13-НЭ УРОК
Тимофе́й цІыхухэм ядэІэпыкъуну хущІэкъут
ЩІалэщІэ Тимофей и гуапэу цІыхухэм ядэІэпыкъут. Абы щхьэкІэ Тимофей щІыпІэ куэд къикІухьащ икІи и гъащІэм гъэщІэгъуэн куэд хэтащ. А щІалэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуей?~
Тимофей и анэмрэ и анэшхуэмрэ Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ бгъэдалъхьэу щытащ
Тимофей Ли́стрэ къалэм къыщыхъуащ. Ар иджыри цІыкІуу и анэшхуэ Лои́дэрэ и анэ Евни́кэрэ Иеговэ теухуауэ абы щІэныгъэ бгъэдалъхьэу щІадзащ. Тимофей ин хъуа нэужь Иеговэ теухуауэ нэгъуэщІхэм къаригъэщІэну гукъыдэж иІэ хъуащ.
Апостол Паул Тимофей иджыри щІалэу къригъэблэгъащ и гъусэу хъыбарыфІыр щІыпІэ жыжьэхэм щигъэІуну. Тимофей занщІэу жиІащ: «Сыхуейщ, сынэкІуэнущ!» Ар хьэзырт адрейхэм дэІэпыкъуну.
Тимофей Паул и гъусэу Македо́нием щыщ Фессало́никэ къалэм иунэтІащ. Абы нэсын щхьэкІэ япэщІыкІэ ахэр лъэсу, итІанэ кхъухькІэ кІуащ. Паулрэ Тимофейрэ Фессалоникэм щыщ цІыху куэдым ядэІэпыкъуащ Иеговэ теухуауэ къащІэну. Ауэ Фессалоникэ къалэм дэс языныкъуэ цІыхухэм ар ягу ирихьакъым. Абыхэм Паулрэ и гъусэхэмрэ теуэну мурад ящІащ. Абы щхьэкІэ ахэр къалэм къыдэкІыу нэгъуэщІ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щагъэІун хуей хъуащ.
Тимофей и гъащІэр насыпыфІэу щытащ
Мазэ зыбжанэ дэкІауэ Паул Тимофей елъэІуащ, Фессалоникэ игъэзэжу, къуэш хъуахэм ядэІэпыкъуну. А къалэм бгъэзэжын щхьэкІэ лІыгъэшхуэ пхэлъын хуейт! Ауэ Тимофей шынакъым. Ар Фессалоникэ кІуащ, абы щыпсэу и динэгъухэм щхьэкІэ гузавэти. ИкІи къару ирихьэлІахэм сэбэпышхуэ къыпэкІуащ. Абы Паул хъыбарыфІ къыхуихьащ Фессалоникэ дэс къуэшхэм фІэщхъуныгъэ быдэ зэраІэм теухуауэ!
Тимофей Паул и гъусэу илъэс куэдкІэ лэжьащ. Зэгуэрым Паул итхыжащ Тимофей зыми хуэмыдэу зэхуэсхэм дэІэпыкъуну зэрыхузэфІэкІар, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ илъагъут.
Уэ-щэ? Уэ цІыхухэр фІыуэ плъагъурэ икІи абыхэм Иеговэ теухуауэ яжепІэну ухуей?~ Апхуэдэу пщІэмэ, Тимофей хуэдэу уи гъащІэр насыпыфІэ икІи гъэщІэгъуэн хъунущ!
БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ
1 Фессалоникэ 3:2—7