4-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Сыт тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ щІыхуэтщІын хуейр?
«ЦІыху псоми щІыхь яхуэфщІ, къуэшхэри фІыуэ флъагъу, Тхьэми фыщышынэ, пащтыхьми щІыхь хуэфщІ» (1 ПЕТР 2:17).
1, 2. 1) Хэт и унафэ дэ дызытетын хуейр? 2) Мы псалъащхьэм сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
УЭ САБИЙУЭ ущыщытам щыгъуэ уи адэ-анэр къолъэІу хъунт уэ узыхуэмей гуэр пщІэну. Уэ ахэр фІыуэ плъагъут икІи абыхэм узэредэІуэн хуейр пщІэт. Ауэ сыт щыгъуи абыхэм ухуейуэ уедаІуэу щытауэ къыщІэкІынкъым.
2 Дэ дощІэ уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур. Абы и нэІэр дэ къыттрегъэт икІи дызыхуэныкъуэу хъуар къыдет, гъащІэр тфІэІэфІу дыпсэун щхьэкІэ. Алыхьым чэнджэщхэр къыдет гъащІэм ехъулІэныгъэ диІэн щхьэкІэ. Иныкъуэхэм деж абы нэгъуэщІ цІыхухэр къигъэсэбэпурэ и чэнджэщхэр къыдет. Иеговэ и тепщэныгъэм дэ пщІэ хуэтщІын хуейщ (Притчи 24:21, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ зыгуэрым и унафэм утетыну сыт иныкъуэхэм деж гугъуу щІыщытыр? Иеговэ и унафэм дыщІэтыну сыт къыщІыдэлъэІур? ИкІи дэ дауэ къэдгъэлъэгъуэфыну абы и тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуэтщІыр? (Приложение 9-нэм еплъ.)
ЗЫГУЭРЫМ И УНАФЭМ УЩІЭТЫНУ СЫТ ЩІЭГУГЪУР?
3, 4. ЦІыхухэм гуэныхь хэлъ щІэхъуар сыт? НэгъуэщІхэм я унафэм дыщІэтыну сыт щІэгугъур?
3 ЦІыхум унафэ къыхуащІым пэщІэувэну хьэл хэлъщ. Ар дэ тхэлъщ япэу Алыхьым къигъэщІа цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ, гуэныхь къызэрахьрэ. Ахэр дагъуэншэу щытат, ауэ Алыхьым и тепщэныгъэм щыпэщІэувам гуэныхь яхэлъ хъуащ. Абы лъандэрэ цІыху псоми гуэныхь яхэлъу дунейм къытохьэ. Дэ гуэныхь тхэлъыр — Алыхьми цІыхухэми къабгъэдэкІ унафэм дыщІэтыну щІэгугъум и зы щхьэусыгъуэщ. Иеговэ и унафэр къыдитын щхьэкІэ къигъэсэбэп цІыхухэми гуэныхь зэрыхэлъыр абы и етІуанэ щхьэусыгъуэщ (ЩІэдзапІэ 2:15—17; 3:1—7; Псалом 51:5; Рим 5:12).
4 Гуэныхь зэрытхэлъым щхьэкІэ пагагъэри тхэлъщ. Пагагъэр зэран къытхуохъу зыгуэрым и унафэ дыщІэтыну. Псалъэм папщІэ, пасэрей зэманым Иеговэ Мусэ къыхихат Израилым и пашэу щытыну. Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэ Корей пагэ хъури Мусэ пэуващ. Мусэ Алыхьым и лъэпкъым и пашэу щытами абы пагагъэ лъэпкъ хэлътэкъым. А зэманым абы хуэдэу цІыху Іэдэб щымыІауэ Тхыгъэм итщ. Ауэ Корей Мусэ едэІуэн идакъым. Абы иджыри цІыху гупышхуэ къызэщІигъэстащ и гъусэу Мусэ пэщІэувэну. Корейрэ абы и гъусэу зыкъэзыІэта цІыхухэмрэ сыт къащыщІар? Ахэр Иеговэ иукІащ (Числа 12:3; 16:1—3, 31—35). Пагагъэм Іей къызэрыпэкІуэм теухуауэ щапхъэ куэд Тхыгъэ ЛъапІэм итщ (2 Летопись 26:16—21; Приложение 10-нэм еплъ).
5. Дауэ цІыху гуэрхэм я тепщэныгъэмкІэ ирагъэлейуэ зэрыщытар?
5 «Тепщэныгъэм цІыхур зыІегъэхьэ» жаІэу зэхэпхауэ къыщІэкІынщ. ЦІыхухэр дунейм зэрытет лъандэрэ тепщэныгъэ зиІэ куэдым ирагъэлейуэ щытащ. Библием жеІэ: «ЦІыхум адрей цІыхум зэран хуэхъуу унафэ хуещІ» (Экклезиаст 8:9). Псалъэм папщІэ, Иеговэ Щаул Израилым и пащтыхьу щытыну къыщыхихам ар цІыху Іэдэбу щытащ. Ауэ Щаул пагагъэр, фыгъуэныр зытригъакІуэри зыкІи мыкъуаншэ Даут гугъу иригъэхьу щІидзащ (1 Самуила 9:20, 21; 10:20—22; 18:7—11). ИужькІэ Даут пащтыхь хъуащ. Ар Израилым иІа пащтыхьхэм я нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыт. Ауэ абыи и тепщэныгъэр мытэмэму къыщигъэсэбэпа къэхъуащ. Даут Урие и щхьэгъусэ Вирсавие зинэ дищІащ икІи и гуэныхьыр щІихъумэну и мураду Урие зауэм игъэкІуащ, ар яукІын щхьэкІэ (2 Самуила 11:1—17).
ИЕГОВЭ И ТЕПЩЭНЫГЪЭМ СЫТ ПЩІЭ ЩІЫХУЭТЩІЫР?
6, 7. 1) Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм сытым дыхуигъэушрэ? 2) Сыт дэ къыддэІэпыкъуныр щымытыншым дежи Иеговэ дедэІуэну?
6 Дэ Иеговэ и унафэм пщІэ щІыхуэтщІым и щхьэусыгъуэр ар фІыуэ зэрытлъагъуращ. Дэ Иеговэ псом нэхърэ нэхъыфІу зэрытлъагъум щхьэкІэ ар дгъэгуфІэну дыхуейщ. (Къеджэ Притчи 27:11, Гъэс.; Марк 12:29, 30.) Іэдэн жыг хадэр щыщыІа зэманым щыщІэдзауэ ШейтІаным цІыхухэр хуегъэуш Иеговэ и тепщэныгъэм шэч къытрахьэну. Иблисыр хуейщ дэ Иеговэ унафэ къытхуищІыну хуитыныгъэ имыІэу ди гугъэну. Ауэ дэ дощІэ ар пцІыуэ зэрыщытыр. Дэ мы псалъэхэм арэзы дытохъуэ: «Уэ, ди Зиусхьэн, щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псори къэзыгъэщІар уэращ, уэ уфІэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащІэ яІэ хъуащ» (Апокалипсис 4:11).
7 Уэ сабийуэ ущыщытам щыгъуэ зыбгъасэ хъунт ущыхуэмейм дежи уи адэ-анэм уедэІуэну. Иеговэ и лэжьакІуэхэми Алыхьым едэІуэну щафІэмытынши къохъу. Ауэ Иеговэ дэ фІыуэ зэрытлъагъум икІи пщІэ зэрыхуэтщІым щхьэкІэ, ди къару псор идохьэлІэ абы и жыІэм дыщІэтыну. Хьисэ абы теухуауэ щапхъэ дигъэлъэгъуащ. Ар щымытыншым дежи Иеговэ жиІэм едаІуэт. Абы щхьэкІэ Хьисэ и Адэм мыпхуэдэу жриІат: «Сэ сызыхуейр мыхъуу, уэ узыхуейр ирехъу» (Лука 22:42; Приложение 11-нэм еплъ).
8. Дапхуэдэу Иеговэ унафэ къызэрыдитыр? («Чэнджэщ къыуатам едаІуэ» жыхуиІэ рамкэм еплъ.)
8 Нобэ Иеговэ дэ унафэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ къыдет. Псалъэм папщІэ, абы и Тхыгъэ ЛъапІэр къыдитащ. Абы нэмыщІ зэхуэсым хэт нэхъыжьхэри къыдитащ. Дэ Иеговэ и тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ, абы унафэ къыдитын щхьэкІэ къигъэсэбэпхэм пщІэ хуэтщІмэ. Дэ абыхэм демыдаІуэмэ, Иеговэ демыдаІуэу аращ. Израил цІыхухэр Мусэ щыпэщІэувам щыгъуэ Иеговэ ар Іейуэ игу ирихьатэкъым. Абы ахэр езым пэщІэувауэ илъытащ (Числа 14:26, 27; Приложение 12-нэм еплъ).
9. Сыт лъагъуныгъэм дыщІыхуигъэушыныр унафэ къызыбгъэдэкІхэм дедэІуэну?
9 Дэ тепщэныгъэм пщІэ хуэтщІмэ, абы къегъэлъагъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэри фІыуэ зэрытлъагъур. Мыбы егупсыс. Гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж къезыгъэлхэр гупурэ мэлажьэ, цІыху нэхъыбэ кърагъэлын щхьэкІэ. А гупыр фІыуэ лэжьэн щхьэкІэ а лэжьыгъэр зыгуэрым зыщІигъэуІуэн хуейщ икІи а гупым хэт дэтхэнэ зыри абы жиІэм тетын хуейщ. Ауэ зыгуэр абы емыдаІуэу къыхэкІыу зыхуейр ищІэу щытмэ-щэ? Абы фІы ищІэу и гугъэми, ар зэрымыдаІуэм адрейхэр гугъу иригъэхьыфынущ икІи зэранышхуэ хуэхъункІэ хъунущ. Абы ещхьу дэ Иеговэ къыбгъэдэкІ унафэмрэ абы къигъэсэбэпхэм я унафэмрэ демыдаІуэмэ, абыкІэ нэгъуэщІхэм зэран дахуэхъункІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ жиІэм дедаІуэмэ, дэ къыдогъэлъагъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур икІи Иеговэ и хабзэхэм пщІэ зэрыхуэтщІыр (1 Коринф 12:14, 25, 26).
10, 11. Сыт иджыпсту дызытепсэлъыхьынур?
10 Иеговэ сыткІэ къыдэмылъэІуми, дэ абы сэбэпынагъ къытхуехь. Унагъуэм, зэхуэсым, къэралым тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ яхуэтщІмэ, абы псоми я сэбэп къикІынущ (Второзаконие 5:16; Рим 13:4; Ефес 6:2, 3; Еврейхэм 13:17).
11 НэгъуэщІхэм пщІэ хуэтщІыну Иеговэ щІыхуейм и щхьэусыгъуэр къыдгурыІуэу щытмэ, нэхъ тыншу цІыхухэм пщІэ хуэтщІыфынущ. АдэкІэ нэхъ убгъуауэ дытегъэпсэлъыхь ди гъащІэм щыщ лъэныкъуищымкІэ адрейхэм пщІэ зэрыхуэтщІыр къызэрыдгъэлъэгъуэфынум.
УНАГЪУЭМ ПЩІЭ ЗЭРЫЩЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫР
12. Дауэ цІыхухъум къигъэлъэгъуэфыну тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуищІыр?
12 Иеговэ унагъуэр къигъэщІащ икІи абы щыщ дэтхэнэ зыми къалэн зырыз яритащ. Унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыми Иеговэ абы сыткІэ щыгугъми къыгурыІуэу щытмэ, унагъуэм мамырыгъэ илъынущ икІи абы псоми сэбэпынагъ къахуихьынущ (1 Коринф 14:33). Иеговэ цІыхухъур унагъуэм и нэхъыжьу игъэуващ. Иеговэ цІыхухъум щогугъ и щхьэгъусэмрэ и сабийхэмрэ зыхуей хуигъэзэну икІи лъагъуныгъэм къыхэкІыу унафэ яхуищІыну. ЦІыхухъум и унагъуэр зыхуей зэрыхуигъазэмкІэ Иеговэ и пащхьэм жэуап щитыжынущ. Алыхьым хуэлажьэ цІыхухъум лъагъуныгъэрэ щабагърэ хэлъщ икІи Хьисэ зэхуэсым зэрыхущытым хуэдэу ар и унагъуэм хущытщ. ЦІыхухъур апхуэдэу щытмэ, Иеговэ пщІэ зэрыхуищІыр къегъэлъагъуэ (Ефес 5:23; Приложение 13-нэм еплъ).
Алыхьым хуэлажьэ цІыхухъум и унагъуэр зыхуей хуигъазэмэ, абыкІэ Хьисэ щапхъэ трех
13. ЦІыхубзым унагъуэм илъ тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуищІыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуэфынур?
13 Алыхьым хуэлажьэ цІыхубзми унагъуэм мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн щегъэзащІэ. ЦІыхубзыр и щхьэгъусэм щІэгъэкъуэн хуохъу, унагъуэм щиІэ къалэнхэр фІыуэ игъэзэщІэн щхьэкІэ икІи абы и гъусэу я сабийхэм гъэсэныгъэ ирет. ЦІыхубзым сабийхэр егъасэ пщІэ ягъэлъэгъуэну, абыкІэ езым щапхъэфІ игъэлъагъуэурэ (Притчи 1:8, Гъэс.). Абы и щхьэгъусэм пщІэ хуещІ, и унафэхэр деІыгъ икІи и зы унафэ гуэрым арэзы темыхъуэмэ, щабэу, пщІэ хуищІу и гурыщІэхэр къыгурегъаІуэ. ЦІыхубзым Алыхьым хуэмылажьэ щхьэгъусэ иІэмэ, ар нэгъуэщІ гугъуехьхэм пэщІохуэ. Ауэ лъагъуныгъэрэ пщІэрэ хэлъу ар и щхьэгъусэм хущытмэ, зэгуэр абы Иеговэ къицІыхуу, и лэжьакІуэ хъункІэ хъунущ. (Къеджэ 1 Петр 3:1.)
14. Унагъуэм илъ тепщэныгъэм сабийхэм пщІэ зэрыхуащІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфынур?
14 Сабийхэр Иеговэ дежкІэ лъапІэщ икІи ахэр псом хуэмыдэу пхъумэну икІи бгъэсэну хуэныкъуэщ. Сабийхэр жыІэдаІуэу щытмэ, я адэ-анэхэр ягъэгуфІэ. Абы нэмыщІ сабийхэм я жыІэдаІуэныгъэмкІэ Иегови ягъэгуфІэ икІи пщІэ зэрыхуащІыр къагъэлъагъуэ (Притчи 10:1, Гъэс.). Унагъуэ куэдым сабийхэр е адэм е анэм я закъуэу япІ икІи апхуэдэ унагъуэхэр Іейуэ гугъу йохь. Ауэ абы щыгъуи сабийхэр жыІэдаІуэу щытмэ, апхуэдэ унагъуэм щыщхэм я гъащІэр нэхъ тынш хъунущ. Дапхуэдэу щымытами, гугъуехь зэрымылъ унагъуэ щыІэкъым. Ауэ сыт хуэдэ унагъуэри нэхъ насыпыфІэу щытынущ, абы щыщ дэтхэнэ зыри Иеговэ и унафэм щІэтмэ. Апхуэдэ унагъуэм унагъуэ псори къэзыгъэщІа Иеговэ игъэлъэпІэнущ (Ефес 3:14, 15).
ЗЭХУЭСЫМ ПЩІЭ ЗЭРЫЩЫДГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫР
15. Зэхуэсым щыІэ тепщэныгъэм пщІэ зэрыхуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
15 Иеговэ зэхуэсыр къигъэсэбэпурэ унафэ къыдет икІи Хьисэ зэхуэсым и нэхъыжьу щытыну тригъэуващ (Колоссэ 1:18). Езы Хьисэ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым» къалэн хуищІащ щІылъэм щыІэ Алыхьым и лъэпкъыр зыхуей хуигъэзэну (Маттэ 24:45—47). Нобэ «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутыр» — УнафэщІ гупыращ. Ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ, УнафэщІ гупым дызыхуэныкъуэу хъуар игъуэу къыдет. Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ икІи районым и нэхъыжьхэмрэ дуней псом тет зэхуэсхэм доІэпыкъу икІи ахэр УнафэщІ гупым и унафэм щІэтщ. А къуэшхэм я пщэ дэлъщ я нэІэ къыттрагъэтыну. Абыхэм а къалэныр зэрагъэзащІэмкІэ Иеговэ и пащхьэм жэуап щатыж. Аращи, а цІыхухъухэм пщІэ хуэтщІмэ, Иеговэ пщІэ хуэтщІу аращ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:12; Еврейхэм 13:17; Приложение 14-нэм еплъ.)
16. Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ Иеговэ и къару лъапІэмкІэ тригъэувэу сыт жыпІэ щІэхъуныр?
16 Зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ зэхуэсым хэтхэм доІэпыкъу зэкъуэту щытыну икІи Иеговэ хуэпэжу къэнэну. ДауикІ, абыхэми дэ тхуэдэу гуэныхь яхэлъщ. Дапхуэдэу-тІэ ахэр къызэрыхахыр? Апхуэдэ къуэшхэр Библием ит Алыхьым къахуигъэув хабзэхэм тету псэун хуейщ (1 Тимофей 3:1—7, 12; Тит 1:5—9). Библиер зытхахэм зэхуэсхэм я нэхъыжьхэр зэрыщытын хуейм теухуауэ гурыІуэгъуэу ятхын щхьэкІэ, Иеговэ и къару лъапІэр къигъэсэбэпащ. Зэхуэсым и нэхъыжьу е и дэІэпыкъуэгъуу щытынухэр къыщыхахым деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъазэ, и къару лъапІэр къаритын щхьэкІэ. А псом къегъэлъагъуэ зэхуэсхэр Иеговэрэ Хьисэрэ я унафэ зэрыщІэтыр (Апостолхэм 20:28). КъыддэІэпыкъуну ягъэува цІыхухъухэр — Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэщ (Ефес 4:8).
17. Иныкъуэхэм деж сыт шыпхъум ищІэн хуейр, Иеговэ нэхъыжьу игъэувахэм пщІэ зэрыхуищІыр къигъэлъэгъуэн щхьэкІэ?
17 Иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжь е зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу щыщымыІэ къохъу. Абы щыгъуэ абыхэм я къалэнхэр псым зыщІэзыгъэуа нэгъуэщІ къуэшхэм ягъэзащІэ. Псым зыщІэзыгъэуа къуэш щымыІэмэ, абыхэм я къалэныр шыпхъухэм ягъэзэщІэн хуей хъунущ. Апхуэдэм деж шыпхъум и щхьэр щІихъумэн хуейщ, псалъэм папщІэ, пщэдэлъ е ІэлъэщІ зытрилъхьэу (1 Коринф 11:3—10). АбыкІэ шыпхъум къегъэлъагъуэ унагъуэми, зэхуэсми Иеговэ нэхъыжьу тригъэувахэм пщІэ зэрыхуищІыр. (Приложение 15-нэм еплъ.)
КЪЭРАЛ УНАФЭЩІХЭМ ПЩІЭ ХУЭЩІЫНЫР
18, 19. 1) Рим 13:1—7 ит псалъэхэм сытым дыхурагъасэрэ? 2) Къэрал унафэщІхэм пщІэ зэрыхуэтщІыр сыт къэзыгъэлъагъуэр?
18 Нобэ Иеговэ къэрал унафэщІхэм тепщэныгъэ яІэну хуит ещІ икІи дэ абыхэм пщІэ хуэтщІын хуейщ. Къэралым щыпсэу цІыхухэм зыхуэныкъуэр яІэу икІи мамыру псэун щхьэкІэ, абыхэм къару куэд ирахьэлІэ. Алыхьым и лэжьакІуэхэр Рим 13:1—7 ит унафэм щІэтщ. (Къеджэ.) Дэ «тепщэныгъэ зиІэхэм» пщІэ худощІ икІи дыщыпсэу къэралым и хабзэхэм дыщІэтщ. А хабзэхэр ди унагъуэм, лэжьыгъэм, мылъкум ехьэлІауэ щытынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, дэ налогхэр дот икІи къэрал законым ди пщэ къыдилъхьэ нэгъуэщІ къалэнхэри догъэзащІэ. Къэралым Алыхьым и хабзэхэм темыхуэ гуэр тщІэну къыщытхуигъэувым деж сыт тщІэн хуейр? Апостол Петр абы теухуауэ жиІащ: «ЦІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ дедэІуэн хуейщ» (Апостолхэм 5:28, 29).
19 Іуэху гуэркІэ къулыкъущІэхэм зыпытщІэмэ, псалъэм папщІэ, хеящІэм е полицейскэм, дэ сытым щыгъуи абыхэм пщІэ яхуэтщІын хуейщ. Алыхьым хуэлажьэ ныбжьыщІэхэм егъэджакІуэхэми, школым щылажьэ нэгъуэщІ лэжьакІуэхэми пщІэ хуащІ. Дэ дызыгъэлажьэми пщІэ худощІ, къыддэлажьэхэм абы пщІэ хуамыщІу щытми. АбыкІэ дэ апостол Паул щапхъэ тыдох. Абы къулыкъущІэхэм пщІэ хуищІт, ар иныкъуэхэм деж тыншу щымытами (Апостолхэм 26:2, 25). Адрей цІыхухэр дэ Іейуэ къытхущытми, дэ абыхэм пщІэ яхуэдмыщІу къэдгъанэкъым. (Къеджэ Рим 12:17, 18; 1 Петр 3:15.)
20, 21. НэгъуэщІхэм пщІэ зэрыхуэтщІым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьыфыну?
20 КІуэ пэтми цІыхухэм я зэхуаку дэлъ пщІэр нэхъ мащІэ мэхъу. Ауэ Иеговэ и лъэпкъыр апхуэдэу щыткъым. Дэ псоми пщІэ хуэтщІыну дыхэтщ. Дэ апостол Петр и псалъэхэм дытетщ: «ЦІыху псоми щІыхь яхуэфщІ» (1 Петр 2:17). ЦІыхухэм пщІэ щыхуэтщІым деж абыхэм гу лъатэ. Хьисэ дэ къыджиІащ: «ЦІыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фІыщІагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм щІыхь хуащІын щхьэкІэ» (Маттэ 5:16).
21 Дэ унагъуэми, зэхуэсми, ди гъащІэм и нэгъуэщІ лъэныкъуэхэмкІи пщІэ зэрытщІыр щыдгъэлъагъуэмэ, ди щапхъэм нэгъуэщІ цІыхухэр хуигъэушынкІэ хъунущ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Дэ нэгъуэщІхэм пщІэ хуэтщІмэ, езы Иеговэ пщІэ хуэтщІу аращ. Апхуэдэу дэ ар догъэгуфІэ икІи абы къегъэлъагъуэ ар фІыуэ зэрытлъагъур.