Библием ит псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуам и щыхьэт бзагуэ
ДУНЕЙ ПСОМ КЪИКІЫУРЭ ЦІЫХУХЭР ИТАЛИЕМ, РИМ КЪАЛЭМ КЪОКІУЭ ТРИУМФАЛЬНАЯ АРКА ЖЫХУАІЭМ ЕПЛЪЫН ЩХЬЭКІЭ. РИМЫМ И ИМПЕРАТОР ТИТ И ФЭЕПЛЪУ А АРКЭР ЯУХУАУЭ ЩЫТАЩ.
Пасэрей зэманым къэхъуа зы Іуэхугъуэ гуэр Тит и аркэм тхыпхъэшхуитІу хэщІыхьащ. Ауэ куэдым ящІэкъым Библиемрэ а аркэмрэ зэрызэпыщІар: къэхъун хуейуэ Библием ит псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуам Тит и аркэр и щыхьэт бзагуэ хъуащ.
ТЕЗЫР ЗЫТРАЛЪХЬА КЪАЛЭ
Ди эрэм и япэ лІэщІыгъуэм Римым и империер Британиемрэ Галлиемрэ (иджыпсту Францие) щыщІидзэти Мысырым нэст. А империем егъэлеяуэ зиужьат икІи мамырыгъэр илът. Ауэ Римыр зэпымыууэ зыгъэгузавэр сыт щыгъуи зыкъэзыІэт Иудей хэкурат.
Пасэрей Римым теухуа зы тхылъым щыжыІащ: «Иудей хэкум исхэм хуэдэу я тепщэ рим цІыхухэр зылъагъу мыхъу куэд щыІэтэкъым. Рим цІыхухэми Иудей хэкум исхэр ялъагъу хъутэкъым. Я хабзэхэм рим цІыхухэм пщІэ зэрыхуамыщІыр журтхэм ягу техуэтэкъым. Езы журтхэри зэрыерыщым рим цІыхухэр къигъэгубжьт икІи ахэр журтхэм гущІэгъуншэу яхущытт» (Encyclopedia of Ancient Rome). Журт куэдыр пэплъэт зыгуэр къахуэкІуэу Римым и лъабжьэ щІишыжыну икІи япэм Израилым иІа хуитыныгъэр иритыжыну. Ауэ ди эрэм 33 гъэм Хьисэ Мэссихь жиІат Ерусалим зэрызэтракъутэнур.
Мис абы и псалъэхэр: «Уи бийхэм быдапІэхэмкІэ укъыщыщаувыхьын махуэхэр къыпхуэкІуэнущ. Абыхэм укъаухъуреихьынущ, дэнэ лъэныкъуэкІи къыщыптеуэнущ. Уэри уи быну къалэм дэсхэри уи бийхэм фагъэкІуэдынущ, мывитІ зэтелъу къагъэнэнукъым» (Лука 19:43, 44).
Хьисэ жиІа псалъэхэм и гъэсэнхэр гупсысэ хидзауэ къыщІэкІынщ. МахуитІ дэкІауэ абыхэм ящыщ зыр Ерусалим дэт Алыхьым и унэшхуэм еплъри, Хьисэ жриІащ: «Еплъыт, дин егъэджакІуэ! Мыхэр сыту мывэ ин! Мыхэр сыту унэ гъэщІэгъуэн!» Пэж дыдэу, а унэм и языныкъуэ мывэхэм я кІыхьагъыр метр 11, я бгъуагъыр метритху икІи я лъагагъыр метрищ хъут! Ауэ Хьисэ жиІащ: «Мыбдежым щыфлъагъуращ: мывитІ къызэтемынэжу, псори къыщызэтекъутэну махуэхэр къэсынущ» (Марк 13:1; Лука 21:6).
ИужькІэ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ: «Ерусалим дзэхэм къаувыхьауэ щыфлъагъукІэ, абы и къутэжыгъуэр къызэрыблэгъар къэфщІэнущ. Иудей хэкум ис цІыхухэр Іуащхьэхэм ирекІуэлІэж абы щыгъуэ, къалэм дэсхэри абы дрекІыж, губгъуэм итхэри къалэм дремыхьэж» (Лука 21:20, 21). Хьисэ жиІа псалъэхэр къэхъуауэ пІэрэ?
КЪАЛЭМ КІЭ КЪЫХУОКІУЭ
Илъэс 33 блэкІащ. Иудей хэкур Римым и тепщэныгъэм иджыри щІэтт. Ауэ ди эрэм 66 гъэм Римым и къулыкъущІэ Гессий Флор Алыхьым и унэшхуэм ахъшэхэр къыщыщІихам, журтхэр абы къигъэгубжьыпащ. ЩІэхыу журт зауэлІхэм зыкъаІэтри Ерусалим дэт гарнизоныр зэтраукІащ икІи Римым и лъабжьэ зэрыщІэмытыжыр ягъэІуащ.
Мазищи дэкІатэкъым, зыкъэзыІэтахэр игъэсабырыжын щхьэкІэ, мин 30 хъу армэм Ерусалимыр къыщиухъуреихьам. Абыхэм Цестий Галл я пашэт. Рим зауэлІхэр псынщІэу къалэм дыхьэри, Алыхьым и унэшхуэм и лъабжьэр щІатІыкІыу щІадзащ. Ауэ, и щхьэусыгъуэри къыбгурымыІуэу, иужькІэ ахэр къикІуэтыжащ. Журт зауэлІхэр гуфІэжу бийхэм кІэлъыжахэщ. Зэзауэхэр къалэм дэкІа иужь, Хьисэ жиІам и лъэужь ирикІуэхэр едаІуэри Ерусалим дэкІащ. Ахэр Иордан псыежэхым адэкІэ къыщылъ бгылъэ щІыпІэм Іэпхъуахэщ (Маттэ 24:15, 16).
Илъэс дэкІри рим армэр Иудей хэкум аргуэру теуащ. Иджы абы и пашэхэр Веспасианрэ абы и къуэ Титрэт. Ауэ ди эрэм 68 гъэм император Нерон щылІам щыгъуэ, Веспасиан Рим къалэм игъэзэжащ тахътэр иубыдын щхьэкІэ. Иудей хэкум зауэр и кІэм нигъэсыну Веспасиан и къуэм къалэн хуищІащ икІи зауэлІ 60 000 хуэдиз хъу армэ иритащ.
Ди эрэм 70 гъэм, мэкъуауэгъуэ мазэм Тит унафэ ищІащ а щІыпІэм ит жыгыу хъуар ираупщІыкІыну икІи Ерусалим и хъуреягъыу километриблкІэ бжэгъу папцІэхэр хатІэну. ФокІадэ мазэм ирихьэлІэу рим зауэлІхэм Ерусалимрэ абы дэт Алыхьым и унэшхуэмрэ яхъунщІащ, ягъэсащ икІи, Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, мывитІ къызэтемынэжу зэтракъутащ (Лука 19:43, 44). Нэхъ мащІэ дыдэу къапщтэмэ, Ерусалимрэ абы и Іэгъуэблагъуэмрэ цІыху 250 000 щыщІэдзауэ мелуан ныкъуэм нэс а зауэм хэкІуэдащ.
ИМПЕРАТОРЫМ ТЕКІУЭНЫГЪЭР КЪИХЬАЩ
Ди эрэм 71 гъэм Тит Италием къыщигъэзэжым Рим дэсхэр гуфІэу абы къыпежьахэщ. Къалэдэс псори уэрамхэм къыдэкІащ, текІуэныгъэ къахьар ягъэлъэпІэн папщІэ.
ЯфІэгъэщІэгъуэну цІыхухэр кІэлъыплът мылъкушхуэ къазэуахэр яІыгъыу Рим къалэм и уэрамхэм ирикІуэхэм. Ерусалим къраша кхъухьхэм, зауэр зэрекІуэкІар къыщагъэлъагъуэ платформэхэм, Алыхьым и унэшхуэм къыщІаха нэгъуэщІ хьэпшып гъэщІэгъуэнхэм яфІэтелъыджэу цІыхухэр еплът.
Ди эрэм 79 гъэм Веспасиан ипІэкІэ абы и къуэ Тит императору теуващ. Ауэ илъэситІ фІэкІа дэмыкІыу ар лІащ икІи абы и къуэш Домициан император хъуащ. Тит къихьа текІуэныгъэм и фэеплъу Домициан триумфальная арка жыхуаІэр иухуащ.
АРКЭР ДИ ЗЭМАНЫМ
Тит и аркэр ди зэманым (Рим)
Тит и аркэм еплъыну илъэс къэс цІыхухэр мин щэ бжыгъэкІэ Рим къалэм къокІуэ. Языныкъуэхэм ар цІыхухэм яухуахэм я нэхъ гъуэзэджэхэм щыщу ялъытэ, нэгъуэщІхэм я дежкІэ абы Римым и лъэщагъыр къегъэлъагъуэ. А аркэр Ерусалимрэ абы дэта Алыхьым и унэшхуэмрэ хуагъэува сын гъэжауэ зылъыти щыІэщ.
Ауэ Библиер зыджхэм я дежкІэ Тит и аркэм нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэщ. А аркэр Библием ит псалъэхэр сыт щыгъуи гъэзэщІа зэрыхъум икІи ахэр Алыхьым къызэрыбгъэдэкІым и щыхьэт бзагуэщ (2 Петр 1:19—21).