ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • yc 12-нэ урокыр, н. 26—27
  • ЛІыгъэ зыхэлъ щІалэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЛІыгъэ зыхэлъ щІалэ
  • Фи сабийхэр вгъасэ
  • Мыбы ещхь материал
  • «Послушайте, что я скажу в свою защиту»
    Проповедуйте Царство Бога!
  • Фымышынэ! Иеговэ фэ къывдэІэпыкъунущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • «Я невиновен ни в чьей смерти»
    Проповедуйте Царство Бога!
  • Павел «обстоятельно свидетельствовал»
    Проповедуйте Царство Бога!
Нэхъыбэ еплъын
Фи сабийхэр вгъасэ
yc 12-нэ урокыр, н. 26—27
Паул и шыпхъум и къуэр дзэпщым йопсалъэ

12-НЭ УРОК

ЛІыгъэ зыхэлъ щІалэ

Апостол Паул къезыгъэла щІалэм теухуауэ къэдгъащІэ. Ар Паул и шыпхъум и къуэу щытащ. Абы и цІэр дэ тщІэкъым, ауэ лІыгъэшхуэ къызыхэщ Іуэхугъуэ зэрищІар дощІэ. Абы ищІар къэпщІэну ухуей?~

Апостол Паул Ерусалим тутнакъым ист. Хьисэ теухуауэ цІыхухэм зэрыжриІэм щхьэкІэ ар ягъэтІысащ. ЦІыху бзаджэхэм Паул ялъагъу хъутэкъыми, мурад Іей къагупсысащ. Ахэр зэгурыІуащ: «Дзэпщым жедвгъэІэ, и зауэлІхэм жриІэу, Паул судым къригъэшэну. Дэ гъуэгум деж зыщыдгъэпщкІунщ. Паул абдеж щыблэкІым, дытеуэнщ!»

Апостол Паул и шыпхъум и къуэм къыжриІэм йодаІуэ

Мы щІалэм и анэ дэлъху апостол Паулрэ дзэпщымрэ мурад Іейм теухуауэ хъыбар яригъэщІащ

Ар Паул и шыпхъум и къуэм къищІащ. Сыт-тІэ абы ищІар? Ар тутнакъым кІуэри и анэ дэлъхум псори жриІэжащ. Паул занщІэу щІалэм унафэ хуищІащ дзэпщым деж кІуэуэ а мурад Іейм теухуауэ хъыбар иригъэщІэну. Дауэ уеплърэ, тыншу пІэрэт щІалэм дежкІэ дзэпщым епсэлъэну?~ ДауикІ, тынштэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дзэпщым увыпІэ лъагэ иІыгът. Ауэ а щІалэм лІыгъэ хэлъти псори абы жриІэжащ.

Дзэпщым щІэн хуейр ищІэт. Абы зауэлІу 500-м нэс зэригъэпэщащ, апостол Паул яхъумэн щхьэкІэ, икІи унафэ яхуищІащ а жэщ дыдэм ар Кеса́рие яшэну. Паул къелауэ пІэрэ-тІэ?~ Къелащ. ЦІыху бзаджэхэр Паул теуэну шынащ. Абыхэм я мурад Іейр къехъулІакъым.

Мы хъыбарым сытым ухуригъасэрэ?~ Паул и шыпхъум и къуэм лІыгъэ игъэлъэгъуам хуэдэ уэри бгъэлъэгъуэфынущ. Иеговэ теухуауэ цІыхухэм щажетІэм деж лІыгъэшхуэ тхэлъын хуейщ. Уэри лІыгъэ пхэлъу Иеговэ теухуауэ цІыхухэм яжепІэну?~ Апхуэдэу пщІэмэ, уэ зыгуэрым и гъащІэр къебгъэлынкІэ хъунущ.

БИБЛИЕМ ФЫКЪЫЩЕДЖЭ

  • Апостолхэм 23:12—24

  • Маттэ 24:14; 28:18—20

  • 1 Тимофей 4:16

УПЩІЭХЭР:

  • ЦІыху бзаджэхэм апостол Паул сытыт иращІэну зыхуейр?

  • Паул и шыпхъум и къуэм сыт ищІар? Абы ищІам лІыгъэ хэлъу жыпІэ щІэхъуныр сыт?

  • Дауэ уэ абы щапхъэ зэрытепхыфынур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын