ар къыщІэкІиящ: «Сыт зэхэпщІыхьар? Апхуэдэ къыщыпщыщІакІэ уэ гуэныхьышхуэ гуэр пщІауэ къыщІэкІынущ. Шэч хэлъкъым Алыхьым и ней уэ къызэрыпщыхуам!» Адэм и псалъэхэр пхъум и гум щІыхьащ, сэ къыхаІуам хуэдэу.
Ижь-ижьыж лъандэрэ узыфэхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ тезыру жаІэ. Пасэрей зэманым къекІуэкІыу щыта хабзэхэм тепсэлъыхь зы тхылъым зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ Мэссихь и зэманым псэуа цІыхухэм я фІэщ хъут цІыхум и узыр езым ищІам е абы и Іыхьлыхэм ящІа гуэныхьым къыхэкІыу; узыр Алыхьым къытрилъхьа тезыру (Manners and Customs of Bible Lands). Медицинэм теухуа тхылъым зэрыжиІэмкІэ, ди эрэм и V—XV лІэщІыгъуэхэм языныкъуэхэм ябжт цІыхухэм гуэныхь ящІэхэм щхьэкІэ Алыхьым уз зэрыцІалэхэр къахуигъакІуэу (Medieval Medicine and the Plague). XIV-нэ лІэщІыгъуэм Европэм цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ зыукІа уз зэрыцІалэр Алыхьыра къызыбгъэдэкІар хьэмэрэ, щІэныгъэлІхэм зэрабжым хуэдэу, ар зи ягъэр «бактериальная инфекция» жыхуаІэра? Зыгуэр егупсысынкІэ хъунущ: «ЦІыхухэм ялэжь гуэныхьхэм щхьэкІэ пэж дыдэу Алыхьым тезыр папщІэу узхэр къахуигъакІуэу пІэрэ?»a
ЕГУПСЫСЫТ: узхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ Алыхьым къыбгъэдэкІыр пэжмэ, щхьэ Хьисэ Мэссихь цІыху сымаджэхэр игъэхъужу щыта? Абы щыгъуэ Хьисэ Алыхьым и унафэ пэжхэм ебэкъуауэ къокІ (Маттэ 4:23, 24). Ауэ Хьисэ Алыхьым и жыІэм зэи щІэкІакъым. Абы жиІат: «[Алыхьым] игъуэу илъытэ Іуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащІэ». Иджыри Хьисэ жиІэт и Адэм унафэ къыхуищІахэр сыт щыгъуи зэригъэзащІэр (Иуан 8:29; 14:31).
Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхь Иеговэ «хабзэншагъэ зэрихьэркъым» (Второзаконие 32:4). Псалъэм папщІэ, зы гуэныхьщІакІуэ гуэрым тезыр трилъхьэн щхьэкІэ ар зэрыс кхъухьлъатэр Алыхьым къригъэхуэхыу, абы и гъуса лажьэ зимыІэ цІыхухэр зэи хигъэкІуэдэнутэкъым. Алыхьыр сыт щыгъуи захуагъэм зэрытетыр Ибрэхьим ищІэти, Иеговэ «щыпкъагъэ зимыІэм и гъусэу щыпкъагъэ зиІэри» зэримыгъэкІуэдынур быдэу и фІэщ хъут (ЩІэдзапІэ 18:23, 25). Библием иджыри щыжыІащ: «Алыхь пэжым зэи хабзэншагъэ хуэщІэнукъым икІи лъэкІыныгъэшхуэ зиІэм лей зэрихьэнукъым!» (Иов 34:10—12).
ГУГЪУЕХЬХЭМ Я ЩХЬЭУСЫГЪУЭМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?
Гуэныхь гуэр зэрытщІам щхьэкІэ Алыхьым тезыр папщІэу гугъуехьхэр къытхуигъакІуэу плъытэ хъунукъым. А гупсысэр Хьисэ ІупщІу и гъэсэнхэм къагуригъэІуащ, къызэралъхурэ нэфу щыт цІыхухъум ахэр щыхуэзам. И гъуэгу ирикІуэхэр Хьисэ къеупщІащ: «Равви, мы лІыр нэфу къалъхун щІэхъуар хэт зи лажьэр, езыра хьэмэ и адэ-анэра?» Хьисэ абыхэм жэуап яритыжащ: «Мы лІыми и адэ-анэми я лажьэкъым ар» (Иуан 9:1—3).
А зэманым къекІуэкІыу щыта еплъыкІэ нэпцІхэм ипкъ иткІэ Хьисэ и гъэсэнхэм ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ езы лІыри абы и адэ-анэри зэрымыкъуаншэр щызэхахам. Хьисэ ІуэхуфІ зэрищІам нэмыщІ,нэфыр къызэригъэплъэжамкІэ абы къигъэлъэгъуащ а зэманым узхэм теухуауэ къекІуэкІ еплъыкІэхэр зэрынэпцІыр (Иуан 9:6, 7). Алыхьым узхэр къызэрытхуимыгъакІуэр цІыху сымаджэхэм зэращІэм гупсэхугъуэ ярет.
Узхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ тезыру щытмэ, щхьэ Хьисэ Мэссихь цІыху сымаджэхэр игъэхъужу щыта?
Алыхьым и Псалъэм щыжыІар
«Бзаджагъэм Тхьэр зыІэпишэнукъым. Тхьэми зыри бзаджагъэ ищІэну дишэхынукъым» (ЕКЪУБ 1:13). Абы нэмыщІ «бзаджагъэм», узыфэхэмрэ лІэныгъэхэмрэ абы хэту, куэд мыщІэу кІэ къыхуэкІуэнущ.
«Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ» (МАТТЭ 8:16). Хьисэ цІыхухэр зэригъэхъужу щытамкІэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм я гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэжынур.
«Абыхэм я нэхэм [Алыхьым] нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ блэкІа Іуэхухэр щыІэжкъыми» (АПОКАЛИПСИС 21:3—5).
ХЭТ КЪУАНШЭР?
АтІэ сыт мы дунейм апхуэдиз узрэ гузэвэгъуэрэ щІыщыІэр? Ижь-ижьыж лъандэрэ мы упщІэм цІыхухэр егъэгузавэ? Алыхьыр мыкъуаншэмэ, хэт-тІэ къуаншэр? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ.
a Пасэрей зэманым цІыхухэм ящІа гуэныхьхэм щхьэкІэ Алыхьым тезыр папщІэу уз къащыхуигъакІуэ къэхъуу щытами, Библием зэрыжиІэмкІэ, ди зэманым Алыхьым узхэмрэ гузэвэгъуэхэмрэ къытхуигъакІуэкъым.