ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 12-нэ урокыр
  • ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр дауэ зэретхьэкІыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр дауэ зэретхьэкІыр?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • ХъыбарыфІыр щІылъэ псом дауэ зэрыщагъэІур?
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 12-нэ урокыр

12-НЭ УРОКЫР

ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр дауэ зэретхьэкІыр?

Свидетели Иеговы проповедуют от дома к дому

Испание

Свидетель Иеговы проповедует в парке

Беларусь

Свидетель Иеговы проповедует по телефону

Гонконг

Свидетели Иеговы в проповедническом служении

Перу

ЛІэным куэд имыІэжу Хьисэ жиІат: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ» (Маттэ 24:14). ХъыбарыфІыр дуней псом щыдгъэІуа хъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Хьисэ щапхъэ тетхын хуейщ (Лука 8:1).

ЦІыхухэм я унэм дыщепсэлъэну дыхущІокъу. Хьисэ и гъэсэнхэр хуригъаджэт абыхэм хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ ягъэІуну (Маттэ 10:11—13; Апостолхэм 5:42; 20:20). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хъыбарыфІыр щагъэІун щІыпІэ хэха яІэу щытащ (Маттэ 10:5, 6; 2 Коринф 10:13). Дэри нобэ хъыбарыфІыр зэгъэпэщауэ зэрыдгъэІуным иужь дитщ. Зэхуэс къэс езым хъыбарыфІыр щигъэІун щІыпІэ иІэжщ. Абы Іэмал къыдет «Тхьэм и псалъэхэм цІыхухэр едгъэдэІуэну» жыхуиІэ Хьисэ и унафэр дгъэзэщІэну (Апостолхэм 10:42).

ЦІыху здэщыІэу хъуам дэ хъыбарыфІыр щыдогъэІу. ЦІыху здэщыІэу хъуам Хьисэ хъыбарыфІыр щигъэІут, псалъэм папщІэ, хы Іуфэм деж, псыкъуийм деж (Марк 4:1; Иуан 4:5—15). Хьисэ и щапхъэм дытету дэри дэнэ щІыпІи хъыбарыфІыр щыдгъэІуну дыхущІокъу: уэрамхэм, паркхэм, телефонкІэ е цІыхухэр щылажьэ щІыпІэхэм дыкІуэурэ. Абы нэмыщІ Іэмал диІэ зэрыхъуу, ди гъунэгъухэм, къыддэлажьэхэм, къыддеджэхэм, ди благъэхэм хъыбарыфІыр яжыдоІэ. Апхуэдэу зэрытщІым и фІыгъэкІэ «гъащІэр къезыгъэл хъыбарыр» мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм зэхах (Псалом 96:2).

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ гугъэ дахэ диІэмрэ теухуауэ хэт зыжепІэ хъунур? А щІэныгъэр зыми щумыгъэпщкІу. Іэмал уиІэ зэрыхъуу хъыбарыфІымкІэ адрейхэм ядэгуашэ!

  • Сыт хуэдэ хъыбар дуней псом щыгъэІун хуейр?

  • Иеговэ и Щыхьэтхэр Хьисэ къытхуигъэна щапхъэм дауэ зэрытетыр?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Уи цІыхугъэхэм хъыбарыфІымкІэ дапхуэдэу уадэгуашэ хъунуми Библие уезыгъаджэм уигъэлъэгъуну елъэІу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын