38 СТАТЬЯР
120 УЭРЭДЫР Хьисэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх
Псоми пщІэ яхуэфщІ
«Дыщэрэ дыжьынрэ нэхърэ нэхъ лъапІэщ къэблэжьа щытхъур» (ПРИТ. 22:1, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
НэгъуэщІхэм пщІэ яхуэтщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сытми икІи щымытыншым дежи ар дапхуэдэу дгъэлъагъуэ хъунуми.
1. ПщІэ къыщытхуащІым деж ар дигу щІрихьыр сыт? (Притчи 22:1, Гъэс.).
УЭ ЦІЫХУХЭМ пщІэ къыщыпхуащІым деж уигу ирихьрэ? ДауикІ, уигу ирихьу къыщІэкІынщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэ псори дыхуэныкъуэу дыщытщ. Дэ пщІэ къыщытхуащІым деж абы насыпыфІэ дещІ. ГъэщІэгъуэнкъым Библием мыпхуэдэу зэритыр: «Дыщэрэ дыжьынрэ нэхърэ нэхъ лъапІэщ къэблэжьа щытхъур»! (Къеджэ Притчи 22:1, Гъэс.)
2, 3. Иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм пщІэ яхуэпщІыну щІэмытыншыр сыт?
2 Иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм пщІэ яхуэпщІыну тыншкъым. Сыт щхьэкІэ? Япэрауэ, адрейхэм я ныкъусаныр занщІэу уи нэм къыщІоуэ. ЕтІуанэрауэ, дыщыпсэу зэманым цІыхухэм пщІэ хэмылъу зэрызэхущытыр тэмэму къалъытэ. Ауэ дэ Иеговэ апхуэдэукъым дызэригъасэр. Ар хуейщ дэ «цІыху псоми» пщІэ тхэлъу дахущытыну (1 Пет. 2:17).
3 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ нэгъуэщІхэм пщІэ яхуэпщІыным сыт къикІми. Абы нэмыщІ деплъынщ дапхуэдэу пщІэ хэлъу дыхущытыфынуми: 1) ди унагъуэм щыщхэм, 2) зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм 3) Иеговэ хуэмылажьэхэм. Дэ иджыри дытепсэлъыхьынущ нэгъуэщІхэм пщІэ яхуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунуми, ар къыщыдэгугъуэкІым деж.
НЭГЪУЭЩІХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭПЩІЫНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
4. НэгъуэщІхэм пщІэ яхуэпщІыным сыт къикІыр?
4 НэгъуэщІхэм пщІэ яхуэпщІыным сыт къикІыр? Абы къокІ цІыхум иІэ хьэл-щэн дахэхэм щхьэкІэ, ІуэхуфІ гуэрхэр зэрищІэм щхьэкІэ е тепщэныгъэ гуэр къытхуиІэмэ, ар лъапІэу плъытэныр. ИкІи мыхьэнэшхуэ иІэщ цІыхум уигукІэ пщІэ хуэпщІыным нэмыщІ, ар иджыри ІуэхукІэ бгъэлъэгъуэным (Мт. 15:8).
5. НэгъуэщІхэм пщІэ яхуэтщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
5 Иеговэ хуейщ дэ псоми пщІэ яхуэтщІыну. Псалъэм папщІэ, дэ тепщэныгъэ зиІэхэм пщІэ яхуэтщІын хуейщ (Рим 13:1, 7). Ауэ зыгуэрым мыпхуэдэу жиІэфынущ: «Сэ цІыхум пщІэ хуэсщІынущ, ар абы къилэжьмэ». Ауэ апхуэдэ гупсысэкІэм Іущагъ хэлъу жыпІэ хъуну? ДауикІ, хъунукъым. ЦІыхум пщІэ хуэтщІынми, хуэдмыщІынми абы и щытыкІэм елъытауэ щытын хуейкъым. Дэ абы пщІэ щІыхуэтщІыр абыкІэ Иеговэ къытщогугъри аращ икІи дэ дыхуейщ ди Алыхьыр дгъэгуфІэну (Иис. Н. 4:14; 1 Пет. 3:15).
6. ЦІыхур тэмэму къытхущымытми, абы пщІэ хуэтщІыфыну пІэрэ? КъыдгурывгъаІуэ. (Сурэтми феплъ.)
6 ЦІыхур тэмэму къытхущымытми, абы пщІэ хуэтщІыфыну пІэрэ? ХуэтщІыфынущ. Щапхъэ зыбжанэм гу лъыттэнщ. Пащтыхь Щаул псоми зэхахыу и къуэ Ионафан игъэпудащ (1 Сам. 20:30—34). Абы щхьэкІэ Ионафан и адэм пщІэ хуищІын щигъэтакъым икІи псэуху и гъусэу зауэхэм хэтащ (Исх. 20:12; 2 Сам. 1:23). Дин пашэшхуэ Илий Аннэ щхьэкІэ жиІащ ар чэфу шэтыр лъапІэм къэкІуауэ (1 Сам. 1:12—14). Израилым щыпсэухэм хуэдэуи, Аннэ абы и щыуагъэхэм фІыуэ щыгъуазэт. Илий и къуэхэм ящІэр напэтехт, ауэ ахэр къигъэувыІэн щхьэкІэ абы зыри ищІэтэкъым. А псом емылъытауэ Аннэ пщІэ хэлъу Илий жэуап иритыжащ (1 Сам. 1:15—18; 2:22—24). Афинэ къалэм дэсхэм Паул щхьэкІэ «щхьэгъавэ» жаІащ (Апост. 17:18). Ауэ Паул абыхэм пщІэ хэлъу епсалъэт (Апост. 17:22). Мы щапхъэхэм къагъэлъагъуэ: Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэмрэ и жагъуэ тщІыну дызэрышынэмрэ дыхуигъэушынущ, щымытыншым дежи, нэгъуэщІхэм пщІэ яхуэтщІыну. АдэкІэ дытепсэлъыхьынущ хэт дэ пщІэ хуэтщІын хуейми икІи апхуэдэу тщІэным сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми.
Щаул и къуэ Ионафан и пщІэр ириудыхащ. Ауэ, абы емылъытауэ, Ионафан и адэм и пащтыхьыгъуэр диІыгъын щигъэтакъым икІи и гъусэу зауэхэм хэтащ. (6 абзацым феплъ.)
УНАГЪУЭМ ЩЫЩХЭМ ПЩІЭ ХЭЛЪУ ФЫХУЩЫТ
7. Ди унагъуэм щыщхэм пщІэ яхуэтщІыну сыт зэран къытхуэхъуфынур?
7 Ди унагъуэм щыщхэм пщІэ яхуэтщІыну сыт зэран къытхуэхъуфынур? Ди унагъуэм щыщхэм я гъусэу дэ зэман куэд зэрыдгъакІуэм къыхэкІкІэ, я зэфІэкІхэри я ныкъусанхэри дощІэ. Абыхэм щыщ гуэрым уз хьэлъэ е «повышенная тревожность» жыхуаІэр иІэмэ, абы ди лъэр щІихыфынущ. Иджыри ди унагъуэм щыщхэм псалъэкІэ е ІуэхукІэ ди жагъуэ къыщащІ къохъу. Дэри абыхэм апхуэдэу дахущытыжмэ, ди зэхуаку мамырыгъи зэкъуэтыныгъи дэлъынукъым. Унагъуэр Іэпкълъэпкъым ебгъэщхь хъунущ. Узыр Іэпкълъэпкъым зэран зэрыхуэхъум хуэдэу, унагъуэм щыщхэм я зэхуаку пщІэ зэрыдэмылъыр абыхэм я зэкъуэтыныгъэм зэран хуохъу. Узыр нэгъэсауэ дгъэхъужыну дэ езым тхузэфІэмыкІми, ди унагъуэм щыщхэм пщІэ яхуэтщІыну дэ тхузэфІэкІынущ. Апхуэдэу дэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тхъумэнущ.
8. Унагъуэм щыщхэм пщІэ яхуэпщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (1 Тимофей 5:4, 8).
8 Ди унагъуэм щыщхэм пщІэ яхуэтщІын щІыхуейр сыт? (Къеджэ 1 Тимофей 5:4, 8.) Паул Тимофей хуитха и япэ письмом къыхегъэщ унагъуэм щыщхэм зыр зым и нэІэ тригъэтын зэрыхуейр. Дэ ар щІэтщІэр ди къалэну зэрыщыт закъуэракъым, атІэ Алыхьым дыхуэпэжщи аращ. Унагъуэм щыщхэм ди нэІэ зэрытедгъэтыр — ар Иеговэ дызэрыхуэлажьэм и Іыхьэщ. Абыхэм пщІэ яхуэтщІмэ, Иегови пщІэ хуэтщІу аращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «уафэми щІылъэми щыІэ унагъуэ псори» абы къигъэщІащ (Еф. 3:14, 15). Унагъуэм щыщхэм пщІэ щІахуэтщІын хуейм ар и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэщ.
9. Зэщхьэгъусэхэм пщІэ хэлъу дапхуэдэу зыр адрейм зэрыхущытыфынур? (Сурэтхэми феплъ.)
9 Ди унагъуэм щыщхэм дапхуэдэу пщІэ яхуэтщІ зэрыхъунур? Зи щхьэгъусэм пщІэ хуэзыщІ цІыхухъум ахэр щазакъуэми цІыху щахэтми и щхьэгъусэр лъапІэу зэрилъытэр къегъэлъагъуэ (Прит. 31:28; 1 Пет. 3:7). Абы зэи и щхьэгъусэм удын трилъхьэнукъым, и пщІэр ириудыхынукъым икІи фІыуэ имылъагъу хуэдэу къыщызыгъэхъун Іуэхухэр ищІэнукъым. Аргентинэ щыщ ди къуэш Ариэ́льa къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэм иІэ узыфэм къыхэкІкІэ, иныкъуэхэм деж си гум къеуэн псалъэхэр жеІэ. Абы щыгъуэ сэ сигу къызогъэкІыж ар апхуэдэу зэремыгупсысыр икІи Іуэхур нэхъ куу щыхъум деж 1 Коринф 13:5 ит псалъэхэр къыздоІэпыкъу сыкъэмыгубжьу, щабэу абы сепсэлъэну» (Прит. 19:11). ЦІыхубзым и щхьэгъусэм пщІэ зэрыхуищІыр къигъэлъэгъуэнущ, цІыхухэм щахэтым деж абы фІыкІэ тепсэлъыхьмэ (Еф. 5:33). Абы къыгуроІуэ и щхьэгъусэр ауан ищІмэ, абы и пщІэр ириудыхмэ е щыдыхьэшхмэ, и нэчыхьыр и ІэмкІэ зэрикъутэжыр. Аращи, цІыхубзыр жиІэ псалъэхэм сыт щыгъуи кІэлъоплъ (Прит. 14:1). Италием щыщ ди шыпхъум и щхьэгъусэм «повышенная тревожность» жыхуаІэ узыр иІэщ. А шыпхъур къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж си щхьэгъусэр Іуэхугъуэ гуэрхэм щхьэкІэ Іеищэу гузавэу къысщохъу. Япэм щыгъуэ сыкъызэрыгубжьыр си нэкІумкІи си псалъэкІэмкІи плъагъут. Иджы сэ нэгъуэщІхэм фІыкІэ тепсэлъыхь цІыхухэм я гъусэу си зэманыр згъэкІуэну сыхущІокъу. Абыхэм нэхъыбэу саригъусэху, си щхьэгъусэм пщІэ хуэсщІыну си дежкІэ нэхъ тынш мэхъу».
Ди унагъуэм щыщхэм пщІэ яхуэтщІмэ, Иегови пщІэ худощІ (9 абзацым феплъ.)
10. Сабийхэмрэ ныбжьыщІэхэмрэ адэ-анэм пщІэ зэрыхуащІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуэфынур?
10 Сабийхэмрэ ныбжьыщІэхэмрэ, дапхуэдэу фэ къызэрывгъэлъэгъуэфынур фи адэ-анэм пщІэ зэрыхуэфщІыр? Абыхэм къыфхуагъэув унафэхэм федаІуэ (Еф. 6:1—3). Фи адэ-анэм пщІэ хэлъу фепсалъэ (Исх. 21:17). Зэманыр кІуэху ахэр фи дэІэпыкъуэгъум нэхъ хуэныкъуэ хъуурэ кІуэнущ. Абыхэм фи нэІэ ятевгъэтын щхьэкІэ фхузэфІэкІыу хъуар фщІэ. Ди шыпхъу Мария и щапхъэм деплъынщ. Абы и адэр Иеговэ хуэлажьэкъым. Ар сымаджэ щыхъуам щыгъуэ Мария абы кІэлъыплъыну къехьэлъэкІт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ и адэр пхъашэу къыхущытт. Ар къыддогуашэ: «Си адэм пщІэ зэрыхуэсщІыр къэзгъэлъэгъуэфын щхьэкІэ Иеговэ селъэІут. Сэ мыпхуэдэу сегупсыст: адэ-анэм пщІэ яхуэсщІыну Иеговэ къыщызэлъэІукІэ, ар схузэфІэкІын щхьэкІэ къаруи къызитынущ. Зэман дэкІри сэ къызгурыІуащ си адэм зихъуэжыху семыжьэу, пщІэ зэрыхуэсщІыр иджыпсту къызэрызгъэлъэгъуэфынур». Ди унагъуэм щІэсхэм, я ныкъусанхэм емылъытауэ, пщІэ яхуэтщІмэ, унагъуэр къэзыгъэщІа Иеговэ пщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ.
ЗЭХУЭСЫМ ЩЫЩ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ
11. Къуэш е шыпхъу гуэрым пщІэ хуэтщІыну иныкъуэхэм деж гугъуу щІыщытыр сыт?
11 Къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуэтщІыну сыт зэран къытхуэхъуфынур? Ди къуэш, ди шыпхъухэр Библием ит хабзэм тету мэпсэу. Ауэ иныкъуэхэм деж абыхэм ящыщ гуэр пхъашэу, захуагъэ хэмылъу къытхущытщ е зыгуэркІэ дыкъегъэгубжь. А псом къыхэкІкІэ, дэ ди жагъуэ хъууэ, къуэшым е шыпхъум пщІэ хуэтщІыну къыдэгугъуэкІынущ (Кол. 3:13). А гугъуехьым дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?
12. Къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуэпщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (2 Петр 2:9—12).
12 Къуэш, шыпхъухэм пщІэ яхуэтщІын щІыхуейр сыт? (Къеджэ 2 Петр 2:9—12.) Апостол Петр итхат япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсым щыщ языныкъуэхэр Алыхьым тригъэува зэхуэсым и нэхъыжьхэм ІейкІэ зэрытепсэлъыхьар. А Іуэхум мелыІычхэр кІэлъыплът. Дауэ абыхэм ар къазэрыщыхъуар? МелыІычхэм Иеговэ пщІэ зэрыхуащІым къыхэкІкІэ, а цІыхухэм щхьэкІэ зы псалъэ Іей жаІакъым. Фегупсысыт: дагъуэншэу щыт мелыІычхэр а цІыху пагэхэм щхьэкІэ зыри жаІакъым! Абыхэм къагурыІуэт а цІыхухэм хьэкум трищІыхьыну хуитыныгъэ зиІэр Алыхь закъуэрауэ зэрыщытыр (Рим 14:10—12; евгъапщэ Иудэ 9). МелыІычхэм я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Иеговэ пэщІэувахэми пщІэ хэмылъу хущытыну абыхэм кърагъэзэгътэкъым. Апхуэдэу щыщыткІэ, Иеговэ фІыуэ зылъагъу къуэш, шыпхъухэм пщІэ хэмылъу дахущытыну къезэгъкъым. Дэ япэ дищу абыхэм пщІэ яхуэтщІын хуейщ (Рим 12:10). Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ Иеговэ пщІэ зэрыхуэтщІыр.
13, 14. Къуэш, шыпхъухэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? Щапхъэхэр къэфхь. (Сурэтхэми феплъ.)
13 Къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу пщІэ яхуэтщІ зэрыхъунур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, лъагъуныгъэ фхэлъу къуэш, шыпхъухэр евгъаджэ (Флм. 8, 9). Зыгуэрым щыуагъэ зэрищІэр щыфлъагъукІэ, губжьым къыхэкІыу чэнджэщ евмыту, щабэу фызэрепсэлъэным фыхущІэкъу. Шыпхъухэ, зэхуэсым мамырыгъэрэ пщІэрэ илъын щхьэкІэ фэ куэд фхуэщІэнущ. Аращи, нэгъуэщІхэм ІейкІэ тепсэлъыхьхэм е пцІы тезылъхьэхэм я псалъэмакъхэр дэвмыІыгъ (Тит 2:3—5). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дэ псоми къэдгъэлъэгъуэфынущ абыхэм дадэлажьэмэ икІи ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ яхуэтщІмэ. Абыхэм зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІ, хъыбарыфІ гъэІуныр траухуэ икІи «гуэныхь зыщІахэм» ядоІэпыкъу (Гал. 6:1; 1 Тим. 5:17).
14 Роси́о зи цІэ ди шыпхъум чэнджэщ къезыта зэхуэсым и нэхъыжьым пщІэ хуищІыну къегугъуэкІт. А шыпхъур къыддогуашэ: «Ар къызэрызэпсэлъар сигу ирихьакъым, нэхъ щабэуи къызэпсэлъэфынут. Абы лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ чэнджэщ къызэрызитам шэч къытесхьащ икІи а чэнджэщым седэІуакъым. Унагъуэм щыщхэми а дэлъхур яхуэзубащ». Росио и гурыщІэхэм пэлъэщыну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэ: «Библием сыщеджэм 1 Фессалоникэ 5:12, 13 ит псалъэхэм къызгурагъэІуащ дэлъхум пщІэ зэрыхуэзмыщІыр икІи си напэр къызэныкъуэкъуу щІидзащ. Сэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэт икІи си еплъыкІэр схъуэжыну къыздэІэпыкъун чэнджэщхэр ди тхыгъэхэм къыщыслъыхъуэт. ИкІэм-икІэжым сэ къызгурыІуащ: лажьэ зиІэр дэлъхуракъым, атІэ пагагъэ зэрысхэлъыращ. Сэ къэслъэгъуащ нэгъуэщІхэм пщІэ хэлъу уахущытын щхьэкІэ Іэдэбагъ пхэлъын зэрыхуейр. ДауикІ, сэ иджыри сызэлэжьын хуейщ, ауэ нэгъуэщІхэм пщІэ яхуэсщІыну сыщыхущІэкъум деж Иеговэ ар лъапІэу зэрилъытэр зыхызощІэ».
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дэ къыдогъэлъагъуэ абыхэм дадэлажьэмэ икІи ирагъэкІуэкІ лэжьыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ яхуэтщІмэ (13, 14 абзацхэм феплъ.)
ИЕГОВЭ ХУЭМЫЛАЖЬЭХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ
15. Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ яхуэтщІыну гугъуу щІыщытынкІэ хъунур сыт?
15 Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ яхуэтщІыну сыт зэран къытхуэхъуфынур? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж Библием ит пэжыр зэхэзыхыну хуэмей цІыхухэм щІэх-щІэхыурэ дахуозэ (Еф. 4:18). Языныкъуэхэр я адэ-анэм апхуэдэу ягъэсауэ аращ. Дэ тщыщ гуэрхэми зыгъэлажьэр е школым езыгъаджэр арэзы пхуэмыщІыну цІыхуу щытщ. Хэти къыдэлажьэхэм е къыдеджэхэм ядэгъуэгурыкІуэну къогугъуэкІ. Дыкъэзыухъуреихь цІыхухэр къызэрытхущытым къыхэкІкІэ, дэ абыхэм пщІэ яхуэдмыщІыжу дыхъуфынущ. Апхуэдэу къэхъумэ, дэ а цІыхухэм гуапэу дахущытыфынукъым.
16. Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ яхуэпщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (1 Петр 2:12; 3:15, ДЩІ).
16 Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ яхуэтщІын щІыхуейр сыт? Иеговэ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ абы хуэмылажьэхэм дазэрыхущытым. Апостол Петр къуэш, шыпхъухэм ягу къигъэкІыжащ абыхэм я щытыкІэфІыр щалъагъукІэ нэгъуэщІ цІыхухэр Иеговэ хуэлэжьэн зэрыщІадзэфынур. Аращ абы чэнджэщ къыщІыдитар ди еплъыкІэр «щабэу, пщІэ хэлъу» нэгъуэщІхэм къагурыдгъэІуэну. (Къеджэ 1 Петр 2:12; 3:15, ДЩІ.) ЦІыхур хэту щымытами: хьэкумыщІэми, къулыкъущІэми, цІыху къызэрыгуэкІми, Иеговэ къыдбгъэдэтым хуэдэу, дэ абыхэм депсэлъэн хуейщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дощІэ жытІэу хъуар Алыхьым зэрызэхихыр, ар зэрыжытІэ щІыкІэри зэрилъагъур. Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ щІахуэтщІын хуейм ар и зы щхьэусыгъуэшхуэщ.
17. Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ зэрахуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
17 Иеговэ хуэмылажьэхэм дапхуэдэу пщІэ яхуэтщІ зэрыхъунур? ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж Библием хэзмыщІыкІ цІыхухэм щІэх-щІэхыурэ дахуозэ. ЩІэныгъэ нэхъыбэ дызэриІэм щхьэкІэ дэ абыхэм нэхърэ дынэхъыфІ хуэдэу къащыдгъэхъуну дыхуейкъым. Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ ахэр лъапІэу зэрилъытэр икІи нэгъуэщІхэр ди щхьэм нэхърэ нэхъ лъагэу тлъытэн зэрыхуейр (Агг. 2:7; Флп. 2:3). Дэ ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ди пщІэр щраудых къохъу. Абы щыгъуэ цІыхур и пІэм идгъэувэжын щхьэкІэ, къыдищІам хуэдэ етщІэжыну дыхуеинкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр зытедгъакІуэ хъунукъым (1 Пет. 2:23). Ауэ зыумыІыгъыфу узыхущІегъуэжын гуэр жыпІамэ, занщІэу къыпхуигъэгъуну цІыхум елъэІу. ЛэжьапІэм-щэ? Къыбдэлажьэхэм пщІэ зэрахуэпщІыр дапхуэдэу къызэрыбгъэлъэгъуэфынур? Егугъуу лажьэ икІи къыбдэлажьэхэмрэ узыгъэлажьэмрэ я хьэл-щэныфІхэм гу лъыптэну хущІэкъу (Тит 2:9, 10). Егугъуу узэрылажьэр цІыхухэм лъапІэу ямылъытэми, умыгузавэ, Иеговэ ар лъапІэу елъытэ (Кол. 3:22, 23).
18. НэгъуэщІхэм пщІэ щІахуэтщІын сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?
18 КъызэрытщІащи, нэгъуэщІхэм пщІэ щІахуэтщІын щхьэусыгъуэ куэд дэ диІэщ. Псалъэм папщІэ, ди унагъуэм щыщхэм пщІэ щахуэтщІым деж, унагъуэ псори къэзыгъэщІа Иеговэ пщІэ худощІ. Апхуэдэ дыдэу зэхуэсым щыщхэм пщІэ яхуэтщІмэ, уафэм щыІэ ди Адэр догъэлъапІэ. Иеговэ хуэмылажьэхэм пщІэ зэрахуэтщІыр зыхащІэмэ, абы ахэр хуигъэушыфынущ ди гъусэу Алыхьым хуэлэжьэн щІадзэну. Ауэ нэгъуэщІхэм пщІэ къытхуамыщІми, абы щхьэкІэ ди Іэр етхьэхынкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ. Абы мыпхуэдэу дыкъегъэгугъэ: «ЩІыхь къысхуэзыщІым сэри щІыхь хуэсщІынущ» (1 Сам. 2:30).
129 УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.