ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lff 7-нэ урокыр
  • Иеговэ. Хэт хъуну ар?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ. Хэт хъуну ар?
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
  • КЪЭПЩЫТЭЖ
  • НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
  • Хьисэ Мэссихь сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъ?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Псым зыщІэвгъэуа иужь адэкІи «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зэфшэкІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Хэт Алыхьыр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • Хэт хъуну Алыхьыр?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
lff 7-нэ урокыр
7 урокыр. ЦІыхухъур пшапэ зэхэуэгъуэм хым йоплъ.

07 УРОКЫР

Иеговэ. Хэт хъуну ар?

ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ

Алыхь Иеговэ ущегупсысым деж, сыт уи нэгу къыщІыхьэр? Ар щІыхьрэ пщІэрэ къэзылэжь Алыхьу, ауэ, вагъуэхэм хуэдэу, ппэжыжьэу къыпщыхъурэ? Хьэмэрэ, жьышхуэм хуэдэу, Алыхьыр къару къудейуэ къыпфІэщІрэ? И пэжыпІэм уеплъмэ, хэт хъуну Иеговэ? Библием Иеговэ и хьэл-щэнхэр къытхузэІуех икІи и нэІэ къызэрыттригъэтыр къыдгурегъаІуэ.

1. Алыхьыр ди нэкІэ щІэдмылъэгъуфыр сыт?

«Алыхьыр — духщ» (Иуан 4:24, ДЩІ). Иеговэ цІыхухэм яІэ Іэпкълъэпкъым хуэдэ иІэкъым. Алыхьыр уафэм щопсэу икІи ар цІыхум илъэгъуфынукъым.

2. Иеговэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъ?

ЦІыхум и нэкІэ Алыхьыр имылъэгъуфми, ар щыІэщ икІи абы удэзыхьэх хьэл-щэн дахэхэр хэлъщ. Библием итщ: «Иеговэ захуагъэр фІыуэ елъагъу икІи къыхуэпэжхэр къигъэнэнукъым» (Псалом 37:28). Абы нэмыщІ Алыхьым «гущІэгъушхуэ иІэщ, абы и гур дэ къытщІогъу», псом хуэмыдэу гугъуехь щытшэчым деж (Екъуб 5:11). «Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (Псалом 34:18). Ди ІуэхущІафэхэм Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэшхуэ яІэщ. Іуэху Іейхэр зылэжь цІыхум Иеговэ и гур хегъэщІ (Псалом 78:40, 41). Ауэ ІуэхуфІхэр зылэжь цІыхум абы и гур хегъахъуэ. (Къеджэ Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр.)

3. Сыт къызыхэщыр Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур?

Иеговэ и хьэл-щэн нэхъыщхьэр лъагъуныгъэращ. Библием ауэ сытми щыжыІакъым «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» жиІэу (1 Иуан 4:8). Иеговэ и лъагъуныгъэм теухуауэ Библием къызэрыщытщІэм нэмыщІ, и ІэдакъэщІэкІми а хьэл-щэн дахэр хыдолъагъуэ. (Къеджэ Апостолхэм 14:17.) Псалъэм папщІэ, егупсыс ди Іэпкълъэпкъыр зэрызэхэлъым: дэ плъыфэ зэмылІэужьыгъуэхэр долъагъу, макъамэ дахэхэр зэхыдох икІи шхын ІэфІым гуфІэгъуэ къытхуехь. Иеговэ хуейщ дэ гъащІэм насып къытхуихьу дыпсэуну.

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

ЯпэщІыкІэ къэтщІэнщ Иеговэ Іуэху телъыджэхэр ищІэн щхьэкІэ къигъэсэбэпыр сытми. ИужькІэ зэпкърытхынщ Алыхьым и хьэл-щэн дахэхэр дапхуэдэу игъэлъагъуэми.

4. Алыхьым и къару лъапІэр къегъэсэбэп

Сурэтхэр: Алыхьым и къару лъапІэмкІэ къигъэщІахэр. 1. Планетэхэмрэ Дунеишхуэмрэ. 2. ЦІыхухъум Алыхьым къыбгъэдэкІ гупсысэхэр свитокым иретхэ.

Іуэху гуэр тщІэн щхьэкІэ ди Іэхэр къызэрыдгъэсэбэпым хуэдэу, Иеговэ и къару лъапІэр къегъэсэбэп. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым и къару лъапІэр псэ зыІут гуэркъым, атІэ ар Иеговэ и мурадхэр игъэзэщІэн щхьэкІэ къигъэсэбэп и къарущ. Лука 11:13, Апостолхэм 2:17, ДЩІ итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Алыхьым и къару лъапІэр яритынущ абы щхьэкІэ къелъэІухэм. Мы едзыгъуэхэм итым тепщІыхьмэ, Алыхьым и къару лъапІэр псэ зыІут гуэру жыпІэ хъуну? Сыт апхуэдэу ущІегупсысыр?

Иеговэ Іуэху телъыджэхэр ищІэн щхьэкІэ и къару лъапІэр къегъэсэбэп. Псалом 33:6; 2 Петр 1:20, 21 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Иеговэ и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэригъэсэбэпар?

Сурэтхэр: Алыхьым и къару лъапІэмкІэ къигъэщІахэр. 1. Планетэхэмрэ Дунеишхуэмрэ. 2. ЦІыхухъум Алыхьым къыбгъэдэкІ гупсысэхэр свитокым иретхэ.

5. Иеговэ удэзыхьэх хьэл-щэн дахэхэр хэлъщ

Мусэ илъэс куэд хъуауэ Алыхьым пэжу хуэлажьэми, ар хуейт адэкІи Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къищІэну. Аращ абы Алыхьым щІыжриІар: «СынолъэІу уи гъуэгухэр къысхузэІупхыну, усцІыхун щхьэкІэ» (Исход 33:13). Абы щыгъуэ Иеговэ Мусэ къыхузэІуихащ и хьэл-щэнхэм щыщу языныкъуэхэр. Исход 34:4—6 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Иеговэ сыт хуэдэ и хьэл-щэнхэр Мусэ къыхузэІуиха?

  • Иеговэ и хьэл-щэнхэм щыщу сыт хуэдэхэра уэ нэхъ уигу ирихьыр?

6. Иеговэ и нэІэ цІыхухэм ятригъэтщ

ЦІыхубзым Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ.

Алыхьым и лъэпкъыу щыт журтхэр пщылІу Мысыр къэралым щыІэт. Абыхэм я гугъуехьхэр щилъагъум деж, Иеговэ сытыт зыхищІэр? Текстым фыкІэлъыплъурэ АУДИОЗАПИСЬ къихьым федаІуэ е Исход 3:1—10 итым фыкъеджэ. ИужькІэ мы упщІэхэм фегупсыс.

АУДИОЗАПИСЬ: «Иеговэ и лъэпкъыр кърегъэл» (2:45)

  • ЦІыхухэм гугъуехь щашэчым деж, Иеговэ зыхищІэм теухуауэ сыт мы пычыгъуэм къыщыпщІар? (7, 8 едзыгъуэхэм еплъ.)

  • Иеговэ цІыхухэм ядэІэпыкъуну пэж дыдэу хуей икІи апхуэдэ зэфІэкІ абы иІэ? Сыт апхуэдэу ущІеплъыр?

7. Дыкъэзыухъуреихь дунейм Алыхьым и хьэл-щэнхэр хыдолъагъуэ

Сурэтхэр: китымрэ абы и шыр цІыкІухэмрэ, удз гъэгъахэмрэ колибри бзу цІыкІумрэ.

Иеговэ и хьэл-щэнхэр къыхощ абы и ІэдакъэщІэкІхэм. ВИДЕОМ феплъ. ИужькІэ Рим 1:20 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс.

ВИДЕО: «Иеговэ и лъагъуныгъэр къыхощ абы и ІэдакъэщІэкІхэм. ЦІыхур» (1:57)

  • Иеговэ сыт хуэдэ и хьэл-щэнхэр хэплъагъуэрэ абы и ІэдакъэщІэкІхэм?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Алыхьыр ди нэкІэ щыдмылъагъукІэ, дэ ар ныбжьэгъу тхуэщІынукъым».

  • Уэ дауэ уеплърэ?

  • Сыт щхьэкІэ?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ — нэрымылъагъу Іэпкълъэпкъ зиІэ Алыхьщ. Иеговэ хьэл-щэн дахэ куэд иІэщ, абыхэм щыщу нэхъыщхьэр лъагъуныгъэращ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ щІэдмылъэгъуфыр сыт?

  • Сыт зищІысыр Алыхьым и къару лъапІэр?

  • Иеговэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр хэлъ?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Иеговэ и хьэл-щэн нэхъыщхьиплІым теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

«Алыхьым и хьэл-щэнхэр» («ХъумакІуэ чэщанэ» № 1 2019)

Алыхьыр дэнэ щІыпІэми зэрыщымыІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр къащІэ.

«Алыхьыр дэнэ щІыпІэми щыІэ?» (интернет-статья)

Библием Алыхьым и къару лъапІэр абы и Іэхэм щІригъэщхьыр къащІэ.

«Сыт зищІысыр Алыхьым и къару лъапІэр?» (интернет-статья, урысыбзэкІэ)

Зи нэм имылъагъу цІыхухъум и фІэщ хъутэкъым Алыхьым и нэІэ абы къытригъэту. Абы и еплъыкІэр щІихъуэжам теухуауэ къеджэ.

«Иджы сэ адрейхэм садоІэпыкъуф» («ХъумакІуэ чэщанэ», жэпуэгъуэм и 1, 2015 гъэ)

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын