ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 28-нэ урокыр
  • Ди сайтым сыт къыщыбгъуэтынур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди сайтым сыт къыщыбгъуэтынур?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапыр дэнэ къыщыдгъуэтынур?
    Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапыр дэнэ къыщыдгъуэтынур?
  • jw.org сайтым и напэкІуэцІ нэхъыщхьэм итыр хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ къэгъэсэбэп
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • ЧэнджэщыфІхэр. Ди тхыгъэхэр зэрыбдж хъуну щІыкІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 28-нэ урокыр

28-НЭ УРОКЫР

Ди сайтым сыт къыщыбгъуэтынур?

Женщина проводит исследование при помощи ноутбука

Францие

Семья пользуется компьютером

Польшэ

Женщина смотрит ролик на жестовом языке в интернете

Урысей

Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІат: «ЦІыхухэм я пащхьэм фи нэхур щреблэ, фи фІыщІагъэхэр ялъагъуу, фи Адэ лъапІэу уафэм щыІэм щІыхь хуащІын щхьэкІэ» (Маттэ 5:16). Ди зэманым щІэуэ технологие куэд къыдагъэкІащ, псалъэм папщІэ интернетыр. Абыхэм я фІыгъэкІэ пэжым и нэхур нэхъыфІыжу маблэ. jw.org жыхуиІэ сайтыр ди организацэм зэригъэпэщащ икІи дэ зыхуедгъаджэмрэ етхьэкІ лэжьыгъэмрэ теухуауэ абы пэжыр итщ. Сыт абы къыщыбгъуэтынур?

ЦІыхухэм я упщІэхэм Библием ирит жэуапхэр. ЦІыхухэр зыгъэгузавэ упщІэхэм я жэуапхэр сайтым къыщыбгъуэтыфынущ. Псалъэм папщІэ, «Гузэвэгъуэм кІэ иІэну?», «ЛІахэр къэтэджыжыну?» жыхуиІэ буклетхэр бзэ 600-м щІигъукІэ электроннэу щыІэщ. Ди сайтым «ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа» Библиер бзэ 130-м щІигъукІэ илъщ. Абы нэмыщІ Библием зэредгъаджэ тхылъхэмрэ, «ХъумакІуэ чэщанэ», «Фыкъызэщыу!» журналхэмрэ абы къыщыбгъуэтынущ. Ди публикациехэм щыщу куэдым уеджэ икІи уедаІуэ хъунущ икІи ахэр MP3, PDF, EPUB форматхэмкІэ къипх хъунущ. Библием ит пэжыр зыфІэгъэщІэгъуэным щхьэкІэ абы и бзэкІэ напэкІуэцІ зы-тІущ тхылъымпІэм тебдзэ хъунущ. Бзагуэбзэ куэдкІэ видеопубликациехэр диІэщ. Ди сайтым къипх хъунущ гъэдэхауэ макъкІэ Библием къызэреджэр, Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІа постановкэхэр икІи макъамэ дахэхэр.

Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуа пэжыр. Ди сайтым къыщыбгъуэтыфынущ ди хъыбарыщІэхэм, гузэвэгъуэшхуэ къызылъэІэса ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыдэІэпыкъум икІи къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щетхьэкІ лэжьыгъэм теухуауэ. Абы нэмыщІ абы итщ ди конгрессхэм теухуауэ икІи къэрал зэмылІэужьыгъуэхэм щыІэ ди филиалхэм я адресхэр.

ЩІэуэ къежьа технологиехэм я фІыгъэкІэ пэжым и нэхур щІым и гъунэм нос. Антарктидэми адрей континентхэми щыпсэу цІыхухэм Іэмал яІэщ Библием зыхуригъаджэр къащІэну. Дэ Иеговэ долъэІу абы «и хъыбарыфІыр дэнэкІи цІыхухэм ялъэІэсыну» (2 Фессалоникэ 3:1).

  • ЦІыхухэм Библием ит пэжыр къащІэнымкІэ jw.org сайтыр дауэ сэбэп зэрыхъур?

  • Ди сайтым сытыт къыщыпщІэну узыхуейр?

ХУЭСАКЪ!

Языныкъуэ сайтхэр Иеговэ епцІыжахэм къагупсысауэ аращ, дэ пцІы къыттралъхьэн щхьэкІэ. Абыхэм зы мурадщ яІэр — цІыхур Иеговэ и гъуэгум трашыныр. Апхуэдэ сайтхэм ущІихьэн щыІэкъым (Псалом 1:1; 26:4; Рим 16:17).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын