ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lff 8-нэ урокыр
  • Уэ Иеговэ и ныбжьэгъуу ущытыфынущ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уэ Иеговэ и ныбжьэгъуу ущытыфынущ
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
  • КЪЭПЩЫТЭЖ
  • НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
  • Алыхьым укъыхуреджэ уэ и ныбжьэгъу ухъуну
    Уэ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ!
  • НыбжьэгъуфІхэр къыхэх
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Дауэ уеплърэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэр ныбжьэгъу щІы
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
Нэхъыбэ еплъын
ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
lff 8-нэ урокыр
8 урокыр. ЦІыхухъур тетІысхьэпІэм тесу уафэм доплъей.

08 УРОКЫР

Уэ Иеговэ и ныбжьэгъуу ущытыфынущ

ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ

Иеговэ хуейщ уэ ар нэхъыфІу къэпцІыхуну. Сыт щхьэкІэ? Алыхьыр щогугъ абы и хьэл-щэнхэм, и гъуэгухэм икІи и мурадхэм теухуауэ зэбгъэгъуэт щІэныгъэм нэхъыбэжу ухуигъэушыну абы гъунэгъу ухуэхъуну. Пэж дыдэу, уэ Алыхьым и ныбжьэгъу ухъуфыну пІэрэ? (Къеджэ Псалом 25:14.) Иеговэ и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр? Мы упщІэхэм я жэуапыр Библием итщ. Абы нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ нэхърэ нэхъ ныбжьэгъуфІ мы дунейм щІытемытыр.

1. Иеговэ сыт узыхуигъэушыр?

«Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). Сыт мы псалъэхэм къикІыр? Иеговэ ухуегъэуш и ныбжьэгъу ухъуну. Языныкъуэхэм зэрабжымкІэ, Алыхьыр уи нэкІэ щумылъэгъуфкІэ, ар ныбжьэгъу пхуэщІынукъым. Ауэ Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ, дызыхуэныкъуэ щІэныгъэр абы и Псалъэ Библием къыщыдогъуэт. Алыхьым къыджиІэну зыхуейм теухуауэ Библием дыкъыщеджэм деж, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу, езы Алыхьыр зэрыдмылъагъум емылъытауэ.

2. Иеговэ нэхърэ нэхъ ныбжьэгъуфІ щІыщымыІэр сыт?

Иеговэ хуэдэу уэ зыми фІыуэ укъилъагъукъым. Ар хуейщ уэ насыпыфІэу ущытыну икІи сыт хуэдэ зэманми дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ абы зыхуэбгъэзэфыну. Библием дыхуегъэуш: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ, абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7). Иеговэ сыт щыгъуи хьэзырщ и ныбжьэгъухэм я тхьэлъэІухэм едэІуэну икІи гупсэхугъуэ абыхэм яритыну. (Къеджэ Псалом 94:18, 19.)

3. Иеговэ и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?

Иеговэ цІыхухэр псори фІыуэ елъагъу икІи «цІыху пэжхэмрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъщ» (Притчи 3:32). Иеговэ хуейщ и ныбжьэгъухэр абы и хабзэхэм тетыну икІи Іейм пэІэщІэ зыхуащІыну. Зыгуэрым къыщыхъункІэ хъунущ Алыхьым и унафэхэр хуэмыгъэзэщІэну. Ауэ Иеговэ гущІэгъурэ зэхэщІыкІрэ хэлъщ. ЦІыхум Алыхьыр гурэ-псэкІэ фІыуэ илъагъумэ икІи и жыІэм щІэтын щхьэкІэ къару ирихьэлІэмэ, Иеговэ апхуэдэ цІыхум хуэарэзыщ (Псалом 147:11; Апостолхэм 10:34, 35).

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

Иеговэ и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ пщІэн хуеймрэ Алыхьым нэхърэ нэхъ ныбжьэгъуфІ щІыщымыІэмрэ теухуауэ къащІэ.

4. Ибрэхьим Иеговэ и ныбжьэгъуу щытащ

Ибрэхьим (нэгъуэщІу жыпІэмэ Ибрам) теухуауэ Библием ит хъыбарым къыдгурегъаІуэ, Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным къикІыр. Ибрэхьим теухуауэ ЩІэдзапІэ 12:1—4 итым фыкъеджэ. ИужькІэ къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх:

  • Иеговэ Ибрэхьим сыткІэ елъэІуа?

  • Иеговэ ар сыткІэ къигъэгугъа?

  • Ибрэхьим сыт ищІар?

5. Иеговэ и ныбжьэгъухэм сыткІэ ящыгугърэ?

Дэ дыщогугъ ди ныбжьэгъухэр фІыуэ къытхущытыну.

  • Уи ныбжьэгъум сыт ищІэн хуейр уигъэгуфІэн щхьэкІэ?

1 Иуан 5:3 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Иеговэ и ныбжьэгъухэм сыт яхуигъэувыр?

Иеговэ хуэжыІэдаІуэу ущытын щхьэкІэ, уи щытыкІэмрэ уи хьэл-щэнхэмрэ зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэн хуеинкІэ хъунущ. Исайя 48:17, 18 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:

  • Иеговэ и ныбжьэгъухэм зыгуэркІэ захъуэжыну щІелъэІур сыт?

УхуакІуэм и ныбжьэгъум каскэр хуеший.

НыбжьэгъуфІым сэбэп къытхуэхъун икІи дыкъэзыхъумэн чэнджэщхэр къыдитыфынущ. Иегови апхуэдэущ и ныбжьэгъухэм зэрахущытыр

6. Иеговэ и ныбжьэгъухэм сыт яхуищІэр?

Иеговэ и ныбжьэгъухэм ядоІэпыкъу, ахэр я гугъуехьхэм пэлъэщын щхьэкІэ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.

ВИДЕО: «Иеговэ сэ зыкІэ куэд къысхуищІащи!» (3:20)

  • Иеговэ мы цІыхубзым дауэ зэрыдэІэпыкъуар и гупсысэ Іейхэмрэ и гурыщІэ хьэлъэхэмрэ текІуэну?

Исайя 41:10, 13 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Иеговэ и ныбжьэгъу псоми сыт яхуищІэнур?

  • Дауэ уеплърэ, Иеговэ ныбжьэгъуфІ пхуэхъуфыну? Сыт щхьэкІэ?

Сурэтхэр: Зэныбжьэгъухэр зыр зым доІэпыкъу. 1. Зы цІыхухъур адрейм доІэпыкъу стІолышхуэр ихьыну. 2. ЦІыхубзыр и ныбжьэгъум зыгъэгузавэ гупсысэхэмкІэ догуашэ. 3. ЩІакъуэ баш зыІыгъ цІыхухъум и ныбжьэгъур къыдоІэпыкъу.

Уи ныбжьэгъур къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ, абы ущыхуэныкъуэм деж. Иегови апхуэдэущ и ныбжьэгъухэм зэрахущытыр

7. Иеговэ и ныбжьэгъу дыхъун щхьэкІэ, дэ абы депсэлъэн хуейщ

Ныбжьэгъухэр зэрызэдэуэршэрым я ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ещІ. Псалом 86:6, 11 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Дауэ дэ Иеговэ дызэрепсэлъэфынур?

  • Дауэ Иеговэ дэ къызэрыдэпсалъэр?

Сурэтхэр: 1. ЦІыхубзым Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ. Абы ищхьэм къыщыгъэлъэгъуа стрелкэр ищхьэмкІэ гъэзауэ щытщ. 2. ЦІыхубзыр Библием йоджэ. Абы ищхьэм къыщыгъэлъэгъуа стрелкэр ищІагъымкІэ гъэзауэ щытщ.

Дэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, абы допсалъэ; Библием дыщеджэм деж, ар къыдопсалъэ

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «ЦІыхур Алыхьым и ныбжьэгъу зэи хъуфынукъым».

  • Дэ Алыхьым и ныбжьэгъу дызэрыхъуфынур къэзыгъэлъагъуэ сыт хуэдэ едзыгъуэ уэ къэпхьыфынур?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Иеговэ хуейщ уи ныбжьэгъу хъуну икІи ар езыр абыкІэ къыбдэІэпыкъуну хьэзырщ.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Иеговэ и ныбжьэгъухэм дауэ зэрадэІэпыкъур?

  • Иеговэ и ныбжьэгъухэм зыгуэркІэ захъуэжыну щІелъэІур сыт?

  • Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыну гугъу? Сыт апхуэдэу ущІеплъыр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Алыхьыр узэриныбжьэгъум дауэ уи гъащІэр нэхъыфІ зэрищІыфынур?

«Иеговэ ныбжьэгъу пщІыну хуэфащэщ» («ХъумакІуэ чэщанэ», мазаем и 15, 2003 гъэ, урысыбзэкІэ)

Алыхьым и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ пщІэн хуейм теухуауэ къащІэ.

«Алыхьым и ныбжьэгъу ухъун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейр?» («Уи упщІэхэм я жэуапхэр», 2 Іыхьэ, 35 псалъащхьэр, урысыбзэкІэ)

Иеговэ ныбжьэгъу зэрищІам и фІыгъэкІэ, зы цІыхубзым и гъащІэр нэхъыфІ зэрыхъуам теухуауэ къащІэ.

«Сэ сылІэну сыхуейтэкъым!» («ХъумакІуэ чэщанэ» № 1 2017)

Иеговэ хуаІэ ныбжьэгъугъэм теухуауэ щІалэгъуалэм жиІэм едаІуэ.

«Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным сыт къикІыр?» (1:46)

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын