13-НЭ УРОКЫР
Хэт хъуну пионерыр?
Канадэ
Унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІу
ЦІыхубзыр Библием ирагъаджэ
Ди шыпхъум Библиер едж
«Пионер» щыжаІэм деж, куэдым зи гугъу ящІыр япэ гъуэгур хэзыш икІи япэу щІыпІэр къэзыхутэ цІыхуращ. Апхуэдэу уеплъмэ, Хьиси пионеру щытауэ жыпІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар цІыхухэм хуэлэжьэну икІи ахэр къезыгъэлын гъуэгур къахузэІуихыну щІылъэм къехащ (Маттэ 20:28). Абы и щапхъэм тету, Иеговэ и Щыхьэтхэми зэман куэд трагъэкІуадэ цІыхухэр Хьисэ и гъуэгу теувэну дэІэпыкъун щхьэкІэ (Маттэ 28:19, 20). Языныкъуэхэми пионер лэжьыгъэр ирахьэкІыну яхузэфІокІ.
ХъыбарыфІ гъэІуным зэман куэд тезыгъэкІуадэм пионеркІэ йоджэ. Иеговэ и Щыхьэт псоми хъыбарыфІыр ягъэІу икІи а лэжьыгъэм яхузэфІэкІ зэманым хуэдиз трагъэкІуадэ. Абыхэм щыщу языныкъуэхэм я гъащІэр траухуэ мазэ къэс сыхьэт 70-кІэ а лэжьыгъэм хэтыну. Абыхэм пионеркІэ йоджэ. А лэжьыгъэр ягъэзэщІэфын щхьэкІэ языныкъуэ пионерхэр махуэ ныкъуэ фІэкІа зытемыкІуадэ график яІэу мэлажьэ. Хэти хъыбарыфІыр нэхъыбэу щыгъэІун хуей щІыпІэм специальнэ пионеру щылэжьэну хуагъэфащэ. Апхуэдэ лэжьакІуэхэм мазэ къэс хъыбарыфІ гъэІуным сыхьэт 130 е нэхъыбэ трагъэкІуадэ. Пионерхэм я гъащІэр мылъку зэгъэгъуэтыным тегъэщІауэ щыткъым. Пионерхэм я фІэщ мэхъу Иеговэ ахэр зэи къызэримыгъэнэнур икІи зыхуэныкъуэ псори абыхэм зэрыритынур (Маттэ 6:31—33; 1 Тимофей 6:6—8). Пионеру лэжьэну зыхузэфІэмыкІхэр подсобнэ пионеру лажьэ хъунущ, хъыбарыфІ гъэІуным мазэм сыхьэт 30 е 50 трагъэкІуадэу.
Иеговэ и лэжьакІуэм пионер лэжьыгъэр къищтэну хуэзыгъэушыр Алыхьымрэ цІыхухэмрэ яхуиІэ лъагъуныгъэращ. Хьисэ хуэдэу дэри гу лъыдотэ нобэ цІыху куэдым Алыхьыр къызэралъыхъуэм (Марк 6:34). ИкІи дэ абыхэм дадоІэпыкъу, къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ диІэмкІэ дащыдэгуашэм деж. Пионерхэм цІыхухэр фІыуэ ялъагъу икІи абы къыхэкІкІэ я зэманми я къаруми щымысхьу Алыхьым теухуауэ абыхэм къащІэну ядоІэпыкъу (Маттэ 22:39; 1 Фессалоникэ 2:8). Лэжьыгъэ ирихьэкІым и фІыгъэкІэ пионерыр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуохъу икІи абы а лэжьыгъэм гуфІэгъуэшхуэ хех (Апостолхэм 20:35).
Дауэ къызэрыбгурыІуар, хэт хъуну пионерыр?
Языныкъуэхэр пионер хъуну сыт хуэзыгъэушыр?