06 УРОКЫР
Дауэ гъащІэр къызэрыунэхуар?
«Уэращ [Алыхьыращ] гъащІэр къызыбгъэдэкІыр» (Псалом 36:9). Мы псалъэхэр уэ уи фІэщ хъурэ? Языныкъуэхэм зэрабжымкІэ, гъащІэр зыми къигъэщІакъым. Ар пэжмэ, дэ Іуэху зэрымыщІэкІэ мы дунейм дыкъытехьауэ аращ. Ауэ гъащІэр Алыхь Иеговэ къигъэщІамэ, абы мыхьэнэ иІэн хуейщ, пэжкъэ?a ГъащІэр къызэрыунэхуам теухуауэ Библием жиІэм икІи абы дзыхь щІыхуэтщІ хъунум адэкІэ дытепсэлъыхьынщ.
1. Дунеишхуэр дауэ къызэрыунэхуар?
Библием щыжыІащ: «Тхьэм япэщІыкІэ къигъэщІащ уафэмрэ щІылъэмрэ» (ЩІэдзапІэ 1:1). ЩІэныгъэлІхэм и нэхъыбэм зэрыжаІэмкІэ, Дунеишхуэм щІэдзапІэ иІащ. Дауэ ар Алыхьым къызэригъэщІар? Алыхьым и къару лъапІэр къигъэсэбэпащ, Дунеишхуэр къигъэщІын щхьэкІэ, галактикэхэр, вагъуэхэр икІи планетэхэр абы хэту (ЩІэдзапІэ 1:2, ДЩІ).
2. Алыхьым щІылъэр къыщІигъэщІар сыт?
Иеговэ щІылъэр «пщІэншэу къигъэщІакъым, цІыхухэр тез хъун щхьэкІэ къигъэщІащ ар» (Исайя 45:18). Алыхьым Іущагъ хэлъу щІылъэр къигъэщІащ: цІыхухэм гъащІэ мыухыжрэ гуфІэгъуэрэ яІэу псэун щхьэкІэ зыхуэныкъуэ псор яритащ. (Къеджэ Исайя 40:28; 42:5.) ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, ЩІыр адрей планетэхэм ещхькъым. ЦІыхухэр щыпсэуфын нэгъуэщІ планетэ щІэныгъэлІхэм къагъуэтакъым.
3. ЦІыхухэр псэущхьэхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ?
Иеговэ щІылъэр къигъэщІа иужь, къэкІыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ къигъэщІащ. ИужькІэ «Езым ещхьу къигъэщІащ Тхьэм цІыхур». (Къеджэ ЩІэдзапІэ 1:27.) ЦІыхухэр псэущхьэхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ? ЦІыхухэм Алыхьым и хьэл-щэнхэм щапхъэ трахыф, псалъэм папщІэ, лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ. Абы нэмыщІ дэ бзэхэр зыдогъэщІэф, дахагъэр къыдгуроІуэ икІи макъамэр фІыуэ долъагъу. Ари зи фІыщІэр Алыхьыращ. А псом нэмыщІ, псэущхьэхэм елъытауэ, дэ дыкъэзыгъэщІа Алыхьым дыхуолэжьэф.
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
ГъащІэр Алыхьым къызэрыбгъэдэкІым икІи абы теухуауэ Библием жиІэм дзыхь хуэпщІ зэрыхъунум щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр зэпкърытхынщ. ЦІыхухэм яхэлъ хьэл-щэнхэм Алыхьым теухуауэ къыдагъащІэми дытепсэлъыхьынщ.
4. ГъащІэм щІэдзапІэ езытар Алыхьыращ
ЦІыхум Алыхьым и ІэдакъэщІэкІым трищІыкІыжам щхьэкІэ щІыхь егъуэт. Ауэ щІыхьыр зыхуэфащэр хэт? ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
ЩІэныгъэлІхэм Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм сыт тращІыкІыжар?
Унэ къэс и проектыр зыгуэрым ищІащ икІи ар иухуащ. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и проектыр хэт зыщІар икІи хэт ар зыухуар? Еврейхэм 3:4 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:
Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм щыщу сыт уэ нэхъ уигу ирихьыр?
Дунеишхуэр зыгуэрым къызэригъэщІар уи фІэщ хъурэ? Сыт щхьэкІэ?
ПщІэуэ пІэрэ?
Мы темэм теухуа статьяхэмрэ видеохэмрэ jw.org жыхуиІэ сайтым, мы рубрикэхэм къыщыбгъуэтынущ: «Езыр-езыру къэхъуа хьэмэрэ зыгуэрым къигъэщІа?», «ГъащІэр къызэрыунэхуам теухуауэ щыІэ еплъыкІэхэр».
«ЦІыху гуэрым имыщІа унэ щыІэкъым, ауэ псори зыщІар Тхьэращ»
5. Псори къэзыгъэщІам теухуауэ Библием жиІэм дзыхь хуэпщІ хъунущ
Библием ит ЩІэдзапІэ тхылъым, япэ псалъащхьэм къеІуэтэж щІылъэмрэ гъащІэмрэ къызэрыунэхуам теухуауэ. А псалъэхэм дзыхь хуэпщІ хъуну хьэмэрэ ахэр шыпсэ? ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэхэр зэпкърыфх.
Алыхьым щІылъэмрэ абы тет псомрэ жэщих-махуихкІэ къигъэщІауэ Библием жиІэу пІэрэ?
Алыхьым щІылъэмрэ абы тет псомрэ къызэригъэщІам теухуауэ Библием жиІэр уи фІэщ хъурэ? Сыт щхьэкІэ?
ЩІэдзапІэ 1:1 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:
ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, Дунеишхуэм щІэдзапІэ иІащ. Абыхэм жаІэмрэ иджыпсту уэ Библием укъызэджамрэ зэтехуэрэ?
Языныкъуэхэм я гугъэщ Алыхьым псори къигъэщІын щхьэкІэ, эволюциер къигъэсэбэпауэ. ЩІэдзапІэ 1:21, 25, 27 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
Алыхьым зы клеткэ цІыкІу къигъэщІу, иужькІэ абы бдзэжьейхэр, псэущхьэхэр икІи цІыхухэр къытехъукІыжауэ Библием жиІэрэ? Хьэмэрэ Алыхьым псэ зыІут псори лъэпкъ-лъэпкъыу къигъэщІа?b
6. Алыхьым къигъэщІахэм щыщу цІыхум хуэдэ зыри щыІэкъым
ЦІыхухэри псэущхьэхэри къэзыгъэщІар Иеговэщ, ауэ дэ псэущхьэхэм дакъыщхьэщокІ. ЩІэдзапІэ 1:26 итым фыкъеджи мыбы фегупсыс:
Дэ лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зэрытхэлъым Алыхьым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Дунейр къызэрыхъуам теухуауэ Библием итыр шыпсэщ».
Уэ дауэ уеплърэ? Сыт щхьэкІэ?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Иеговэ Дунеишхуэмрэ псэ зыІут псомрэ къигъэщІащ.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
Дунеишхуэр къызэрыунэхуам теухуауэ сыт Библием жиІэр?
Алыхьым зы клеткэ цІыкІу къигъэщІу, иужькІэ абы бдзэжьейхэр, псэущхьэхэр икІи цІыхухэр къытехъукІыжауэ ара? Хьэмэрэ Алыхьым псэ зыІут псори лъэпкъ-лъэпкъыу къигъэщІа?
ЦІыхур псэущхьэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэ гуэрым гу лъытэ.
«Природэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?» («Фыкъызэщыу!», фокІадэ, 2006 гъэ, урысыбзэкІэ)
Псори къызэрыунэхуам теухуауэ Библием жиІэр адэм и къуэ цІыкІум къызэрыгуригъаІуэм еплъ.
Библиемрэ эволюциемрэ зыхурагъаджэр зы? Абы теухуауэ къеджэ.
ЩІэныгъэлІхэм ирагъэкІуэкІа къэхутэныгъэхэмрэ щІы щІагъым къыщагъуэтахэмрэ сыт къагъэлъагъуэр: псори езыр-езыру къэхъуа хьэмэрэ Алыхьым къигъэщІа?
«ГъащІэм и щІэдзапІэр. Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІитху» (брошюрэ, урысыбзэкІэ)
a Алыхьым цІыхухэр къыщІигъэщІам теухуауэ
b Библием къигъэсэбэп «лъэпкъ» псалъэм зэлъэпкъэгъу псэущхьэхэр къигъэлъэгъуэфынущ. 25-нэ урокым нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.