11-НЭ УРОКЫР
Сыт дэ конгрессхэр щІедгъэкІуэкІыр?
Мексикэ
Германие
Ботсванэ
Никарагуа
Италие
Сурэтым тет цІыхухэм я нэгум гуфІэгъуэ къыщІрихыр сыт? Ахэр конгрессым щыІэщи аращ. Пасэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр илъэсым щэ зэхуэсын хуейт (Второзаконие 16:16). Ди зэманми Алыхьым и лэжьакІуэхэм илъэсым щэ зэхуэсышхуэхэр ирагъэкІуэкІ: махуэ зырызкІэ екІуэкІ районнэ конгресситІрэ махуищкІэ екІуэкІ зы региональнэ конгрессрэ. А зэІущІэхэр лъапІэу щІэтлъытэр сыт?
Конгрессхэм я фІыгъэкІэ Алыхьым и лъэпкъым дызэрыщыщыр зыхыдощІэ. Пасэм псэуа журтхэм гуфІэгъуэ яІэу «зэхуэсышхуэм» Иеговэ щытхъу къыщыхуахьт (Псалом 26:12; 111:1). Дэри нобэ конгрессхэм Алыхьыр щыдогъэлъапІэ. Апхуэдэ зэхуэсышхуэхэм Іэмал къыдат нэгъуэщІ зэхуэсым е нэгъуэщІ къэралым щыщ ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхуну. Шэджагъуашхэ зэманым дэ унэм дыкІуэжкъым, атІэ адрейхэм я гъусэу абдеж дыщошхэ. Абы и фІыгъэкІэ ди махуэшхуэхэм псори гуапэу дызэхэтщ (Апостолхэм 2:42). Ди конгрессхэм ди нэкІэ щыдолъагъу псори зэкъуэт дызыщІ лъагъуныгъэр (1 Петр 2:17).
Конгрессхэм Иеговэ гъунэгъу дыхуащІ. Израил цІыхухэм зэхуэсыну я хабзэт, Алыхьым и унафэхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэн щхьэкІэ (Неемия 8:8, 12). Дэри ди конгрессхэм щызэдгъэгъуэт щІэныгъэр лъапІэу долъытэ. Конгресс къэс и темэр Библием тегъэщІащ. Гъэхьэзыра псалъэхэмрэ демонстрацэхэмрэ къыдгурагъаІуэ Библием ит принципхэр дауэ ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпа хъунуми. Дыщыпсэу зэман хьэлъэхэм къытхуахь гугъуехьхэм пэлъэщыф ди къуэш, ди шыпхъухэм я щапхъэхэм дагъэгушхуэ. Региональнэ конгрессхэм щыдагъэлъагъу драмэхэр къыддоІэпыкъу Библием зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр ди нэгу къыщІэдгъэхьэну икІи абыхэм дерс къыхэтхыну. Зи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ изылъхьахэм конгрессым псым зыщыщІагъауэ.
Конгрессхэм гуфІэгъуэшхуэ къыщІытхуахьыр сыт?
Конгрессым укІуэмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къыпхуихьынур?