ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp18 № 3 н. 6—7
  • Алыхьым укъыгурыІуэу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Алыхьым укъыгурыІуэу пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР?
  • АЛЫХЬЫМ ДЫЗЭРЫЗЭХИЩІЫКІЫМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?
  • АЛЫХЬЫР КЪЫТХУОГУЗАВЭ
  • Алыхьым и гур къыпщІэузу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Дэ гъэщІэгъуэныщэу дызэхэлъщ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2016
  • 1 | ТхьэлъэІур. «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2023
  • ЦІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
wp18 № 3 н. 6—7

«Си Іэпкълъэпкъыр щызэмыпцІам уэ уи нэхэм салъагъут» (ПСАЛОМ 139:16)

Алыхьым укъыгурыІуэу пІэрэ?

АЛЫХЬЫМ И ІЭДАКЪЭЩІЭКІХЭМ СЫТ КЪЫДАГЪАЩІЭР?

Псалъэм папщІэ, зэтІолъхуэныкъуэхэр къэтщтэнщ. ТІолъхуэныкъуэ зиІэ Нэнси Сигал жеІэ: «Языныкъуэ зэтІолъхуэныкъуэхэм зым и псалъэхэмрэ и гупсысэкІэмрэ адрейм тыншу къыгуроІуэ». ТІолъхуэныкъуэ зиІэ нэгъуэщІ цІыхубзым мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ стеухуауэ си шыпхъум псори ещІэ, сэри абы теухуауэ псори сощІэ».

Сыт ар апхуэдэу щІыщытыр? Ар зэлъытар абыхэм я генхэращ. ЗэтІолъхуэныкъуэхэр къызыхэхъукІамрэ зэрагъэса щІыкІэмрэ мыхьэнэ иІэ щхьэкІэ, щІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ, ар нэхъыбэу зи фІыгъэр абыхэм я генхэращ.

ЕГУПСЫСЫТ: апхуэдэу гъэщІэгъуэныщэу ди генхэр зэхэзылъхьа Алыхьым, дауикІ, зыми хуэмыдэу дыкъыгуроІуэ. Зэгуэр пащтыхь Даут жиІат: «Си анэм и кІуэцІым сыщилъым сыкъэпхъумащ. Си къупщхьэхэр уэ пщыгъэпщкІуауэ щытакъым, зыми имылъагъу щІыпІэм сыкъыщыбгъэщІам щыгъуэ. Си Іэпкълъэпкъыр щызэмыпцІам уэ уи нэхэм салъагъут, уи тхылъым абы и Іыхьэ псори итхат» (Псалом 139:13, 15, 16). Ген къытлъысахэм икІи ди гъащІэм къыщыхъуахэм теухуауэ Алыхьым зы къэмынэу ещІэ. Алыхьым дэ ттеухуауэ апхуэдиз щищІэкІэ, шэч къытомыхьэми хъунущ абы дызэрызэхищІыкІым.

АЛЫХЬЫМ ДЫЗЭРЫЗЭХИЩІЫКІЫМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ КЪЫДИГЪАЩІЭР?

Даут и тхьэлъэІум хэту Алыхьым жриІащ: «Уэ, Иеговэ, сэ сыкъэпхутащ икІи сыкъыбоцІыху. СыщытІыси сыкъыщытэджи уэ болъагъу, си гупсысэхэр жыжьэу къыбощІэ. Си бзэгупэм псалъэр къэмыс щІыкІэ уэ, Иеговэ, ар бощІэ» (Псалом 139:1, 2, 4). Абы нэмыщІ гурыщІэ диІэхэм икІи дызэгупсысым Иеговэ щыгъуазэщ (1 Летопись 28:9; 1 Самуила 16:6, 7). Мы псалъэхэм Алыхьым теухуауэ сыт къыдагъащІэр?

Алыхьым ди ІуэхущІафэхэм ямызакъуэу, ахэр дэзыгъащІэ ди гупсысэхэри ди гурыщІэхэри елъагъу. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ фІыуэ дыкъыгуроІуэ, дэ езым зыгуэр щІэтщІэр къыщыдгурымыІуэж къэхъуми. Абы нэмыщІ диІэ гукъэкІыфІхэр Алыхьым елъагъу, абыхэм гъуэгу еттыну Іэмал къахуэдмыгъуэтыфами. Иеговэ лъагъуныгъэр ди гум къыщрилъхьакІэ, дауикІ, фІы тхилъэгъуэну хуейщ икІи ди гупсысэ къабзэхэмрэ гукъэкІыфІхэмрэ абы гу лъетэ (1 Иуан 4:7—10).

Ди гъащІэм къыщыхъу псоми Алыхьым и дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Гугъу дыщехьым деж, ар цІыхухэм ямыщІэнкІэ е дакъыгурымыІуэнкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ икІэм нэсу дыкъыгуроІуэ

Алыхьым и Псалъэм щыжыІар

  • «Зиусхьэным и нэІэр щыпкъагъэ зигу илъ цІыхухэм ятрегъэт. Ахэр щелъэІукІэ, ар къодаІуэ» (1 ПЕТР 3:12).

  • Алыхьым дыкъегъэгугъэ: «ЗэхэщІыкІ уэстынущ, узрикІуэн хуей гъуэгум утезгъэувэнущ. Чэнджэщ уэстынущ икІи сыпкІэлъыплъынущ» (ПСАЛОМ 32:8).

АЛЫХЬЫР КЪЫТХУОГУЗАВЭ

Зэман гугъу дихуа иужь, Алыхьым дыкъызэрыгурыІуэр зэрытщІэр дауэ къызэрыддэІэпыкъунур? Мис Нигерием щыщ Анна и щапхъэр. Абы жеІэж: «Зы зэман гуэркІэ си гъащІэр схуэмыхьыжу хьэлъэ хъуат. Сэ сыфызабэт икІи сымаджэщым щІэлъ си пхъум сыкІэлъыплът. Абы „гидроцефалия“ къеузт (и щхьэм псы дищІэт). Абы хэту сэри си бгъэм лышх (рак) къыщагъуэтащ. Лышхыр къыхагъэжын икІи ар зыукІ щхъухьрэ радиациерэ къызахьэлІэн хуейт. Си пхъур къызэрысхуэныкъуэр сщІэуэ, сэ езыр сымаджэщым сыщІэлъыну егъэлеяуэ къыстехьэлъэт».

А псом пэлъэщыну Анна сыт къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэж: «Сэ Библием ит едзыгъуэхэм сегупсыст. Псалъэм папщІэ, Филиппи 4:6, 7 щыжыІащ: „Тхьэм къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным, фигури фи гупсысэхэри... къихъумэнущ“. Мы псалъэхэр сигу къэзгъэкІыжыху, Иеговэ зэрыспэгъунэгъур икІи сызэрызэхищІыкІыр зыхэсщІэт. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ си ныбжьэгъухэр къыздэІэпыкъут».

Анна пещэ: «Си узыр иджыри къызэныкъуэкъуми, си пхъумрэ сэрэ ди гъащІэр куэдкІэ нэхъыфІ хъуащ. Иеговэ ди гъусэщ икІи гупсысэ Іейхэм дебэныфу зедгъэсащ. Екъуб 5:11 ит псалъэхэм къару къытхалъхьэ: „Теубыдагъэ зиІэхэр гъуэгу махуэ теувауэ жыдоІэ. Іэиуб бегъымбарым и теубыдагъэм и хъыбарыр зэхэфхащ. ИкІэм-икІэжым Зиусхьэным абы фІы къызэрыригъэгъуэтыжар фощІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Зиусхьэным гущІэгъушхуэ иІэщ, абы и гур дэ къытщІогъу“». Іэиуб и Іуэхур Иеговэ зэхищІыкІт, дэри шэч къытедмыхьэми хъунущ дызыІущІэ гугъуехьхэр Иеговэ фІы дыдэу къызэрыгурыІуэм.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын