Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэ, Тимофей щапхъэ тефх!
НЭГЪАБЭ дуней псом зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ я бжыгъэм мин зыбжанэ къыхэхъуащ. Уэри абыхэм уащыщмэ, дауикІ, уи къалэныщІэхэр бгъэзэщІэну уигу ирихьу къыщІэкІынщ.
Ауэ уэ тэкІу угузавэ хъунщ. Ди къуэш Джейсон къыддогуашэ: «Зэхуэсым и нэхъыжь сыщащІам щыгъуэ сегупсысащ: „Сыту къалэн куэд сиІэ сэ иджы!“». Иеговэ къарита къалэнхэр Муси Иеремии яхуэмыгъэзэщІэну къащыхъут (Исх. 4:10; Иер. 1:6). Апхуэдэ гурыщІэхэр уэри уиІэмэ, дауэ абыхэм узэрыпэлъэщыныр икІи дауэ уи къалэнхэр нэхъыфІу зэрыбгъэзэщІэныр? Тимофей и щапхъэр зэпкърытхынщ (Апост. 16:1—3).
ТИМОФЕЙ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
Тимофей илъэс 20 хуэдиз хъууэ къыщІэкІынт, районым и нэхъыжьым и лэжьыгъэр и гъусэу игъэзэщІэну апостол Паул ар къыщригъэблэгъам щыгъуэ. Тимофей ныбжькІэ щІалэу зэрыщытым щхьэкІэ, а лэжьыгъэм хуэмыхьэзыру къыщыхъуу къыщІэкІынт (1 Тим. 4:11, 12; 2 Тим. 1:1, 2, 7). Ауэ илъэсипщІ хуэдиз дэкІауэ Паул Филиппи щыІэ зэхуэсым яхуитхащ: «Тимофей куэд мыщІэу ныфхуэзгъэкІуэфынкІэ Зиусхьэн Хьисэ сыщогугъ... Тимофейм фІэкІа, и фІэщу къыфхуэгузавэ нэгъуэщІ зыри сиІэкъым» (Флп. 2:19, 20).
Тимофей зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэнхэр нэгъэсауэ игъэзэщІэну сыт къыдэІэпыкъуар икІи дауэ абы щапхъэ тетх хъуну?
1. Тимофей и гум къыбгъэдэкІыу цІыхухэм ядэІэпыкъут. Филиппи дэс къуэшхэм Паул яхуитхат Тимофей и гум къыбгъэдэкІыу абыхэм зэрадэІэпыкъуфынур (Флп. 2:20). Пэж дыдэу, Тимофей и къаруми и зэманми щымысхьу къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрыхъунымкІэ ядэІэпыкъут.
Уи нэгу къыщІэгъэхьэ графикым къыкІэрымыхун щхьэкІэ, шофёрым автобусыр къимыгъэувыІэу цІыхухэм блэжу. Уэ апхуэдэ шофёрым ещхьу ущыт хъунукъым. Илъэс 20 хъуауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ Уильям куэд мыщІэу къалэн зрата къуэшхэм мыпхуэдэ чэнджэщ ярет: «Къуэшхэр фІыуэ флъагъу. Фи къалэнхэр щывгъэзащІэкІэ цІыхухэм яфІ къэфлъыхъуэ».
2. Алыхьым хуэлэжьэныр Тимофей и дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэт. «ЦІыху псори езыхэм я Іуэхухэм я ужь итщ, Хьисэ Мэссихь игъуэу илъытэ Іуэхухэм я ужь иткъым»,— итхат Паул (Флп. 2:21). Ауэ Тимофей апхуэдэ къуэшхэм ещхьтэкъым. Паул и письмом къыхигъэщащ Рим къалэм дэс къуэшхэм я щхьэ Іуэхухэм зэман куэд зэрытрагъэкІуадэр. Ахэр Алыхьым псэемыблэжу хуэлажьэу жыпІэ хъунутэкъым. Ауэ Тимофей абыхэм хуэдэтэкъым! Алыхьым нэхъыбэу хуэлэжьэну Іэмал къызэрыкъуэкІыу, «Сы-мис! СыгъакІуэ сэ» жызыІа бегъымбар Ешайа абы щапхъэ трихт (Ис. 6:8).
Уи щхьэ Іуэхухэмрэ зэхуэсым щыбгъэзащІэ лэжьыгъэмрэ дауэ зэпэшэчауэ убгъэдыхьа хъуну? Япэрауэ, псом нэхърэ нэхъапэр зыщомыгъэгъупщэ. Паул дыкъыхуриджэт «нэхъыфІыр зыхуэдэр» зэхэтщІыкІыну (Флп. 1:10). Алыхьым и дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэм уэри уи дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэу щрет. ЕтІуанэрауэ, мылъку зэгъэпэщыным уи гъащІэр етауэ щремыт. ПщІэншэу уи зэманымрэ уи къарумрэ зыхьыр уи гъащІэм хэх. Паул Тимофей мыпхуэдэ чэнджэщ иритауэ щытащ: «Ауэ щІалагъэм и хъуэпсэныгъэ Іейхэм пэІэщІэ зыщІ. ...Щыпкъагъэм, фІэщхъуныгъэм, фІылъагъуныгъэм, гузэгъэгъуэм я ужь ит» (2 Тим. 2:22).
3. Тимофей хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтт. Паул Филиппи дэсхэм ягу къигъэкІыжащ: «Тимофей зэрыцІыху пэжыр фэ фощІэ. Къуэр и адэм зэрыдэлажьэм хуэдэу, хъыбарыфІ Іуэтэным и ІуэхукІэ къыздэІэпыкъуащ» (Флп. 2:22). Тимофей зэи щхьэхтэкъым. Ар псэемыблэжу Паул дэлажьэт икІи а лэжьыгъэм ахэр нэхъ гъунэгъу зэхуищІт.
Нобэ ди организацэм лэжьыгъэр щыкуэдщ. А лэжьыгъэм дызэрыхэтым насыпыфІэ дещІ икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм гъунэгъу дыхуещІ. Аращи, «Зиусхьэным и Іуэхум» сыт щыгъуи куэду фыхэтыну мурад вгъэув (1 Кор. 15:58).
4. Тимофей къищІэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпт. Паул Тимофей хуитхат: «Сэ цІыхухэм езгъащІэ Іуэхухэр, си псэукІэр, си мурадыр, си фІэщхъуныгъэр, си шыІэныгъэр, си фІылъагъуныгъэр, си теубыдагъэр уощІэ» (2 Тим. 3:10). Пэж дыдэу, Тимофей къищІэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпт икІи абы и фІыгъэкІэ къалэныщІэхэр къищтэну ар хьэзырт (1 Кор. 4:17).
Щапхъэ зытепх хъун зэхуэсым и нэхъыжь гуэр ныбжьэгъу пхуэмыщІыну пІэрэ? Илъэс куэд хъуауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ Том къыддогуашэ: «Опыт зиІэ зэхуэсым и нэхъыжьым гулъытэ къысхуищІт икІи куэдым сыхуригъасэт. Сэ абы щІэх-щІэхыурэ сечэнджэщт. Абы и фІыгъэкІэ къалэн нэхъыбэ згъэзэщІэну нэхъ сытегушхуэу сыхъуащ».
5. Тимофей и къалэнхэр нэхъыфІу игъэзэщІэн папщІэ адэкІи къару ирихьэлІэт. Паул Тимофей къыхуриджэт: «Тхьэм и фІэлІыкІ уи гум зэрилъыным хущІэкъу» (1 Тим. 4:7). Спортсменым тренерым и гъусэу зэрызигъасэм нэмыщІ, езыми и закъуэу зигъэсэн хуейщ. Паул Тимофей мыпхуэдэ чэнджэщ иритат: «Тхьэм и псалъэ тхахэм цІыхухэм я пащхьэм уакъызэрыщыхуеджэнми, цІыхухэм зэрагурыбгъэІуэнми, зэребгъэщІэнми хэт. [...] Мы Іуэхухэм я ужь ит, ар япэ зэрибгъэщыр цІыху псоми нахуэ ящыхъун щхьэкІэ, плъэкІ къыумыгъанэ» (1 Тим. 4:13—15).
Уэри уи къалэнхэр нэхъыфІыжу зэрыбгъэзэщІэным адэкІи зегъасэ. Зэпымыууэ Иеговэ гъунэгъу зыхуэщІ икІи ди организацэм иужь дыдэу ищІа зэхъуэкІыныгъэхэм щыгъуазэу щыт. Абы нэмыщІ уи щхьэм зэи ущымыгугъыж. Опыт узэриІэм щхьэкІэ сыт хуэдэ упщІэри пхузэхэгъэкІыну уимыгугъэ, упщІэм теухуауэ ди публикациехэм щыжыІар куууэ зэпкърыхи нэхъыфІщ. Мыпхуэдэ чэнджэщ зрата Тимофей щапхъэ тех: «Зыхуэсакъыж, цІыхухэм ебгъащІэ Іуэхухэми яхуэсакъ» (1 Тим. 4:16).
6. Тимофей Иеговэ и къару лъапІэм щыгугът. Паул Тимофей хуитхат: «Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Іуэхур Тхьэм и Псэ ЛъапІэу [«къару лъапІэу», ДЩІ] ди гум илъымкІэ хъумэ» (2 Тим. 1:14). Тимофей адэкІи и къалэнхэр игъэзэщІэн щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэм щыгугъын хуейт.
Илъэс куэд хъуауэ зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ Дональд жеІэ: «Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм Иеговэрэ езыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэр лъапІэу ялъытэн хуейщ. Абы щыгъуэ Иеговэ и лэжьыгъэм жыджэру зэрыхэтын къару абыхэм яІэнущ. Ахэр Алыхьым и къару лъапІэр къаритыну елъэІумэ икІи а къарум къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэр зэрызыхалъхьэным хущІэкъумэ, къуэш, шыпхъухэм куэду дэІэпыкъуфынущ» (Пс. 84:7; 1 Пет. 4:11).
УИ КЪАЛЭНХЭР ЛЪАПІЭУ ЛЪЫТЭ
Гухэхъуэщ плъэгъуну куэд мыщІэу зэхуэсым къалэн зрата къуэшхэм егугъуу а лэжьыгъэр зэрагъэзащІэр. Статьям ипэм зи гугъу тщІа Джейсон жеІэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьу сызэрылажьэрэ куэдым зыхуезгъэсащ икІи си къалэнхэр нэхъ тегушхуауэ согъэзащІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьу сызэрылажьэм гуфІэгъуэшхуэ къызет. Си дежкІэ а лэжьыгъэм пщІэшхуэ пылъщ».
Зэхуэсым и нэхъыжьу е и дэІэпыкъуэгъуу ущытмэ, уи къалэнхэр нэхъыфІу зэрыбгъэзэщІэным иужь уит? АбыкІэ Тимофей щапхъэ тех. Абы щыгъуэ уэ Алыхьым и лъэпкъым дэІэпыкъуэгъушхуэ ухуэхъуфынущ.