ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lff 21-нэ урокыр
  • ХъыбарыфІыр щІылъэ псом дауэ зэрыщагъэІур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ХъыбарыфІыр щІылъэ псом дауэ зэрыщагъэІур?
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
  • КЪЭПЩЫТЭЖ
  • НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
  • ХъыбарыфІыр цІыхухэм дауэ зэрыжетІэ хъунур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр дауэ зэретхьэкІыр?
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр дапхуэдэу къызэрыпцІыхунур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • «Тхьэм и псалъэр цІыхухэм егъащІэ»
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
Нэхъыбэ еплъын
ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
lff 21-нэ урокыр
21 урокыр. Тхыгъэхэр зыдэлъ стендым къыІухьа цІыхухъур Иеговэ и Щыхьэтхэм йопсалъэ.

21 УРОКЫР

ХъыбарыфІыр щІылъэ псом дауэ зэрыщагъэІур?

ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ

Куэд мыщІэу Иеговэ и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу цІыхухэм я гугъуехьхэр Іуихынущ. Ар апхуэдизкІэ хъыбарыфІщи, убзыщІ хъунукъым. Хьисэ Мэссихь хуейт абы и лъэужь ирикІуэхэр хъыбарыфІымкІэ цІыху псоми дэгуэшэну! (Маттэ 28:19, 20). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ярита къалэныр Иеговэ и Щыхьэтхэм дапхуэдэу зэрагъэзащІэр?

1. Маттэ 24:14 итыр дапхуэдэу нобэ къызэрыхъур?

Хьисэ жиІат: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ» (Маттэ 24:14). Мыхьэнэшхуэ зиІэ а лэжьыгъэм хэтыну Иеговэ и Щыхьэтхэм я гуапэщ. Дэ а хъыбарыфІыр бзэ 1 000-м щІигъукІэ дуней псом щыдогъэІу! А лэжьыгъэшхуэр екІуэкІын щхьэкІэ къару куэд ехьэлІэн хуейщ икІи ар зэтеухуауэ, зэгъэпэщауэ щытын хуейщ. Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу щытамэ, а лэжьыгъэр зэи тхуэгъэзэщІэнутэкъым!

2. ХъыбарыфІыр дапхуэдэу зэрыдгъэІур?

Дэ цІыху здэщыІэ щІыпІэу хъуам хъыбарыфІыр щыдогъэІу. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу дэри цІыхухэм я унэм докІуэ (Апостолхэм 5:42). Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр дэ къыддоІэпыкъу илъэс къэс цІыху мелуан куэдым хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну. ЦІыхухэр унэм щыщІэмыси къохъу, абы къыхэкІкІэ, цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэхэми хъыбарыфІыр щыдогъэІу. Дэ Іэмалу щыІэу хъуар къыдогъэсэбэп Иеговэ теухуауэ икІи абы цІыхухэм яхуигъэхьэзыра гъащІэ дахэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэн щхьэкІэ.

3. Хэт хъыбарыфІыр зыгъэІун хуейр?

Хьисэ пэжу и лъэужь ирикІуэ дэтхэнэ зыри Библием ит хъыбарыфІымкІэ адрейхэм дэгуэшэн хуейщ икІи дэ а къалэным мыхьэнэшхуэ идот. Дэ а лэжьыгъэм ди къарум къызэрихькІэ дыхэтщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыхум и гъащІэр къригъэлыфынущ. (Къеджэ 1 Тимофей 4:16.) А лэжьыгъэм дызэрыхэтым щхьэкІэ дэ лэжьапщІэ къыдатыну дыщыгугъкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием мыпхуэдэу итщ: «Абы фэ пщІэ щІэфтакъым, фэри пщІэ къеІывмых» (Маттэ 10:7, 8). Дэ къетхьэкІ хъыбарыфІыр псоми къащтэкъым, ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу адэкІи а лэжьыгъэм дыхэтщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Иеговэ дызэрыхуэлажьэ Іэмалхэм щыщ зыщ. Иеговэ хуейщ а лэжьыгъэр икІэм нэсыну.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Дуней псом тет цІыхухэм Библием ит хъыбарыфІыр зэхахын щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм сыт ящІэми икІи абыкІэ Иеговэ дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми къащІэ.

1. Бгы джабэ щхъуантІэм тету Иеговэ и ЩыхьэтитІ зы цІыхухъу гуэрым Библием тегъэщІауэ йопсалъэ (Коста-Рикэ). 2. Кхъухьым и къэувыІапІэм деж Иеговэ и ЩыхьэтитІ бдзэжьеящэхэм Библием теухуауэ йопсалъэ (США). 3. Къуажэ пхыдза гуэрым дэс цІыхухъум Иеговэ и Щыхьэтхэр Библием тегъэщІауэ йопсалъэ (Бенин). 4. Кхъуафэжьейм ису пхъэщхьэмыщхьэ зыщэ цІыхубзым Иеговэ и Щыхьэтыр Библием тегъэщІауэ йопсалъэ (Таиланд). 5. Мывэшхуэ пІащІэхэм деж щыту Иеговэ и ЩыхьэтитІ зы цІыхубз гуэрым Библием тегъэщІауэ йопсалъэ (Яп). 6. Уэсыр телъу псыжапІэм и Іуфэм деж Иеговэ и ЩыхьэтитІ зы цІыхубз гуэрым Библием тегъэщІауэ йопсалъэ (Швецие).

Дуней псом хъыбарыфІыр щыдогъэІу: 1) Коста-Рикэ, 2) США, 3) Бенин, 4) Таиланд, 5) Яп, 6) Швецие

4. Дэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ Библием ит хъыбарыфІыр дэтхэнэ зы цІыхуми зэхихын щхьэкІэ

Иеговэ и Щыхьэтхэм къаруушхуэ ирахьэлІэ щІылъэ псом хъыбарыфІыр щагъэІун щхьэкІэ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх:

ВИДЕО: «ХъыбарыфІыр щІым и гъунэм нэс щоІу» (7:33)

  • Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбарыфІыр зэрагъэІу щІыкІэм сыт уэ пфІэгъэщІэгъуэныр?

Маттэ 22:39, Рим 10:13—15 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІум дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр дэ цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъур?

  • Библием ит хъыбарыфІыр зыгъэІухэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр? (15 едзыгъуэм еплъ.)

5. Дэ Алыхьым дыдолажьэ

Іуэхугъуэ куэдым къагъэлъагъуэ хъыбарыфІ гъэІуным Иеговэ и нэІэ зэрытетыр. Псалъэм папщІэ, Новая Зеландием щыпсэу Иеговэ и Щыхьэт Пол унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр игъэІуу зы цІыхубз гуэрым хуэзащ. А пщэдджыжь дыдэм а цІыхубзым Алыхьым зыхуигъазэри Иеговэ и цІэр къриІуэу елъэІуат и деж зыгуэр къыхуигъэкІуэну. «Сыхьэтищ фІэкІа дэмыкІауэ сэ абы и бжэм деж сыщытт», — жеІэж Пол.

1 Коринф 3:9 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэм дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр хъыбарыфІ гъэІуным Иеговэ и нэІэ зэрытетыр?

Апостолхэм 1:8 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу щытамэ, а лэжьыгъэр сытыт щІытхуэмыгъэзэщІэнур?

ПщІэуэ пІэрэ?

Тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэм дэ хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыщыдогъасэ. Апхуэдэ зэІущІэм уэ ущыІа? А зэІущІэм дызэрыщрагъаджэр дауэ къыпщыхъуа?

Библием теухуауэ цІыхум узэрепсалъэ хъунур Иеговэ и ЩыхьэтитІым зэІущІэм щагъэлъагъуэ.

6. Алыхьым къыдита къалэныр догъэзащІэ

Япэ лІэщІыгъуэм языныкъуэ цІыхухэм хъыбарыфІ гъэІуныр къагъэувыІэну хэтащ. Ауэ а зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну хуитыныгъэ яІэм щІэбэнт (Филиппи 1:7). Ноби Иеговэ и Щыхьэтхэр абыхэм я щапхъэм тетщa.

ВИДЕОМ феплъ.

ВИДЕО: «ХъыбарыфІыр дгъэІуну диІэ хуитыныгъэм дыщІобэн» (2:28)

Апостолхэм 5:27—42 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • ХъыбарыфІыр дгъэІун сыт щІыщыдмыгъэтынур? (29, 38, 39 едзыгъуэхэм еплъ.)

ЗЫГУЭР КЪОУПЩІЫНКІЭ ХЪУНУЩ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм унэ-унэкІэ къыщІакІухьыр сыт?»

  • Сыт хуэдэ жэуапт уэ абы ептынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр лъэпкъ псоми лъагъэІэсыну къалэн яхуищІащ икІи а лэжьыгъэр ягъэзэщІэну Иеговэ и лъэпкъым доІэпыкъу.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • ХъыбарыфІыр дапхуэдэу щІылъэ псом щыІуа зэрыхъур?

  • ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІум дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр дэ цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъур?

  • Дауэ уеплърэ, хъыбарыфІ гъэІуныр гуфІэгъуэ къыпхуэзыхь лэжьыгъэу щыт? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

КъащІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм хъыбарыфІыр къалэшхуэхэм зэрыщагъэІур.

«Париж цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр зэрыщагъэІуар» (5:11)

Зи къэрал зыбгынэн хуей хъуахэм Иеговэ и Щыхьэтхэр дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур?

«Зи къэрал зыбгынэн хуей хъуахэм дадоІэпыкъу Алыхьым теухуауэ къащІэну» (5:59)

ХъыбарыфІыр игъэІуу зи гъащІэр езыхьэкІа цІыхубзым теухуауэ къащІэ.

«Гъуэгу пэж къызэрыхэсхам сыщогуфІыкІыж» (6:29)

Иеговэ и Щыхьэтхэм судхэм къыщахьа текІуэныгъэхэм теухуауэ къащІэ. Апхуэдэ текІуэныгъэхэм хъыбарыфІыр нэхъ хуиту дгъэІуну Іэмал къыдатащ.

«Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр зыгъэІухэм судхэм зыхуагъазэ» («Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм тепщэн щІидзащ!», 13 псалъащхьэр, урысыбзэкІэ)

a Библием ит хъыбарыфІыр Иеговэ и Щыхьэтхэм ягъэІуну Алыхьыращ унафэ зыщІар. Аращи, хъыбарыфІыр дгъэІуну цІыхухэм хуитыныгъэ къыдатын хуейуэ щыткъым.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын