Астрологхэмрэ Іэзэгъуазэхэмрэ абыхэм уи къэкІуэныр къыбжаІэфыну?
АСТРОЛОГИЕ
Астрологием и фІыгъэкІэ къэкІуэныр къыпхуэщІэну ялъытэ. Астрологхэм я фІэщ мэхъу цІыхум и гъащІэм къыщыхъу псори вагъуэхэм, мазэм икІи планетэхэм пыщІа хуэдэу. Иджыри абыхэм жаІэ сабийр дунейм къыщытехьэкІэ планетэхэмрэ вагъуэхэмрэ я щытыкІэм елъытауэ абы и хьэл-щэнымрэ и гъащІэмрэ зэрыхъунур.
Астрологиер къыздежьар пасэм щыІа Бабилэн къалэра щхьэкІэ, ноби ар цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэнщ. 2015 гъэм Урысейм щрагъэкІуэкІа опросым къихутащ къэралым исхэм щыщу процент 31-м нэсым астрологхэм жаІэр я фІэщ хъууэ. НтІэ, астрологиер наукэу убж хъуну? Хьэуэ. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ.
ЦІыхум и гъащІэр зэрыхъунур планетэхэмрэ вагъуэхэмрэ пыщІауэ астрологхэм жаІэ, ауэ ар пэжкъым.
Абыхэм жаІэр дэтхэнэ зы цІыхуми хуэбгъэкІуэфынущ.
Япэм цІыхухэм я фІэщ хъут планетэхэм ЩІым и хъуреягъкІэ къаджэрэзыхьу. Апхуэдэ еплъыкІэм тегъэщІащ астрологхэм къэкІуэным теухуауэ нобэ жаІэр. Ауэ иджыпсту дэ зэрытщІэмкІэ, планетэхэм Дыгъэращ зи хъуреягъ къаджэрэзыхьыр.
Зы цІыхум теухуауэ астролог зыбжанэм жаІэр зэтехуэкъым.
Астрологхэм цІыхухэр зодиак 12 яугуэш, ахэр къыщалъхуа махуэм теухуауэ. ЩІыр зэребам зэрызихъуэжам щхьэкІэ, знаки зодиака жыхуаІэхэр зытехуэу щыта мазэхэм техуэжкъым.
ЦІыхум и хьэл-щэнхэр и зодиакым елъытауэ ябж. Ауэ, и пэжыпІэм уеплъмэ, зы махуэ дыдэм къалъхуа цІыхухэм я хьэл-щэнхэр зэщхькъым. ЦІыху къэс езым и хьэл-щэн зэриІэм емыплъу, астрологхэм езыхэм къагупсысыжа гуэрхэр абы хужаІэмэ нэхъ къащтэ. НтІэ, астрологхэм жаІэр уи фІэщ пщІы хъуну?
ІЭЗЭГЪУАЗЭ
Ижь-ижьыж лъандэрэ цІыхухэр Іэзэгъуазэхэм зыхуагъазэт. Тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэхэмрэ Іэзэгъуазэхэмрэ щагъаплъэкІэ псэущхьэхэми цІыхухэми я кІуэцІфэцІхэр икІи адакъэм нартыхур зэриуІу щІыкІэр къагъэсэбэпт. НэгъуэщІхэм шейудз е кофе къагъэсэбэпт. Ди зэманым ТарокІэ зэджэ куэзырхэр ядз икІи къэкІуэным теухуауэ къащІэн папщІэ Іэмэпсымэ куэд къагъэсэбэп. Іэзэгъуазэм къэкІуэным теухуауэ пэжыр жиІэфыну? ДауикІ, жиІэфынукъым. Абы и щхьэусыгъуэхэр къэтщІэнщ.
Зы Іуэхум теухуауэ Іэзэгъуазэхэм жаІэр зэтехуэкъым. Абыхэм къагъэсэбэп Іэмалхэр зыуэ щытми, жаІэр и нэхъыбэм зэтехуэкъым. Псалъэм папщІэ, куэзырыдзитІым зы упщІэкІэ захуэбгъазэмэ, абыхэм я жэуапхэр зэтехуэн хуейкъэ? Хуейщ, ауэ зэтехуэкъым.
Іэзэгъуазэхэм ялэжьымрэ жаІэмрэ дзыхь хуэпщІ хъуну пІэрэ? Языныкъуэхэм зэрыжаІэмкІэ, абыхэм къагъэсэбэп Іэмэпсымэхэм зыри къикІкъым, ахэр нэхъыбэу зэплъыр цІыхум зэрызищІыращ. Псалъэм папщІэ, Іэзэм цІыхум упщІэ зыбжанэ иритурэ йоплъ цІыхум и нэІум зэрызихъуэжым, и Іэхэр зэрищІым, и псалъэкІэм икІи нэгъуэщІхэми. Апхуэдэу абы зыхуейр къещІэри, къищІар иужькІэ езы цІыхум жреІэж. ЦІыхум Іэзэм дзыхь хуищІ хъуамэ, абы ахъшэ куэд тригъэкІуэдэфынущ.
БИБЛИЕМ ЩЫЖЫІАР
Астрологхэмрэ Іэзэхэмрэ жаІэр уи фІэщ пщІымэ, ди натІэм псори итхащ. Ауэ ар пэж? Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыхур хуитщ къыхихыну сыт и фІэщ ищІынуми, сыт илэжьынуми икІи езым ищІ унафэхэращ и къэкІуэныр зэлъытар (Иисус Навин 24:15).
Алыхьыр я гъащІэмкІэ зыгъэгуфІэну хуей цІыхухэм астрологхэмрэ Іэзэхэмрэ зыхуамыгъэзэну иджыри зы щхьэусыгъуэ яІэщ — ар Алыхьым зэримыдэращ. Библием щыжыІащ: «Фэ фщыщу зыми Іэзэ игъаплъэ, удыгъэм хэт, нэщэнэхэм хэплъэ, хьэпэщыпхэ иригъэщІ, жин бзаджэхэр къезыджэхэм зыхуигъазэ, къэкІуэныр жиІэ икІи лІахэм зыгуэр щхьэкІэ еупщІ хъунукъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зыщІэ псори Иеговэa дежкІэ гущыкІыгъуэщ» (Второзаконие 18:10—12).
a Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и цІэр Иеговэщ (Исход 15:3).