3-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Алыхьыр фІыуэ зылъагъухэр ныбжьэгъу щІы
«Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ хъунущ» (ПРИТЧИ 13:20).
1—3. 1) Притчи 13:20 итым сыт къыдигъащІэр? 2) Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыщІыхэтхын хуейр сыт?
ГУ ЛЪЫПТАУЭ пІэрэ сабий цІыкІум и нэр къытримыгъэкІыу и адэ-анэм зэрыкІэлъыплъым? Ар иджыри мыпсэлъэфми, илъагъури зэхихри зыхелъхьэ. Сабийр къыдэкІуэтеиху, езыр абы хущІэмыкъуми, и адэ-анэм дэплъеин щІедзэ. ГъэщІэгъуэнкъым балигъ хъуахэми зэман куэдкІэ зи гъусэхэм я ІуэхущІафэр, я гупсысэкІэр зэрызыхалъхьэр.
2 Притчи 13:20 итщ мыпхуэдэ псалъэхэр: «Іущхэм ныбжьэгъу хуэхъур Іущ хъунущ». Зыгуэрым и ныбжьэгъуу дыщыщытым деж дэ абы зэман куэд тыдогъэкІуадэ. И нэхъыбэм ди ныбжьэгъур фІыуэ долъагъу икІи щапхъэ тетхын щІыдодзэ.
3 Ди ныбжьэгъухэм дэ фІы е Іей тщІэну дыхуагъэушыфынущ. Притчи 13:20 и етІуанэ Іыхьэм итщ: «Акъылыншэм гъусэ хуэхъур бэлыхь хэхуэнущ». Журтыбзэм «гъусэ» жыхуиІэ псалъэм къикІыр зыгуэрым и ныбжьэгъуу щытыныращ (Притчи 22:24, Гъэсэпэтхыдэхэр). Алыхьыр фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъухэм ухуагъэушынущ абы хуэпэжу укъэнэну. Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыхэтхыфын щхьэкІэ, иджыпсту дытепсэлъыхьынщ сыт хуэдэ цІыхухэр Иеговэ ныбжьэгъуу къыхихми.
АЛЫХЬЫМ И НЫБЖЬЭГЪУХЭР ХЭТ ХЪУНУ?
4. Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным сыт пщІэшхуэ щІыпылъыр? Сыт Иеговэ Ибрэхьим щхьэкІэ «си ныбжьэгъу» щІыжиІар?
4 Дуней псор зи ІэмыщІэ илъ Иеговэ Іэмал къыдет и ныбжьэгъуу дыщытыну икІи абы пщІэшхуэ пылъщ. Иеговэ ныбжьэгъухэр хэплъыхьауэщ къызэрыхихыр. Абы ныбжьэгъу ищІыр ар зи фІэщ хъухэр икІи фІыуэ зылъагъухэращ. Ибрэхьим и щапхъэм егупсыс. Ар хьэзырт Алыхьым щхьэкІэ сыти ищІэну. Ибрэхьим Алыхьым зэрыхуэпэжыр икІи зэрыхуэжыІэдаІуэр куэдрэ къигъэлъэгъуащ. Ар хьэзырт и къуэ Исхьэкъ къурмэныпхъэу къихьыну. «Тхьэм Исхьэкъ лІахэм къахигъэтэджыкІыжын зэрылъэкІынур» Ибрэхьим и фІэщ хъут (Еврейхэм 11:17—19; ЩІэдзапІэ 22:1, 2, 9—13). Ибрэхьим жыІэдаІуэт икІи Алыхьым хуэпэжти Иеговэ абы «си ныбжьэгъу» жери хужиІащ (Исаия 41:8; Екъуб 2:21—23).
5. Дапхуэдэу Иеговэ зэрыхущытыр абы хуэпэжхэм?
5 Иеговэ и ныбжьэгъухэр лъапІэу елъытэ. Абыхэм я деж псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэ хуэпэжу къызэрынэныращ. (Къеджэ 2 Самуила 22:26a.) Ахэр Иеговэ щІыхуэпэжым икІи щІедаІуэм и щхьэусыгъуэр ар фІыуэ ялъагъури аращ. Библием жеІэ цІыху пэжхэм, Алыхьым едаІуэхэм абы «и дзыхь иригъэзу» (Притчи 3:32). Иеговэ и ныбжьэгъухэр и «шэтырым» хьэщІэу щыІэну кърегъэблагъэ. Ар хуейщ ахэр абы хуэлэжьэну икІи сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну (Псалом 15:1—5).
6. Дауэ дэ Хьисэ фІыуэ зэрытлъагъур къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?
6 Хьисэ жиІащ: «Сэ фІыуэ сыкъэзылъагъум си псалъэхэр игъэзэщІэнущ... Си Адэми ар фІыуэ къилъагъунущ» (Иуан 14:23). Абы къокІ Иеговэ ныбжьэгъу дыхуэхъуну дыхуеймэ, дэ Хьисэ фІыуэ зэрытлъагъун икІи абы и жыІэм дызэрыщІэтын хуейр. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІ гъэІунымрэ еджакІуэ гъэхьэзырынымрэ теухуауэ Хьисэ къытхуигъэна унафэр догъэзащІэ (Маттэ 28:19, 20; Иуан 14:15, 21). Хьисэ фІыуэ зэрытлъагъум щхьэкІэ абы и лъэужьым дрокІуэ (1 Петр 2:21). Ди псалъэхэмкІи, ди ІуэхущІафэхэмкІи и Къуэм щапхъэ тетхыну дызэрыхущІэкъур Иеговэ щилъагъум деж дэ абы и гур догъэгуфІэ.
7. Ди ныбжьэгъухэр Иеговэ и ныбжьэгъуу сыт щІыщытын хуейр?
7 Иеговэ и ныбжьэгъухэм пэжагъ яхэлъщ, жыІэдаІуэщ икІи абы и Къуэр фІыуэ ялъагъу. Иеговэ ныбжьэгъу къызэрыхихым хуэдэу дэри къыхэтхыу пІэрэ? Уэ уи ныбжьэгъухэм Хьисэ щапхъэ трахыу, нэгъуэщІ цІыхухэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжым хурагъаджэмэ, ахэр къыбдэІэпыкъунущ уэ лъэныкъуэфІкІэ зыпхъуэжыну икІи Иеговэ хуэпэжу укъэнэну.
БИБЛИЕМ ИТ ЩАПХЪЭХЭМ ДЕРС ХЫДОХ
8. Руфэрэ НэІумийрэ я ныбжьэгъугъэм сыт уигу ирихьыр?
8 Библием зэныбжьэгъуу щыта цІыху куэдым я щапхъэхэр итщ, псалъэм папщІэ, Руфэрэ абы и гуащэ НэІумийрэ. А цІыхубзитІыр къызыхэкІа лъэпкъхэри зыщІапІыкІа хабзэхэри зытэкъым. НэІумий Руфэ нэхърэ куэдкІэ нэхъыжьт. Ахэр ныбжьэгъу пэж зэхуэхъуащ, Иеговэ фІыуэ ялъагъути. НэІумий МоІэбей щІыналъэм икІыу Израилым игъэзэжыну щытриухуам Руфэ абы и гъусэу кІуащ. Абы НэІумий жриІащ: «Уи лъэпкъри си лъэпкъыу, уи Тхьэри си Тхьэу щытынущ» (Руфэ 1:14, 16). Руфэ и гуащэм фІыуэ хущытт. Ахэр Израилым щынэсам Руфэ гугъу ехьу лэжьащ, НэІумий зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ. НэІумий Руфэ фІыуэ илъагъути абы чэнджэщыфІ иритащ. Руфэ абы едэІуащ икІи иужькІэ абы тІуми фІыгъуэ куэд къахуихьащ (Руфэ 3:6).
9. Даутрэ Ионафанрэ я ныбжьэгъугъэм сыт пфІэгъэщІэгъуэн хъуар?
9 Иеговэ хуэпэжу щыта Даутрэ Ионафанрэ ныбжьэгъугъэм теухуауэ щапхъэфІ дагъэлъэгъуащ. Ионафан илъэс 30 хуэдизкІэ Даут нэхърэ нэхъыжьт икІи ар и адэм иужь Израилым и пащтыхьу теувэн хуейт (1 Самуила 17:33; 31:2; 2 Самуила 5:4). Ауэ Иеговэ Даут пащтыхьу къызэрыхихам щхьэкІэ ар абы ефыгъуакъым икІи хузэгуэпакъым. Абы и пІэкІэ зэрыхузэфІэкІкІэ дэІэпыкъут. Псалъэм папщІэ, Даут и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыщыІам Ионафан ар Иеговэ щыгугъыну тригъэгушхуащ. Даут щхьэкІэ абы и гъащІэр итынуи хьэзырт (1 Самуила 23:16, 17). Езы Даути ныбжьэгъу пэжу щытащ. Абы Ионафан къигъэгугъащ и унагъуэр зыхуей хуигъэзэну икІи ар и псалъэм тетыжащ Ионафан дунейм ехыжа нэужьи (1 Самуила 18:1; 20:15—17, 30—34; 2 Самуила 9:1—7).
10. Журт лъэпкъым щыщ зэныбжьэгъуищым я щапхъэм ныбжьэгъугъэм теухуауэ сыт уэ къыуигъэщІар?
10 Журт лъэпкъым щыщ зэныбжьэгъуищ Седрах, Мисах, Авденаго сымэ сабийуэ щыщытам гъэрыпІэм яшащ. Я унагъуэхэм пэжыжьэу щытами, ахэр Иеговэ хуэпэжу къэнэну зэдэІэпыкъужт. ИужькІэ ахэр балигъ щыхъуам я фІэщхъуныгъэр здынэсыр къэзыгъэлъагъуэ гъэунэхуапІэ ихуат: пащтыхь Навуходоносор абыхэм унафэ яхуищІат дыщэм къыхэщІыкІа тхьэпэлъытэу игъэувам щхьэщэ хуащІыну. Седрах, Мисах, Авденаго сымэ ар ящІэну ядакъым икІи абы мыпхуэдэу жраІащ: «Уэ узыхуэлажьэ тхьэхэм дэ дыхуэлажьэкъым, икІи дыщэм къыхэпщІыкІыу тхьэпэлъытэу бгъэувам щхьэщэ хуэтщІынукъым». ГъэунэхуапІэ зыпэщІэхуам а зэныбжьэгъуищыр Алыхьым хуэпэжу къэнащ (Даниил 1:1—17; 3:12, 16—28).
11. Сыт Паулрэ Тимофейрэ ныбжьэгъу щІызэхуэхъуар?
11 Апостол Паул ныбжьыщІэ Тимофей щызригъэцІыхуам абы къыгурыІуат Тимофей Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур икІи ифІэфІу зэхуэсым хэтхэм зэрыдэІэпыкъур. Абы щхьэкІэ Паул Тимофей нэгъуэщІ щІыпІэхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуну иригъэджэн щІидзащ (Апостолхэм 16:1—8; 17:10—14). Тимофей а Іуэхум къару куэд ирихьэлІэти, Паул абы теухуауэ жиІащ: «Тимофей... хъыбарыфІ Іуэтэным и ІуэхукІэ къыздэІэпыкъуащ». Паул ищІэт Тимофей и гум къыбгъэдэкІыу къуэш, шыпхъухэм зэрыдэІэпыкъунур. ХъыбарыфІ гъэІуным зэгъусэу зэрыхэтам и фІыщІэкІэ ахэр зэныбжьэгъу хъуащ (Филиппи 2:20—22; 1 Коринф 4:17).
ДАУЭ НЫБЖЬЭГЪУ КЪЫЗЭРЫХЭТХЫНУР?
12, 13. 1) Сыт дэ зэхуэсми Іущагъ тхэлъу ныбжьэгъу къыщІыхэтхын хуейр? 2) Сыт Паул 1 Коринф 15:33 ит псалъэхэр щІыжиІар?
12 Зэхуэсым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэм куэдым дыхурагъэсэфынущ икІи Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну дызэдэІэпыкъужыфынущ. (Къеджэ Рим 1:11, 12.) Ауэ зэхуэсым щыщхэми ныбжьэгъу къыщыхэтхкІэ хэплъыхьауэ а Іуэхум дыбгъэдыхьэн хуейщ. Зэхуэсым хэтхэр къызыхэкІари зэрагъэса щІыкІэри зэмыщхьу щыт пэтми, абыхэм хьэл-щэн дахэ куэд ягъэлъагъуэ. Хэти куэд мыщІэу зэхуэсым къыхыхьащ, хэти илъэс куэд щІауэ Иеговэ хуолажьэ. ЦІыхумрэ Иеговэрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъ хъун щхьэкІэ зэман хуейщ, жыгым пыт пхъэщхьэмыщхьэр хъун щхьэкІэ, зэман зэрыхуейм хуэдэу. Абы къыхэкІкІэ дэ шыІэныгъэрэ лъагъуныгъэрэ дызэхуиІэн хуейщ икІи сыт щыгъуи Іущагъ тхэлъу ныбжьэгъу къыхэтхын хуейщ (Рим 14:1; 15:1; Еврейхэм 5:12—6:3).
13 Иныкъуэхэм деж зэхуэсым Іуэхугъуэ гугъу дыщыхуэзэнкІэ хъунущ икІи дэ дыбэлэрыгъ хъунукъым. Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъу гуэрым Библием къемызэгъыу Іуэху Іей ищІэнкІэ хъунущ, е зыгуэр псом щхьэкІи тхьэусыхэу, зыкІи мыарэзыуэ щытынкІэ хъунущ. Апхуэдэ гупсысэкІэ зыгуэрым иІэмэ, ар зэхуэс псом зэран хуэхъуфынущ. Япэ лІэщІыгъуэми зэхуэсым иныкъуэхэм деж апхуэдэ гугъуехьхэр къэхъуу щытащ. А зэманым щыгъуэ апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыхуриджэу щытащ: «ЦІыхухэм зыкъевмыгъэгъапцІэ: ныбжьэгъу Іейхэм цІыху щэныфІэр ягъэкІуэд» (1 Коринф 15:12, 33). Абы нэмыщІ Паул Тимофей игъасэт Іущагъ хэлъу ныбжьэгъу къыхихыну. Нобэ дэри апхуэдэу тщІэн хуейщ. (Къеджэ 2 Тимофей 2:20—22.)
14. Дэ ныбжьэгъу къыхэтххэр Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэм дауэ зэран хуэхъуфыну?
14 Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр тхъумэн хуейщ. Абы нэхърэ нэхъ лъапІэ зыри диІэкъым. Абы щхьэкІэ дэ ди фІэщхъуныгъэм икІи Иеговэ худиІэ зэхущытыкІэм зэран хуэхъун ныбжьэгъу къыхэтхын хуейкъым. Губкэр псы фІейм хэплъхьэу абы псы къабзэ зыщІифыну упэплъэ зэрымыхъуным хуэдэу, Іей зыщІэм и ныбжьэгъуу дыщытмэ, абы фІы тщІэну дыхуигъэушыну дыщыгугъ хъунукъым. Дэ хэплъыхьауэ ныбжьэгъу къыхэтхын хуейщ (1 Коринф 5:6; 2 Фессалоникэ 3:6, 7, 14).
Иеговэ фІыуэ зылъагъу ныбжьэгъуфІ куэд уэри къэбгъуэтыфынущ
15. Зэхуэсым ныбжьэгъуфІ дауэ къызэрыщыбгъуэтыфынур?
15 Зэхуэсым уэ къыщыбгъуэтынущ гурэ псэкІэ Иеговэ фІыуэ зылъагъу цІыхухэр икІи ахэр уэ ныбжьэгъуфІ къыпхуэхъуфынущ (Псалом 133:1). ЦІыхур ныбжьэгъу пхуэхъун щхьэкІэ, ар Іэмал имыІэу уи ныбжьу е уи лъэпкъэгъуу щытын хуейкъым. Зыщомыгъэгъупщэ Ионафан Даут нэхърэ нэхъыжьу зэрыщытар, Руфэ НэІумий нэхърэ куэдкІэ нэхъыщІэу зэрыщытар. «Фигухэр къытхузэІуфх» жыхуиІэ Библием ит чэнджэщым дытетыну дыхуейщ (2 Коринф 6:13; къеджэ 1 Петр 2:17). Иеговэ нэхъыбэрэ щапхъэ тепхмэ, цІыху нэхъыбэ ныбжьэгъу къыпхуэхъуну хуеинущ.
ГУГЪУЕХЬХЭР КЪЫЩЫХЪЕЙМ ДЕЖ
16, 17. Зэхуэсым щыщ гуэрым ди жагъуэ ищІу щытмэ, сыт тщІэн хуэмейр?
16 Дэтхэнэ зы унагъуэми исхэм я хьэлхэри, еплъыкІэхэри зэщхькъым икІи я Іуэху бгъэдыхьэкІэр зыкъым. Апхуэдэ дыдэу зэхуэсри щытщ. Псори зэрызэмыщхьым щхьэкІэ гъащІэр нэхъ гъэщІэгъуэну щытщ икІи зым зыр куэдым хуигъэсэфынущ. Ауэ псори дызэрызэмыщхьым къыхэкІкІэ иныкъуэхэм деж ди яку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьэу, ди къуэш, ди шыпхъу гуэрым дыкъигъэгубжьынкІэ хъунущ. Зыгуэрым ди жагъуэ ищІу зыщыдгъэгуси къохъу (Притчи 12:18, Гъэс.). Апхуэдэ зэгурымыІуэныгъэхэр зэран зыхуэдгъэхъун хуей икІи абыхэм зэхуэсым пэжыжьэ дащІыну хуит тщІын хуей?
17 Хьэуэ. Зыгуэрым ищІар дигу къеуэми, дэ зэхуэсыр къэдгъэнэнукъым. Дэ ди жагъуэ зыщІар Иеговэкъым. Абы ди гъащІэри диІэ псори къыдитащ. Иеговэ фІыуэ тлъагъуну икІи дыхуэпэжыну хуэфащэщ (Апокалипсис 4:11). Зэхуэсыр — фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щхьэкІэ Иеговэ къыдита тыгъэщ (Еврейхэм 13:17). Дэ а тыгъэр зэи ІэщІыб тщІынукъым, зыгуэрым ди жагъуэ зэрищІа закъуэм щхьэкІэ. (Къеджэ Псалом 119:165b.)
18. 1) Сыт къыддэІэпыкъунур ди къуэш, ди шыпхъухэм зэхущытыкІэфІ яхудиІэну? 2) Адрейхэм хуэдгъэгъун щІыхуейр сыт?
18 Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъу икІи ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну дыхуейщ. Иеговэ къыгуроІуэ дэ гуэныхь тхэлъым щхьэкІэ зэи дыщымыуэну зэрытхузэфІэмыкІынур. Дэри ар къыдгурыІуэн хуейщ (Притчи 17:9; 1 Петр 4:8). Дэ псори дыщоуэ, ауэ лъагъуныгъэр къыддэІэпыкъунущ зыр зым хуэдгъэгъуну (Колоссэ 3:13). Лъагъуныгъэр къыддэІэпыкъунущ зэгурымыІуэныгъэ гуэр ди зэхуаку къыдыхьэмэ, абы гугъуехьышхуэ къыхэдмыщІыкІыну. Пэжщ, зыгуэрым ди жагъуэ ищІамэ, абы демыгупсысыну икІи зыдмыгъэгусэну тыншкъым. Ауэ абы гуфІэгъуэр тфІигъэкІуэдынущ икІи зыгуэрым гужьгъэжь хуэтщІынкІэ хъунущ. Абы и пІэкІэ ди жагъуэ зыщІам хуэдгъэгъуу щытмэ, ди гум мамырыгъэ илъынущ, зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тхъумэнущ (Маттэ 6:14, 15; Лука 17:3, 4; Рим 14:19).
ЗЭХУЭСЫМ ЗЫГУЭР ЩЫХАГЪЭКІЫМ ДЕЖ
19. Дапщэщ зэхуэсым щыщ гуэрым депсэлъэн щыдгъэтын щыхуейр?
19 Унагъуэм щыщ дэтхэнэ зыри хущІокъу унагъуэр насыпыфІэу щытыну. Ауэ унагъуэм щыщ гуэр жыІэмыдаІуэ хъуауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. Абы псори дэІэпыкъуну зэрыхэтым емылъытауэ, унафэ ещІ унэм щІэкІыну е унагъуэм и нэхъыжьыр абы елъэІункІэ хъунущ абыхэм яхэкІыну. Апхуэдэ гуэр зэхуэсми къыщыхъуфынущ. ЦІыхум мурад ищІыфынущ Иеговэ игу иримыхь икІи зэхуэсым щыщхэм зэран хуэхъун Іуэху гуэр ищІэну. Абы и ІуэхущІафэхэм къагъэлъагъуэ зэхуэсым хэтхэр къызэрыдэІэпыкъум емылъытауэ зэхуэсым хэтыну зэрыхуэмеижыр. Ар езыр хуейуэ зэхуэсым къыхокІ е зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыхагъэкІ. Апхуэдэ къэхъуу щытмэ, Библием тщІэныр гурыІуэгъуэу къыджеІэ: «Апхуэдэ цІыхум гъусэ фыхуэмыхъу». (Къеджэ 1 Коринф 5:11—13; 2 Иуан 9—11.) Мы псалъэхэм дытетыну гугъу хъункІэ хъунущ, зэхуэсым хагъэкІа цІыхур ди унагъуэм щыщмэ е ди ныбжьэгъуу щытмэ. Ауэ апхуэдэ Іуэхум деж цІыхум хуэпэжу дыкъэнэным и пІэкІэ Иеговэ хуэпэжу дыкъызэрынэныр япэ идгъэщын хуейщ. (Приложение 8-нэм еплъ.)
20, 21. 1) Зэхуэсым цІыхур зэрыхагъэкІымкІэ лъагъуныгъэ къагъэлъагъуэу сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) Іущагъ тхэлъу ныбжьэгъу къыхэтхыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
20 Зэхуэсым зи гуэныхьхэм хущІемыгъуэж цІыхухэр зэрыхагъэкІыр Иеговэ и лъагъуныгъэр къызыхэщ Іуэхущ. Абы Иеговэ и хабзэхэм тетыну хуэмей цІыхухэм зэхуэсыр щехъумэ (1 Коринф 5:7; Еврейхэм 12:15, 16). Дэ ар къыддоІэпыкъу езы Иеговэ, абы и цІэ лъапІэм, и хабзэхэм, худиІэ лъагъуныгъэр къэдгъэлъэгъуэну (1 Петр 1:15, 16). Абы нэмыщІ зыгуэр зэхуэсым зэрыхагъэкІымкІэ ар фІыуэ зэралъагъур къагъэлъагъуэ. Апхуэдэ тезырым цІыхум ищІэр зырымытэмэмыр къыгуригъэІуэжу зихъуэжыну хуигъэушынкІэ хъунущ. Зэхуэсым хагъэкІа куэдым иужькІэ Иеговэ и деж къагъэзэжащ икІи зэхуэсым щыщхэм ахэр я гуапэу кърагъэблэгъэжащ (Еврейхэм 12:11).
21 Дыхуейми дыхуэмейми ди ныбжьэгъухэм дыдэплъеин щІыдодзэ. Абы щхьэкІэ мыхьэнэ иІэщ ныбжьэгъухэр хэплъыхьауэ къыхэтхыну. Иеговэ фІыуэ илъагъу цІыхухэр дэри фІыуэ тлъагъумэ, абы игъащІэ псокІэ хуэпэжу дыкъэнэну къыддэІэпыкъуну цІыхухэм дыкъаухъуреихьынущ.
a 2 Самуила 22:26: «ЦІыху къыпхуэпэжым уэ пэжагъ пхэлъу ухущытынущ, дэбгъуэн зимыІэм уэри пэжу убгъэдэтынущ».
b Псалом 119:165: «Мамырыгъэр я куэдщ уи хабзэр фІыуэ зылъагъухэм, ахэр зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыІэкъым».