УнафэщІ гупым къыбгъэдэкІ псалъэ
Алыхь Иеговэрэ абы и Псалъэ Библиемрэ фІыуэ зылъагъухэм яхуэгъэза псалъэ
Хьисэ жиІащ: «Пэжыгъэр къэфщІэнущ, пэжыгъэми щхьэхуит фищІыжынущ» (Иуан 8:32, ХъыбарыфІыр, 1993). Библием ит пэжыр япэ дыдэ щызэхэпхам щыгъуэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІами уигу къэгъэкІыжыт! ПцІыкІэ гъэнщІа мы дунейм пэжыр къэтщІэну Іэмал дызэриІэр къыщытщІам щыгъуэ ар сыту гухэхъуэт (2 Тимофей 3:1).
Алыхь Иеговэ хуейщ дэ пэжыр тщІэну икІи дэ цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ абы теухуауэ яжыдоІэ. Ауэ Алыхьым ухуэлэжьэныр абыкІэ зэфІэкІкъым. Дэ Иеговэ и принципхэм пщІэшхуэ зэрыхуэтщІым къыхэкІкІэ къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэрахуэфащэм хуэдэу дыпсэун щхьэкІэ. Дэ Алыхьыр фІыуэ зэрытлъагъур дауэ абы едгъэлъэгъуфынуми Хьисэ къыдгуригъэІуащ. Абы жиІащ: «Фэ си унафэхэр щывгъэзащІэкІэ, сэ фэри сыт щыгъуи фІыуэ фыслъагъунущ, си Адэм и унафэхэр зэрызгъэзэщІам щхьэкІэ, абы сыт щыгъуи фІыуэ сызэрилъагъум хуэдэу» (Иуан 15:10).
ПцІы хэмылъу Хьисэ и Адэр фІыуэ елъагъу икІи къызэрелъэІуу хъуар егъэзащІэ. Дэ ди гъащІэмкІэ Хьисэ щапхъэ тетхыу щытмэ, Иеговэ фІыуэ дыкъилъагъунущ икІи нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытынущ. Хьисэ жиІащ: «Мы Іуэхухэр зэхэфщІыкІрэ вгъэзащІэмэ, гъуэгу махуэ фытеуващ» (Иуан 13:17).
Библием итым утету упсэууэ зебгъэсэну икІи Алыхьым и ныбжьэгъу ухъуну мы тхылъыр къыбдэІэпыкъуну дэ дыщогугъ. Дэ Алыхьым дыпхуолъэІу абы ухуиІэ лъагъуныгъэр хэбгъэхъуэну икІи «Тхьэм и фІылъагъуныгъэм» ущІэту укъэнэну. Уэ абы гъащІэ мыухыжым ухуишэнущ (Иудэ 21).
Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гуп