ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ | ГУФІЭГЪУЭ УИ ГУМ ИЛЪУ ХЪЫБАРЫФІЫР ГЪЭІУ
Гушхуэныгъэ хэлъу псалъэ
Дэ гушхуэныгъэ хэлъу дыщыпсалъэм деж нэгъуэщІхэр догъэгушхуэ икІи ди псалъэхэми нэхъ къару щІэлъщ. Абы нэмыщІ гушхуэныгъэ хэлъу дыщыпсалъэм деж абы къегъэлъагъуэ хъыбар къетхьэкІыр дэ езым ди фІэщ зэрыхъур. Дызэрагъэсам, дызыщІапІыкІам, ди хьэл-щэнхэм емылъытауэ дэ гушхуэныгъэ хэлъу дыпсэлъэфынущ (Рм 12:11). Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур?
Япэрауэ, жыпІэну узыхуейм мыхьэнэшхуэ щІиІэм егупсыс. Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ уэ дзыхь къыпхуищІащ езым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр нэгъуэщІхэм яжепІэну! (Рм 10:15). ЕтІуанэрауэ, уи псалъэхэм къедаІуэхэм сэбэпынагъ къахуихьынум егупсыс — а щІэныгъэм абыхэм я гъащІэр къригъэлыфынущ! (Рм 10:13, 14). Ещанэрауэ, жыджэру псалъэ икІи уи нэкІур, уи Іэхэр зэрыпщІ хабзэм хуэдэу щІы.
«ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНХЭР ЗЭРЫДГЪЭХЬЭЗЫРЫМ ГУФІЭГЪУЭ КЪЫТХУЕХЬ. ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУР ИДОГЪЭФІАКІУЭ: ГУШХУЭНЫГЪЭ ХЭЛЪУ ПСАЛЪЭ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОРОЛИКЫМ ЕПЛЪИ, КЪЫКІЭЛЪЫКІУЭ УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Нитэ Джейд зэрыригъаджэм гуфІэгъуэ химыхыжу сыт щІэхъуар?
Нитэ гушхуэныгъэ зригъэгъуэтыжыну сыт къыдэІэпыкъуар?
Дэ гушхуэныгъэ зэрытхэлъым нэгъуэщІхэр егъэгушхуэ!
ХъыбарыфІыр зыжетІэ цІыхухэм я хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэн щІыхуейр сыт?
Дэ гушхуэныгъэ зэрытхэлъым сыт хуэдэ сэбэпынагъ нэгъуэщІхэм къахуихьыну, Библие едгъаджэхэри абыхэм яхэту?