Адэ-анэхэ, фи сабийхэм фадэІэпыкъу Іущагъ зрагъэгъуэтыну, мыкІуэду къелын щхьэкІэ
«Уи сабиигъуэм къыщыщІэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапІэхэм хэтыр зэбгъэщІащ. ...УмыкІуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэІуэн ялъокІ» (2 ТИМ. 3:15).
1, 2. Адэ-анэхэр сыт зыгъэгузэвэнкІэ хъунур, я сабийхэм я гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иралъхьэу псым зыщІагъэуэну мурад ящІамэ?
ИЛЪЭС къэс Библиер зыдж цІыху мин куэдым я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэри псым зыщІагъауэ. Абыхэм яхэтщ Иеговэ хуэлажьэ унагъуэхэм къыщыхъуа икІи иужькІэ гъуэгу пэжым теува щІалэгъуалэ куэд (Пс. 1:1—3). Фэ бын фиІэу щытмэ, дауикІ, къыфхуэмыгъэсу фыпэплъэу къыщІэкІынщ абыхэм псым зыщыщІагъэуэну махуэм. (Евгъапщэ 3 Иуан 4.)
2 Ауэ фэ фыгузавэу къыщІэкІынщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, фэ фцІыху хъунщ щІалэу псым зыщІэзыгъэуа, ауэ иужькІэ Алыхьым и хабзэхэм тету зэрыпсэун хуейм шэч къытрахьэу щІэзыдза къуэш, шыпхъухэр. Языныкъуэхэри Иеговэ и Щыхьэту щымытыж хъуащ. Абы къыхэкІыу фэри фыгузэвэнкІэ хъунущ: «Си сабийм Иеговэ хуэлэжьэн щІидзэмэ, иужькІэ хущІегъуэжу пэжыр къимыгъэнэну пІэрэ?». Ефес къалэ дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къащыщІам хуэдэ абыи къыщыщІыну фышынэу къыщІэкІынщ. Хьисэ абыхэм яжриІащ: «Нэхъапэм къысхувиІа фІылъагъуныгъэр зыхэвнэжащ» (Апок. 2:4). Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур? Дауэ уи сабийр мыкІуэду къелын щхьэкІэ узэрыдэІэпыкъунур? (1 Пет. 2:2). А упщІэхэм я жэуапыр Тимофей и щапхъэр щызэпкърытхкІэ къэдгъуэтынущ.
«ТХЬЭМ И ПСАЛЪЭ ТХА ЛЪАПІЭХЭМ ХЭТЫР ЗЭБГЪЭЩІАЩ»
3. 1) Дауэ Тимофей Иеговэ и лэжьакІуэ зэрыхъуар икІи къищІахэм сытым хуагъэуша? 2) Егъэджэным теухуауэ сыт хуэдэ лъэныкъуищым Паул Тимофей гу лъригъэта?
3 Апостол Паул Листрэ къалэм япэу 47 гъэращ щыкІуар. Абы щыгъуэ Тимофей Хьисэ теухуауэ щІэныгъэ зригъэгъуэту щІидзауэ къыщІэкІынщ. Ар иджыри щІалэу щытами, къищІэхэр и гъащІэм къызэрыщигъэсэбэпыным иужь итт. ИлъэситІ дэкІри Тимофей Паул и гъусэу хъыбарыфІыр игъэІуу щІидзащ. Илъэс 16 дэкІа иужькІэ Паул Тимофей хуитхащ: «Уэ зэбгъэщІа, узыщыгугъ Іуэхухэм сыт щыгъуи тет, ахэр зэхозыгъэщІыкІа цІыхухэр уощІэри. Абы нэмыщІ, уи сабиигъуэм къыщыщІэдзауэ Тхьэм и псалъэ тха лъапІэхэм [ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм] хэтыр зэбгъэщІащ. Мэссихь ХьисэкІэ уиІэ фІэщхъуныгъэмкІэ умыкІуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэІуэн [Іущагъ къыуатын, ДЩІ] ялъокІ» (2 Тим. 3:14, 15). Мы едзыгъуэхэм Паул и гугъу щищІащ: 1) Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІа щІэныгъэм 2) дызыщыгугъым, е ди фІэщ хъум икІи 3) Хьисэ Мэссихь худиІэ фІэщхъуныгъэмкІэ дымыкІуэду дыкъелын щхьэкІэ Іущагъ зэрызэдгъэгъуэтын хуейм.
Сабий нэхъ цІыкІу дыдэхэми Библием ит хъыбархэр я гум ираубыдэфынущ икІи а тхылъым зи гугъу ищІ цІыхухэм теухуауи къащІэфынущ
4. Фи сабийхэр Библием щевгъаджэкІэ сыт къэвгъэсэбэпыну нэхъ фигу ирихьыр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
4 Адэ-анэхэ, фэ шэч хэмылъу фыхуейуэ къыщІэкІынщ фи сабийхэм Тхыгъэ ЛъапІэр ящІэну, ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэри АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэри. Уеблэмэ, сабий нэхъ цІыкІу дыдэхэми Библием ит хъыбархэр я гум ираубыдэфынущ икІи а тхылъым зи гугъу ищІ цІыхухэм теухуауи къащІэфынущ. Адэ-анэхэм я сабийхэр Библием ирагъэджэн щхьэкІэ сэбэп яхуэхъуну тхылъхэр, брошюрэхэр икІи видеороликхэр Иеговэ и организацэм къыдегъэкІ. Абыхэм щыщу фи бзэкІэ сыт хуэдэхэра фиІэр? Зыщывмыгъэгъупщэ, фи сабийм Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэ иІэн хуейщ Иеговэ и ныбжьэгъу хъун щхьэкІэ.
«УЗЫЩЫГУГЪ ІУЭХУХЭМ СЫТ ЩЫГЪУИ ТЕТ»
5. 1) Паул жиІа псалъэм сыт къикІыр? 2) Дэнэ дэ щытщІэр Тимофей и фІэщ зэрыхъуар Хьисэ теухуа хъыбарыр зэрыпэжыр?
5 Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэр уиІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ауэ Библиер зытепсэлъыхь цІыхухэм е Іуэхугъуэхэм теухуауэ пщІэныр мащІэщ. Тимофей «зыщыгугъ Іуэхухэм» сыт щыгъуи тетт. Мы едзыгъуэм Паул къыщигъэсэбэпа псалъэм пасэрей алыджыбзэкІэ зыгуэр «быдэу уи фІэщ хъун» къокІ. Тимофей и «сабиигъуэм къыщыщІэдзауэ» ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр ищІэрт. ИужькІэ абы Хьисэ Мэссихьыу зэрыщытыр и фІэщ хъуащ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абы щІэныгъэ зэриІэм нэмыщІ, фІэщхъуныгъи иІэ хъуащ. Тимофей и фІэщхъуныгъэр апхуэдизкІэ быдэ хъуати, абы псым зыщІигъэуащ икІи иужькІэ Паул и гъусэу миссионеру лэжьащ.
6. Сабийм Тхыгъэ ЛъапІэм ит щІэныгъэ зригъэгъуэтар быдэу и фІэщ хъун щхьэкІэ дауэ адэ-анэхэр зэрыдэІэпыкъуфынур?
6 Тимофей иІа фІэщхъуныгъэм хуэдэ фи сабийхэм яІэн папщІэ, дауэ фадэІэпыкъуфыну? Япэрауэ, шыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. ФІэщхъуныгъэр зэбгъэгъуэтын щхьэкІэ, зэман ухуейщ икІи фэ езым зыгуэр фи фІэщ зэрыхъум щхьэкІэ фи сабийхэми ар я фІэщ хъун хуейуэ щыткъым. Сабийхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтын папщІэ, «фІымрэ емрэ... зэхагъэкІыфу» есэн хуейщ. (Къеджэ Еврейхэм 5:14.) Адэ-анэхэ, фи сабийхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зрагъэгъуэтын щхьэкІэ, фэ куэдкІэ фадэІэпыкъуфынущ, икІи абы мыхьэнэшхуэ иІэщ абыхэм упщІэ къыщыватым деж. Абы теухуауэ щапхъэ зэпкърытхынщ.
7, 8. 1) Дауэ ди зы къуэшым шыІэныгъэ зэригъэлъагъуэр и пхъур щигъасэкІэ? 2) Фэ фызэреплъымкІэ, фи сабийр щывгъасэкІэ дапщэщ шыІэныгъэр нэхъыбэу щызыхэвгъэлъын хуейр?
7 Томас и цІэу ди зы къуэшым илъэс 11 хъууэ пхъу иІэщ. Абы жеІэж: «Си пхъур мыпхуэдэу къыщызэупщІ щыІэщ: „Иеговэ дунейр къыщигъэщІым эволюциер къимыгъэсэбэпауэ пІэрэ?“ е „Сыт Іейуэ хэлъыр цІыхухэм я псэукІэр нэхъыфІ пщІын щхьэкІэ унафэщІ хэхыным укІуэну?“ Иныкъуэхэм деж зыпІыгъын хуейщ сабийм укъыхуимылъу жэуап ептыжын щхьэкІэ. ЦІыхум зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ пэжыр зэрищІэ зым щхьэкІэ фІэщхъуныгъэ иІэ хъукъым. АтІэ, къэпщІахэр зэрыпэжым щыхьэт техъуэхэр зэхуэпхьэсурэ хуэмурэ фІэщхъуныгъэр быдэ мэхъу».
8 Томас фІы дыдэу къыгуроІуэ и пхъур игъэсэн щхьэкІэ шыІэныгъэ зэрыхуейр. Къапщтэу щытмэ, а хьэл-щэныр Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэми хэлъын хуейщ (Кол. 3:12). Томас ещІэ языныкъуэ упщІэхэм къытригъэзэжурэ мызэ-мытІэу зэрытепсэлъыхьын хуейр. Зэман хуейщ абы и пхъум фІэщхъуныгъэ быдэ иІэ хъун щхьэкІэ. ИкІи Томас Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІауэ и пхъум епсалъэурэ, игъэгупсысэн хуейщ. Абы жеІэ: «Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм сэрэ си щхьэгъусэмрэ гулъытэ нэхъыбэ худощІ, ди пхъум къищІар и фІэщ хъурэ мыхъурэ икІи абы Іущагъ хэлъу къилъытэрэ къимылъытэрэ къэтщІэн щхьэкІэ. ИкІи абы упщІэ зэриІэр фІыщ! Пэжу жысІэнщи, абы упщІэ имыІэу псоми арэзы техъуэу щытатэмэ нэхъ сыгузэвэнут».
Сабийм Алыхьым и Псалъэм итыр быдэу и фІэщ хъун щхьэкІэ, шыІэныгъэ ухуейщ
9. Алыхьым и Псалъэр сабийм и гум нэсыну дауэ узэрыдэІэпыкъуфынур?
9 Адэ-анэхэм шыІэныгъэ яхэлъу я быныр щагъасэм деж, абыхэм хуэм-хуэмурэ фІэщхъуныгъэм «и бгъуагъри, и кІыхьагъри, и кууагъри, и лъагагъри» къагуроІуэ (Еф. 3:18). Сабийхэм я гъусэу зэпкърыпх упщІэхэр я ныбжьымрэ я гупсысэкІэмрэ хуэкІуэу щытын хуейщ. Хуэмурэ абыхэм я еплъыкІэр зэрыпэжыр къагурыІуэнущ икІи нэгъуэщІ цІыхухэм я пащхьэми, къадеджэхэми я фІэщхъуныгъэм теухуауэ жэуап ятыжыфыну хьэзыру щытынущ (1 Пет. 3:15). Псалъэм папщІэ, фи сабийм БиблиемкІэ нэгъуэщІым къыгуригъэІуэфыну пІэрэ цІыхум лІа иужь къыщыщІыр? Библием ар къызэрыбгуригъаІуэр тэмэму къилъытэу пІэрэ абы? Аращи, сабийм Алыхьым и Псалъэм итыр быдэу и фІэщ хъун щхьэкІэ, шыІэныгъэ ухуейщ, ауэ а Іуэхум къару епхьэлІэну хуэфащэщ! (Втор. 6:6, 7).
Адэ-анэхэ, фэ щапхъэ вгъэлъагъуэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, фи сабийхэм я фІэщхъуныгъэр быдэ хъун папщІэ
10. Сабийхэр щыбгъасэкІэ сытым иджыри мыхьэнэшхуэ иІэ?
10 Адэ-анэхэ, фэ щапхъэ вгъэлъагъуэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, фи сабийхэм я фІэщхъуныгъэр быдэ хъун папщІэ. Сте́фани и цІэу ди зы шыпхъум пхъуищ иІэщ. Абы жеІэж: «Си сабийхэр иджыри щыцІыкІум сэ мыпхуэдэ упщІэхэр зэстыжу щІэздзащ: „Абыхэм яжесІэу пІэрэ Иеговэ зэрыщыІэр сэ си фІэщ щІэхъур, абы фІыуэ дызэрилъагъур икІи и унафэхэр зэрыпэжыр? Иеговэ нэгъэсауэ сэ фІыуэ зэрыслъагъур си пхъухэм езгъэлъагъуу пІэрэ?“ Си сабийхэм фІэщхъуныгъэ быдэ яІэну сыщыгугъ хъунукъым сэ езым си фІэщхъуныгъэр махэу щытмэ».
УМЫКІУЭДУ УКЪЫЗЭРЕЛЫН ІУЩАГЪ ЗЭГЪЭГЪУЭТ
11, 12. Сыт зищІысыр Іущагъыр икІи сыт ар ныбжьым емылъытауэ жыпІэ щІэхъунур?
11 Аращи, Тимофей: 1) Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІа щІэныгъэ иІэт икІи 2) а щІэныгъэхэр зэрыпэжыр быдэу и фІэщ хъут. Ауэ сыт къикІыр «умыкІуэду укъызэрелынур а тхылъхэм къыбгурагъэІуэн [Іущагъ къыуатын, ДЩІ] ялъокІ» жиІэу, Паул Тимофей жриІа псалъэхэм?
12 «Понимание Писания» энциклопедием мыпхуэдэу итщ: «...Іущагъыр къыбдоІэпыкъу щІэныгъэмрэ зэхэщІыкІымрэ тэмэму къэбгъэсэбэпыну гугъуехьхэм упэщІэтыфын щхьэкІэ, шынагъуэм упэщІэмыхуэн е апхуэдэ Іуэхугъуэм укъыхэкІыжын щхьэкІэ, абы нэмыщІ мурад бгъэувахэр къохъулІэну икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм уадэІэпыкъуну. Іущагъыр акъылыншагъэм пэщІоувэ...» Библием зэрыжиІэмкІэ, «дехьэхыр делагъэм сабиигур» (Прит. 22:15, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы къыхэкІкІэ, акъылыншагъэм пэщІэувэ Іущагъым къегъэлъагъуэ цІыхур балигъ зэрыхъуар. Алыхьым и дежкІэ цІыхур балигъ зэрыхъуар къэзыгъэлъагъуэр и ныбжьыракъым, атІэ цІыхум Алыхь фІэлІыкІ зэриІэращ икІи абы и хабзэхэм тетыну зэрыхуейращ. (Къеджэ Псалом 111:10.a)
13. НыбжьыщІэхэм мыкІуэду къызэрелын Іущагъ зэрызрагъэгъуэтар дауэ къызэрагъэлъэгъуэнур?
13 Іущагъ зэзыгъэгъуэта, Алыхьым и дежкІэ балигъ хъуа ныбжьыщІэхэр «толъкъунхэм адэ-мыдэкІэ зэридзэу, сабийм» хуэдэжкъым (Еф. 4:14). Абыхэм я гур зыщІэхъуэпсым зыдрагъэхьэхкъым икІи нэгъуэщІхэм къыщытракъузэм деж пэщІэтыфщ. Апхуэдэ щІалэгъуалэм «фІымрэ емрэ ягукІэ зэхагъэкІыфу еса хъуурэ» ехъулІэныгъэ яІэ мэхъу (Евр. 5:14). Я адэ-анэм е нэгъуэщІхэм щамылъагъум дежи абыхэм балигъ зэрыхъуар къэзыгъэлъагъуэ Іущагъ къызыхэщ Іуэхухэр ящІэ (Флп. 2:12). Аращ, дымыкІуэду дыкъезыгъэлыну Іущагъыр. (Къеджэ Притчи 24:14, Гъэс.) Адэ-анэхэ, фэ дауэ фи быным апхуэдэ Іущагъ зрагъэгъуэтыну фазэрыдэІэпыкъуфынур? Псом нэхърэ нэхъапэу, абыхэм фызытет принципхэр ІупщІу къагурывгъаІуэ. Фи ІуэхухэмкІи фи псалъэхэмкІи сабийхэм евгъэлъагъу Библием ит хабзэхэр лъапІэу зэрыфлъытэр (Рим 2:21—23).
Адэ-анэхэм зэпымыууэ къару зэрырахьэлІэм сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр? (14—18-нэ абзацхэм феплъ.)
14, 15. 1) Псым зыщІэзыгъэуэну мурад зиІэ ныбжьыщІэхэм сыт хуэдэ упщІэхэр зратыж хъуну? 2) Алыхьым и хабзэхэм тетыным фІыгъуэ къызэрыпхуихьынур дауэ уи сабийм къызэрыгурыбгъэІуэнур?
14 Ауэ сабийхэм ящІэ хъунымрэ мыхъунымрэ яжепІэ закъуэкІэ зэфІэкІкъым. Ахэр бгъэгупсысэну уадэІэпыкъун хуейщ, псалъэм папщІэ мыпхуэдэ упщІэхэмкІэ: «Сыт Библием иныкъуэхэм деж ди гур зыщІэхъуэпс гуэрхэр щІимыдэр? Библием ит хабзэхэм сызэрытетым сыт щыгъуи сэбэпынагъ къызэрысхуихьыр сыт быдэу си фІэщ щІэхъур?» (Ис. 48:17, 18).
15 Фи сабийм псым зыщІигъэуэну мурад иІэмэ, абы фыдэІэпыкъу фІыуэ егупсысыну а лъэбакъуэм иужь игъэзэщІэн хуей къалэнхэм. Дауэ ар абы зэрыхущытыр? Сыт хуэдэ фІыгъуэхэр а лъэбакъуэм къыпэкІуэну? Сыт хуэдэ гугъуехьхэр иІэнкІэ хъуну? Сыт фІыгъуэхэр гугъуехьхэм нэхърэ куэдкІэ щІэнэхъыбэр? (Мт. 19:29). Мы упщІэхэм иджыри псым зыщІомыгъауэ щІыкІэ уегупсысмэ нэхъыфІщ. Фи сабийм фыдэІэпыкъу Алыхьым жиІэм едаІуэу щытмэ фІым зэрыхуишэным икІи емыдаІуэу щытмэ Іей кърикІуэнухэм фІыуэ егупсысыну. Абы щыгъуэ Библием ит хабзэхэм тетыныр абы и дежкІэ сыт щыгъуи зэрынэхъыфІыр езым къыгурыІуэнущ (Втор. 30:19, 20).
САБИЙМ ПСЫМ ЗЫЩІИГЪЭУА ИУЖЬ БИБЛИЕМ ИТЫМ ШЭЧ КЪЫТРИХЬЭУ ЩІИДЗЭМЭ
16. Адэ-анэхэм сыт зыщагъэгъупщэ мыхъунур, я сабийм Библием итым шэч къытрихьэу щІидзамэ?
16 Сыт пщІэ хъунур уи къуэм е уи пхъум псым зыщІигъэуа иужь Библием итым шэч къытрихьэу щІидзамэ? Псалъэм папщІэ, уи быныр ШейтІаным и дунейм дихьэхынкІэ хъунущ е Алыхьым и хабзэхэм тету псэуныр зэрынэхъыфІым шэч къытрихьэу щІидзэнкІэ хъунущ (Пс. 73:1—3, 12, 13). Адэ-анэхэ, зыщывмыгъэгъупщэ, апхуэдэ Іуэхугъуэ къэхъумэ фэ зэрызыфщІым елъытащ фи сабийр адэкІэ Алыхьым хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ. Фи быныр илъэс дапщэ мыхъуми зэи абы фыпэщІэмыувэ. Фи сабийхэр фІыуэ зэрыфлъагъур икІи фадэІэпыкъуну фызэрыхуейр абыхэм зыхевгъащІэ.
17, 18. Зи фІэщхъуныгъэр махэ хъуа сабийхэм адэ-анэхэр дауэ зэрадэІэпыкъуфынур?
17 Сабийм псым зыщІигъэуэн ипэ и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьауэ щытащ. Абы Иеговэ къигъэгугъащ ар фІыуэ илъагъуну икІи и Іуэхур сыт щыгъуи ипэ иригъэщыну. (Къеджэ Марк 12:30.) Иеговэ етт псалъэхэм мыхьэнэшхуэ ирет, дэри апхуэдэу а Іуэхум дыбгъэдыхьэн хуейщ (Мт. 5:33). Фи сабийм ар щабэу игу къэвгъэкІыж. Ауэ апхуэдэу фщІэн ипэ Иеговэ и организацэм адэ-анэхэм сабийхэр щагъасэкІэ къадэІэпыкъуну къыдигъэкІахэр вджы. АбыкІэ фэ фи сабийхэм, псым зыщІэзыгъэуахэм ягъэзэщІэн хуей къалэным теухуауэ икІи Иеговэ зи гъащІэр и ІэмыщІэ изылъхьахэм фІыгъуэ ягъуэтыжынум теухуауэ фызэрепсэлъэнум зыхуэвгъэхьэзырынущ.
18 «Уи упщІэхэм я жэуапхэр» жыхуиІэ тхылъым и япэ томым чэнджэщыфІхэр къыщывгъуэтынущ. А тхылъым и кІэм «Адэ-анэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэм мыпхуэдэу итщ: «Фи сабийм пэжыр ІэщІыб ищІу занщІэу фемыгупсыс. Абы нэгъуэщІ щхьэусыгъуэ иІэнкІэ хъунущ». Псалъэм папщІэ, абы нэгъуэщІхэм къызэрытракъузэр е закъуэныгъэ зэрызыхищІэр зэран къыхуэхъуу къыщІэкІынщ. Абы нэмыщІ фи сабийм Иеговэ и лэжьакІуэ езым и ныбжьхэм зригъапщэу, абыхэм ящІэм хуэдиз хуэмыщІэну ибжынкІэ хъунущ. АдэкІэ а тхылъым щыжыІащ: «Апхуэдэ щхьэусыгъуэхэм, дауикІ, къикІкъм абы Библием ит пэжыр и фІэщ мыхъуу». АтІэ фи сабийм шэч къытрихьэу зэрыхъуам и щхьэусыгъуэр пэжым тетыну зэран къыхуэхъу Іуэхугъуэ зихуахэрауэ къыщІэкІынущ. А тхылъым адэкІэ итщ зи фІэщхъуныгъэр махэ хъуа сабийхэм адэ-анэхэр щадэІэпыкъукІэ сэбэп къахуэхъуну чэнджэщхэр.
19. Дауэ адэ-анэхэр я сабийхэм зэрадэІэпыкъуфынур мыкІуэду къелын щхьэкІэ Іущагъ зрагъэгъуэтыну?
19 Сабийхэр «Зиусхьэным зэрыфІэигъуэм тету» бгъэсэну пщІэшхуэщ икІи ар адэ-анэхэм Алыхьым яхуигъэува къалэнщ (Еф. 6:4). Дэ зэрытлъэгъуащи, сабийхэм Библием ит щІэныгъэхэр зэрыбгъэдэтлъхьэм нэмыщІ, а щІэныгъэ зрагъэгъуэтахэр я фІэщ хъуну дадэІэпыкъун хуейщ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ зрагъэгъуэта иужь абыхэм я гум хуигъэушынущ я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэну икІи гурэ псэкІэ хуэлэжьэну. Адэ-анэхэ, фи сабийхэр щывгъасэкІэ фи Іэр евмыхьэх! Иеговэрэ абы и къару лъапІэмрэ фи сабийхэм дэІэпыкъунущ мыкІуэду къелын щхьэкІэ Іущагъ зрагъэгъуэтыну!
a Псалом 111:10: «Іущагъым и щІэдзапІэр — Иеговэ фІэлІыкІ ухуиІэныращ. Абы и унафэхэр зыгъэзащІэ псоми зэхэщІыкІ куу яІэщ. Абы сыт щыгъуи щытхъу хуащІынущ».