ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Декабрь н. 21—26
  • НыбжьыщІэхэ, фымыкІуэду фыкъызэрелыным фыхущІэкъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • НыбжьыщІэхэ, фымыкІуэду фыкъызэрелыным фыхущІэкъу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УЭ ЕЗЫМ ЖЭУАП ПХЬЫЖЫНУЩ
  • БИБЛИЕ ДЖЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
  • ТХЬЭЛЪЭІУМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
  • ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР УЭ ЕЗЫМ ЗЫХЭПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
  • ФЫМЫКІУЭДУ ФЫКЪЫЗЭРЕЛЫНЫМ ФЫХУЩІЭКЪУ!
  • Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Адэ-анэхэ, фи сабийхэм фадэІэпыкъу Іущагъ зрагъэгъуэтыну, мыкІуэду къелын щхьэкІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Мурад щІы игъащІэ псокІэ Алыхьым ухуэлэжьэну
    Мыухыж гъащІэм ухуэзышэ щІэныгъэ
  • Псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Декабрь н. 21—26
Девушка крестится, выступает с заданием на христианской встрече и проповедует

НыбжьыщІэхэ, фымыкІуэду фыкъызэрелыным фыхущІэкъу

«ФыкъысхуэІурыщІэу фызэрыщытам хуэдэу... Тхьэм и фІэлІыкІ фи гум илъу, фи гур къикІэзызыкІыу, фымыкІуэду фыкъызэрелыным куэду и ужь фит» (ФЛП. 2:12).

УЭРЭДХЭР: 133, 135

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Псым зыщІэбгъэуэну сыт ушынэн щІыхуэмейр?

  • ДымыкІуэду дыкъелын щхьэкІэ тщІэн хуейр сыт?

  • Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьар сыт уэ щІыхьышхуэу къыщІэплъытэр?

1. Сыт псым зыщІэгъэуэныр — мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэу щІыщытыр? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

ИЛЪЭС къэс Библиер зыджхэм ящыщу цІыху мин куэдым псым зыщІагъауэ. Абыхэм сабийрэ ныбжьыщІэ куэдрэ яхэтщ. ИкІи языныкъуэхэр Иеговэ и Щыхьэту щыт унагъуэхэм къыщыхъуащ. Уэри абыхэм уащыщ? Апхуэдэу щытмэ, щытхъу пхуэфащэщ. Псым зыщІэгъэуэныр — мыхьэнэшхуэ зиІэ лъэбакъуэщ. А лъэбакъуэр умычауэ Иеговэ и Щыхьэт ухъуфынукъым икІи гъащІэ мыухыж зэбгъэгъуэтыфынукъым (Мт. 28:19, 20; 1 Пет. 3:21).

2. Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэну сыт ушынэн щІыхуэмейр?

2 Псым зэрызыщІэбгъэуам Іэмал укэд къыпхузэІуихами зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым нэгъуэщІ къалэнхэри уиІэ зэрыхъуар. Сыт хуэдэ? Псым зыщыщІэбгъэуа махуэм уэ мыпхуэдэ упщІэ къыуатат: «Хьисэ Мэссихь къурмэныпхъэ итар уи фІэщ хъууэ, уи гуэныхьхэм ухущІегъуэжу, Иеговэ и ІэмыщІэ тхьэлъэІукІэ уи гъащІэр иплъхьа, абы и Іэмырыр бгъэзэщІэн щхьэкІэ?». Уэ «нтІэ» жыпІауэ щытащ. Псым зэрызыщІэбгъэуамкІэ Иеговэ псалъэ ептащ, ар фІыуэ плъагъуну икІи абы и мурад гъэзэщІэныр уи гъащІэм ипэ ибгъэщыну. УхущІегъуэж хъуну пІэрэ абы? ДауикІ, хъунукъым! Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьам уэ зэикІ ухущІегъуэжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нэгъуэщІ гъуэгу щыІэкъым. Иеговэ зымыцІыхухэр ШейтІаным и лъэныкъуэ мэхъу! Иблисым уэ укъызэрелын Іуэху лъэпкъ зэрихуэкъым. Ар хуейщ Иеговэ къэбгъанэу езым и лъэныкъуэр бубыдыну икІи гъащІэ мыухыжым теухуауэ гугъэ уиІэр пфІэкІуэдыну.

3. Уэ сыт хуэдэ фІыгъуэ уиІэ хъуа уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьам щхьэкІэ?

3 Иеговэ и Щыхьэт ухъуа иужь фІыгъуэ къыпхуищІахэм егупсыс. Уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьащи, шэч къытомыхьэу жыпІэ хъунущ: «Тхьэр ди гъусэмэ, хэт къытпэувын зылъэкІынур?» (Рим 8:31). Иеговэ и лъэныкъуэр пІыгъыну икІи ар къызэрыпхуэарэзыр пщІэну — щІыхьышхуэщ икІи абы нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым!

УЭ ЕЗЫМ ЖЭУАП ПХЬЫЖЫНУЩ

4, 5. 1) Сыт жыпІэ щІэхъунур уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьауэ щытмэ, пщІэмкІэ уэ езым жэуап пхьыжыну? 2) Ныбжьым емылъытауэ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэри сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

4 Уэ псым зыщІэбгъэуащи Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр уи адэ-анэм щІрагъэша интернетым ебгъэщхь хъунукъым — ахъшэ езытыр уи адэ-анэращ, ауэ ар псоми къагъэсэбэп. Уэ уи адэ-анэм я гъусэу упсэуми укъелынрэ укъемылынрэ зэлъытар уэращ. Сыт ар зыщыбгъэгъупщэ щІэмыхъунур? Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, къэкІуэну зэманым къыпхуихьынур пщІэкъым. Псалъэм папщІэ, уэ сабийуэ псым зыщІэбгъэуамэ, нэхъ ин ухъуа иужь япэм узыпэщІэмыхуа гугъуехьхэмрэ гукъеуэхэмрэ уиІэнкІэ хъунущ. Зы хъыджэбз ныбжьыщІэм жиІащ: «Сабийр Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытым хущІегъуэжыну къыщІэкІынкъым къыдеджэхэм къыщалъхуа махуэр щагъэлъапІэкІэ торт зэримышх закъуэм щхьэкІэ. Ауэ илъэс зыбжанэ дэкІа иужь зыгуэрым иригъусэну хъыджэбзым е щІалэм я Іэпкълъэпкъыр щІэхъуэпсу щІидзэмэ, абыхэм быдэу я фІэщ хъун хуейщ Иеговэ и хабзэхэм утетыныр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр».

5 ДауикІ, ныбжьыщІэхэм язакъуэкъым зэи зримыхьэлІа гугъуехьхэм пэщІэхуэхэр. Балигъ хъуауэ псым зыщІэзыгъэуахэри зыпэщІэхуэну ямыгугъа гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуэфынущ. Гугъуехьхэр пыщІауэ щытыфынущ унагъуэ ухуэным, узыншагъэм е лэжьыгъэм. Ди ныбжьым емылъытауэ дэтхэнэ зыми Иеговэ дызэрыхуэпэжыр къыщыдгъэлъэгъуэн хуей Іуэхугъуэхэм дыпэщІэхуэнущ (Екъуб 1:12—14).

6. 1) Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьам «ауэ» псалъэ хэткъым жиІэм къикІыр сыт? 2) 2 Коринф 4:7 ит псалъэхэм сыт къыбгурагъаІуэр?

6 Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм упэщІэмыхуэми, Иеговэ хуэпэжу укъэнэну сыт къыбдэІэпыкъунур? Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ зэриплъхьам «ауэ» псалъэ хэткъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, уэ Дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Иеговэ сыт къэмыхъуми ухуэлэжьэну къэбгъэгугъащ, уи ныбжьэгъухэри уи адэ-анэри гъуэгу пэжым текІыу щытми (Пс. 27:10). Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ уимыхуами, Иеговэ елъэІу псалъэ ептар пІыгъыжын папщІэ къару къыуитыну. (Къеджэ 2 Коринф 4:7.)

7. ДымыкІуэду дыкъызэрелыным «Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, ди гур къикІэзызыкІыу» дыхущІэкъун хуейщ жиІэм сыт къикІыр?

7 Иеговэ хуейщ уэ абы и ныбжьэгъуу ущытыну. Ауэ къару епхьэлІэн хуейщ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр быдэу щытын щхьэкІэ, абы нэмыщІ умыкІуэду укъызэрелыным ухущІэкъун хуейщ. Филиппи 2:12 щыжыІащ дэ дымыкІуэду дыкъызэрелыным «Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум илъу, ди гур къикІэзызыкІыу» дыхущІэкъун хуейуэ. Абы къикІыр сыт къэмыхъуами Иеговэ и ныбжьэгъуу укъызэрынэным фІыуэ уегупсысын зэрыхуейращ. Уи щхьэм ущыгугъыжыныр шынагъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ илъэс куэдкІэ хуэлэжьауэ иужькІэ гъуэгу пэжыр къэзыгъэнахэри щыІэщ. НтІэ, сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр къыбдэІэпыкъуну умыкІуэду укъызэрелыным ухущІэкъуну?

БИБЛИЕ ДЖЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ

8. Сыт Библие джыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр икІи сыт абы хыхьэр?

8 Иеговэ и ныбжьэгъуу дыщытын щхьэкІэ абы жиІэр зэхэтхын хуейщ икІи дэри езым депсэлъэн хуейщ. Ауэ дауэ Иеговэ жиІэр зэрызэхэтхынур? Псом нэхъапэу, Библиер щыдджкІэ абы жиІэр зэхыдох. Абы хохьэ Алыхьым и Псалъэмрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ еджэныр икІи узэджам куууэ егупсысыныр. Ар ещхькъым экзаменыр ятын щхьэкІэ тхылъым итыр ауэ сытми гукІэ зэрызырагъащІэм. АтІэ, ар зэщхьыр щІыпІэ гуэр укІуэу, зэрызэбгъэцІыхуращ. Абы хуэдэу Библием ущеджэкІэ Иеговэ и хьэл-щэнхэм теухуауэ куэд къыбощІэ. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ уэ нэхъ гъунэгъу ухуохъу икІи ар езыри гъунэгъу къыпхуохъу (Екъуб 4:8).

Читая Библию и молясь, юноша общается с Иеговой

Иеговэрэ уэрэ сыт щыгъуи фызэпсалъэу пІэрэ? (8—11-нэ абзацхэм феплъ.)

9. Библиер щыбджкІэ сыт хуэдэ Іэмэпсымэхэр уэ къэбгъэсэбэпрэ?

9 Библиер фІыуэ зэрыдджын программэ диІэн щхьэкІэ, Иеговэ и организацэм къэдгъэсэбэп хъун Іэмэпсымэ куэд къыдет. Псалъэм папщІэ, 2009 гъэм, мэлыжьыхьым къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым «ЩІалэгъуалэм я упщІэхэр» рубрикэм ит «Библием удихьэхыу уеджэн щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?» статьям ит чэнджэщхэр сэбэп къыпхуэхъунущ. УмыкІуэду укъелыну ухуеймэ, Библие джыным икІи абы куууэ егупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ Рим 15:4.)

ТХЬЭЛЪЭІУМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ

10. Псым зыщІэзыгъэуа Иеговэ и лэжьакІуэм сыт Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэн щІыхуейр?

10 Библиер щыдджым деж Иеговэ и макъыр зэхыдох, ауэ лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэкІэ, дэ абы допсалъэ. Дэ тхьэлъэІум мыхьэнэ иІэр тщыгъупщэжу, хьэл зэрытхуэхъуа закъуэм щхьэкІэ Алыхьым зыхуэдгъэзэн хуейкъым икІи ди лъэІум ехъулІэныгъэ къытхуэзыхьын псалъэхэу дыхущытын хуейкъым. ТхьэлъэІур — ар ДыкъэзыгъэщІам зэрызыхуэдгъазэ хъун Іэмалщ, икІи ар хуейщ дэ абы депсэлъэну. (Къеджэ Филиппи 4:6.) Зыгуэрым хуабжьу уигъэгузавэу щытмэ, Библием мыпхуэдэ чэнджэщ итщ: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ» (1 Пет. 5:7). А чэнджэщыр сэбэп къызэрыпхуэхъунур уи фІэщ хъурэ? Мелуан бжыгъэкІэ ди къуэш ди шыпхъухэм а псалъэхэр зэрыпэжыр зыхащІащ. А чэнджэщыр абыхэм сэбэп зэрахуэхъуам хуэдэу уэри сэбэп къыпхуэхъунущ!

Зыгуэрым хуабжьу фигъэгузавэу щытмэ, «фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ»

11. Иеговэ сыт щыгъуи фІыщІэ щІыхуэтщІын хуейр сыт?

11 ТхьэлъэІукІэ Иеговэ зыщыхуэдгъэзэнур зыгуэр къытхуищІэну дыщыхуей закъуэракъым. Библием щыжыІащ: «Абы [Алыхьым] фІыщІэ хуэфщІ» (Кол. 3:15). Иныкъуэм деж ди гугъуехьхэм дегупсысурэ, фІыгъуэ диІэхэм гу лъыттэкъым. Дэ мурад тщІы хъунущ Алыхьым фІыщІэ щІыхуэтщІын, нэхъ мащІэ дыдэу, щхьэусыгъуищ къэдгъуэтыну икІи лъэІукІэ ди гум илъ фІыщІэр хуэтІуэтэну. Илъэс 12 щыхъум псым зыщІэзыгъэуа Абигейл жеІэж: «Мы дунейм, зыми хуэмыдэу Иеговэщ ди фІыщІэр зыхуэфащэу сэ къэслъытэр. Абы тыгъэ къытхуищІэхэм щхьэкІэ сыт щыгъуи фІыщІэ хуэтщІын хуейщ. Зэгуэрым сэ упщІэ гъэщІэгъуэн зэхэсхащ: фІыщІэ тщІым фІэкІа Иеговэ нэгъуэщІ зыри къытхуимыщІэу щытамэ, сытыт дэ диІэнур?»

ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫБДЭІЭПЫКЪУР УЭ ЕЗЫМ ЗЫХЭПЩІЭНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ

12, 13. Иеговэ уэ езым гулъытэ къызэрыпхуищІам уегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

12 Пасэрей зэманым Иеговэ мызэ-мытІэу пащтыхь Даут дэІэпыкъуащ гугъуехь хьэлъэхэм пэщІэтыну. Даут езым фІыуэ зыхищІауэ мыпхуэдэ псалъэхэр итхащ: «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр; насыпыфІэщ ар егъэзыпІэ зыхуэхъуар» (Пс. 34:8). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъур уэ езым зыхэпщІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ ущеджэкІэ икІи зэІущІэхэм ущекІуалІэкІэ уэ къыбощІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъуу щытам теухуауэ, ахэр хуэпэжу къыхуэнэн папщІэ, икІи абы хуабжьу уегъэгушхуэ. Ауэ Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ, Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъур уэ езым зыхэпщІэн хуейщ. Зэгуэр зыхэпщІауэ пІэрэ уэ ар?

Иеговэ и лъэпкъым узэрыщыщыр сыт щыгъуи фІыщІэ щІы

13 Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр, зы Іуэхугъуэ гуэркІэ псори дызэщхьщ. Иеговэ дэтхэнэ зыми гулъытэ къытхуищІащ — езым дызыбгъэдишащ и Къуэми гъунэгъу дыхуищІащ. Хьисэ жиІауэ щытащ: «Сэ сыкъэзыгъэкІуа Адэ лъапІэм къысхуимышэмэ, си деж къэкІуэн зыми лъэкІынукъым» (Ин. 6:44). Мы псалъэхэр уэри зэрыпхуэгъэзар зыхэпщІэрэ? Уэ уегупсысу къыщІэкІынщ: «Иеговэ зришэлІар сэракъым, атІэ си адэ-анэращ. Сэ абыхэм яужь сиувауэ аращ». Ауэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зэрызыщІэбгъэуамкІэ уэ къэбгъэлъэгъуащ уэ езым Иеговэ гъунэгъуу узэрыхущытыр, зэхущытыкІэфІ фи зэхуаку зэрыдэлъыр. Библием щыжыІащ: «Зиусхьэным езым и цІыхухэр ещІэ» (2 Тим. 2:19). Иеговэ и лъэпкъым узэрыщыщыр сыт щыгъуи фІыщІэ щІы.

14, 15. ХъыбарыфІ гъэІуным дауэ ди фІэщхъуныгъэр быдэ зэрищІыфынур?

14 Иеговэ гулъытэ къызэрыпхуищІыр иджыри дауэ зэрызыхэпщІэфынур? Псалъэм папщІэ, Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъур зыхэпщІэфынущ уи фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм ущепсалъэкІэ — школым е хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ. Языныкъуэхэм къохьэлъэкІыр къадеджэхэм хъыбарыфІыр жраІэну, икІи гурыІуэгъуэщ абы и щхьэусыгъуэр. Абыхэм зэрызащІынур зэи къыпхуэщІэнукъым. Уи фІэщхъуныгъэм теухуауэ зыгуэрым и закъуэу уепсэлъэну гугъущ, ауэ абы нэхърэ нэхъ гугъужщ уи еплъыкІэр гупышхуэм уахэту жыпІэну. Дауэ-тІэ шынэм узэрытекІуэнур?

15 ЯпэщІыкІэ уи еплъыкІэхэр уи фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэм егупсыс. Зэман хухэх уегупсысын щхьэкІэ уи фІэщ хъум, ар уи фІэщ щІэхъум икІи уи еплъыкІэр нэгъуэщІхэм къазэрыгурыбгъэІуэфынум. ЖыпІэныр щыпщІэм икІи абы шэч къыщытомыхьэм деж, Іэмал имыІэу Иеговэ теухуауэ зыгуэрым удэгуэшэну ухуеинущ (Иер. 20:8, 9).

16. Уи фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжепІэну зэран къыпхуэхъу шынэм дауэ узэрытекІуэнур?

16 Ауэ фІыуэ зыхуэбгъэхьэзырами, уэ зыгуэрым уи фІэщхъуныгъэм теухуауэ уепсэлъэну къохьэлъэкІынкІэ хъунущ. Илъэс 13 хъууэ псым зыщІэзыгъэуа, иджы илъэс 18 хъуа хъыджэбзым жеІэж: «Сэ си фІэщ хъур къызгуроІуэ, ауэ иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм къазэрыгурызгъэІуэн псалъэхэр схузэпыщэкъым». Сыт-тІэ абы къыдэІэпыкъур? «Сэ сызэрымыгузэвэным иужь ситщ,— жеІэж абы.— Къыздеджэхэм ящІэр хуиту жаІэж. Сыт-тІэ сэ сыщІэгузэвэн хуейр си еплъыкІэм теухуауэ жысІэну?! Аращи, сэ зыкъызыфІэзмыгъэІуэхуу: „Зымахуэ Библием теухуауэ цІыхухэм сащыдэгуашэм...“ — жызоІэри, къысщыщІа хъыбар гуэр яжызоІэж. Сэ абыхэм яжесІэжыр Библием пыщІауэ щымытми, куэдым яфІэгъэщІэгъуэнщ Библием сэ цІыхухэр зэрезгъаджэр. Абы теухуауэ упщІэ къыщызати къохъу. Нэхъыбэрэ апхуэдэу сщІыху нэхъ тынш мэхъу. Апхуэдэу дызэпсэлъа иужь гуфІэгъуэшхуэ зыхызощІэ!»

17. НэгъуэщІхэм уепсэлъэфын папщІэ сыт иджыри уэ къыбдэІэпыкъунур?

17 Узэпсалъэхэм пщІэ хуэпщІмэ икІи абы я еплъыкІэр пфІэгъэщІэгъуэнмэ, езыхэри гуапэу къыпхущытыну къыщІэкІынщ. «ЦІыхухэм сыщепсалъэкІэ сэ сыт щыгъуи сышынэт Библием и гугъу сщІыну,— жеІэж, сабийуэ псым зыщІэзыгъэуауэ щыта, илъэс 17 хъу Оливия.— Фанату сабжын си гугъэт». Ауэ иужькІэ ар а Іуэхум нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ еплъащ. Шынэ иІэхэм егупсысын ипІэкІэ, ар мыпхуэдэу егупсысащ: «ЩІалэгъуалэ куэдым Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ зыри ящІэхэкъым. Дэ нэмыщІ абыхэм Иеговэ и Щыхьэт нэгъуэщІ яцІыхукъым. Абы къыхэкІкІэ дэ зэрызытщІым елъытащ ахэр къызэрытхущытыныр. Ди фІэщ хъум и гугъу щащІым деж дыукІытэу, дышынэу псалъэмакъым дызэрытекІыным иужь дит, е зыгуэрым дыщепсалъэкІэ дыгузавэу зытпІытІ-зытхузу ди псалъэхэр тшхыжу дыщыт? Апхуэдэу дыщытмэ, дызэпсалъэхэм ди диным дытеукІытыхьыу ягугъэнкІэ хъунущ икІи губжьауэ къыдэпсэлъэжынкІэ хъунущ. Ауэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэм дызэрытепсэлъыхьым хуэдэу, ди еплъыкІэхэм теухуауэ хуиту, дымыгузавэу нэгъуэщІхэм яжетІэмэ, дэ нэхъ пщІэ къытхуащІыну къыщІэкІынщ».

ФЫМЫКІУЭДУ ФЫКЪЫЗЭРЕЛЫНЫМ ФЫХУЩІЭКЪУ!

18. ДымыкІуэду дыкъелын щхьэкІэ тщІэн хуейр сыт?

18 Дэ къызэрыдгурыІуащи, дымыкІуэду дыкъелыну дызэрыхущІэкъум мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и Псалъэм деджэу абы итым дегупсысын хуейщ, Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэу дэтхэнэ зыми къытхуищІэ псом щхьэкІэ фІыщІэ хуэтщІын хуейщ. А псор уэ къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ уи Ныбжьэгъуу зэрыщытыр быдэу уи фІэщ хъуну икІи лІыгъэ пхэлъу уи фІэщхъуныгъэмкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуэшэну. (Къеджэ Псалом 73:28a.)

19. УмыкІуэду укъелын папщІэ, къарууэ уиІэр сыт епхьэлІэн щІыхуейр?

19 Хьисэ жиІауэ щытащ: «Си ужь зыгуэр къиувэну хуеймэ, езыр зыхуей Іуэхугъуэхэр кърегъанэ, лІэныгъэм и жорыр [пкъор, ДЩІ] кърещти, си ужь къреувэ» (Мт. 16:24). Хьисэ и лъэужь диувэн щхьэкІэ, ди гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ итлъхьэу, псым зыщІэдгъэуэн хуейщ. Ар фІыгъуэ куэдым ухуэзышэну гъуэгум и щІэдзапІэщ, икІэм-икІэжым а гъуэгум Алыхьым дыкъызэригъэгугъа дунеищІэм ухуишэнущ, гъащІэ мыухыж уиІэу упсэун щхьэкІэ. Аращи, умыкІуэду укъызэрелыным адэкІи хущІэкъу!

a Псалом 73:28: «Си дежкІэ Алыхьым гъунэгъу сыхуэхъуныр фІыгъуэщ. Тепщэныгъэ зиІэ Зиусхьэн Иеговэ сэ си хъумапІэ сщІащ, уи ІуэхущІафэ псори згъэІун папщІэ».

ИНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • УмыкІуэду укъызэрелыным хущІэкъу.

    Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщыщІэбгъэуам, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъ хъуащ. Уэ абы гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуну гугъэ къыуитащ. Иджы уэ къару епхьэлІэн хуейщ, фи ныбжьэгъугъэр быдэу щытын икІи укъызэригъэгугъар къохъулІэн щхьэкІэ. Алыхьым и Псалъэм уеджэу, абы итым уегупсысмэ, Иеговэ лъэІукІэ зыхуэбгъазэу къыпхуищІа псомкІэ фІыщІэ хуэпщІу щытмэ икІи лІыгъэ пхэлъу уи фІэщхъуныгъэмкІэ нэгъуэщІхэм уадэгуашэмэ, ар пхузэфІэкІынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын