1 ПСАЛЪАЩХЬЭ
Алыхьым и лъагъуныгъэр зэи кІуэдыжыркъым
«Тхьэр фІыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщІэнущ. И унафэхэри гугъукъым» (1 ИУАН 5:3).
1, 2. Сыт уэ Алыхь Иеговэ фІыуэ щІэплъагъур?
АЛЫХЬЫР фІыуэ плъагъурэ? Уэ абы ухуиІэ лъагъуныгъэм ухуигъэушауэ къыщІэкІынщ уи гъащІэр и ІэмыщІэ иплъхьэну. Ар уи Ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу къэплъытэ хъунущ. Ауэ уэ Иеговэ фІыуэ плъагъун ипэ езым фІыуэ укъилъэгъуащ. Библием итщ: «Тхьэм япэщІыкІэ дэ фІыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкІэ дэ дигуми фІылъагъуныгъэ илъщ» (1 Иуан 4:19).
2 Егупсысыт Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэр къызэригъэлъагъуэ Іэмалхэм. Абы щІылъэр унэ дахэу къыдитащ, гъащІэм дыщыгуфІыкІыу икІи дызыхуэныкъуэ псори диІэу дыпсэун щхьэкІэ (Маттэ 5:43—48; Апокалипсис 4:11). Ар хуейщ абырэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну икІи езыр къэтцІыхуну Іэмал къыдитащ. Библием дыщеджэм деж Иеговэ жиІэм додаІуэ. Абы тхьэлъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж ар къыдодаІуэ (Псалом 65:2). Алыхьыр и къару лъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу икІи гъуэгу пэжыр дегъэлъагъу (Лука 11:13). А псом нэмыщІ абы нэхъыфІ дыдэу илъагъу и Къуэр щІылъэм къигъэкІуащ, гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъыІэщІихын щхьэкІэ. (Къеджэ Иуан 3:16; Рим 5:8.)
3. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр дауэ зэрытхъумэфынур?
3 Гуауи гуфІэгъуи зыдэплъэгъуа уи ныбжьэгъу гуэрым егупсыс. Апхуэдэ ныбжьэгъугъэ быдэ фи зэхуаку дэлъын щхьэкІэ, абы къару епхьэлІэн хуейщ. Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэми теухуауэ ар дыдэр жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар ди ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэу щытщ. Дэ абы и ныбжьэгъуу игъащІэкІи дыщытыфынущ. Абы щхьэкІэ Библием жеІэ: «Тхьэм и фІылъагъуныгъэм зыхэвмыгъэн» (Иудэ 21). Мы псалъэхэм дауэ дызэрытетыфынур? Библием а упщІэм и жэуапыр итщ: «Тхьэр фІыуэ тлъагъумэ, и унафэхэр дгъэзэщІэнущ. И унафэхэри гугъукъым» (1 Иуан 5:3).
АЛЫХЬЫР ФІЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ СЫТ КЪИКІЫР?
4, 5. Иеговэ фІыуэ щІэплъагъуар сыт?
4 Апостол Иуан зи гугъу ищІар Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэращ. ПщІэжу пІэрэ Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъур япэ дыдэу зэрызыхэпщІар?
Уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу псым зыщыщІэбгъауэм деж уэ къыбогъэлъагъуэ Иеговэ фІыуэ зэрыплъагъур икІи игъащІэ псокІэ уедэІуэну узэрыхуейр
5 Иеговэ и дунеищІэм гъащІэ мыухыж уиІэу ущыпсэуну зэрыхуейр япэ дыдэу щызэхэпхам уиІа гурыщІэхэр уигу къэгъэкІыж. А мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ Иеговэ ищІа псори къэпщІащ икІи и Къуэр щІылъэм къызэригъэкІуамкІэ къытхуищІа тыгъэм и лъапІагъыр уэ къыбгурыІуащ (Маттэ 20:28; Иуан 8:29; Рим 5:12, 18). Иеговэ къыпхуиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр щызыхэпщІам, ар уэ уи гум нэсащ икІи уэри ар фІыуэ плъагъуащ. (Къеджэ 1 Иуан 4:9, 10.)
6. Зыгуэрым ухуиІэ лъагъуныгъэр сыткІэ нэрылъагъу хъурэ? Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм сытым ухуигъэуша?
6 Ауэ ар уи лъагъуныгъэм и щІэдзапІэ къудейуэ арат. Псалъэм папщІэ, зыгуэр фІыуэ щытлъагъум деж «ФІыуэ узолъагъу» жетІэ закъуэу аракъым. Дэ а лъагъуныгъэм дыхуегъэуш а цІыхур зыгъэгуфІэн Іуэхухэр тщІэну. Абы ещхьу Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм ухуигъэушащ ар бгъэгуфІэу упсэуну. Уи лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэм иплъхьэу псым зыщІэбгъэуауэ къыщІэкІынщ. АбыкІэ уэ Иеговэ псалъэ ептащ игъащІэ псокІэ ухуэлэжьэну. (Къеджэ Рим 14:7, 8.) А псалъэр пІыгъыжын щхьэкІэ, сыт уэ пщІэн хуейр?
И УНАФЭХЭР ДОГЪЭЗАЩІЭ
7. Иеговэ фІыуэ тлъагъумэ, сыт дэ тщІэнур? Псалъэм папщІэ, сыт хуэдэ унафэхэр абы къыдитрэ?
7 Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъури и унафэхэр догъэзащІэ. Дапхуэдэу? Дэ абы жиІэм додаІуэ. Библием къыдгурегъаІуэ Иеговэ сыт къытхуигъэувми. Псалъэм папщІэ, абы къыджеІэ фадэкІэ егъэлеиныр, дыгъуэныр, пцІы упсыныр, зинэ щІэныр, Иеговэ нэмыщІ зыгуэрым щхьэщэ хуэщІыныр гуэныхьу зэрыщытыр (1 Коринф 5:11; 6:18; 10:14; Ефес 4:28; Колоссэ 3:9).
8, 9. Іуэху дызрихьэлІам теухуауэ Библием хабзэ къыщыдмыгъуэтмэ, а Іуэхум Иеговэ зэреплъыр дауэ къызэрытщІэнур? Щапхъэ къэхь.
8 Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ и хабзэхэр дгъэзэщІэныр мащІэщ. Абы дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми ехьэлІауэ дызытетын хуей хабзэхэр къыдитакъым. Абы щхьэкІэ Библием Іуэху дызрихьэлІам теухуауэ хабзэ къыщыдмыгъуэтыни къэхъунущ. Дауэ-тІэ дэ унафэ пэж зэрытщІыфынур? (Ефес 5:17). Иеговэ и еплъыкІэр къыдгурызыгъаІуэ принципхэр Библием итщ. Абы дыщеджэм деж Иеговэ и хьэл-щэнхэр къыдоцІыху. Дэ къыдощІэ абы и гупсысэкІэр икІи ифІэфІымрэ илъагъу мыхъумрэ. (Къеджэ Псалом 97:10a; Притчи 6:16—19, Гъэсэпэтхыдэхэр; Приложение 1-нэм еплъ.)
9 Псалъэм папщІэ, телевизорымкІэ е интернетымкІэ сыт деплъынуми дауэ къызэрыхэтхынур? Иеговэ сытым дежи тщІэныр къыджиІэкъым. Ауэ абы къыдит принципхэр къыддоІэпыкъу унафэ пэж къэтщтэну. Иджыпсту щыІэ нэгу зегъэужьыкІэхэм и нэхъыбэр залымыгъэрэ зинэ щІэнкІэ гъэнщІащ. БиблиемкІэ Иеговэ къыджеІэ «лей зезыхьэ дэтхэнэ зыри абы илъагъу зэрымыхъур» икІи «Тхьэм зинэщІэхэр зэригъэкъуэншэнур» (Псалом 11:5; Еврейхэм 13:4). Дапхуэдэу мы принципхэр къызэрыддэІэпыкъуныр унафэ пэж къэтщтэну? Иеговэ зыгуэр илъагъу зэрымыхъур тщІэмэ, дэ абы зыпыІуддзын хуейщ.
10, 11. Иеговэ дыщІедаІуэр сыт?
10 Иеговэ жиІэр сыт щІэдгъэзащІэр? Абы щхьэусыгъуэу иІэр щыуагъэ тщІам къытхуихьыну гугъуехьхэм е Иеговэ тезыр къыттрилъхьэным зыщытхъумэным я закъуэкъым (Галатие 6:7). АтІэ дэ Иеговэ дыщІедаІуэр ар фІыуэ долъагъури аращ. Сабийхэм я адэр ягъэгуфІэну зэрыхуейм хуэдэу дэри дыхуейщ уафэм щыІэ ди Адэр дгъэгуфІэну. Иеговэ къызэрыпхуэарэзыр пщІэным нэхърэ нэхъыфІ зыри щыІэкъым! (Псалом 5:12; Притчи 12:2, Гъэс.; Приложение 2-нэм еплъ).
11 Дэ Иеговэ дыщІедаІуэр нэгъуэщІ хэкІыпІэ димыІэу аракъым е абы дедэІуэну щытыншым деж и закъуэкъым. Дэ къыхэтхкъым сыт хуэдэ хабзэхэм дытетынуми, сыт хуэдэхэм дытемытынуми (Второзаконие 12:32). Дэ Иеговэ сытым дежи додаІуэ мы псалъэхэр жызыІа Алыхьым и лэжьакІуэм хуэдэу: «ФІыуэ слъэгъуа уи хабзэхэр си гум изгъэлъынущ» (Псалом 119:47; Рим 6:17). Дэ Нухь ещхьу дыщытыну дыхуейщ. Абы къигъэлъэгъуащ Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур абы зэрыжиІа дыдэм хуэдэу псори зэрищІамкІэ. Библием Нухь теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Тхьэм унафэ къызэрыхуищІам хуэдэу ищІащ» (ЩІэдзапІэ 6:22). Ухуейт уэр щхьэкІи Иеговэ апхуэдэу жиІэну?
12. Дауэ дэ Иеговэ зэрыдгъэгуфІэфынур?
12 Иеговэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэ дыщедаІуэм деж? Дэ абы и гур догъэгуфІэ (Притчи 11:20; 27:11, Гъэс.). Егупсысыт абы! Ди жыІэдаІуэныгъэмкІэ дуней псор къэзыгъэщІа Алыхьыр догъэгуфІэ. Ауэ дэ абы зэи дыхигъэзыхькъым жиІэм дедэІуэну. Дэ абы хуитыныгъэ къыдитащ. Абы къокІ фІы тщІэнми, Іей тщІэнми къыхэтхыну дэ езым хуитыныгъэ дызэриІэр. Иеговэ хуейщ абы худиІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушыну унафэ пэж къэтщтэну. Апхуэдэу дэ нэхъыфІ дыдэ гъуэгум дытетыфынущ (Второзаконие 30:15, 16, 19, 20; Приложение 3-нэм еплъ).
«И УНАФЭХЭР ГУГЪУКЪЫМ»
13, 14. Сыт ди фІэщ щІэхъур Иеговэ и хабзэхэм дытетыну зэрымыгугъур? Щапхъэ къэхь.
13 Иеговэ и хабзэхэм утетыну егъэлеяуэ гугъуу е ахэр ди хуитыныгъэм зэран хуэхъуу къытщыхъуу щытмэ-щэ? Библием гурыІуэгъуэу итщ: «[Тхьэм] и унафэхэр гугъукъым» (1 Иуан 5:3). «Гугъу» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм къикІыр «хьэлъэ» жиІэу аращ. НэгъуэщІ едзыгъуэхэм а псалъэр къыщыгъэсэбэпащ Іущагъ зыхэмылъ хабзэхэр е, я унафэхэр ирагъэгъэзэщІэну хэту, нэгъуэщІхэр гугъу езыгъэхь цІыхухэр къагъэлъэгъуэн щхьэкІэ (Маттэ 23:4; Апостолхэм 20:29, 30). Иеговэ и хабзэхэр бгъэзэщІэну «гугъукъым». Абы тхузэфІэмыкІын тщІэну зэи къытхуигъэувкъым.
14 Псалъэм папщІэ, уи нэгу къыщІэгъэхьэт уи ныбжьэгъур унэщІэм Іэпхъуэну удэІэпыкъуу. Иныкъуэ коробкэхэр псынщІэщ, ахэр уи закъуэу пхьыну гугъукъым. Ауэ коробкэ хьэлъэхэри щыІэщ. Уи ныбжьэгъур къолъэІунут уи закъуэу коробкэ хьэлъэхэр къэпІэтыну? ДауикІ, къолъэІунутэкъым. Сыт щхьэкІэ? Ар хуейкъым уэ уи узыншагъэм зэран ухуэхъужыну. Апхуэдэ ныбжьэгъум ещхьу Иегови зэи къыдэлъэІунукъым дэ тхузэфІэмыкІын тщІэну (Второзаконие 30:11—14). Иеговэ къыгуроІуэ ди зэфІэкІыр здынэсыр. Абы «ещІэж дэ сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар» (Псалом 103:14).
15. Сыт шэч къытетхьэн щІыхуэмейр Иеговэ и хабзэхэм фІы къызэрытхуихьым?
15 Мусэ израил лъэпкъым яжриІауэ щытащ Иеговэ и хабзэхэр абыхэм щІритар ахэр фІы хуэзэн икІи а хабзэхэр ягъэзащІэу я «гъащІэр яфІэмыкІуэдын» щхьэкІэщ (Второзаконие 5:28—33; 6:24). Ноби абы теухуауэ зыми зихъуэжакъым. Иеговэ жиІэм дытетмэ, дэри ди гъащІэр нэхъыфІ хъунущ. (Къеджэ Исаия 48:17b.) Ди Адэ Иеговэ дэр щхьэкІэ нэхъыфІыр сытми ещІэ (Рим 11:33). Библием щыжыІащ: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Иуан 4:8). Иеговэ сыт жимыІэми икІи сыт имыщІэми, ар и лъагъуныгъэращ къызыхэкІыр.
16. Гуэныхь зэрытхэлъым икІи Иблисым и дунейм дызэрыщыпсэум емылъытауэ Иеговэ жыІэдаІуэу дыкъызэрыхуэнэфыным сыт шэч къыщІытедмыхьэр?
16 Алыхьым и жыІэм сытым деж дыщІэтыну тыншкъым. Дэ дыщыпсэу дунейр Иблисым и ІэмыщІэм илъщ. Ар хущІокъу цІыхухэм Іей яригъэщІэну (1 Иуан 5:19). Абы нэмыщІ гуэныхьым къыхэкІыу диІэ мыхъумыщІэ гупсысэхэмрэ гурыщІэхэмрэ дебэнын хуейщ, ахэр Иеговэ дедэІуэну зэран къытхуэмыхъун щхьэкІэ (Рим 7:21—25). Ауэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш абы и жыІэм дыщІэтыну. Иеговэ елъагъу дэ абы дедэІуэну дызэрыхущІэкъур икІи и къару лъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу (1 Самуила 15:22, 23; Апостолхэм 5:32). Иеговэ и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ абы дедэІуэну сэбэп къытхуэхъу хьэл-щэнхэр зыхыдолъхьэф (Галатие 5:22, 23).
17, 18. 1) Сыт мы тхылъым къыщытщІэнур? 2) КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм сыт щызэпкърытхынур?
17 Мы тхылъыр дэ къыддэІэпыкъунущ Иеговэ дгъэгуфІэу дызэрыпсэуным теухуауэ къэтщІэну. Дэ къэтщІэнущ абы и принципхэмрэ и хабзэхэмрэ ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыфынур. Иеговэ дедэІуэну зэи дызэрыхимыгъэзыхьыр зыщомыгъэгъупщэ. Иеговэ дедэІуэну мурад тщІымэ, ди гъащІэр нэхъыфІ хъунущ, къэкІуэну зэманми гъащІэ дахэ диІэнущ. Псом нэхърэ нэхъапэр — ди жыІэдаІуэныгъэм Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм и кууагъыр къызэригъэлъагъуэращ. (Приложение 4-нэм еплъ.)
18 ФІымрэ Іеймрэ зэхэдгъэкІыфын щхьэкІэ, Иеговэ дэ напэ къыдитащ. Ди напэр дгъасэмэ, дэ ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ и хабзэхэр дгъэзэщІэну. Ауэ напэр зищІысыр сыт икІи дауэ ар зэрыдгъэсэфынур? Ар адэкІэ къэтщІэнщ.
a Псалом 97:10: «Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм Іейр флъагъу мыхъуу фыщыт. Абы хуэпэжхэм я гъащІэр къехъумэ, ахэр гуэныхьыщІэхэм къыІэщІехыж».
b Исаия 48:17: «Укъэзыщэхуж Иеговэ, Израилым и Алыхь лъапІэм, мыпхуэдэу жеІэ: „ФІым ухуезыгъасэ икІи узрикІуэн хуей гъуэгур уэзыгъэлъагъу уи Алыхь Иеговэр сэращ“».