16-НЭ УРОКЫР
Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм сыт хуэдэ къалэнхэр ягъэзащІэрэ?
Мьянмэ
ЗэІущІэм къыщопсалъэ
ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр ирегъэкІуэкІ
Дыщызэхуэс Унэр зэлъыІуех
Библием зэрыжиІэмкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ я нэІэ къыттрагъэтщ (Филиппи 1:1). Зэхуэс къэс апхуэдэ къуэш зыбжанэ иІэщ. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм сыт хуэдэ къалэнхэр ягъэзащІэрэ?
Ахэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм ядоІэпыкъу. Хэт хъуну зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр? Ар Алыхьым и еплъыкІэ яІэну хущІэкъу къуэшхэращ икІи абыхэм уащыгугъ хъунущ. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ куэд ягъэзащІэ. Абы и фІыгъэкІэ нэхъыжьхэм зэхуэсыр егъэджэнымрэ гъэгушхуэнымрэ зэман нэхъыбэ трагъэкІуэдэф.
Ахэр зэхуэсым сэбэп хуохъу. Языныкъуэ дэІэпыкъуэгъухэм зэІущІэм къакІуэхэр кърагъэблагъэ. Адрейхэр аппаратурэм, зэхуэсым и ахъшэм, участокхэм, дыщызэхуэс Унэм кІэлъоплъ, хэти ди тхыгъэхэр къуэш, шыпхъухэм ярет. Абы нэмыщІ нэхъыжьхэр абыхэм елъэІуфынущ зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъуну. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ дэІэпыкъуэгъухэм ямыгъэзащІэми, абыхэм пщІэ яхуэтщІыну къалэжь (1 Тимофей 3:13).
Абыхэм щапхъэфІ дагъэлъагъу. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэщ. Ахэр зэІущІэм и пащхьэ къыщыпсалъэкІэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІыным хущІокъу. Жыджэру хъыбарыфІыр зэрагъэІумкІэ ахэр щапхъэфІ тхуохъу. Ахэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм фІыуэ зэрадэлажьэм ди гуфІэгъуэмрэ ди зэкъуэтыныгъэмрэ хегъахъуэ (Ефес 4:16). Зэман дэкІмэ, ахэр зэхуэсым и нэхъыжь ящІыфынущ.
Хэт хъуну зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр?
Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр дауэ зэхуэсым сэбэп зэрыхуэхъур?