Къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар
Мы брошюрэм и япэ статьям пащтыхь Крёз тхьэ нэпцІым и лэжьакІуэм къыжриІар и фІэщ хъууэ Персием и пащтыхь Кирым зэрыпэщІэувам и гугъу тщІащ. Ауэ а зауэр къэзыхьар Кирщ. Библиери Персием и пащтыхьым топсэлъыхь икІи Кир теухуауэ абы щыжыІа псалъэхэр зы къэмынэу гъэзэщІа хъуащ.
Журтхэм я бегъымбар Ешайа (Исаия) Кир къалъхуным илъэс 200 хуэдиз иІэу жиІат, абы цІэ фІащынур, Бабилэн къалэ лъэщыр къызэризэунур икІи а къалэр зэриубыдыну щІыкІэр.
Исаия 44:24, 27, 28: «Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ... [...] Псы куум жызоІэ: „ИгъущыкІ, сэ уи псыежэх псори изгъэгъущыкІынущ“, Кир теухуауэ жызоІэ: „Ар си мэлыхъуэщ икІи сызыхуей псор игъэзэщІэнущ, Ерусалим теухуа си псалъэхэри хэту: „Ар яухуэжынущ“ — си унэшхуэми теухуа псалъэхэри хэту: „Уи лъабжьэр ягъэтІылъынущ“».
Тхыдэм елэжь Геродот зэритхыжамкІэ, Кир и зауэлІхэм Евфрат псыежэхым псы къыхэж хуащІри езы псыежэхыр нэхъ чэнж ящІащ. Абы и фІыгъэкІэ зауэлІхэр тыншу псым зэпрыкІри къалэм дыхьащ. Бабилэныр иубыда иужь, Кир абы гъэру щыІэ журтхэр къиутІыпщыжащ икІи илъэс 70 нэщІу щыта Ерусалимым ягъэзэжу яухуэжыну хуит ищІащ.
Исаия 45:1: «Лъэпкъхэр иритын, пащтыхьхэм я бгырыпххэр щІихын, бжэ зэгуэтхэр и пащхьэм щызэІуихын щхьэкІэ икІи куэбжэхэр зэхуэщІауэ щымытын щхьэкІэ зи Іэ ижьыр иубыда, езым тригъэува Кирым Иеговэ жреІэ».
Бабилэным дэсхэм я къалэм и куэбжэшхуэхэр хуащІыжыну ящыгъупщащ икІи Персием и зауэлІхэр тыншу абы дыхьахэщ. Кир и мурадыр абыхэм ящІамэ, дауикІ, псыежэхым и лъэныкъуэмкІэ щыІэ куэбжэу хъуар ягъэбыдэнут. Ауэ ягъэбыдакъым икІи я къалэр бийхэм яубыдащ.
Мы псалъэхэр къэхъун хуейуэ Библием щыжыІахэм ящыщ зыуэ аращ икІи ахэр зы къэмынэу гъэзэщІа хъуащa. Къэхъун хуей псалъэхэу цІыхухэм жаІэхэр и нэхъыбэм тхьэ нэпцІхэрат къызыбгъэдэкІыр. Ауэ Библием ит псалъэхэр къызыбгъэдэкІыр Алыхь пэжыращ. Абы езым теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ икІэм къэхъунур ипэкІэ жызоІэ, икІи пасэрей зэманым щыщІэдзауэ — иджыри къэмыхъуар» (Исаия 46:10).
Иеговэ цІэ зиІэ Алыхь пэж закъуэращ мыпхуэдэ псалъэхэр жызыІэфынур. Библиер зыдж щІэныгъэлІхэм зэрабжымкІэ, «Иеговэ» цІэм «абы къегъэхъу» жиІэу аращ къикІыр. Абы къегъэлъагъуэ къытпэщылъым теухуауэ Иеговэ псори зэрищІэр икІи и мурадхэр сыт щыгъуи зэригъэзащІэр. Абы ди фІэщ ещІ Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псори зэригъэзэщІэжынур.
БИБЛИЕМ ИТХЭМ ЩЫЩУ ДИ ЗЭМАНЫМ КЪЭХЪУР
Ди зэманым теухуауэ Библием щыжыІар къэпщІэну ухуейт? «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм зэман гугъухэр къызэрыкІуэнур» Тхыгъэ ЛъапІэм илъэс 2 000 хуэдиз ипэкІэ щыжыІат. «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм» жиІэмэ сыт къикІыр? ЩІым е цІыхухэм кІэ къахуэкІуэну аракъым, атІэ кІэ къызыхуэкІуэнур зауэхэращ, лей зехьэныращ икІи цІыхухэм хьэзаб яшэчхэращ. Мис «иужьрей махуэхэм» теухуауэ къэхъун хуейуэ Библием щыжыІа языныкъуэ псалъэхэр.
2 Тимофей 3:1—5: «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм... цІыхухэм езыхэм фІыуэ залъагъужынущ, ахъшэри фІыуэ ялъагъунущ, закъыфІэщІыжынущ, пэгэнущ, шхыдэрейуэ щытынущ, адэ-анэхэм едэІуэнукъым, арэзыныгъэ яІэжынукъым, Тхьэр ягъэлъэпІэнукъым, фІылъагъуныгъэ яІэжынукъым; зэкІужыныгъэр зыхуэдэр ящІэнукъым, нэгъуэщІ цІыхухэм ІейкІэ тепсэлъыхьынущ, захуэшыІэжынукъым, гущІэгъуншэ хъунущ, фІыгъуэр фІыуэ ялъагъужынукъым; уащыгугъ хъужынукъым абыхэм, щхьэпсынщІагъэкІэ псэунущ, я пэр драгъэзеинущ; Тхьэр фІыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэнущ; Тхьэм и фІэлІыкІ ягу илъ хуэдэу зыкъагъэлъагъуэнущ, ауэ Тхьэм и лъэкІыныгъэр ядэнукъым».
Уэ узэреплъымкІэ, мыпхуэдэ хьэл-щэнхэр нобэ цІыхухэм яхэлъ? Ди зэманым куэдым я щхьэр фІыуэ ялъагъуж, ахъшэри фІыуэ ялъагъу икІи зыкъызыфІэщІыжахэмрэ пагэхэмрэ куэд хъуащ, пэжкъэ? Гу лъыптэрэ цІыхухэр нэхъ ткІий зэрыхъуам икІи дэзычыхыфхэр нэхъ мащІэ зэрыхъуам? Сабийхэри нобэ жыІэмыдаІуэ дыдэ хъуащ икІи цІыхухэм Тхьэр фІыуэ ялъагъуным нэхърэ, загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэ. КІуэтэхукІэ псори нэхъ Іей хъууэ аращ.
Маттэ 24:6, 7: «Гъунэгъууи жыжьэуи зауэ хъыбар щызэхэфхынущ... [...] Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщІэтэджэнущ».
Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, 1914 гъэм щыщІэдзауэ екІуэкІа зауэхэм цІыху мелуанищэм нэс хэкІуэдащ, ар языныкъуэ къэралхэм щыпсэу цІыхухэм нэхърэ нэхъыбэщ. Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ абы дапхуэдиз нэпс, гуауэ, хьэзаб цІыхухэм къахуихьами! Абы цІыхухэм дерс къыхахыфауэ пІэрэ? Зауэхэм кІэ иратыфауэ пІэрэ?
Маттэ 24:7: «Гъабли къэхъунущ».
ООН-ым и зы отчетым мыпхуэдэу щыжыІащ: «Нобэ дунейм щыпсэу дэтхэнэ зыми хуиту ирикъун ерыскъы щыІэщ, ауэ, абы емылъытауэ, цІыху мелуан 815 мэжалІэу мэгъуэлъыж. Ар дунейм цІыху тету хъуам и ебгъуанэ Іыхьэщ. Абы нэмыщІ дунейм цІыху тету хъуам и ещанэ Іыхьэр шхын зэрыхуримыкъум щхьэкІэ гугъу йохь». Илъэс къэс сабий мелуанищ хуэдиз гъаблэм йолІыкІ.
Лука 21:11: «ЩІыр щІыпІэ-щІыпІэхэмкІи хуабжьу щыхъеинущ».
Илъэс къэс щІыр зыхэпщІэу 50 000 хуэдизрэ мэхъей. Абыхэм щыщу 100 хуэдизым унэхэр зэтракъутэ икІи илъэсым зэ нэхъ мыхъуми щІыр егъэлеяуэ ину мэхъей. Языныкъуэхэм къызэрабжамкІэ, 1975 гъэм щыщІэдзауэ 2000 гъэм нэс щІыр зэрыхъеям цІыху 471 000 ихьащ.
Маттэ 24:14: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ».
Мелуанийм щІигъу Иеговэ и Щыхьэтхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр къэрал 240 щІигъум щагъэІу. Абыхэм хъыбарыфІыр къалэшхуэхэми, къуажэ пхыдза цІыкІухэми, мэз дэгухэми, бгылъэ щІыпІэхэми щыпсэу цІыхухэм жраІэ. А лэжьыгъэр гъэзэщІауэ Алыхьым зэрилъытэу, «дунейм и кІэухыр къэсынущ». Пэжщ, цІыхухэм я тепщэныгъэм кІэ къыхуэкІуэнурэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзэнущ. Абы щыгъуэ сыт хуэдэ гъащІэ диІэнур? Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ статьяхэм къыщыпщІэнущ.
a «Библием ит псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуам и щыхьэт бзагуэ» жыхуиІэ статьям еплъ.