ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 17-нэ урокыр
  • Дауэ районым и нэхъыжьхэр къызэрыддэІэпыкъур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дауэ районым и нэхъыжьхэр къызэрыддэІэпыкъур?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • ПщІэ зыпылъ къалэнхэр зыгъэзащІэ къуэшхэр лъапІэу флъытэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Дэ дагъэгушхуэн щхьэкІэ абыхэм лэжьыгъэшхуэ ирахьэкІ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу къызэрыхахыр?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 17-нэ урокыр

17-НЭ УРОКЫР

Дауэ районым и нэхъыжьхэр къызэрыддэІэпыкъур?

Разъездной надзиратель с женой

Малави

Разъездной надзиратель проводит встречу для проповеди

ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр ирегъэкІуэкІ

Разъездной надзиратель в проповедническом служении

ХъыбарыфІыр егъэІу

Разъездной надзиратель проводит встречу со старейшинами собрания

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм яхуозэ

АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэр щІэх-щІэхыурэ топсэлъыхь Варнавэрэ апостол Паулрэ. Ахэр районым и нэхъыжьу лажьэт икІи япэ лІэщІыгъуэм къэунэхуа зэхуэсхэм кІуэт. Сыт щхьэкІэ? Къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ. Зэгуэр Паул Варнавэ жриІащ: «Къуэшхэм я деж дыгъэгъэзэжи, зэрыпсэур зэдгъэгъэлъагъу» (Апостолхэм 15:36). Паул къуэш, шыпхъухэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІын щхьэкІэ километр щэ бжыгъэ икІуну хьэзырт. Ноби районым и нэхъыжьхэм дэр папщІэ гугъу зрагъэхьыну хьэзырщ.

Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІын щхьэкІэ ди зэхуэсым къокІуэ. Районым и нэхъыжьыр зыкІэлъыплъ районым зэхуэс 20 хуэдиз хохьэ. Илъэсым къриубыдэу зэхуэс къэс тІэу макІуэ тхьэмахуэкІэ дэлэжьэну. Абырэ и щхьэгъусэмрэ дэ куэдым дыхурагъэсэфынущ. Ахэр хущІокъу зэхуэсым щыщ дэтхэнэри зрагъэцІыхуну, сабийхэри зи ныбжь хэкІуэтахэри абы хэту. Абыхэм ди гъусэу хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ ягъэІу икІи цІыхухэр Библием ирагъаджэ. Районым и нэхъыжьым зэхуэсым и нэхъыжьым и гъусэу къуэш, шыпхъухэр егъэгушхуэ икІи зэІущІэхэмрэ конгрессхэмрэ гъэхьэзыра псалъэ гъэщІэгъуэнхэр щыжеІэ (Апостолхэм 15:35).

Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми гулъытэ хуащІ. Районым и нэхъыжьым и къалэныр зэхуэсым щыщхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыныращ. Ар зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ и дэІэпыкъуэгъухэмрэ яхуозэ, зэхуэсым иІэ ехъулІэныгъэхэм тепсэлъыхьын икІи чэнджэщ яритын щхьэкІэ. Районым и нэхъыжьыр и зэманми и къаруми щымысхьу къызэрыддэлажьэм фІыгъуэ куэд къытхуехь (2 Коринф 8:23). Абы и фІэщхъуныгъэ быдэмрэ ар Алыхьым пэжу зэрыхуэлажьэмрэ дэ щапхъэфІ тхуохъу (Еврейхэм 13:7, ДЩІ).

  • Районым и нэхъыжьхэр сыт зэхуэсхэм щІэкІуэр?

  • Дауэ районым и нэхъыжьыр къызэрыбдэІэпыкъуфынур?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Районым и нэхъыжьыр къыщыкІуэну зэманыр зыщІыпІэ итхэ, дыщызэхуэс Унэм абы щыжиІэну гъэхьэзыра псалъэхэр блумыгъэкІын щхьэкІэ. Ар е абы и щхьэгъусэр уи деж къакІуэу Библием уригъэджэну ухуеймэ, Библием уезыгъаджэм жеІэ. Абы и фІыгъэкІэ уэ ахэр нэхъыфІу къэпцІыхунущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын