15-НЭ УРОКЫР
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
Финляндие
Драгъаджэ
Дагъэгушхуэ
Ди гъусэу хъыбарыфІыр ягъэІу
Ди организацэм дин пашэхэр диІэкъым икІи зыми лэжьапщІэ ираткъым. Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсхэм хуэдэу, дэ Алыхьым куэд щІауэ хуэлажьэ нэхъыжьхэр диІэщ. Абыхэм зэпымыууэ я нэІэ къыттрагъэтщ (Апостолхэм 20:28). Хэт хъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэр? Ар Алыхьым куэд щІауэ пэжу хуэлажьэ икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухъухэращ. Ахэр зэхуэсым кІэлъоплъ икІи мы псалъэхэр ягъэзащІэ: «Мэлыхъуэм и нэІэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цІыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэІэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфІэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщІэмыхъуэпсу, абыхэм фи фІэщу фахуэлажьэ» (1 Петр 5:1—3). Сыт абыхэм дэ къытхуащІэр?
Абыхэм зэхуэсыр яхъумэ. Ди нэхъыжьхэм Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэм зэран хуэхъуфынум дыщахъумэ. Иеговэ я пщэм дилъхьа къалэнымкІэ абыхэм жэуап зэратыжынур къагуроІуэри, пхъашэу къытхущыткъым, атІэ гуфІэгъуэ къызэрыдатыным иужь итщ икІи сыт щыгъуи дифІ къалъыхъуэ (2 Коринф 1:24). МэлыхъуэфІым и мэл цІыкІухэр фІыуэ зэрицІыхум хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьми зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэш, шыпхъури зэрызригъэцІыхуным хущІокъу (Притчи 27:23).
Алыхьым и мурадым дытету дыпсэуну драгъасэ. Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм тхьэмахуэ къэс зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІ (Апостолхэм 15:32). Абыхэм хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуфу драгъасэ икІи ди гъусэу а лэжьыгъэр ягъэзащІэ.
Абыхэм дэтхэнэ зыми гулъытэ къытхуащІ. Ди нэхъыжьхэр къыддоІэпыкъу Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъуну. Абыхэм Тхыгъэ ЛъапІэр къагъэсэбэпу щІэгъэкъуэн къытхуэхъун икІи гупсэхугъуэ къыдатын щхьэкІэ, ди унэм къакІуэу е дыщызэхуэс Унэм деж къыщыдэпсэлъэфынущ (Екъуб 5:14, 15).
Нэхъыжьхэм я нэхъыбэм унагъуэ яІэщ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым зэрыкІэлъыплъым нэмыщІ, ахэр лэжьэн икІи унагъуэм щаІэ къалэнхэр ягъэзэщІэн хуейщ. Псэемыблэжу лажьэ ди къуэшхэм лъагъуныгъэрэ пщІэрэ яхуэтщІыну къалэжь (1 Фессалоникэ 5:12, 13).
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ къалэнхэр ягъэзащІэрэ?
Ди нэхъыжьхэм дапхуэдэу гулъытэ къызэрытхуащІыр?