2-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Алыхьым и пащхьэм напэ къабзэ зигъэІэ
«Фигухэр [«фи напэхэр», ДЩІ] къабзэу щывгъэт» (1 ПЕТР 3:16).
1, 2. ЩІыпІэ дымыцІыхум дыщыщыІэм деж сыт дэІэпыкъуэгъу дыщІыхуэныкъуэр? Иеговэ сыт хуэдэ дэІэпыкъуэгъу къыдитар?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт гъунэ зимыІэ пшахъуэщІым урикІуэу. Жьым пшахъуэр кърехьэкІ икІи абы щхьэкІэ а щІыпІэм и теплъэм зехъуэж. Мы щІыпІэм тыншу ущыгъуэщэфынущ. Дауэ уэ къызэрыпщІэнур сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ укІуэнуми? Уэ зыгуэрым гъуэгур уигъэлъэгъун хуейщ. Уэ къыбдэІэпыкъуфынущ компасыр, дыгъэр, вагъуэхэр, картэхэр, GPS-р (уздэщыІэ щІыпІэр уэзыгъэлъагъу Іэмэпсымэ) е а щІыпІэм фІыуэ хэзыщІыкІ цІыху гуэр. Зыгуэрым гъуэгур уигъэлъэгъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уздэкІуэнур пщІэуэ щытмэ, абы уи гъащІэр къригъэлыфынущ.
2 Дэтхэнэ зыри гугъуехь куэдым хуозэ икІи иныкъуэхэм деж дэ дыгъуэщауэ къытщыхъункІэ хъунущ. Гъуэгу пэжыр Иеговэ дигъэлъэгъун щхьэкІэ дэтхэнэ зыми напэ къыдитащ (Екъуб 1:17). Напэр сыт зищІысыр икІи дапхуэдэу ар зэрылажьэр? Дауэ ди напэр зэрыдгъасэ хъуныр? Сыт адрей цІыхухэм я напэм дегупсысын щІыхуейр икІи напэ къабзэм дауэ ди гъащІэр нэхъыфІ зэрищІыфынур? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къэтщІэнщ.
НАПЭР СЫТ ЗИЩІЫСЫР ИКІИ ДАПХУЭДЭУ АР ЗЭРЫЛАЖЬЭР?
3. Сыт напэр зищІысыр?
3 Напэр — Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэщ. Абы и фІыщІэкІэ фІымрэ Іеймрэ зэхыдогъэкІыф. Библием «напэ» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм «фІыуэ зыцІыхужын» жиІэу къокІ. Ди напэр тэмэму лажьэмэ, ар къыддоІэпыкъу сыт хуэдэ цІыхуу дыщытми къэтщІэну икІи ди щхьэр къэдмыгъэпцІэжыну. Напэм фІы тщІэну икІи Іейм зыщытхъумэну дыхуигъэушыфынущ. Абы и фІыщІэкІэ дэ унафэ пэж къатщтэмэ, гурыфІыгъуэ зыхэтщІэнущ, ауэ унафэ мытэмэм къатщтэмэ, зыдгъэкъуэншэжынущ. (Приложение 5-нэм еплъ.)
4, 5. 1) Іэдэмрэ Хьэуарэ я напэм жиІэм зэремыдэІуам сыт къыхэкІар? 2) Напэр зэрылажьэм теухуауэ сыт хуэдэ щапхъэхэр Библием ит?
4 Дэтхэнэ зыми езым унафэ ещІ и напэм жиІэм тетынрэ темытынрэ. Іэдэмрэ Хьэуарэ я напэм жиІэм емыдэІуэныр къыхахащ икІи абы къыхэкІкІэ абыхэм гуэныхь къахьащ. ИтІанэ абыхэм къуаншагъэ зэращІар къагурыІуэжащ, ауэ абы зыри пхуещІэжынутэкъым. Ахэр Алыхьым и жыІэм щІэкІащ (ЩІэдзапІэ 3:7, 8). ТІуми гуэныхь яхэмылъу щытами, Алыхьым уемыдэІуэныр зэрымытэмэмыр къагурыІуэу щытами, абыхэм я напэм жиІэм темытыну унафэ ящІащ.
5 Абыхэм елъытауэ гуэныхь зыхэлъ цІыху куэдыр я напэм жиІэм едаІуэу щытащ. АбыкІэ Іэиуб щапхъэфІ дигъэлъэгъуащ. Ар и напэм жиІэм тету щытати мыпхуэдэу жиІэфащ: «Сэ си гум махуэ есхьэкІахэм щхьэкІэ сигъэкъуэншэнукъым» (Иов 27:6). Іэиуб и гум теухуауэ щыжиІам зи гугъу ищІар фІымрэ Іеймрэ зэхигъэкІыну къыдэІэпыкъу и напэращ. Даут иныкъуэхэм деж и напэм жиІэм емыдаІуэу, Иеговэ и жыІэм щебэкъуаи къэхъуащ. Ар и къуаншагъэм Іейуэ игъэгузавэт, «игуми бэлыхь телът» (1 Самуила 24:5). Даут и напэм къыжриІэт ищІар зэрымытэмэмыр. И напэм жиІэм едаІуэмэ, абы ищІам дерс къыхихыфынут, адэкІи апхуэдэ щыуагъэ имыщІэжын щхьэкІэ.
6. Сыт жыпІэ щІэхъуныр напэр Алыхьым и тыгъэу?
6 Иеговэ зымыцІыху цІыхухэми и нэхъыбэм деж фІымрэ Іеймрэ зэхагъэкІыф. Библием щыжыІащ: «ЦІыхухэм я гупсысэхэмкІэ зэ загъэкъуаншэ, зэ загъэхей» (Рим 2:14, 15). Псалъэм папщІэ, и нэхъыбэм ящІэ цІыху быукІыну е удыгъуэну зэрымытэмэмыр. Езыхэм ар къагурымыІуэми, унафэ пэж къэтщтэн щхьэкІэ Иеговэ къытхилъхьа напэм едаІуэу аращ.
7. Сыт иныкъуэхэм деж ди напэм дыщІыщигъэуэнкІэ хъуныр?
7 Иныкъуэхэм деж напэм ущигъэуэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, гуэныхьым къыхэкІкІэ диІэ мыхъумыщІэ гупсысэхэмрэ гурыщІэхэмрэ ди напэм зэран хуэхъуу, Алыхьым ифІэмыфІ Іуэху гуэр дигъэщІэнкІэ хъунущ. Напэ къабзэр езыр-езыру диІэ хъукъым (ЩІэдзапІэ 39:1, 2, 7—12). Напэр гъэсэн хуейщ. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ и къару лъапІэмрэ Библием ит принципхэмрэ къыдет (Рим 9:1). Девгъэплъ ди напэр дауэ дгъэсэфынуми.
ДАПХУЭДЭУ ДИ НАПЭР ЗЭРЫДГЪЭСЭФЫНУР?
8. 1) Дапхуэдэу ди гурыщІэхэр ди напэм зэран зэрыхуэхъуфынур? 2) Унафэ тщІын ипэ сыткІэ дызэупщІыжын хуей?
8 ЦІыху куэдым я гугъэщ напэм уедэІуэнымрэ уи гум уедэІуэнымрэ тІури зыуэ. Абыхэм къащохъу сыт хуейми ящІэ хъуну, ар тэмэму къалъытэу щытмэ. Ауэ гуэныхь зэрытхэлъым щхьэкІэ, ди гурыщІэхэм дыкъагъапцІэу, ди напэм зэран хуэхъункІэ хъунущ. Библием щыжыІащ: «Псом нэхърэ гур нэхъ бзаджэщ» (Иеремия 17:9). Дэ Іейр тэмэму къэтлъытэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Паул Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр гугъу иригъэхьу щытащ икІи апхуэдэу абы Алыхьыр игъэгуфІэ и гугъэт. Абы напэ къабзэ иІэу къилъытэт. Ауэ иужькІэ абы жиІащ: «Си Іуэхум хьэкум тезыщІыхьыр Зиусхьэныращ» (1 Коринф 4:4; Апостолхэм 23:1; 2 Тимофей 1:3). Паул и щытыкІэм Иеговэ зэреплъыр къыщищІам зихъуэжын зэрыхуейр къыгурыІуащ. Аращи, зыгуэр тщІэн ипэкІэ дызэупщІыжын хуейщ: «Иеговэ сыткІэ къысщыгугърэ?»
9. Алыхьым ущышынэным къикІыр сыт?
9 Зыгуэр фІыуэ плъагъуу щытмэ, абы и жагъуэ пщІыну ухуейкъым. Дэ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІыу абы и жагъуэ зыщІын гуэр тщІэну дыхуейкъым икІи абы къару куэд етхьэлІэн хуейщ. Ар Неемие и щапхъэм къегъэлъагъуэ. Абы къулыкъушхуэ иІар къигъэсэбэпу мылъку зригъэгъуэтыну хэтакъым. Сыт апхуэдэу щІыщытар? Езым зэрыжиІэжамкІэ, ар «Алыхьым щышынэт» (Неемия 5:15). Неемие Иеговэ и жагъуэ зыщІын зыри ищІэну хуейтэкъым. Неемие хуэдэу дэри Иеговэ и жагъуэ тщІыну дыхуейкъым. Библием дыщеджэм деж дэ къыдощІэ Иеговэ сытым игъэгуфІэми. (Приложение 6-нэм еплъ.)
10, 11. Библием ит сыт хуэдэ принципхэр къыддэІэпыкъуну фадэм теухуауэ унафэ пэж къэтщтэну?
10 Псалъэм папщІэ, Алыхьым и лэжьакІуэм унафэ ищІын хуейщ фадэ ефэнрэ емыфэнрэ. Сыт хуэдэ принципхэр абы къыдэІэпыкъуну унафэ пэж къищтэну? Мис абыхэм ящыщ зыбжанэ. Библием фадэ дефэ мыхъуну жиІэкъым, атІэ ар абы Алыхьым и тыгъэу жеІэ (Псалом 104:14, 15). Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъасэу щытащ ефэным зыдрамыгъэхьэхыну (Лука 21:34). Паули Алыхьым и лэжьакІуэхэр къыхуриджэу щытащ щхьэрыутІыпщу ешхэн-ефэным зыдрамыгъэхьэхыну (Рим 13:13). Абы итхащ: «ЕфакІуэхэм... Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къалъысынукъым» (1 Коринф 6:9, 10).
11 Алыхьым и лэжьакІуэр зэупщІыж хъунущ: «Сыт хуэдэ мыхьэнэ фадэм си дежкІэ иІэр? Зызгъэпсэхун щхьэкІэ абы Іэмал имыІэу сыхуей? Іуэху гуэрым нэхъ сытегушхуэн щхьэкІэ сефэу пІэрэ? Дапхуэдиз икІи дапщэрэ сефэми сыкІэлъыплъыжыфу пІэрэ?a Си ныбжьэгъухэм я гъусэу зэрызызгъэпсэхум гуфІэгъуэ хэсхрэ, Іэнэм фадэ темытми?» Дэ Иеговэ делъэІу хъунущ унафэ пэж къэтщтэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну. (Къеджэ Псалом 139:23, 24b.) Апхуэдэу ди напэр Библием ит принципхэм тетыну догъасэ. Ауэ абыкІэ псори зэфІэкІкъым.
АДРЕЙХЭМ Я НАПЭМ ДЫЩІЕГУПСЫСЫН ХУЕЙР СЫТ?
12, 13. Сыт ди напэмрэ нэгъуэщІхэм я напэмрэ щІызэтемыхуэнкІэ хъуныр? Дауэ абы дызэрыхущытын хуейр?
12 Дэ зыми ди напэр зэщхькъым. НэгъуэщІ цІыхум и напэм хуимыдэр уэ уи напэм къыпхуидэнкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, уэ фадэ уефэну унафэ пщІыуэ, нэгъуэщІым фадэ емыфэну мурад ищІынкІэ хъунущ. Зы Іуэхум теухуауэ сыт цІыхуитІым еплъыкІэ зырыз щІаІэр?
Уи напэр бгъасэу щытмэ, ар къыбдэІэпыкъунущ фадэм теухуауэ унафэ къэпщтэну
13 ЦІыхум зыгуэрым теухуауэ еплъыкІэ иІэныр куэдкІэ елъытащ ар къыщыхъуа щІыпІэм, а Іуэхум и унагъуэр зэрыхущытам, гъащІэ къигъэщІам икІи нэгъуэщІ Іуэхухэми. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым фадэкІэ иригъэлейуэ щытамэ, иджы абы мурад ищІынкІэ хъунущ фадэ емыфэххэну (1 Царей 8:38, 39). Зыгуэрым фадэ хуэпшияуэ, ефэн имыдэмэ, сыт уэ пщІэнур? Зыбгъэгусэну е ар ефэну хэбгъэзыхьыну? Хьэмэрэ щІемыфэм и щхьэусыгъуэр жебгъэІэну ухэтыну? Хьэуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и напэм пщІэ хубощІ.
14, 15. Паул и зэманым сыт хуэдэ Іуэхугъуэ къэхъуат? Паул сыт хуэдэ чэнджэщыфІ итауэ щыта?
14 Апостол Паул и зэманым цІыхухэм псоми я напэр зэрызэщхьэщыкІыр къэзыгъэлъагъуэ Іуэхугъуэ къэхъуауэ щытащ. Тхьэ нэпцІхэм къурмэныпхъэу къыхуахьа лым щыщ бэзэрым щащэу щытащ (1 Коринф 10:25). Паул и гугъэтэкъым а лыр къэпщэхуу пшхыным Іей гуэр хэлъу. Абы илъытэт ерыскъы псор Иеговэ къыбгъэдэкІыу. Ауэ япэм тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу щыта языныкъуэ къуэшхэм нэгъуэщІ еплъыкІэт яІэр. Абыхэм ялъытэт а лым щыщ пшхыну къемызэгъыу. Паул егупсысауэ пІэрэт: «Си напэм къыщезэгъкІэ, сэ сызыхуейр сшхыну сыхуитщ»?
15 Паул апхуэдэу егупсыстэкъым. Ар къуэшхэм нэхъыбэу егупсысти, езым и хуитыныгъэхэр къигъэнэну хьэзырт. Абы жиІащ «ди фІагъым и ужь димытыну», сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Мэссихьи езым и фІагъ зригъэкІыжакъыми» (Рим 15:1, 3). Хьисэ щапхъэ трихыу, Паул езым и щхьэм нэхърэ нэгъуэщІхэм яфІ япэщІыкІэ къилъыхъуэрт. (Къеджэ 1 Коринф 8:13; 10:23, 24, 31—33.)
16. Сыт дэ ди къуэшыр щІэдмыгъэкъуэншэн хуейр абы и напэм къыхуидэ Іуэхухэм щхьэкІэ?
16 Дэ тэмэму къэдмылъытэ гуэр нэгъуэщІым тэмэму къилъытэу щытмэ, сыт тщІэн хуейр? Дэ Іейуэ дысакъын хуейщ цІыхур дгъэкъуаншэу, дэ ди щхьэр дгъэзахуэу дыщымытын щхьэкІэ. (Къеджэ Рим 14:10.) Иеговэ напэ къыщІыдитар нэгъуэщІхэм я унафэ дымыщІу, дэ езым ди унафэ тщІыжын щхьэкІэщ (Маттэ 7:1). Дэ дыхуейкъым ди еплъыкІэр зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъуну. Абы и пІэкІэ дэ зэхуэсым лъагъуныгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ зэрилъыным дыхущІокъу (Рим 14:19).
НАПЭ КЪАБЗЭМ СЭБЭПЫНАГЪ КЪЫТХУЕХЬ
17. Языныкъуэ цІыхухэм я напэм сыт къыщыщІыр?
17 Апостол Петр итхауэ щытащ: «Фигухэр [«фи напэхэр», ДЩІ] къабзэу щывгъэт» (1 Петр 3:16). Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цІыхухэм Иеговэ и хабзэхэр къамыгъэсэбэпмэ, зэман дэкІа иужь я напэр мылэжьэжу мэхъу. Паул зэрыжиІамкІэ, апхуэдэ цІыхухэм я напэр «гъущІ дамыгъэ тедзэ плъамкІэ хагъэсыкІам хуэдэщ» (1 Тимофей 4:2). Уэ зэгуэр пщтыр гуэрым уисауэ щыта? Абы къигъэна пІэм деж фэм зыри зыхищІэжкъым. ЦІыхум Іей гуэр зэпымыууэ ищІэу щытмэ, абы и напэм зыри зыхимыщІэжу мэхъу икІи икІэм-икІэжым лэжьэн щегъэт.
Напэ къабзэр гъуэгу пэжым дытетыну къыддэІэпыкъунущ икІи гуфІэгъуэрэ мамырыгъэрэ ди гум кърилъхьэнущ
18, 19. 1) Ди гум дызэригъэкъуаншэм, укІытэ зэрызыхэтщІэм сытым дыхурагъасэрэ? 2) ДызыхущІегъуэжа гуэныхьым щхьэкІэ ди гум дигъэкъуаншэмэ, сыт тщІэ хъуныр?
18 Дэ зыщыдгъэкъуэншэжым деж ди напэм къыджиІэу къыщІэкІынщ мыхъун гуэр зэрытщІар. Ар къыддэІэпыкъунущ сыт хуэдэ щыуагъэ тщІами къэтщІэну икІи абы дерс хэтхыу, ар афІэкІа дымыщІэжыну. Псалъэм папщІэ, пащтыхь Даут гуэныхь ищІами, абы тобэ къихьыжыну и напэм хуигъэушащ. Абы и гуэныхьым гущыкІ хуищІащ икІи сытым дежи Иеговэ едэІуэну мурад быдэ ищІащ. Даут езым и щхьэмкІэ игъэунэхуащ Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр (Псалом 51:1—19; 86:5; Приложение 7-нэм еплъ).
19 Ауэ зыгуэрым ищІам хущІегъуэжами зэман куэдкІэ и къуаншагъэм щигъэгузэвэж къохъу. Абы щхьэкІэ апхуэдэ цІыхум и щхьэм мыгъуагъэ хуихьыжу зыри иримыщІысу егупсысынкІэ хъунущ. Апхуэдэ гурыщІэхэр иныкъуэхэм деж уигу къэкІыу щытмэ, зыщомыгъэгъупщэ блэкІа Іуэхур уэ зэромыхъуэжыфынур. А зэманым Іей гуэр зэрыпщІэр нэгъэсауэ къыбгурыІуэу щытами щымытами Иеговэ уи гуэныхьыр къыпхуигъэгъуащ икІи афІэкІа ар зэи игу къигъэкІыжынукъым. Уэ Иеговэ и пащхьэм къабзэ ущыхъужащ икІи уэ бощІэ ар зэрыхуейм хуэдэу упсэуну узэрыхэтыр. Уэ уи гум иджыри къэс уигъэкъуэншэнкІэ хъунущ, ауэ Библием щыжыІащ: «Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ». (Къеджэ 1 Иуан 3:19, 20.) Абы къокІ Алыхьым и лъагъуныгъэмрэ и гущІэгъумрэ дэ зыхэтщІэфыну къуаншагъэмрэ укІытэмрэ нэхърэ куэдкІэ нэхъ ину зэрыщытыр. Уэ уи фІэщ пщІы хъунущ Иеговэ уи гуэныхьыр къызэрыпхуигъэгъуар. ЦІыхум Иеговэ къызэрыхуигъэгъуар щызэхищІэм деж, абы и гум мамырыгъэ илъу, гуфІэгъуэ иІэу Алыхьым хуолэжьэф (1 Коринф 6:11; Еврейхэм 10:22).
20, 21. 1) Мы тхылъыр сыткІэ къыбдэІэпыкъуну? 2) Сыт хуэдэ хуитыныгъэ Иеговэ дэ къыдита? Дауэ ар къызэрыдгъэсэбэпын хуейр?
20 Мы тхылъыр къыщІыдагъэкІар уи напэр бгъэсэну дэІэпыкъуэгъу къыпхуэхъун щхьэкІэщ. Уи напэр бгъасэу щытмэ, мы иужьрей махуэхэм абы укъихъумэнущ. Мы тхылъыр къыбдэІэпыкъунущ уи гъащІэм сыт хуэдэ Іуэхугъуэ ухуэмызами, Библием ит принципхэр къэбгъэсэбэпыну. ДауикІ, мы тхылъым дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми ехьэлІауэ дэ тщІэн хуейр къыщыдгъуэтынукъым. Иеговэ и хабзэхэр лъабжьэ зыхуэхъуа «Мэссихь и унафэращ» дэ дызыщІэтыр (Галатие 6:2). Зы Іуэху гуэрым теухуауэ Библием унафэ имытмэ, дэ ар щхьэусыгъуэ тщІыкъым ди щыуагъэхэр дгъэзэхуэн щхьэкІэ (2 Коринф 4:1, 2; Еврейхэм 4:13; 1 Петр 2:16). Абы и пІэкІэ ди хуитыныгъэр къыдогъэсэбэп Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр къэдгъэлъэгъуэн папщІэ.
21 Библием ит хабзэхэм дыщегупсысым икІи ахэр къыщыдгъэсэбэпым деж дэ зыдогъасэ Иеговэ и гупсысэкІэр зыхэтлъхьэну (Еврейхэм 5:14). Ди напэр зэрыдгъасэр къыддэІэпыкъунущ гъуэгу пэжым дытетыну икІи Алыхьым и лъагъуныгъэм дыщІэту дыкъэнэну.
a Дохутырхэм зэрыжаІэмкІэ, фадэм дихьэхахэр кІэлъыплъыфкъым фадэ дапщэ ефэми. Апхуэдэ цІыхухэм дохутырхэм чэнджэщ ират фадэ емыфэххэну.
b Псалом 139:23, 24: «Сыгъэунэху, си Алыхь, си гум илъыр къащІэ, сыгъэунэху икІи сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къащІэ. Гъуэгу пхэнж сытетмэ къащІи, мыкІуэдыжын гъуэгум сытегъэхьэ».